12 сентября, 2023 - 11:15
2011 гъэ лъандэрэ цIыхухэр дихьэхауэ йоплъ «ЛIэщIыгъуэ телъыджэ» тырку сериалым. Фигу къэдгъэкIыжынщи, абы и сценарийр зытхар адыгэ бзылъхугъэ Шыгъэлыгъуэ (Окай) Мералщ. Сериалыр уэсмэн сулътIан Сулеймэн Телъыджэмрэ Украинэ КъухьэпIэм щыщ бзылъхугъэ Роксаланэрэ яку дэлъа лъагъуныгъэм теухуащ. Абы лъабжьэ хуэхъуащ тхыдэ роман зыбжанэрэ дэфтэр тхыгъэхэмрэ.
Нобэ дэ зи гугъу тщIынур «ЛIэщIыгъуэ телъыджэм» и лIыхъужь нэхъыщхьэ Сулейман Телъыджэм и щхьэгъусэу щыта, и япэ щIалэм, пащтыхьыкъуэ Мустэфа, и анэ Махьидеуранщ (Мазэ къекIэрэхъуэкI). Ар лъэпкъкIэ адыгэщ, Къэбэрдейм щыцIэрыIуэу щыта Темрыкъуэ пщым къытепщІыкІауэ къалъытэ.
Абы теухуауэ журналистхэм зыхуагъэзащ Махьидеуран и дэлъхум и къуэрылъху пщащэ Темрукоглу Саидэ-Перизат. Тыркум къыщыдэкI «Республикэ» («Джумхьуриет») газетым къытехуа интервьюм абы щыжиIахэм дыщигъэгъэгъуэзащ Хъуажь Фахъри.
- «Уи адэшхуэ шыпхъум и къекIуэкIыкIар къыхэщыжу сериал гъэщIэгъуэн йокIуэкI», - жиIэри си ныбжьэгъу гуэрым къызжиIат. Абы и фІыгъэкІэ сэ щыгъуазэ сыхъуащ «ЛІэщІыгъуэ телъыджэ» сериалыр зэрыщыIэм. Дауи, ар сфIэгъэщIэгъуэн хъуащ икIи интернетымкІэ къэзгъуэтри, сеплъащ. Хуабжьу сигу ирихьащ. Ауэ абы къыщыгъэлъэгъуа псомкIи сыарэзыкъым. Си адэшхуэ шыпхъу Махьидеуран-гуащэ теухуауэ къагъэлъагъуэ псоми пэжыр и лъабжьэу щыткъым икІи абы и образыр нэсу зэпкърымыхауэ къысщохъу. Темрукоглу унагъуэм щыщхэм къабгъэдэкIыу зы лъэІу фхузиIэщ: си адэшхуэ шыпхъу Гюлбахьар-Махьидеуран унэIут цІыхубз къызэрыгуэкІ мыхъуу, пщым ипхъуу, нэчыхькІэ пащтыхьым и щхьэгъусэ пэжу зэрыщытар къэвгъэлъагъуэ, - къыщIедзэ псалъэмакъыр Темрукоглу Саидэ-Перизат. - Си унагъуэм и тхыдэр къэпIуатэкIэ пхуэмыухын хуэдизщ. Иужьрейуэ Къэбэрдейм щытепщэу щыта Темрыкъуэ пщым и щIэблэм сащыщщ сэ. Урысейм дэ ди унагъуэр къызэрыщацIыхур Бекович-Черкасскэ унэцIэмкIэщ.
Махьидеуран гуащэр си адэм и адэ шыпхъущ. Си адэ шыпхъу нэхъыжь МуІаззэз куэдрэ къытхуиІуэтэжащ Махьидеуран-гуащэм и гъащIэм и къекIуэкIыкIар. А хъыбархэм къызэрыхэщыжымкIэ, Махьидеуран-гуащэ сабийуэ, илъэс 11-м ихьа къудейуэ, и адэ Уэсмэн ар пащтыхь сэрейм иритащ, сулътIан Сулеймэн щхьэгъусэ зэрыхуэхъуным хуагъэсэну. Абы щызекIуэ хабзэхэр зэман гуэркIэ ирагъэщIа иужь, ар пащтыхьыкъуэм щхьэгъусэ хуэхъуащ. Зы илъэс дэкIауэ абыхэм Мустэфа зыфIаща щIалэр къахэхъуащ. Си адэ шыпхъуми си адэми зэрыжаІамкІэ, абыхэм иджыри зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ яIащ. Хъыджэбзыр сабийуэ дунейм ехыжащ, щIалэри балигъыпIэ иувауэ зэуэзэпсэу лIащ. Хэт ищIэрэ - абыи Мустэфа и кIуэдыкIам хуэдэ гуэр хъунщ щхьэусыгъуэ хуэхъуар (Мустэфа тралъхьэ пцIыхэр и фIэщ хъури, ар и адэм иригъэтхьэлауэ щытащ).
