ЛъэужьыфIэт
29 марта, 2022 - 15:32
ТхакIуэ псор литературэм зэхуэдэу къыхыхьэркъым, щылажьэркъым зэхуэдэуи. ЩыIэщ сабий ныбжьым иткъэ мыр жыпIэну, пасэу къыщIэзыдзэу, итхышхуэ щымыIэу, къыпытхыкI хуэдэурэ, зэман куэд зыгъакIуэу, итIанэ щIикъузэу Iуэху зыщIыж, лъэужьыфIи къэзыгъэнэн зыхузэфIэкI. Ауэ нэгъуэщI тхакIуэ лIэужьыгъуэхэми уарохьэлIэ. Абыхэм тхэн щыщIадзэр я ныбжьыр хэкIуэтауэ, гъащIэ и пIалъи фIыуэ ящIэ хъуа нэужьщ.