19 июля, 2022 - 13:59
Иджы сыт къэхъужар?
Я Iыхьлы гуэрым я хьэгъуэлIыгъуэм кIуэну иригъажьэурэ, анэм и къуэ Угъурлыжь еущийр:
- Чэф зыпщIыу уи напэр зытумыхыж, си щIалэ. Благъэхэри умыгъэукIытэ.
- Сыт абы щхьэкIэ сщIэн хуейр, ди анэ?
- ТIэкIу ухэфурэ, стэчаныр гъэувыж, и кIэм нэс йумыкъуртIыкIыу.
- Дауэ?! – къэуIэбжьащ Угъурлыжь, кърат чэнджэщыр къабыл имыщIыу. – Хьэнтхъупс исфыми, борщ сефэми, е ерыскъы гуэрхэр сшхыми, щIэмычэу: «Уи насыпыр къыумынэу, пшхыр и кIэм нэгъэс!» - жыпIэу щытащ. Иджы сыт къэхъужар?..
Уи бзэгум ущыхуимытыжым и деж
Угъурлыжь псэлъэгъуейтэкъым, ауэ икIи Iуэрвэртэкъым, и гум илъыр, зэхихар, илъэгъуар псоми яхуиIуатэу.
Ауэ хьэщIэхэр къэсыным и пэ къихуэу хьэгъуэлIыгъуэ екIуэкIым и саулыкъукIэ тIэкIу еIубати, и бзэр нэхъ къиутIыпщат.
- Мы къуажэм я глава администрацэр бзаджэнаджэ гуэру цIыхухэм яIуатэ, - жеIэ абы нэчыхьытхым къэкIуа хьэщIэхэм ящыщу тIысэгъу къыхуэхъуа лIы бжьыфIэшхуэм зыхуигъэзауэ. – Къуажэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн, гъуэгухэр зэIузэпэщ щIын, еджапIэхэмрэ сабий садхэмрэ зыхуей хуэгъэзэн, къулейсызхэм защIигъэкъуэн Iуэху лъэпкъ зэрихуэркъым, и гъуэншэджыр игъэлалэу шэнтжьей щабэм ис мыхъум. – Нэсри къэсыжауэ бюрократщ. Анэ быдзышэ хьэлэл ефакъым ар. СыхулIэ апхуэдэ Iэтащхьэ. Сытиубжьытхэ! КхъыIэ, мо ди нэхъыжьхэр техьэулеикIауэ псэлъэхункIэ къэдыгъуауэ зы бжьэ дегъафэ. Апхуэдэ глава администрацэхэр щымыIэну дыхъуахъуэу дегъафэ.
МащIэу и пащIэм щIэгуфIыкIыу щыс мыхъум, хьэщIэ къыбгъэдэсым зыри жиIэркъым, къигъэхъуауэ щыт бжьэри къиIэтыркъым. ТэлайкIэ апхуэдэу екIуэкIащ. Иужьым:
- Узытепсэлъыхь къуажэ унафэщIыр пцIыхурэ уэ? – щIэупщIащ ар, зыфIимыгъэIуэху-зыфIимыгъэIуэхуурэ.
- Уэлэхьи сымыцIыху. И натIэгум нэ закъуэ исми сымыщIэ.
- КъэпцIыхуну ухуей?
- КIэнишнэ сыхуей! ИкъукIэ сыщIохъуэпсыр!
- УщIэхъуэпсмэ, плъэгъуащ-тIэ.
- Дауэ?
- Дауи щхьэуи хэлъкъым: ар къыббгъэдэсу щысщ.
- Ы-ы?! Уэра ар? Глава администрацэр уэра? Пэжу уэра?..
КъызэрыщIэкIамкIэ, къыбгъэдэс лIы бжьыфIэшхуэр арат къуажэм я Iэтащхьэр…
***
КъэукIыта Угъурлыжь, адэкIэ зиIэжьэжыфакъым: нэхъыжьым хуит зыкъригъэщIри, ар щIыбым щIэкIащ… икIи къигъэзэжакъым.
Iуэхум щыгъуазэ цIыхухэм зэрыжаIэмкIэ, къыщыщIа «щIэщхъум» иужькIэ, имыцIыху щысу Угъурлыжь зэи зыри иубыжакъым.
ИкIи зыми щытхъужакъым.