6 сентября, 2022 - 13:07
ЦIыхугъэкIэ, гуапагъэкIэ, гуащIэдэкI лэжьыгъэкIэ гъэнщIа гъащIэ купщIафIэ къигъэщIащ Лэскэн район хыхьэ Арщыдан жылэм щыщ ГунжафIэ Лъостэнбий Нурхьэлий и къуэм. «ФIы зыщIэ и пщIэ кIуэдыркъым» щIыжаIэр абы и деж щынэрылъагъущ. ГунжафIэм и Iэужь дахэм абы и цIэр гъащIэм къыхинащ, и дуней тетыкIар куэдым я щапхъэщ.
Гугъуехьым къригъэкIуэтакъым
ГунжафIэхэ Нурхьэлийрэ Гуащэпсрэ (Жамботхэ япхъущ) я адыгэ унагъуэшхуэм къихъуа сабиитхум я нэхъыжьт Лъостэнбий. Япэ ялъэгъуа сабийр я гуфIэгъуэшхуэт и адэ-анэм къищынэмыщIауэ, и адэ шыпхъухэу СэIихьэт, Зурят, Сэлисэт, и адэ къуэш Хьэжмусэ сымэ. Абыхэм щIалэ цIыкIур я нэм, я псэм хуахьырт, «щIым намыгъэсу» жыхуаIэм хуэдэу кърахьэкIырт. ЩIапIэшхуэ яIэу, лэжьыгъэм къыпимыкIуэту, къуажэдэсхэм я деж я пщIэр щылъагэу, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу бынунэшхуэу псэурт ГунжафIэхэ. Адэ шыпхъухэм къыхуаIа лъагъуныгъэр игъэпэжащ Лъостэнбий, къуэм хуэдэу яхущытыжащ, яхуэщIапхъэ хабзэри якIэлъызэрихьэжащ.
ЩIалэ нэхъыжьым, дауи, жэуаплыныгъэ нэхъыбэ ихьырт. Адэ-анэм я дежкIэ Лъостэнбий щIэгъэкъуэнышхуэ хъурт: абы и нэIэ ятригъэтт и къуэш нэхъыщIэхэу – Аслъэнбийрэ Наурбийрэ, и шыпхъухэу Жанпагуэрэ Жанурэ.
Апхуэдэу екIуэкIыурэ Хэку зауэшхуэр къэхъеящ. Зи сабиигъуэр абы хиубыда псоми хуэдэу, а лъэхъэнэр Лъостэнбии гукъэкIыж хьэлъэу и гъащIэм къыхэнат. Балигъхэм яхэту, губгъуэ лэжьыгъэ хьэлъэхэри и фэм дэкIащ щIалэм. НэгъуэщIуи хъунутэкъым, ар зэманым къахуигъэув къалэнт. ЕплIанэ классым щеджэ щIалэ цIыкIум зауэ гущIэгъуншэм и фэбжьи игъэунэхуащ. Нэмыцэхэр къуажэм къыщысам, абы я кхъухьлъатэхэм кърадзыха лагъымхэм къуажэр егъэлеяуэ зэхакъутат. Псэуалъэхэм къищынэмыщIауэ, Iисраф зэтрищIат цIыхухэри. Абы и зэран зэкIахэм ящыщт Лъостэнбии, лагъым къэуам и «удыныр» зыхэзыщIа щIалэм зыкъыщищIэжар зы жэщ-махуэ дэкIа нэужьщ.
Гугъуехьым къригъэкIуэтахэм ящыщкъым ГунжафIэ Лъостэнбий. Ар наIуэ пщещI абы и гъащIэ къекIуэкIыкIам.
И ныбжьыр илъэс 26-м иту и адэ Нурхьэлий дунейм ехыжри, унагъуэм ис цIыхухъу нэхъыжьым и къалэнхэр абы и пщэ къыдэхуащ. Анэм и гугъапIэ псори зрипх и къуэр щIэгъэкъуэн быдэ хуэхъуащ, унагъуэр и жьауэм щIигъэувэри, псоми я Iуэху зэрыдэкIыным хущIэкъуащ. Захуагъэм и телъхьэт ГунжафIэр, лей зытехьэм и щхьэщыжакIуэт. Абы хузэфIэкIащ лIакъуэ лъагэ зиIэ лъэпкъым къыхэкIауэ, мылъкушхуэ ябгъэдэлъу зэрыщытым къыхэкIыу «властым и бий» цIэр фIащу Сыбырым ягъэкIуа и адэшхуэ Жамбот Къесынрэ и анэ дэлъхуитIымрэ я Iуэхухэр къиIэтыжу захуагъэр зэфIигъэувэжын. Ар и анэм и гур къизысыкI Iуэхути, абыкIи псэхугъуэ иритыжащ.
