ТхьэлъэIу
27 сентября, 2022 - 15:40
Тхьэхэм, тхьэпэлъытэхэм зэрелъэIу, зэрагъэлъапIэ щIыкIэщ. Ар езы псалъэми къеIуатэ: тхьэм елъэIун. ЦIыхур дунейм къызэрытехъуэрэ тхьэм еджэрэ елъэIуу къогъуэгурыкIуэ. Абы и щыхьэтщ тхьэджэ псалъэри. Ар иджырей адыгэбзэм щIагъуэу щызекIуэжкъым, ауэ зи гугъу тщIыр мы псэлъафэм къеIуатэ: сомыгъэтхьэджэ (умыгъэтхьэджэ), н.