Гъуэгуанэ гугъу икIи гъэщIэгъуэн
27 февраля, 2022 - 11:12
Хэку зауэшхуэм и лъэужьыр ноби кIуэдакъым. Абы Хэкум къыхуихьа гузэвэгъуэмрэ лъыгъажэмрэ зи нэгу щIэкIа ди нэхъыжьыфIхэр псэуху зэхэтхынущ фашист зэрыпхъуакIуэхэм ягъэхъа мыгъуагъэхэр, апхуэдэуи дригушхуэнущ ди адэшхуэхэм къытхуахьа ТекIуэныгъэм.
Зауэм хэтахэм къакIуа илъэсиплI гъуэгуанэр нэщхъеягъуэрэ гугъуехь куэдкIэ гъэнщIауэ щытащ. Дэтхэнэ ветеранми и гукъэкIыжхэм узыIэпашэу уодаIуэ, дэтхэнэми и хъыбарым езым и щхьэхуэныгъэ иIэжщ. Апхуэдэу гъуэгуанэ гъэщIэгъуэн къызэринэкIащ Хьэтуей къуажэм дэс БетIрожь СулътIан. Сыхуейт абы и гукъэкIыжхэмкIэ сывдэгуэшэну.