6 декабря, 2022 - 11:15
Хьэмид, и чэзур къыщысынум пэплъэу, зауэлI зыбжанэм я гъусэу кIэлындорым тетт. «Си щхьэр узыжыркъым. НэгъуэщI сэкъати сиIэ хуэдэкъым. Ауэ мыбы сыкъыщIагъэкIуар сыту пIэрэ?» – жиIэу здегупсысым къеджэри, Хьэмид пэшышхуэм щIыхьащ.
- Сержант Мыжей Хьэмид, - яжриIащ абы стIолым бгъэдэсхэм, сэлэт хабзэу.
Сэлэтым и тхылъхэр дохутыр нэхъыщхьэм къещтэри тэлайкIэ хоплъэ, и щхьэр къеIэтри Хьэмид къоплъ. ИтIанэ и нэгъуджэр зыIуехри, мыпIащIэурэ ар бэлътокушхуэмкIэ елъэщI, зыIуелъхьэжри Хьэмид къоупщI:
- Уэ, ныбжьэгъу Мыжей, утIасхъэщIэхщ, пэжкъэ?
- НтIэ, пэж дыдэщ. СытIасхъэщIэхщ, - жэуап къет Хьэмид.
- Сыт уи ныбжьэгъум и цIэр? Ари шэрджэс?
Хьэмид къэуIэбжьауэ абы еплъащ, дохутырым и упщIэр зыхуихьынур имыщIэу, иужькIэ жиIащ:
- Вано. Си ныбжьэгъур Ванощ. Куржы щIалэ бэлыхьщ.
- НтIэ, шэрджэс, мыдэ къызэдаIуэт, – къыщIидзащ абы макъ езэшакIэ. – Вано уи гъусэу тIасхъэщIэх фыкIуа хуэдэт. Фашист гуп фаIуоуэ. Зэхэуэ къохъу. Вано автоматкIэ яхоуэ, гранатэхэр яхеутIыпщхьэ. Уэ-щэ? Абдежым, упэмыплъагъэххэу, уи щхьэм узын къыщIедзэ. АпхуэдизкIэ ар къоузри, уи щхьэ куцIым Iэдэ гъэплъакIэ хэIэбам ещхьщи, мывэри вагъуэри уигъэшхынущ, жыхуаIэм хуэдэщ. Зэман гуэркIэ зыхуэбгъэшэчыфынущ. Ауэ итIанэ... Iэщэр хыфIыбодзэри, мафIэм ис уи щхьэр IитIкIэ фIэбубыдыкIыжауэ, зэуапIэ губгъуэр уобгынэ, уи ныбжьэгъу Вано дэнэ щыIэми умыщIэжу. Вано и закъуэ фашистхэм япэлъэщыну? Си фIэщ хъуркъым. Уи ныбжьэгъум удэмызауэу, зауэ губгъуэр зэрубгынам…
- Сэ апхуэдэ зэи сщIэнукъым, ныбжьэгъу дохутыр. Апхуэдэ хьэл схэлъкъым. Сэ къэрабгъэхэми, ныбжьэгъур утыкум къизынэхэми сащыщкъым. Апхуэдэр щхьэр къысхуэвгъэфэща?! – гуащIэу зэщIэплъауэ къопсалъэ Хьэмид.
- Пэжщ. Уащыщкъым. Нэхъ пэжу жыпIэмэ, нобэр къыздэсым уащыщакъым. Мыпхуэдиз дамыгъэ лъапIэхэр ауэ сытми къызэрыпхуамыгъэфэщари къызгуроIуэ. Ауэ уи щхьэм лагъым къутахуэ къыхэнащи, щIы фIыцIэм ущIэпщхьэным хуэдэу къоузынущ, ажалыр нэхъыфIщ, жыуигъэIэнущ. Апхуэдэуи къоузу щытакъэ? Иджыпсту мащIэу тесабырауэ аращ.
Хьэмид еплъыхыу тэлайкIэ щытащ, дохутырым жиIэр и фIэщ мыхъуу.
Ар зэгупсысыр къищIа хуэдэ, дохутырыр къэпсэлъащ:
- Сыт сэ укъыщIэзгъэпцIэнур? Сэлэт узыншэр зэуапIэм сыт къыщIыIусшынур? Сызахуэкъэ? Уэ езыр егупсыс.