ЗэфIэкI зиIэ лэжьакIуэшхуэт, унафэщI гумызагъэт
ПщIэрэ щIыхьрэ иIэу илъэс 50-м щIигъу лэжьыгъэ гъуэгуанэ къызэпичащ ГунжафIэм. 1951 гъэм судым и секретару лэжьэн щIидзащ абы. ИтIанэ Жэмтхьэлэ къуажэм егъэджакIуэу щыIащ. Педагогикэ институтым урысыбзэмрэ урыс литературэмкIэ и къудамэр 1954 гъэм къиухащ. ИлъэситIкIэ Жэмтхьэлэ щылажьэри, абы игъэзэжащ щалъхуа къуажэм дэт курыт школым. Ауэ куэдрэ зыщиIэжьакъым - жэуаплыныгъэ хэлъу зыкъэзыгъэлъагъуэ щIалэр комсомолым и Лэскэн райкомым и япэ секретару ягъэуващ. «ЦIыхухэм гудзакъэ яхэлъу, лэжьыгъэм мыхьэнэ нэхъ ирату щытащ а зэманым, - игу къигъэкIыжырт Лъостэнбий. – Колхозхэм, совхозхэм ядэIэпыкъун папщIэ Комсомол комитетым еджакIуэхэр зыхэт гупхэр къызэригъэпэщырт. Комсомол-щIалэгъуалэ бригадэхэр, фермэхэр сыт хуэдэ Iуэхуми щыпэрытт. Партым и чэнджэщкIэ, и жыIэкIэ щIалэгъуалэр еджапIэхэм ягъакIуэрт, хабзэхъумэ IэнатIэхэм ягъэувырт. Абыхэм я дэтхэнэ Iуэху щхьэпэри мыхъумыщIэри утыку кърахьэрти, еджапIэ, комсомол, колхоз зэIущIэхэм щытепсэлъыхьырт. ЩIалэгъуалэм я гъэсэныгъэм гулъытэшхуэ хуащIырти, гъуэгу захуэм тет щIэблэр нэхъыбэт».
Комсомолым и Лэскэн райкомым илъэсищкIэ щылэжьауэ, 1958 гъэм ГунжафIэр Дон Iус Ростов дэт Парт школ нэхъыщхьэм щIагъэтIысхьащ. ЕхъулIэныгъэхэр иIэу щеджащ абы, иужькIи апхуэдэ дыдэу зэфIэкI лъагэхэр къигъэлъэгъуэу зыпэрыта IэнатIэхэр ирихьэкIащ. Зэман зэхуэмыдэхэм ар лэжьащ партым и Лэскэн, Аруан район комитетхэм я инструктору, Арщыдан жылэм Лениным и цIэр зрихьэу щызэхэт колхозым и парткомым и секретару.
1964 гъэм ГунжафIэ Лъостэнбий ягъэуващ Арщыдан дэт курыт школым и директору. ИлъэсипщIкIэ абы щыIауэ къуажэ Советым и тхьэмадэ къулыкъур къыхуагъэлъэгъуащ, иужькIэ Арщыдан дэт Гъавэ хъумапIэ предприятэм и унафэщIу лэжьащ. Абы къызэригъэпэщауэ щытащ Егъэджэныгъэ-производственнэ комбинат. 2003 гъэм, и ныбжьыр илъэс 70-м щIигъуа пэтми, лэжьыгъэ и пIалъэ фIыуэ зэрищIэм къыхэкIыу, ар Арщыдан къуажэм и администрацэм и Iэтащхьэу ягъэуващ. А къулыкъум иужькIэ зигъэпсэхуну тIысыжами, ар иджыри илъэс бжыгъэ куэдкIэ жылагъуэ Iуэхухэм хэтащ. Зэрытлъагъущи, а и илъэс 50 лэжьыгъэ гъуэгуанэм Лъостэнбий нэхъыбэу зыпэрытар унафэщI къулыкъухэрщ. Апхуэдэ дзыхьыр къыщIыхуащIтэри, и пщэ къралъхьэ сыт хуэдэ Iуэхури нэгъэсауэ зэрызэфIихырт, акъылыфIэу, жыджэру, гуащIафIэу зэрыщытырт.
