Шагъырбей Елдар: Сэ Шэнджыр сыщалъхуащ, сыадыгэщ!
19 августа, 2025 - 11:07
Адыгэм и бзэмрэ и хабзэмрэ я къэщIэрэщIэжыгъуэм и лъэхъэнэм диту жыпIэ хъунущ, нобэрей щIэблэм ухэплъэмэ. Лъэпкъым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ зэрыщIаджыкIыр, ахэр зэрызэIэпахыр, абыхэм теухуауэ яIэ гупсысэхэр къызэрагъэнаIуэр, ИнтернеткIэ ахэр дуней псом хэIущIыIу щащIыну зэрыпылъыр… гухэхъуэгъуэгъэ-тIэ?! Апхуэдэ щIэблэм ящыщщ ди тхыгъэр зытеухуа Шагъырбей Елдар.