А хъыбархэм щIапIыкIа сэ къызэрысщыхъумкIэ, Махьидеуран нэгъэсауэ пащтыхь гуащэ щыпкъэщ, зэпIэзэрыту, хуэфащэр ищIэжу и гъащІэр ирихьэкІащ. КъызыхэкIа лъэпкъ уардэм хуэфащэу псэуащ ар. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, насыпыншэт. И къуэр дунейм ехыжа иужь, абы къыхуэнэжа гъащIэр Бурсэ къалэм щрихьэкIащ. Хьуррэм и къуэ Салым Сырыху абы зэрыпсэун ахъшэ мазэ къэс хуригъэхьу щытауэ жаIэж. Сэ зэрысщIэмкIэ, абы апхуэдэу щІищІар цIыхубэм я деж и напэр къабзэу зыкъыщигъэлъэгъуэн щхьэкIэт. Мыбдежым жысIэну сызыхуейращ: пащтыхь Салым Сырыху цІыхугъэшхуэ, гущIэгъу хэлъу аратэкъым мазэ къэс абы ахъшэ щIыхуригъэхьыр, атIэ политикэ зыхэлъ Iуэху еплъыкIэт ар. Шэч хэмылъуи, ар абы езым игу къэкІауи къыщІэкІынкъым, блыгущIэтхэм къыжраIагъэнщ. И нэгу зэрызригъэужьын фIэкIа нэгъуэщI Iуэху зезымыхуа Салым Сырыху и анэм и ныкъуэкъуэгъуу щыта бзылъхугъэм апхуэдэ гулъытэ хуэщIыным езым и гупсысэр хуэкIуауэ фIэщщIыгъуейщ.
P.S. Махьидеуран-гуащэ тхыдэм къызэрыхэщыжыр
Абы и цIэ пэжыр ящIэркъым. МахьидеуранкIэ цIэрыIуэ хъуащ, абы и пэкIэ ГюлбахьаркIэ еджэрт. Къыщалъхуар 1500 гъэрауэ хуагъэфащэ. Къыщалъхуа щIыпIэр зы щIыпIэ дежи къыщыхэщу дрихьэлIакъым. И адэм и цIэри пэжу къагъэлъэгъуакъым. Адыгэ хъыджэбзу, къэбэрдеипщ Темрыкъуэ и пхъуу зытхи щыIэщ. Салым Езанэм и къуэ Сулеймэн Езанэр Кафэ къалэм и тепщэу щыщытам, абы щхьэгъусэ хуэхъун папщIэ ягъэсэну пащтыхь сэрейм иратауэ зэрыщытар наIуэу тхыдэм къыхощыж.
Сулеймэн и анэ Айшэ-Хьафсэ хъыджэбзым и теплъэ дахэр и нэ къыфIэнэри, и къуэм щхьэгъусэу къыхухихат, «Гюлбахьар» (Гъатхэ сэтэней) цIэри арат фIэзыщар. Ар унэIут цIыхубзу зэрыщымытым къыхэкIыу пащтыхьыкъуэм нэчыхькIэ щхьэгъусэ хуэхъуащ. 1515 гъэм япэу Мустэфа къахэхъуащ, абы щыгъуэм и цIэри Махьидеурану (Мазэ къекIэрэхъуэкI) яхъуэжащ. 1520 гъэм фокIадэм Салым Езанэр дунейм ехыжащ. Сулеймэн пащтыхь тахътэр къыщылъысым, абы и гъусэу Махьидеурани Истамбыл кIуащ. ИужькIэ зы щIалэрэ (Ахьмэд) зы хъыджэбзрэ (Разие) къахэхъуащ, ауэ абыхэм я гугъу ищIыжу тхыдэм щIагъуэ ущрихьэлIэркъым.
Пащтыхь сэрейм къаша Хьуррэм (Роксаланэ) и дахагъкIэ пащтыхьыр къыдихьэхыу щхьэгъусэ хуэхъуа иужь, Махьидеуран иIэ пщIэри, игъуэт гулъытэри нэхъ мащIэ хъуащ. И къуэ Мустэфа щIыгъуу ар Манисэ, Амасие, Караман, Конье къалэхэм щыIащ. Пащтыхь Сулеймэн, езым и пащтыхьыгъуэр фIиубыдыну хэту гурыщхъуэ хуищIри, и къуэ Мустэфа 1553 гъэм Конье къалэ щригъэтхьэлащ. Абы и хьэдэр Бурсэ къалэм щыщIалъхьэжащ. Махьидеуран дунейм ехыжыхукIэ а къалэм щыпсэуащ. 1581 гъэм Махьидеуран гуащэр дунейм ехыжащ, и къуэм и гъунэгъууи щIалъхьэжащ.