- КъызгурыIуащ…
Апхуэдэ щIыкIэкIэ Хьэмид и унэ къаутIыпщыжащ. Иджы нобэ ар Краснодар гъущI гъуэгу станцым тетт. Фашистхэр къызэрыблагъэр ящIэрти, цIыхухэр, бжьэ къэпщIауэ, зэрызехьэрт. Минрэ щибгъурэ плIыщIрэ тIу гъэр екIуэкIырт. Хэку зауэшхуэм и гуащIэгъуэт. И дамащхьэм зыгуэр къыщытеIэбэм, ар къэщтащ. КъызэплъэкIмэ, лейтенант щIалэщIэ къыщытт.
- Дэнэ укъикIрэ, дэнэкIи укIуэрэ, сержант? – къеупщIащ ар Хьэмид.
- Ныбжьэгъу лейтенант, уIэгъэ нэужьым унэм саутIыпщыжауэ сокIуэж... сокIуэжыпэ.
- Дауэ узэрыкIуэжыпэр? Сегъэплъыт уи тхылъхэм.
Хьэмид и джанэбгъэ жыпым тхылъхэр кърихри иритащ. Лейтенантым ахэр гупсэхуу къипщытэри, Хьэмид къыщритыжым къеупщIащ:
- Иджыри Хэкум къулыкъу хуэпщIэну Iэмал щыIэщ. Ухьэзыр? - жери.
- ЖыпIэр сыт?! Щхьэ укъызэупщIыххэрэ?! Сэ сытым щыгъуи сыхьэзырщ, – ет жэуап Хьэмид.
- НакIуэ-тIэ си гъусэу.
Лейтенантымрэ Хьэмидрэ гъущI гъуэгу станцым и щIыбагъкIэ екIуэкIащ. АбыкIэ шыгу зыбжанэ щызэхэтт, сабийхэр ярызу ису. Хьэмид илъагъур и гум щIыхьащ: сабийхэм я нэкIухэр сабэм иуэжат, къарууншэхэт, нэхъыбэр фэмрэ къупщхьэмрэ хуэкIуат. Языныкъуэхэри мэжэщIалIагъэм къыхэкIыу зэщIэбэгат. Хьэмид и пIэм ижыхьауэ итт, жиIэнур имыщIэу.
- Мыхэр Ленинград къыдашауэ щытащ. Иджы ди щIыпIэми бийр къэблэгъащ. Сабийхэм я нэхъыбэр журтщ. Фашистхэм зэраIэрыхьэу яукIынущи, Куржым ягъэIэпхъуэ. Шыгухухэмрэ гъэсакIуэ цIыхубзхэмрэ фIэкIа нэгъуэщI зыри я гъусэкъым. Я закъуэ гъуэгу тезгъэхьэну дзыхь сщIыркъым. СынолъэIу, я гъусэу гъуэгу утехьэу, дэIэпыкъуэгъу уахуэхъуну.
- Сэ укъыщIызэлъэIун щыIэкъым, ныбжьэгъу лейтенант. Сэ ар си къалэнщ.
- Гъуэгу тхылъ пхуэстхынщи-тIэ, мы сабийхэм я гъусэу ежьэ.
- Еууей, тхьэмыщкIэ цIыкIухэ! Си гур ягъэузащ. Умыгузавэ. Си псэр нэхъапэщ, жызмыIэу, сэ абыхэм сыткIи садэIэпыкъуну псалъэ узот.
- Куржым нэс дэлъ гъуэгур я къарум дэхуэну си фIэщ хъуркъым. Къуажэ фызыблэкIынухэм ерыскъыкIэ къывдэIэпыкъуну фелъэIу, е, Iэмал иIэххэмэ, ятевгуашэ. Ахэри тхылъым истхэнщ, - жи лейтенантым.
- Пэж дыдэщ. Мывалъэ къурш гъуэгур къатехьэлъэнущ, - къыщIегъу Хьэмид.
