5 апреля, 2022 - 11:15
Iузэв-ХыфIыцIэ Iуфэм деж щыпсэуа лъэпкъ гупым язу къалъытэ, тхыдэкIэ пасэрей синд-кэркэт-зыхьэхэм ирапх адыгэхэр я зэуэкIэ IэзагъымкIэ, зэрахьэ хабзэмкIэ цIэрыIуэт.
Пасэрей тхыдэдж, Дамаск щыщ Николай (ди лъэхъэнэм ипэ I лIэщIыгъуэм псэуащ) къэбэрдей-шэрджэсхэм я адэжьхэм я щэныфIагъыр здынэсу щытар къигъэлъэгъуэн папщIэ, етх: «Кэркэтхэм щIэпхъаджагъэ гуэр зыIэщIэщIар тхьэлъэIупIэм бгъэдагъэхьэртэкъым». Зи цIэр тхыдэм имыхъума нэгъуэщI зы тхакIуэми (ЦIэимыIуэ Арриан – ди лъэхъэнэм ипэкIэ V лIэщIыгъуэ) щыхьэту къоув: «Кэркэтхэр захуагъэм тет лъэпкъ щэныфIэщ».
Нэхъ убгъуауэ адыгэ хьэлыр къегъэлъагъуэ хьэрып тхыдэдж Масуди. Ар топсэлъыхь «кэркэтхэр хьэлкIэ зэрыщабэм», иджыри жеIэ: «Мыбдежым щылъ хэгъэгухэм абыхэм я цIыхухъухэм нэхърэ фэ нэхъ зытет, нэхъ нэгу зэхэлъыкIэ екIу, пкъы къудан зиIэ яхэткъым».
Пасэрей тхакIуэхэм зи гугъу ящI адыгэхэм я теплъэ екIумрэ цIыхугъэмрэ XIX лIэщIыгъуэм псэуа тхыдэджхэри топсэлъыхь. Абыхэми кэркэтхэм, иджырей адыгэ-шэрджэсхэм я адэжьхэм, далъагъур ардыдэращ. Псалъэм и хьэтыркIэ, XIX лIэщIыгъуэм псэуа дзэ тхыдэджхэм ящыщу дзыхь нэхъ зыхуэпщI хъуну Броневский Семён «адыгэхэр гуапагъ зыхэлъ, гукъэкI зиIэ лъэпкъ акъылыфIэу, езыхэр жьэнахуэхэрэ шхэнрэ ефэнкIэ ирамыгъэлейуэ, ныбжьэгъугъэр ягъэпэжу» щытауэ етх.
Нэхъ гъэщIэгъуэныжщ пасэрейхэми иджырей тхыдэджхэми адыгэ-шэрджэсхэм я зауэлI Iэзагъым, абыхэм къызыкъуах хахуагъымрэ IэкIуэлъакIуагъымрэ теухуауэ къаIуэтэжхэр. ХьэлкIэ щабэу, зэпIэзэрыту зэрыщытым къыдэкIуэу, адыгэлI щыпкъэр хахуэт, лIыгъэ хэлът, бийм щысхьыртэкъым. Куржы усакIуэ цIэрыIуэ Руставели Шота «Къаплъэныфэ зыщыгъ зекIуэлI» и поэмэм хэт лIыхъужьхэм ящыщу бийм хуэгъэза гущIэгъуншагърэ худэмычыхыныгъэрэ зыдилъагъур зыхьэм и закъуэщ. Зыкъэзытын зымыдэ бийм теухуауэ адыгэхэр шэч хэмылъу гущIэгъуншэт, щысхьи яIэтэкъым. Ауэ зыкъэзытахэми гъэр ящIахэми ахэр зэрахущытыр нэгъуэщIут. Тамбий Аслъэнбэч илъэситIкIэ гъэру иIыгъа урыс офицерым (1836-1838) етхыж: «Пхъашэу къызэрысхущымытыным иужь итхэт, хьэщIэм кIэлъызэрахьа хабзэхэмкIи къызбгъэдэтт».
Пащтыхьыгъуэм и зауэлI тхыдэдж Дубровин-генералым и нэм илъагъур здихьын щимыщIэм, зыкъиумысын хуей хъуащ адыгэхэм зауэлI Iэзагърэ щэныфIагърэ зэрадилъэгъуамкIэ. «Хахуэу къигъэщIахэу зэрысабийрэ шынагъуэм пэщIэтын хьэл зиIэ адыгэхэм зыщытхъужыным егъэлеяуэ зыщадзей. Езым зэрихьа лIыгъэм адыгэр зэи тепсэлъыхьыжыртэкъым, зэрыфIэемыкIум къыхэкIыу, игъэIунуи хущIэкъуртэкъым. Нэхъ щауэ хахуэ дыдэхэм шыIэныгъэ яхэлът: щэхуу псалъэхэу, зэрахьа лIыгъэмкIэ замыгъэщIагъуэу, тэджу япэ къэсыр ягъэтIысын хьэзырхэу, зэдауэ гуэр къэхъуами, я псалъэр пхагъэкIыным хущIэмыкъухэу. Ауэ, ягъэпудамэ, уафэхъуэпскIым хуэдэу Iэщэр къапхъуатэрти, кIий-гуоуи, шхыди, гъэшыни Iуэхум къыхэмыхьэу, къуаншэм жэуап ирагъэтыжырт».