ГунжафIэр зэфIэкI зиIэ лэжьакIуэшхуэу, унафэщI гумызагъэу зэрыщытам и зы щапхъэ къэтхьынщ. Арщыдан дэт Гъавэ хъумапIэ предприятэм ар щагъэкIуам, IуэхущIапIэр щытыкIэ гугъум итт, иужьрей илъэс 20-м абы иIэ хэхъуэм нэхърэ хэщIыныгъэр куэдкIэ нэхъыбэт. Къапщтэмэ, 1982 гъэм республикэм ит предприятэхэм я деж ар и щытыкIэ псомкIи иужьрей увыпIэм щыIэт. Ар къэIэтыжыным къаруушхуэрэ гуащIэшхуэрэ хилъхьащ Лъостэнбий. И гугъуехьри хэкIуэдакъым: япэ илъэсым абы игъэхьэзыр жылэм и фIагъыр процент 80-кIэ хэхъуащ, къыкIэлъыкIуэм - процент 90-м нэсащ, 1985 гъэм республикэм ит апхуэдэ предприятэхэм я деж я лэжьыгъэм и къызэгъэпэщыкIэкIэ япэ увыпIэр щиубыдащ. Илъэс 20-кIэ ехъулIэныгъэ зимыIа IуэхущIапIэм и дежкIэ ар икъукIэ ущIэгушхуэнт. «Гугъуехьым сыкъыпикIуэту, лэжьыгъэр IэхъуэтегъэкIыу сщIэуэ сесакъым, абы къыхэкIыуи дзыхь къысхуащIа Iуэхур зэрезгъэфIэкIуэнум сыхущIэкъуущ дэтхэнэ си къалэнми сызэрыпэрыувар. Гъуазэ схуэхъун куэди си гъащIэм хэтащ. Си насып къикIат ныбжьэгъуфIхэр, лэжьыгъэ и пIалъэ зыщIэ IэщIагъэлIхэмрэ унафэщIхэмрэ си гъащIэм зэрыхэтамкIи. Ахуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Тэрчокъуэ Къамболэт, партым и райкомым и япэ секретару щыткIэрэ сызыдэлэжьахэу Дал Iэуес, Ансокъуэ Мухьэрбий, Хьэжмэт Iэминэ, Ахъмэт Мусэрбий, КIуэкIуэ Валерэ, Жаным Руслан, Къандэхъу Мухьэрбий, Жэмбей Хъусен сымэ. Зыхэт гупым щапхъэ яхуэхъу а цIыху щэджащэхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэм куэдым утригъэгушхуэрт», - щыжиIащ журналистхэм ядригъэкIуэкIа псалъэмакъхэм ящыщ зым ГунжафIэм. И псэемыблэж лэжьыгъэрщ абы къыхуэзыхьар 1980 гъэм къыхуагъэфэща «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр.
КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ пщIэшхуэ хуищIу щытащ ГунжафIэ Лъостэнбий. Лэжьыгъэ IуэхукIэ щIэх-щIэхыурэ Арщыдан кIуэрти, къуажэдэсхэми гуапэу епсалъэу яхэтт, Iэнэ къыхуащтамэ, тхьэмадэу Лъостэнбий игъэтIысырт. ГъащIэр фIыуэ илъагъуу, пэжым и телъхьэу, акъылыфIэу, дзыхь зэбгъэз хъун цIыхуу зэрыщытырт апхуэдэ лъытэныгъэр ГунжафIэм къыхуэзыхьар.
Лъостэнбий и цIэм сытым дежи щытхъур и гъусэщ. Ар зыцIыхуу щытахэм абы и фIыщIэр яIэт, псалъэ гуапэхэр хужаIэ. Сэбэп зыхуэхъуахэмрэ и дэIэпыкъуныгъэр зылъысахэмрэ куэдщи, дуней гъащIэм и псапэр къыщилэжьыжащ.
- ГунжафIэ Лъостэнбий гъащIэм куэдым сыхуигъэсащ икIи сыхуиущиящ, - жеIэ Лэскэн район администрацэм Мэкъумэш хозяйствэмрэ промышленностымкIэ и управленэм и унафэщI Сэбаншы Аскэрбий. – Нэгъэсауэ цIыхугъэшхуэ зыхэлъ, акъылышхуэ зыбгъэдэлъ адыгэлI щыпкъэт ар. ЖыпIэнурамэ, сыткIи щапхъэ зытрахт. «Зы щытыкIэрэ зы хьэлымрэ итщ» зыхужаIэр абы хуэдэт. Сыт щыгъуи цIыху пэжу, и гур зэIухауэ къэнэжырт, шыIэныгъэ иIэу, уи гукъеуэм къедэIуэфрэ чэнджэщ щхьэпэ къуитыфу апхуэдэт. Сэ срогушхуэ илъэс бжыгъэкIэ дяку дэлъа зэныбжьэгъугъэм.
