7 июня, 2022 - 15:34
МэкъумэшыщIэхэм я бынхэр езыхэм ягъэсэжырт. А лъэныкъуэмкIэ куэду къагъэщхьэпэрт зауэм ухуэзыгъэхьэзыр джэгукIэхэр. Апхуэдэхэм я зы щапхъэщ «диорэ» жыхуаIэ адыгэ джэгукIэр, ар нысашэхэм ирагъэхьэлIэрт. Щауэм и унэм щызэхуэса щIалэгъуалэм бжэгъу кIыхьхэр зэрагъэпэщырти, шур зылъэмыIэсыфын лъагапIэхэм теувэхэрт. Шухэр лъэсхэм ебгъэрыкIуэурэ щIопщкIэ яхэуэрт. Лъэсхэм шухэр шым кърадзыхыну хэту къеуэжхэрт. Сыхьэт бжыгъэкIэ апхуэдэу щызэхэуэ къэхъурт. ДжэгукIэм и мурадыр шухэм язым щауэм и унэм зыщIидзэу ягъэхьэзыра тыгъэр зыIэригъэхьэнырт. Зэзэуэху шухэр бжыхьхэм, блынхэм щхьэпрылъурэ, махъсымэ ягъэхьэзырамрэ дэлэнымрэ зэрызыIэрагъэхьэным иужь итт. Зыгуэрым ар къехъулIэмэ, Iуэхур зэфIэкIат, пщIантIэм тыгъэр къыдахьэрти зэзэуэн щагъэтырт. Шухэр къепсыхырт, лъэсхэми я бжэгъухэр ягъэтIылъырти, зыгъэгуси гукъани къыхэмыхуэу, псори хьэгъуэлIыгъуэ джэгум зэдыхыхьэрт. «Диорэ»-р джэгукIэ шынагъуэхэм хабжэ. Уегупсысмэ, ар зэзауэ дыдэщ, гъущI Iэщэ зэрыхэмытым и закъуэщ ар зауэм къызэрыщхьэщыкIыр. «Абы щымышынэр зауэми щыдзыхэнукъым», - щIыжаIэр арагъэнт.
Абы нэхърэ нэхъ зэшыгъуэтэкъым «пыIэзэфIэхь» жыхуаIэ джэгукIэри. Ари хьэгъуэлIыгъуэ махуэм къыдах джэгукIэхэм язт. Нысашэ кIуахэр къежьэжа нэужь, нысащIэр зыщыщ къуажэ щIыбым деж щызэхэувэрт. Иужьрей джэгур зэфIэкIа нэужь, хьэщIэхэм я пыIэхэр къапхъуатэрти, шым тесу я къуажэм кIуэжхэрт. ХьэщIэхэр я пыIэхэр езыхьэжьахэм якIэлъыжэрт. ХьэщIэм и шыр бысымым лъэщIыхьэмэ, и пыIэр къытрихыжырти, аргуэру нысашэм хэувэжырт. ХьэщIэм и шыр нэхъ къарууншэу къыщIэкIмэ, и пыIэм пыкIат.
Нысашэр унэм екIуэлIэжыху, нысащIэр джэгукIэ трагъэурт. Зым адрейм и пыIэр къипхъуатэрти, лъагэу дридзейрт. Ар къыщехуэхыжкIэ нэгъуэщI шу гуэр пыIэ драдзеям фочкIэ еуэрти, зэрыжэм хуэдэурэ фочышэкIэ пыIэр пхиудырт.
Гу лъытапхъэщ адыгэхэм нэщанэ еуэныр я махуэкъэс зэштегъэупIэхэм язу зэрыщытым. Пасэ зэманым абы щхьэкIэ шабзэ зэрахьэрт, иужькIэ фоч, фокIэщIхэр къежьащ. Адыгэ щIалэгъуалэм яIэщIэмыужагъуэ джэгукIэхэм ящыщт нэщанэ еуэныр. ЩIалэгъуалэр джэгум хэтыну къыщыкIуэ нысашэ махуэм щауэм и унэм нэщанэ щагъэувырт. Ар метр 25-30 зи лъагагъ бжэгъум трагъэзагъэрт. Бжэгъум и щхьэкIэ псыгъуэм мелкIэ е фIамыщIкIэ нагъыщэ цIыкIу тращIыхьырт. Бжэгъум и кIапIэ псыгъуэр дэгъэзеяуэ жыгым е щауэм и уэнжакъым кIэращIэрти, еуэн щIадзэрт. Абдежым кърихьэлIа дэтхэнэ зыри хуитт а зэхьэзэхуэм хыхьэну. Тезыгъэхуэфым псори къехъуэхъурт, щауэм къыбгъэдэкIыу нэхъыжьхэм ират хабзэ махъсымэ, дэлэн хуэдэ тыгъэхэр къыIэрыхьэрт.
Тыгъэ къэзылэжь нэщанэуапIэхэр адыгэхэм гуауэм епха дауэдапщэхэми къыщызыкъуахырт. Апхуэдэхэм дунейм ехыжам и щыгъынхэр тыгъэу щагуэшырт.
