28 июня, 2022 - 13:59
Кърым тэтэрхэм я дзэр зэтезыкъута зауэлI хахуэхэм ящыщщ Ашабэ и къуэ Мышакъ. Ар Къэзанокъуэ Жэбагъы и къуажэгъуу щытащ.
КъэзыIуэтэжхэм абы и цIэр зэтемыхуэу жаIэ – Мышакъ, Минщакъ, МыкIакъ, Къэлшакъ, Къылшыкъуэ. Хэти ар пщыуэ щытауэ, хэти пщылIу щытауэ жаIэ.
Абы фыз дахэ иIэт. Мышакъыр мэз къикIыжри, и щхьэгъусэр гъуэгыу щIэсу кърихьэлIэжащ.
- Къэхъуар сыт, хэт лIауэ бгъейр? Сэ сыпсэущ иджыри! – жиIащ Мышакъ.
- Уэращ згъейр. Уэ упсэу щхьэкIэ, улIа пэлъытэщ! – къыжриIащ фызым.
- Сыт сыщIэлIар, сылэжьэфыркъэ, узгъэшхэфыркъэ?
- УлIа пэлъытэкъэ, уэ ущысу сэ тэтэрхэм сыщахькIэ! – къехъурджэуащ аргуэру фызыр.
- Сыт мыбы жиIэ делагъэр? Хэт узыхьыр?
- Нобэ тэтэрхэр къыдыхьэри сыкъалъэгъуати, сахьыну жаIащ.
- Сэ сыпсэууэ уэ зыми уихьынукъым, абы щхьэкIэ умыгъ! – жиIэри пхъэр иунэщIу щIидзэжащ.
- Пхъэракъым иджы Iуэхур, псори пщым и пщIантIэм щызэхуосри, абы кIуэи, унафэм едаIуэ! – жиIащ фызым. Мышакъым уэщыр къищтэри, и кIэпкъым дэIуауэ ХьэтIохъущокъуэхэ я деж кIуащ.
Тэтэрыдзэр яукIыну унагъуэхэм щытрагуашэм:
- Сэ тэтэрипщI къызэфтыну сыныволъэIу, – жиIащ Мышакъ.
- Уэ ущIалэ закъуэщ, апхуэдиз «пхуэгъэхьэщIэнкъым!»
- «ИгъэхьэщIэнщ», сэ фIыуэ соцIыху а щIалэр, бланэщ, едвгъэт! – жиIащ Жэбагъы. – «ХьэщIэ» жагъуэр гъубж жэщым «идгъэкIыжа» нэужь, бэрэжьей пщэдджыжьым мыбы дыкъыщызэхуэсыжынщи, Къэнжалыщхьэ къыщына дзэм унафэ тетщIыхьынщ.
Мышакъ и хьэщIэхэр ишэри, и фыз дахэм деж кIуэжащ.
- Сыт мыхэр къыщIысхуэпшар, септыну ара? – къэуIэбжьащ фызыр.
- Уа, фыз, адыгэ хабзэр пщыгъупщэжа! Мыхэр хьэщIэщ, зэрыбгъэхьэщIэным, зэребгъэфэн-зэребгъэшхэным яужь ит, емыкIу къыдумыгъэхьу. Мыхэр «дгъэхьэщIэн» хуейуэ пщымрэ Жэбагъырэ унафэ къысхуащIащ.
Мышакъым и хьэщIэхэр мэрэмэжьей гуащIэм ирагъафэри, замыщIэжу ягъэжеящ, и уэщыр къищтэри, я пщэр пигъэлъэтурэ екIуэкIащ.
ИужькIэ Къэнжал кIуэ дзэм хэту Мышакъ ежьащ. А зауэ гуащIэми хэтащ. Зауэр зэфIэкIыу, укIыгъэхэри уIэгъэхэри зэхуахьэсыжу увыIэпIэ щратым, Мышакъ и псэу е и хьэдэ ягъуэтакъым. Къуентхъыр гуэшын хуейт. Жэбагъы унафэ ищIащ: «Мышакъ дыпэплъэнщ иджыри тIэкIурэ, ар фIыуэ зауэу слъэгъуащ ныжэбэ». Пэплъэу, зыхэта зауэм и гугъу ящIыжу здэщысым, дыгъэри фIыуэ къыдэкIуэтеяуэ, Мышакъ зы къуэ задэ зэв гуэрымкIэ и джатэр зыщIигъакъуэурэ къыдэпщыжри къахыхьэжащ, и щыгъыныр зэхэфытхъауэ, езым лъыр къетIэтIэхыу.
- Дэнэ, Мышакъ, иджыри къэс уздэщыIар, дэ зауэр зэрыдухрэ мащIэ щIа? – еупщIахэщ.
- Ныжэбэ дыщызэхыхьам мы къуэ кIуэцIым зы гуп дыхьэу слъэгъуати, сакIэлъыдыхьэри дэзукIыхьащ, – жиIащ Мышакъ.
- «Гупышхуэу» къыщIэкIынт, абы уи закъуэ уакIэлъыдыхьэу щыдэбукIыхьакIэ! – жиIэри ауаныщIу зыгуэр къэдыхьэшхащ.
- Куэдми мащIэми фи нэкIэ флъэгъуам хуэдэ щыIэкъым, фыщхьэщыхьи фыдэплъэ, сэ сукIахэм я хьэдэр зэтеслъхьэри сыкъыдэкIыжащ, – жиIащ Мышакъ. Щхьэщыхьэу зыдэплъа къуэм хьэдэхэр Iэтэу щызэтелът.
- Афэрым, Мышакъ, лIыгъэ уиIэщ, мы къуентхъым узэгуакIуэр къыхэх! – жиIэри ар Жэбагъы хигъэдащ.
- Си джатэм сризауэурэ и Iэпщэр къэшри срипыджэ фIэкIа сриуэ мыхъужу гугъу сригъэхьащ, – жиIэри абы зы джатэ кIэщI цIыкIу къуентхъым къыхихащ.
Мышакъ а зауэм щызэрихьа лIыхъужьыгъэм щхьэкIэ уэркъ ящIащ, и унэцIэр къуажэм фIащащ, жаIэ.
Мышакъ и хахуагъэр тIэкIу егъэлеиIуауэ хъыбархэм къаIуэтэжу къыщIэкIынщ, ауэ цIыхубэм я лIыхъужьхэр ину яIэту зэрыщытам ар и щапхъэщ.