7 февраля, 2022 - 11:37
Мы цIэр зезыхьэ урыс къуажэр здэщыIэр Адыгэ Республикэрщ. Ар Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэмкIэ дэсщ. Нэхъ пыухыкIауэ къэдгъэлъагъуэмэ, иджырей Гъуазэрыплъ жылэ цIыкIур здэщыIэ щIыпIэм деж къыщыщIэбдзэрэ километр 16 хуэдизкIэ, хуэищхъэрэу, укъехыжмэ, сэмэгумкIэ къыкъуэунэхукI къуэ гъэпщкIуам къыдэж псы бгъунжыр Щхьэгуащэ щыхэлъэдэжым къыщегъэжьауэ ипщэкIэ щысщ.
ФIэщыгъэр, зэрынэрылъагъущи, IыхьитIу зэхэтщ: «Хъымыщ»-рэ (мыбдежым дигу къохьэж «Хьэмыщэ» жыхуиIэ нэгъуэщI адыгэ цIыхухъуцIэри) «кIей»-уэ («кIэй» - кIахэмкIэ). Япэр, зэрыхуагъэфащэмкIэ, Iэхэлъахэм щыпсэуа цIыху цIэрыIуэ гуэрым зэреджэу щытарщ. ЕтIуанэр, «кIэй» жыхуиIэр, кIахэ адыгэхэм тIуащIэхэм, псыхъуэхэм, ныджэхэм я гугъу щащIкIэ къагъэсэбэп псалъэхэм языхэзщ. Гу зэрылъытэгъуафIэщи, ар ещхьщ къэбэрдей адыгэхэм ди бзэм хэт «къуэкIий» жыIэкIэм и «кIий» етIуанэ Iыхьэм.