Тхылъыр хьэзыр зэрыхъуу, гухэр зэкIэлъхьэужьу гъуэгу техьащ. Гу шэрхъхэр мэкIыргъ, тхьэусыхэу. Гъуэгу быркъуэшыркъуэ къуейщIейм сабий мэжэщIалIэхэр зэщеуд. Махуэр хуабэщи, дыгъэр щысхьыншэу мэдзакъэ. Сабийхэр кIуэ пэтми нэхъ къулейсыз мэхъу. Апхуэдэурэ ахэр шэрджэс къуажэ гуэрым дыхьащ. Хьэмид унафэ ищIри, япэ узыхуэзэ унагъуэм я бжыхь куэбжэм деж гухэр къыщызэтеувыIащ.
- НэгъуэщI мыхъуми, сабийхэр псы тIэкIу ефэнщ. Е хэт ищIэрэ, ерыскъыкIэ зыгуэрым гу къытлъитэнщ.
АрщхьэкIэ, ящIэнуми хунэмысу, зы тхьэмадэ жьакIэху куэбжэм къыдэкIри, Iэдакъэжьауэ ищIурэ абыхэм къабгъэдыхьащ.
- Уи махуэ фIыуэ, ди адэ! – сэлам ирихащ абы Хьэмид.
ЛIыжьым гуапэу жэуап къитащ:
- Ууейри нэхъыфIыжу, щIалэфI! Фыкъеблагъэ.
- Хьэуэ, ди адэ, дыгувэнущ, гъуэгу къытщIэлъщ. ДопIащIэ, фашистхэр къыткIэлъысынущ. Мы сабийхэр догъэIэпхъуэ. Ярэби, гъуэгум щедзэкъэну ерыскъы гуэр къаIэщIэвмылъхьэфыну пIэрэ? Фи Iуэхухэр зэрымыщIагъуэри сощIэ, ауэ, итIани, мыхэр къулейсыз хъуащи, гъуэгур я фэм дэмыхуэнкIэ согузавэ.
- Абы щыгъуэ укъэмыувыIэу модэкIэ фынакIуэ, - жери, жьакIэхум япэ ит гум щIэщIа шым и IумпIэр иубыдри ежьащ.
Къуажэ уэрамым здрикIуэм къуажэдэсхэр гъусэ къахуохъу: гухэр языныкъуэхэм къаувыхьауэ, языныкъуэхэри я ужь иувауэ, гупышхуэ зэрыгъэхъуауэ, къокIуэхэр. Сабийхэм хьэлу тыкъырхэр IэщIалъхьауэ, ахэри хуэму мэжьэгъуашхэ. Къуажэдэсхэм я нэпсыр хэт щэхуу, хэти нахуэу щIилъэщIыкIырт. Тхьэмадэ жьакIэхум зы щIалэ цIыкIу япэ иригъэщащ:
- Жантемыр IуэхущIапIэм щIэсмэ, жэи къащIэт, - жери.
Уэрам сабэ Iувыр къигъэхъейуэ, щIалэ цIыкIур щIэпхъуащ. Ауэрэ къуажэкум щынэсым, абыхэм къапежьащ къуажэ тхьэмадэ Жантемыр. Абы илъагъур и фIэщ мыхъуу, зы гум бгъэдэкIым адрейм бгъэдыхьэурэ сабийхэр къызэпеплъыхь.
- Еууей мыгъуэ, дэнэ мы хъарыпхэр здэфшэр? - жеIэ абы, сэлам хынри щыгъупщэжауэ.
Плъагъурт адыгэлIым и нэпсыр ерагъкIэ зэрызэтриIыгъэр, апхуэдизкIэ сабийхэр фIэгуэныхь хъуати.
– Куржым догъэIэпхъуэ, тхьэмадэ. Фашистхэр къыткIэлъысынкIэ догузавэри, зыдгъэгувэ хъунукъым. Ауэ, хъуххэнумэ, ерыскъыкIэ фыкъыддэIэпыкъуамэ арат, - жеIэ Хьэмид темыгушхуащэу, сыту жыпIэмэ нэрылъагъут езы къуажэдэсхэри зэрыхуэмыщIар.
- Ерыскъыри зыгуэр хъунщ, щIалэфI, ауэ а гъуэгу къуейщIейр мыбыхэм я къарум дэхуэну?
- НтIэ, сыт ди Iэмалыр?