Республикэм къакIуэ хьэщIэ лъапIэхэр яшэрт мэкъумэш хозяйствэ лъэщ зиIэ, сыт и лъэныкъуэкIи зэIузэпэщу псэу Арщыдан жылэжьым. Апхуэдэ хьэщIэ цIэрыIуэ куэд иригъэблэгъэну къыхуихуащ ГунжафIэм. ГъащIэм и унэтIыныгъэ куэдым фIыуэ хэзыщIыкI Лъостэнбий дэтхэнэми хуиту епсалъэрт, гъэщIэгъуэну абыхэм яжриIэныр и гъунэжт. Псом хуэмыдэу и унагъуэм куэдрэ щаIуэтэж космонавт Леонов Алексей я жылэм къызэрыкIуам теухуауэ ГунжафIэм мызэ-мытIэу зригъэдэIуа хъыбар гъэщIэгъуэнхэр. Абы и Iэр щIэдзауэ къарита сурэтыр тыгъэ лъапIэуи яхъумэрт.
ЗэгурыIуэмрэ лъагъуныгъэмрэ щытепщэ унагъуэ
ГунжафIэ зэщхьэгъусэхэу Лъостэнбийрэ Лерэрэ унагъуэ дахи зэдаухуащ. Илъэс 45-кIэ егъэджакIуэу лэжьащ Лерэ. ЩIэныгъэм и гъуэгум тришахэми зыхэта гупми ар я гум къинащ зи IэщIагъэм гукIи псэкIи бгъэдэта, сабийхэми и лэжьэгъухэми яхуэгуапэ бзылъхугъэ зэпIэзэрыту. «Сэ езым си гъащIэм егъэджакIуэ нэхъыщхьэу щызиIар си гуащэ Гуащэпсщ, - жеIэ Лерэ. – Гугъуехь куэд и нэгу щIэкIащ абы, ауэ къызэфIагъэщIакъым. Бзылъхугъэм къыпкъырыкIын хуей хуабагъэмкIэ и унагъуэ жьэгур ипсыхьри, хабзэмрэ нэмысымрэ и бынхэр щIипIыкIащ. Хуабжьу цIыхубз Iущт, куэдым сыхуигъэсащ, абы и щапхъэм сытетуи си унагъуэр сухуащ, си бынхэри згъэсащ».
ЗэгурыIуэ, лъагъуныгъэ, пщIэ зи зэхуаку дэлъу зэдэпсэуа зэщхьэгъусэхэм узэрыгушхуэн щIэбли къащIэхъуащ. БыниплI яIэщи, дэтхэнэми гъащIэм и увыпIэ щызригъэгъуэтащ, зыхэтым фIыкIэ къахэщу апхуэдэхэщ. ЩIалэ нэхъыжь Аслъэн Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и агрономие къудамэр къиухащ, МЧС-м и IэнатIэм щолажьэ. Руслан КъБКъУ-м и экономикэ факультетым щеджащ, илъэс куэдкIэ УФ-м и МВД-м къулыкъу щищIащ, полицэм и майорщ. Ритэ Плехановым и цIэр зезыхьэ Урысей экономикэ университетыр къиухащ, КъБАССР-м СатумкIэ и министерствэм ревизору, нэгъуэщI къэрал IуэхущIапIэхэм бухгалтеру щылэжьащ. Мэри Ленинград дэт финанс-экономикэ институтым щеджащ, КъБР-м экономикэмкIэ, транспортымкIэ и министрхэм я къуэдзэу щытащ. Мы зэманым Республикэ перинатальнэ центрым и дохутыр нэхъыщхьэм экономикэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэщ. ГъащIэм къыпызыщэ, фIым ухуэзыгъаплъэ щIэбли къащIохъуэ ГунжафIэхэ. Къуэрылъху-пхъурылъхухэри я нэхъыжьыфIхэм яхуэфэщэну къохъу, нэхъыщхьэращи, фIымрэ Iеймрэ зэхагъэкIыфу, гъэсэныгъэ яхэлъу апхуэдэщ.
