28 июня, 2022 - 11:15

ЛIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ бийхэм езэуэн хуей зэрыхъуам къыхэкIыу, адыгэхэм я псэукIэри зауэ гъащIэм хуэщIа хъуат, езыхэми цIыху хахуэ, бэшэч, лIыгъэ зыхэлъ къищIыкIат. А хьэлхэм къадэкIуэу адыгэхэм шыIэныгъэшхуэ, зэпIэзэрытыгъэ ядэплъагъурт, кIуэ, ахэр бгырыс псоми я хьэлу пхужыIэнущ. Адыгэхэр зэреплъымкIэ, узэхъуапсэр, къыпфIэIуэхур, уигу ирихь-иримыхьхэр къэбгъэлъэгъуэныр цIыхухъум хуэмыфащэ хьэлщ. Адыгэм щэIу макъ къудей зэхыуимыгъэхыу хирург операцэ нэхъ хьэлъэ дыдэри хуэшэчу щытащ.
ЗэрымэжалIэр къигъэлъэгъуэныр адыгэм дежкIэ напэтехт. Адыгэр Iэнэм бгъэдэсыху ишхыр мащIэ дыдэт, и IэбэкIэми шыIэныгъэ хэлът. Сыт хуэдизу мымэжалIэми, адыгэм къыхуралъхьам нэхърэ нэхъыбэ ишхынутэкъым, уеблэмэ, тIэкIу къринэнут. ЗэрымымэжалIэр, ауэ лIэщIыгъуэкIэ зэфIэува хьэщIэ хабзэм и хьэтыр зылъагъу бысымым пщIэ зэрыхуищIыр абыкIэ къигъэнаIуэу арат.
Езы адыгэм и Iэнэр къызэрыгуэкI дыдэщ, зытеувам тет зэпытщ. ЕрыскъыхэкIхэм я нэхъыбэр зауэ губгъуэм къыщыщхьэпэ, къыздепхьэкIыну тынш шхын гъущэщ. ПIастэ быдэмрэ мэлыл гъэвамрэщ адыгэм и лъэпкъ шхыныгъуэхэм ящыщу езым нэхъыфI дыдэу илъагъур. Псы зыщIэт шхыныгъуэкIэ ерыщтэкъым. Ара къыщэкIынщ адыгэхэр къуэгъу-къуэгъуу, егъэлеяуэ къудану, пкъы лантIэу щIыщыт хабзэр. ЦIыхухъур пшэрыныр абыхэм я дежкIэ напэтехышхуэт. ЗакъуэтIакъуэххэщ адыгэ лIы пшэр ущрихьэлIэр, абыхэми цIыхухэм я жьэр кIэрагъэкIыркъым. ФадэкIи ерыщу зэи щытакъым адыгэхэр. Ефэрейуэ уахэIуэныр напэтехышхуэт, абы къыхэкIыу, чэф урихьэлIэртэкъым.
Дунейм къыщытехьа махуэм щегъэжьауэ, адыгэр зауэм хуагъэхьэзырырт. Кавказ лъэпкъхэм я деж щыхэIущIыIу атэлыкъ гъэсэныгъэр, зы еплъыкIэкIэ, сабийр зауэлIу къэгъэтэджын зэрыхуейм и нэщэнэт. Адыгэ сабий пIыкIэм атэлыкъ гъэсэныгъэм мыхьэнэшхуэ щиубыду щытащ. Хабзэ хъуауэ, адыгэпщхэм я бынхэр зыпIыр езыхэратэкъым, лIыгъэкIэ, хахуагъкIэ, IэкIуэлъакIуагъкIэ, хабзэ зэращIэмкIэ цIэрыIуэ я мэкъумэшыщIэхэрт. Атэлыкъым и къалэнт и къаныр шы тесыкIэ, нэщанэ еуэкIэ иригъэсэну, жеиншагъэр, мэжэщIалIагъэр, лэжьыгъэ гугъур къыхэмыщтыкIыу ирихьэкIыфу, дзыхь зыхуэпщI хъун гъусэ иIэу теуэхэм кIуэфу, япэщIыкIэ нэхъ Iуэху тыншхэм, иужькIэ нэхъ гугъухэм тегушхуэу. КъинэмыщIауэ, атэлыкъым и гъэсэным фIэщхъуныгъэрэ хабзэрэ хилъхьэн, цIыху хэтыкIэм хуигъэIущын хуейт. И ныбжьыр ирикъуа нэужь, атэлыкъым гъэсэныр и адэм и унэм тыгъэ лъапIэхэр иIыгъыу ишэжырт, езыри гулъытэншэ ящIыртэкъым.
И адэм и унэм яшэжа нэужь, адыгэ щIалэм и щхьэцыр яупсырт, Iэщэ къыIэщIалъхьэрти, абдежым къыщыщIэдзауэ цIыхубэм ящыщу къалъытэрт. Ар щIалэгъуалэ зэхуэсхэм кIуэрт, хьэщIэщым щекIуэкI хабзэхэм щыгъуазэ зищIырт.
ХьэщIэщыр хьэщIэ зыщIашэ пэш щхьэхуэт. Ауэ ар икIи щIалэгъуалэ зэхуэсыпIэу къалъытэрт. Ар адрей пэшхэм япэIэщIэу щыт хабзэ пэш хуитт, и блыну хъуам гъущIIунэ хэукIарэ Iэщэ-фащэр къегъэщIэрэщIэкIауэ. Абы андез зэрыпщтэн тас-къубгъанрэ бжэныфэм къыхэщIыкIа нэмэзлыкъри щIэлът. Шэнтрэ гъуэлъыпIэ папщIэу хьэщIэщым щIэлъ хабзэт арджэнхэр, алэрыбгъухэр, щIакIуэхэр. ХьэщIэщхэм щIалэгъуалэр я зауэ Iуэхухэм теухуауэ щызэчэнджэщырт. Бийм зэрытеуэну щIыкIэр, щежьэну пIалъэр щызэIэпахырт. Абдеж дыдэми тет яхуэхъунур, я щэхур зыхъумэнур щыхахырт. ЗекIуэ щыкIуэну махуэр, сыхьэтыр, щызэхуэзэну щIыпIэр щаубзыхурт. ЗэхуэсыпIэм псори хьэзыру къекIуэлIэн хуейт. Iэщэ IэщIэмылъу, шы темысу, гъуэмылэншэу къакIуэм и напэр текIауэ зыхахужырт, къуентхъ къратыртэкъым, цIыхухэри къыщыдыхьэшхырт.