Зауэ губгъуэм адыгэм хахуагъ телъыджэ къыщызыкъуихырт, и щхьэ зэребэкъуэфри нэрылъагъут. Абы жьы щIэтт, егъэлеяуи тэмакъкIыхьт. Ар и хэкум пхуемыгъэпцIыжыну хуэпэжт, и лъэпкъым къэкIуэну дахэ зэриIэм шэч закъуи къытрихьэртэкъым. Хэкум хуиIэ лъагъуныгъэм адыгэм и хьэлым хипщащ ар имыхъумэу зэрымыхъунур. Аращ адыгэ джэгуакIуэхэм дунейм къытехьа сабийм тхьэ щыхуелъэIукIэ, «гъащIэ кIыхь Тхьэм уищI», «хэкур пхъумэжын Тхьэм уищI» жаIэу щIехъуэхъур.
Адыгэхэм зауэлI Iэзагъ къащIыдэгъуэгурыкIуэм щхьэусыгъуэ иIэщ. Абыхэм я адэжьхэм лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ алыджхэри, урымхэри, хъэзархэри, тыркухэри, нэгъуэщI хамэщI зэрыпхъуакIуэхэри къебгъэрыкIуэу щытащ. Абыхэм япэщIэтыху езы лъэпкъми и къарум зиубгъуащ. Адыгэм щысабийм щегъэжьауэ и зауэлI Iэзагъым хигъэхъуэным ирихулIэрт зыгъэпсэху имыIэу зихъумэжын зэрыхуейм, хым зэрыпэгъунэгъум и фIыгъэкIэ хыдзэлI Iэзэхэри къахэкIырт.
Журтхэм я пащтыхь Иродрэ император Августрэ я ныбжьэгъуу щыта, Дамаск щыщ Николай езыр къэзыгъэуIэбжь лъэпкъ гуэрхэм я хабзэхэм я гугъу ищI пэтрэ, кэркэтхэм ятопсэлъыхь икIи жеIэ: «Зыгуэрым кхъуафэжьейр зэригъакIуэурэ щыуэмэ, псори абы йоубжьытх».
X лIэщIыгъуэм Кавказым щыIа хьэрып тхыдэдж Масудии щыхьэту къоув адыгэхэм я адэжьхэр игъащIэ лъандэм лIыгъэрэ хы зекIуэкIэ цIэрыIуэу зэрыщытам, хьэпшыпхэр кърашэкIыу Трапезунд нэс кIуэ-къэкIуэжу хы щIыIу зэрытетам.
Хыр зэрапэгъунэгъум адыгэхэм я экономикэ-щэнхабзэ зыужьыныгъэри иригъэфIэкIуащ. Сатумрэ хым щыхъунщIэнымрэ я фIыгъэкIэ абыхэм зыужьыныгъэкIэ езыхэм нэхърэ нэхъ жыжьэ кIуэта лъэпкъыжьхэр - алыджхэмрэ урымхэмрэ - зрагъэцIыхуащ. Сатумрэ хым щыхъунщIэнымрэ зыр адрейм къыдэгъуэгурыкIуэу щытащ. Кхъухьым теуэ хъунщIакIуэм хамэ хьэпшыпхэмрэ гъэрхэмрэ зыIэригъэхьэрти, ахэр Iузэв-ХыфIыцIэ Iуфэм Iут щыхьэрышхуэм щищэрт. СатуущIыр езыр хытет хъунщIакIуэу арат а зэманым.
Адыгэхэм я адэжьхэр зыщыщу щыта Iузэв-ХыфIыцIэ Iуфэ щыпсэу лъэпкъхэм, Страбон зэрыжиIэжымкIэ, алыджыбзэкIэ «къэмэр»-кIэ зэджэ, цIыху 25-30 зэрыхуэ кхъухьхэр зэрахуэрт. Апхуэдэ кхъухь бжыгъэ гуэр ежьэрти, хьэпшыпкIэ узэда кхъухьышхуэхэм ятеуэрт, ящIэнур ящIа нэужь, я кхъухьхэр плIэкIэ ирахьэжьэрти, мэзым щагъэпщкIужырт.
Псыежэххэм, тенджызхэм я Iуфэм зэрыIусым къарит фейдэм и фIыгъэкIэ, адыгэхэр бдзэжьей ещэным, сатум, хым щыхъунщIэным хэпсэукIыу щытащ, абы къыхэкIыу, географием хащIыкIыу, хыдзэлI гъуэзэджэхэу къэгъуэгурыкIуащ. ЗауэлI IэщIагъэрэ жьэрыIэзагъкIэ цIэрыIуэу щыта урымхэм географием хащIыкIышхуэ щыIэтэкъым, хы тетын IуэхукIи куэд яхузэфIэкIыртэкъым. Арати, Iузэв-ХыфIыцIэ Iуфэ деж щаубыда лъэпкъхэм я зэфIэкIхэр къагъэщхьэпэу щытащ, псалъэм папщIэ, адыгэхэм. ГъэщIэгъуэнщ адыгэхэм я IуэрыIуатэм хым хэс тхьэ гуащэ зэрыхэтыр, «русалкэ» жыхуаIэм ещхьу къызыфIагъэщIу, ПсыхъуэгуащэкIэ еджэу. Псыхъуэгуащэм и щIыхькIэ хы Iуфэм уджышхуэ щащIу щытащ, абы иужькIэ псоми псы зытракIэрти загъэпскIырт.
ГурыIуэгъуэщ илъэс мин бжыгъэкIэ хы Iуфэм Iуса адыгэхэр хыдзэлI Iэзэу щымытынкIэ, географием хамыщIыкIынкIэ Iэмал зэримыIар.