ГъащIэм зыри зыфIэмыкIыфа зы хабзэ иIэщ. Дэтхэнэ цIыхуми дунейм зэман гуэр щытхухахауэ аращи, ар къэсамэ, ажалыр зыми къыхузэтегъэувыIэнукъым. ГунжафIэхэ я унагъуэм и тхьэмадэр – Лъостэнбий – нобэ яхэтыжкъым. Гуауэм унагъуэ жьэгум зеиншафэ къытригъэуами, анэ гумащIэу абы къыдэна Лерэ быным гузэрыдзэ яримыгъащIу и хуабагъэмрэ гуапагъэмкIэ ахэр къэкIуэнум фIыкIэ хуегъаплъэ. Абыхэм я гукъэкIыжхэм щыпсэущ я адэр, ягуми ар зыми хуигъэхунукъым.
- Ди унагъуэр сытым дежи хьэщIэкIуапIэт, - ягу къагъэкIыж зэкъуэшхэу Аслъэнрэ Русланрэ. – А зэманым щыIа лIыжьхэр нэгъуэщIт, я теплъэкIэ, зыIыгъыкIэкIэ уардэхэт, гъащIэм куууэ кIуэцIырыплъыф цIыху Iущхэт. Апхуэдэ нэхъыжь куэд ди адэм и деж къакIуэрт. Iыхьлым хуэдэут абыхэм дазэрыхущытыр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ зэхущытыкIэхэр иджырей гъащIэм хэтыжкъым. Ди адэм унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылажьэ цIыху гъэщIэгъуэнхэр и ныбжьэгъут. Ахэр я къулыкъукIи я IэщIагъэкIи зэхуэдэтэкъым. Апхуэдэу абы и ныбжьэгъуу щытащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэу щыта Дохъушокъуэ Мусэ, тхакIуэ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ, нэгъуэщI цIыху гъэщIэгъуэн куэди. Ауэ абы щхьэкIэ пагагъи зыкъыфIэщIыжыныгъи хэлътэкъым, и цIыхугъэ цIэрыIуэхэри къигъэсэбэпу и Iуэху дигъэкIынуи зэи хэтакъым. Апхуэдэ дыдэуи и бынхэри дигъэсащ.
- Ди сабиигъуэр таурыхъым хуэдэу екIуэкIащ, зэхущытыкIэ дахэ зэрылъ, насыпыр щытепщэ унагъуэ зэгурыIуэм дыкъыщыхъуати, - къыпащэ псалъэмакъым зэшыпхъухэу Ритэрэ Мэрирэ. – Ущииныгъэ псалъэмакъ зэшыгъуэхэр ди адэм зэи къыддригъэкIуэкIакъым. АбыкIэ езыр щапхъэ тхуэхъурт. Нэхъыжьым дызэрепсэлъэн хуейр къыджаIакъым – дэ тлъагъурт ди адэр абыхэм зэрахущытыр. Анэм худиIапхъэ щытыкIэми дыхуаущиякъым – ди нэгум щIэкIырт ди адэмрэ ди анэмрэ ди анэшхуэм хуаIэ лъагъуныгъэр. Нобэми абы я щапхъэр ди гъуазэу допсэу.
КъБР и Правительствэм илъэс куэдкIэ щылэжьа Мэри къулыкъущIэшхуэхэм и адэм къыхуаIа пщIэр и щхьэкIэ игъэунэхуащ.
- Лэжьыгъэ IуэхукIэ сызрихьэлIа унафэщIхэм, си адэр хэтми къащIа нэужь, я нэгур зэлъыIукIырт икIи абы хуэгъэза псалъэ гуапэ куэд зыхызагъэхырт. Сэ абы гушхуэныгъэ къысхилъхьэрт, апхуэдэ адэ сызэриIэми срипагэрт. Лэжьыгъэ гъуэгуанэ кIыхь къызэзынэкIа си адэм хузэфIэкIащ езыр щыпсэуа жылэми IуэхукIэ зыпыщIауэ щыта дэтхэнэми я гум фIыкIэ зыкъригъэнэжын. ГъэщIэгъуэнращи, абыхэм яхэтт илъэс 20-30 хъуауэ ар зымылъэгъуахэри. Абы и пщIэм и жьыр и бынхэм ноби къытщIеху. Ди адэм хузэфIэкIа псор зэдмыгъэхъулIэфми, хуэфэщэну дызэрыщытыным дыхущIокъу и щIэблэр, - жеIэ Мэри.
ГунжафIэ Лъостэнбий и цIэр къытенащ дунейм, и щIэблэм, и IуэхущIафэ къызэринэкIахэм я гъусэу. Абы и фэеплъ нэхур и унагъуэм и мызакъуэу, ар зыцIыхуу щыта псоми яхъумэ.
ЩхьэщэмыщI Изэ.