26 сентября, 2023 - 11:15
Шэрэ лъырэ зэхакIэркъым
«Ди лъэпкъым и блэкIамрэ и къэкIуэнумрэ» фIэщыгъэцIэр иIэу адыгэбзэмк1э дерс ебланэ классым щезгъэкIуэкIат. Адыгэбзэ зымыщIэ сабийхэр зыщIэс гупт. Дахэ защIэщ. Губзыгъэ шырхэщ. УкIыти яхэлъщ. ЦIыхуфIхэщ. Ауэ анэбзэр ящIэркъым.
Сыпсалъэурэ, ауэрэ си пащхьэм ис хъыджэбз цIыкIур къыщиудри гъащ.
Ар зылъэгъуа адрей хъыджэбз цIыкIухэри къэгъащ. ЩIалэ цIыкIухэм я щхьэр стIолым тралъхьэри щысащ. Сэри, си нэпсыр къежэхми, си псалъэр зэпызгъэуакъым, и кIэм нэс згъэхьэзырам сахутепсэлъыхьащ.
Дерсыр иуха нэужь, IэплIэ къысхуащIурэ хъыджэбз цIыкIухэр къызэшэкIауэ къызбгъэдэтащ. Зыри упщIэ хэтакъым. Псори зэхэщIэт дызыIыгъыр.
ЗыкъэсщIэжакъым куэдрэ абы иужькIэ…
Ярэби, хэт зытетлъхьэнур, мы ди сабий лажьэ зимыIэхэр я анэбзэм иримыуэршэрыжыфу, ирмыбзэрэбзэфу, иримыгуфIэфу, иримыпсэлъэфу къызэрыхъур? Анэ быдзышэм и гъусэу кIэрыча хъуа анэбзэм зырыхуэныкъуэнури я лъыр къызэреузынури къызыгурымыIуэ цIыхухэм, адэ-анэхэм дауэ я псэм нэдгъэса хъуну щыхупIэ иным дызэрынэсар? Сыт ди хэкIыпIэ?..
Хабзэжь хэкужь къранэркъым
Си тхьэмадэ къуэшым и къуэр Бытырбыху дохутыру щоджэ. ЩIымахуэ зыгъэпсэхугъуэм унэм къэкIуэжат.
- Ди еджапIэм и мызакъуэу, адрейхэми щеджэ адыгэхэр щIэх-щIэхыурэ дызэхуос, дызэхохьэ. Iэнэм дыщысмэ, тэмэму хъуэхъу тхужыIэркъым, ди псалъэр ирикъуркъым. Иджы сэ къысщогугъ хъуэхъухэр яхуэсхьыну. Абы нэмыщIкIэ адыгэ хабзэри зэдгъэщIэну дыхуейт. Мэл ныхуашат ди ныбжьэгъур къыщалъхуа махуэм, щхьэри и гъусэу. Щхьэ щIэлъэныкъуэр тэмэму зыгуэшын къытхэкIакъым.
Абы сыщедаIуэм сыгуфIащ икIи сынэщхъеящ.
Хьэуэ, дыпсэунущ адыгэр, дыпсэунущ, ди щIэблэр губзыгъэщ. Лажьэ зиIэр дэращ, дэ, нэхъыжьхэрщ, и чэзум ящIэн хуей лъэпкъ хабзэмрэ анэдэлъхубзэмрэ зредмыгъащIэрщ, еджапIэхэм тхылъ тщIыуэ зэрыщедмыгъэджырщ. АбыкIэ, къэгъазэ имыIэу, ди щIэблэ дыдэм дагъэкъуэншэжынущ. ИужькIэ, IэфракIэм дедзэкъэжу дыкъызэхэнэнущ.