ЦIыху Iув зэхэтым и гупэр яхуигъазэри, тхьэмадэр уващ. Абы и Iэхэр зэригъэIуэтырт, зэм и щIыбагъымкIэ ирихьэкIырт, кърихьэкIыжырт, зэми и тэмакъ щиубыдыкIам псчэуIуурэ зригъэлъэщIырт. Нэрылъагъут гукъэкI ищIар абы сэтей къызэрыхуэмыщIыр. ИтIанэ гухэм ящыщ зым бгъэдыхьэри, хуэсакъыурэ зы щIалэ цIыкIу IэплIэкIэ кърихащ. Ар иIыгъыу и къуажэгъухэм я пащхьэ къиувэри къыщIидзащ:
– Мыхэр дэ ди сабийщ. Мыбыхэм я адэ-анэхэм дэр папщIэ, хэкум и щхьэхуитыныгъэм папщIэ лъыр ягъажэри, зэуапIэм Iутщ. Дэнэ мы сабий къулейсызхэр здэдгъэкIуэнур, къызэремылынур тщIэуэ? Сэ зыри фыхэзгъэзыхьыфынукъым... Сэ мы хъарыпыр си унэ схьынущ, - жиIэри, щIалэ цIыкIур зрикъузылIащ.
- Азалыхь, а пщIэр пэж дыдэкIэ, Жантемыр. Сэри апхуэдэ мурад сиIэт, - жиIащ шэрджэс бзылъхугъэ хэкIуэтам.
Хьэмид къэгузэващ:
- Фашистхэм фыкъащIэмэ, е зыгуэрым абыхэм бзэгу яхуихьмэ, фи щхьи фи унагъуи хэкIуэдэнущ. Апхуэдэу щыщыткIэ, быдэу фегупсыс, иужькIэ фыхущIемыгъуэжын папщIэ.
- Бзэгу зыхьын адыгэм къытхэкIынкъым, тхьэм жиIэмэ. Мыдрейуэ, си сабийхэм яшхыр мыбыи ишхынщ, я гъусэу зыхэлъыни къэзгъуэтынщ, – жиIэщ зы бзылъхугъэ гуэрми, и кIэкъуащIэр зыIыгъ сабийм еупщIащ:
- Шыпхъу цIыкIу хьэмэрэ къуэш узыхуейр, Сашэ? - жери.
Сашэ зи цIэ щIалэ цIыкIур илъэсищ ныбжьым иту къыщIэкIынт. Ар сырыхут, нащхъуэт, нэкIущхьэплът. ЩIалэ цIыкIум и анэм жиIар зэхимыхыу, гу шэрхъым дэпщеину иужь итщ. Абы ис хъыджэбз цIыкIум, зи щхьэр данэ IэлъэщI плъыжь цIыкIукIэ фIэкъузыкIам, къыхуиший шы джэгуалъэр Сашэ зыIэригъэхьэну хуейт. Сашэ щылъэмыIэсым, хъыджэбз цIыкIум ар къыхуридзыхащ. ЩIалэ цIыкIум шы джэгуалъэр къищтэжри, аргуэру шэрхъым дэпщеину хуежьащ. А псом гу лъызыта Сашэ и анэм зыри жимыIэу а хъыджэбз цIыкIум бгъэдыхьэри, еупщIащ:
- Дочка, пойдешь со мной? – жери.
- Очень хочу, – ерагъкIэ зэхэпх къудейуэ жиIащ абы.
Бзылъхугъэм и нэпс къежэбзэххэр щIилъэщIыкIыурэ хъыджэбз цIыкIур гум кърихри, и IэплIэм иригъэтIысхьащ. Хъыджэбз цIыкIум абы и пщэр быдэ дыдэу фIиубыдыкIащ. ЦIыхубзым и къуэ цIыкIум и Iэпэр иубыдащ:
- НакIуэ, Сашэ, дыкIуэжынщ. Иджы уэ шыпхъу цIыкIу уиIэу уи адэр къэдгъэкIуэжынщ. Ар сытым хуэдэу абы щыгуфIыкIыну уи гугъэ!
Сашэ цIыкIуи, гъуэгу сабэр къигъэхъейуэ, и анэм кIэлъыущырт, «шыпхъу» псалъэм къикIыр имыщIащэми, ар зэрыфIы гуэрыр къищIауэ, и Iупэхэр зэтемыхьэжу.
