8 декабря, 2021 - 20:37
Лъэпщ мывэупцIищ Хасэм ихьащ: «Зыхуэфащэм естынщ», - жери.
«Сэ сылIщ» жызыIэ къэнакъым, Хасэм къемыкIуалIэ: Сосрыкъуи, Бэдынокъуи, Ашэ и къуэ Ашэмэзи.
Хасэм яхыхьэри, Лъэпщ жиIащ:
- Хэт хуэвгъэфащэрэ мывэупцIэр? Зи цIэ къифIуэращ зэстынур. Зы мывэупцIэр изот шууищэ езыгъэпсыхыфам. Хэт зэрихьа апхуэдэ лIыгъэ?
Сосрыкъуэ и цIэ ираIуащ, Бэдынокъуэ и цIи жаIащ, Ашэ и къуэ Ашэмэзи, Албэч и къуэ Тотрэши, Къанж и къуэ Щэуеи – зи цIэ кърамыIуа къэнакъым.
- Иныжьыр хигъащIэри, Сосрыкъуэ мафIэ къихьащ, - жаIащ. – МывэупцIэр Сосрыкъуэ хуэфащэщ.
- Бэдынокъуэ чынтыр хигъэщIащ: Бэдынокъуэщ мывопцIэр зыхуэфащэр.
- Ашэ и къуэ Ашэмэз Лъэбыцэжьеи и шыбз гуартэр къихуащ: мывэупцIэр зыхуэфащэр Ашэ и къуэ Ашэмэзщ.
Хасэр зэгурымыIуэ щыхъум, Насрэн ЖьакIэ и псалъэ къыхилъхьащ:
- МывэупцIэр зыхуэфащэр Хъымыщ и къуэ Батрэзщ: лIыгъэ дэслъэгъуащ - и закъуэ япэуври, шууищэ иригъэпсыхащ.
- Дауэ зэрыхъуар? - еупщIащ нартхэр Батрэз.
- Си щакIуэхьэращ зи фIыщIэр, - къажриIащ Батрэз. – ЗекIуэ сежьауэ, хьищэ си ужь къихьащ. Хьищэр къыщежэм, си щакIуэхьэм щIитхъуащ, хьищэр иришажьэри губгъуэм ихьащ. «Къелынукъым, си хьэм сыхэкIыжащ», - жысIэри сыгузэващ, сакIэлъежьэрэ сыплъэмэ - си хьэр къапэтIысауэ солъагъу. Хьищэр зыр зым и ужь иувауэ зэрохь, зэкIэлъхьэужь щыхъум, си хьэм къигъазэри, хьищэр зырызурэ илIащ. Абдеж къыщызгурыIуащ: шууищэ уи ужь къихьэмэ, зэкIэщIэчи, уапэлъэщынущ. Шууищэ си ужь къихьэгъати, аращ есщIар.
- ЛIыгъэ уиIэщ, мывэупцIэр уэращ зыхуэфащэр, - жери Лъэпщ мывэупцIэр Батрэз къритащ. - ЕтIуанэр зэстынур нэхъ бэшэчращ. Хэт хуэвгъэфащэрэ? - къеупщIащ нартхэм.
Сосрыкъуи, Бэдынокъуи, Ашэмэзи, Тотрэши, Щэуеи я цIэ къраIуэурэ Хасэр зэгурымыIуэ щыхъум, Тхьэгъэлэдж псалъэ къахилъхьащ:
- Хъымыщ и къуэ Батрэз нэхъ бэшэч срихьэлIакъым. ЛIы гуп жэщибл-махуиблкIэ хъуэхъу Iэнэ дыпэрысати, къытщхьэщыта фIэкIа Iэрэ жьэрэ зэхуихьакъым. ЛIы гупыр хъуэхъу Iэнэм жэщибл-махуиблкIэ дыпэрысауэ дыщытэджыжым, Хъымыщ и къуэ Батрэз мэрэмэжьей Iэгубжьэ ирифри къыддэшэсыжащ.
- Дауэ зэрыхъуар - къыджепIэркъэ! - ягъэщIэгъуащ Хасэм.
- ЗекIуэ дежьауэ гъуэгум дыщепсыхати, ди тхьэмадэм псыхьэ сигъэкIуэгъащ, - жиIащ Батрэз. – Псы къызэрысхьын сиIэтэкъыми, сыгузавэурэ зы фэ нэдыжь къыспэщIэхуащ. Фэ нэдыжьыр къасщтэри, псыхъуэм сыдыхьащ. Псы къызогъахъуэри йожыж, къызогъахъуэри - йожыж, из схуэщIыркъым. СелIэлIапэурэ зымащIэ къыщIэзгъэлъащ, ар къахуэсхьри, нартхэ сакъыхыхьэжащ. Фэ нэдыжьым и гугъу щыхуэсщIым, ди шу пашэм жиIащ:
- Мыр цIыху нэгъущ, цIыхум и ныбэм изми, и гум зигъэнщIыркъым - аращ емыкIу къезыгъэхьыр.
«Ныбэ щхьэкIэ емыкIу къэсхьынкъым, зыхуэзгъэшэчынщ», - жысIащ а махуэм.
- МывэупцIэр пхуэфащэщ, - жери Лъэпщ етIуанэ мывэупцIэри Батрэз иритащ.
- Ещанэр естынщ нартхэ Гъуд къалэ щыфкъутэм зи фIыгъэ нэхъ къывэкIам. Хэт и цIэ къифIуэн?
Нартхэ Гъуд къалэ къыщащтэм Бэдынокъуи, Ашэмэзи, Тотрэши, Щэуеи ящIыгъуатэкъыми, я цIэ къраIуакъым. Сосрыкъуи зиущэхуащ, Гъуд къалэ къыдаха фIыгъуэм я нэхъ щIагъуэр нартхэ зэрафIихьар ищIэжырти.
Тхьэгурымагъуэм и псалъэ къыхилъхьащ Хасэм:
- Гъуд къалэ къэфщтэн мурад щыфщIам си деж чэнджэщакIуэ фынэкIуа?
- ДынэкIуащ, - жаIащ нартхэм.
- ВжесIар фщIэжрэ?
- ДощIэж, дауэ дымыщIэжынрэ: Батрэз топым ивгъэтIысхьи, къалэм дэвдзэ къыджепIащ.
- Къалэм щыдэвдзэм, сыт Батрэз ищIар? - къеупщIащ тхьэгурымагъуэр нартхэм.
- Къалэ куэбжэр къафIыIуихащ.
- Батрэз къалэ куэбжэр къафIыIуимыхатэмэ, къалэм фыдыхьэфынут?
- Дыдыхьэфынутэкъым, - заумысыжащ нартхэм.
- Хэтщ жыфIа Гъуд къалэ къывэзыгъэщтар, хэт зи фIыщIэр?
- Хъымыщ и къуэ Батрэзщ! - жаIащ нартхэм.
- Абы щыгъуэм ещанэри Батрэзщ зыхуэфащэр, - жери Лъэпщ ещанэ мывэупцIэри Хъымыщ и къуэ Батрэз къритащ.