Шыгъажэ зэпеуэхэри щыкуэдт адыгэхэм я деж. Абыхэм ящыщт зауэм хэкIуэда е пасэу дунейм ехыжа лIыхъужьым и цIэкIэ зэхаублэ шыгъажэхэр. Абыхэм хагъэхьэрт илъэс 12-14 зи ныбжь щIалэ цIыкIухэр, шы 20-30-м нэс къызэдагъажэрт, гъуэгум и кIыхьагъкIи зэщхьэщыкIырт ахэр. Шыхъуэхэм яшхэр шыгъажэр зрикIуэну гъуэгум и кIыхьагъкIэ хьэзыру трагуашэрт. Шур кIиину, фиину, IэгукIэ шым теуIуэну хуитт, ауэ щIопщ къигъэщхьэпэныр ядэртэкъым.
Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, адыгэхэм пасэ дыдэ зэманхэм «гладиатор зэуэкIэ» зыфIаща, цIыхушхуэ къахэплъэу пелуанхэр щызэрагъэбэн зэхьэзэхуэхэр яIагъэнщ. Абыхэм я лъэужь ущрохьэлIэ адыгэ хъыбарыжьхэм. Апхуэдэ бэнакIуэ зэпеуэ Лабэ Iуфэ хуэзэ Псыкупс къуажэм щекIуэкIауэ къызыхэщ таурыхъ щыIэщ. А къуажэм щыщхэм «бгырыс дыгъужькIэ» еджэхэрт. ЦIыхухэр зэхэту гъэр ящIа гуэр жыгым ирапхырти, езым зэран хуэмыхъун хуэдэу, ихъуреягъкIэ шэхэр щагъэфийрт, ар «къурш дыгъужьхэм» я зэш зэрытрагъэу зэхьэзэхуэхэм язт.
Ауэ нэхъыфI дыдэу «къурш дыгъужьхэм» ялъагъу зэхьэзэхуэр «шы мыгъасэм» пеуэнырт. Зэхьэзэхуэм папщIэ удзыпцIэ хуитышхуэ къыхахырти, еплъынухэр ихъуреягъкIэ къетIысэкIырт. Утыкум шы мыгъасэ къраутIыпщхьэрт, абы и ужьым иту гъэру яубыда бзылъхугъэ утыкум кърашэрт. Шэхум хуэдэу и фэр пыкIауэ цIыхубзым зэм зымкIэ, зэм адреймкIэ зидзырт. Щэнейрэ утыкур къэзыжыхьыфар хуит ящIыжырт. Ауэ псэууэ а «лIэныгъэм и утыкум» къикIыжыфаIауэ хъыбар щыIэкъым.
Адыгэхэм мывэдз зэпеуи яIащ. ЩIалэгъуалэр къуажэбгъум деж щызэхуэсырти, мывэшхуэхэр, пудитI-щы зи хьэлъагъхэр дэнэ нэс ядзыфми еплъхэрт. ТекIуэр нэхъ жыжьэ зыдзарат.
Ауэ нэхъ бэнэкIэ цIэрыIуэ дыдэр цIыху тIурытIурэ зэбэнхэрт. Абы сабийхэр зэрыцIыкIурэ ирагъасэрт.
Iэмал щхьэхуэхэр зиIэж бгырыс бэнэкIэм IэкIуэлъакIуагъым нэхърэ къарум мыхьэнэ нэхъ щратырт. Мывэ дзынри зэбэнынри щIалэгъуалэм и къарум зезыгъэужь Iэмалхэм язт.
Адыгэ цIыхубэм уи цIэр фIыкIэ зэращыхэбгъэIуэфынур хахуагът, лIыгъэт, псэемыблэжыныгъэт. ЛIыгъэрэ хахуагърэ къэзыгъэлъэгъуа щIалэм уэрэдхэр хуаусырт, абы и цIэр хэти ищIэрт. Зауэм лIыгъэ зэрыщызэрихьэм нэмыщI, утыкум псалъэ щызыIэтыф цIыху жьакIуэм адыгэхэр «лIакъуэбзэгу», нэгъуэщIу жыпIэмэ, «бэм и бзэ» хужаIэрт. «ЛIакъуэбзэгу» зыхужебгъэIэныр адыгэхэм я щытхъухэм я нэхъ лъагэт.
Шынэкъэрабгъэхэр псоми я ауант. Абыхэм пщащэхэми дэкIуэн ядэртэкъым. ЩIалагъэм, бжьыфIагъым, беягъым щхьэкIэ адыгэ пщащэхэм къыпхуащIэнур мащIэт, а псор зыбгъэдэлъым пщIэ имыIэмэ. Псэлъыхъу къыщыхихкIи, адыгэ хъыджэбзым зи щхьэцым тхъугъэ хидза лIыхъужь нэхъ къищтэнут «шыдахэмыжэ» шынэкъэрабгъэ нэхърэ.