Абы иужькIэ адрей къуажэдэсхэми сабийхэр зэбграхыу щIадзащ. Псори зэхэту абдежым къуажэдэсхэм къащтащ сабий щэщIрэ тIурэ. Адрей цIыкIухэм къахуэнэн ядакъым. Гу шэрхъ кIыргъыу ежьэжахэм куэдрэ якIэлъыплъу щытащ Жантемыр.
Хьэмид щыгуфIыкIырт апхуэдиз сабий зэрызэбграшам. «Сыту угъурлыуэ къыщIэкIа мы шэрджэсхэр. Ауэ сытми яхъумэну абыхэм а сабийхэр! Иджы гухэри нэхъ псынщIэ хъуащ, шыхэри тIэкIу зэIурыуащи, гъуэгур апхуэдэу къатехьэлъэнкъым».
Ауэ узэрыгугъэу хъутэмэ, уунэхъурэт, жиIакъэ адыгэм?! Зызыукъуэдияуэ кIуэ гухэр аузым щыдыхьэ дыдэм, фашистхэр ялъэщIыхьащ. Хьэмид и ужь дыдэ ит гум пулемёт закъуэр кърихри, мывэшхуэм къуэтIысхьащ. – Фэ фыкъэмыувыIэу гъуэгур хэвгъэщI. Сэ ахэр зэтесIыгъэнщ, – унафэ ищIащ абы, жиIэр езы дыдэм и фIэщ мыхъужу.
Фашистхэм загъэгувакъым. Хьэмид абыхэм яхэуэу щIидзащ. Мес зыи, тIуи игъэгъуэлъащ, ещанэр и блыпкъым иригъэпхъуэжащ. И къуэгъэнапIэр ехъуэжри, аргуэру яхэуэу щIедзэ. Иджы абы фашист игъэгъуэлъхэр ибжыртэкъым. «Сыт хуэдизкIи нэхъыбэ хэукIыкIын!» – арат абы и гупсысэр зэтар. Ауэ абдежым и щхьэр мафIэм фIисыкIыу хуожьэ. Хьэмид, узыр зыхуигъэшэчу, и дзэхэр зэтрекъузэ. Пулемёт пIэнкIым зы кIий макъ шынагъуэ гуэри къыхэIукIыу зэхех. Ауэ кIийр езыр зэрыарар и пщIыхьэпIи къыхэхуэркъым. Хьэмид, гу зылъимытэжу, и пулемётыр бгы нэкIумкIэ гъэзауэ иIыгъыу егъауэ. Абы зэкIэлъыпIащIэу къилъэлъ шэхэм мывэ хьэдзэшхуэхэр щысхьыншэу яущыкъуейрт.
Фашист снайпер нэкIу лъагъугъуей фагъуэр совет зауэлIым ищIэр къыгурымыIуэу йоплъ. ИтIанэ ауан ищIурэ погуфIыкIри, кIакхъур щIеч. Абы, джэгу щIыкIэу, Хьэмид зыгъэлIэну шэр занщIэу иутIыпщкъым. АтIэ Хьэмид и Iэбэлагъ ижьым трегъапсэри йоуэ. Дакъикъэ зыбжанэ дэкIащ, Хьэмид и псэм бэлыхьыр тригъэлъу. УафэхъуэпскI хуэдиз фIэкIа мыхъу а зэманым къриубыдэу зауэлIым и акъылыр къабзэ, нэху хъужащ икIи сабийхэр къызэремылынур абы хьэкъ щыхъуащ. «Сыту фIыт а сабий щэщIрэ тIур къуажэдэсхэм къызэрагъэнар. Шэрджэсхэм я псэр пытыхукIэ, ахэр яхъумэнущ. А цIыкIухэр псэууэ къелынущ», - жиIэрт абы игукIэ.
Хьэмид и щхьэ куцIыр зэуэ мафIэм зэщIищтащ. Ауэ ар къызыхэкIар шэ пщтырыр ара, хьэмэрэ сабийхэр къызэремылыну гукъэкIыр ара? А псор къыгурыIуэну абы зэман иIэжтэкъым...