26 июля, 2022 - 11:15
Литературэдж, публицист, зэдзэкIакIуэ Iэзэ лъэпкъылI гъуэзэджэ КIурашын БетIал къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу.
Адыгэ литературэмрэ щэнхабзэмрэ я тхыдэм къыхэнащ КIурашын БетIал и цIэр литературэдж гумызагъэу, критик гъуэзэджэу. Абы щIэныгъэ хъарзынэ зригъэгъуэтащ, къэбэрдей пединститутыр къиуха нэужьи езыр-езыру еджэн зэпигъэуакъым. Ар псэухуи еджащ, зы махуи димыгъэхуу.
Къэбэрдей театрым къэзыгъэзэжыну щIалэгъуалэ гуп 1950 гъэм театральнэ институтым щIагъэтIысхьэну щагъакIуэм, ахэр адыгэбзэм хуригъэджэну КIурашыныр гъусэ хуащIащ. ЩIэныгъэм гу хуэзыщIа щIалэ губзыгъэм нэгузыужь защIэкIэ зэманыр щыхьэрым щигъэкIуакъым. Пэжщ, зи щIалэгъуэ БетIал дэзыхьэхын Iуэхугъуэ Iэджэ а къалэ дахэшхуэм пэрыхьэту щыIэт, ауэ и пщэ къралъхьа Iуэхур – щIалэгъуалэм щIэныгъэ куу егъэгъуэтыным псэемыблэжу зэрытелажьэм къыдэкIуэу, езыми и къэухьым зригъэужьыну, и щIэныгъэм хигъэхъуэну мурад быдэ ещI. Ар здэмыкIуа музейрэ щэнхабзэм теухуа гъэлъэгъуэныгъэрэ а лъэхъэнэм Мэзкуу щыгъуэтыгъуейт. Театр зэмыл1эужьыгъуэхэм ягъэува нэхъ спектакль гъэщIэгъуэнхэм иригъаджэ щIалэгъуалэр щIыгъуу мызэ-мытIэу зэреплъам къыщымынэу, езым къытригъэзэжурэ тIэуней, щэней зэплъа театр гъэлъэгъуэныгъэ Iэджэ щыIэт. А псом и щIыIужкIэ, зы сыхьэт нэхъ мыхъуми хущIыхьэгъуэ тIэкIу къыхудэхуамэ, Лениным и цIэр зезыхьэ библиотекэм и архив хъумапIэм адыгэ тхыдэм теухуауэ иджыри цIыхухэр зыщымыгъуазэ напэкIуэцI гъэщIэгъуэнхэр къыщилъыхъуэрт икIи къыщигъуэтырт. БетIал езым Мэзкуу щызэригъэпэщыжауэ архив бэлыхь иIэ хъуат. Абы къыхихыурэ итхыжми, газетхэм статьяхэр къытрыригъадзэми, телевиденэм нэтын щигъэхьэзырми илъэс куэдкIэ газет щIэджыкIакIуэхэмрэ телевизореплъхэмрэ щIэщыгъуэ ящыхъуу, акъыл къызыхахын куэд я пащхьэм ирилъхьащ. Ар лъэпкъым хуищIэр фIэмащIэу псэуа цIыхухэм ящыщт. Абы итхыр къызыхуэтыншэу хьэзыр имыщIауэ, игу хуэмызэгъауэ газетми иритынукъым, телевиденэми хуит яхуищIынутэкъым. Апхуэдэу гумызагъэу зэрелэжьым къыхэкIыу БетIал и тхыгъэхэми и нэтынхэми куэдрэ щытхъу къахьырт.
КIурашыныр тхылъ щащэ тыкуэн хуэзамэ, абы щIэмыхьэу зэрыблэпшыфын щыIэтэкъым. ЗэрыщIыхьэуи, ди лъэпкъым, тхыдэм теухуа тхылъыр миным къахилъагъукIырт. Абы хэджыхьырти, къищэхурт. БетIал асыхьэтым гу зылъитэр нэгъуэщIыр мазэкIэ лъыхъуэми къыхуэгъуэтынтэкъым. КъызыхэкIар, зи хэкур фIыуэ зылъагъу щIалэм и гур хуитхьэщIыкIат и лъэпкъым. НэхъыфIу дунейм тетыр – ар щэнхабзэуи щрырет, ар лIыгъэ ехьэжьа ирехъу, зыми имыщIэ, иджыри къэс зыщымыгъуазэ гуэр абы къигъуэтыжамэ, ар гуфIэгъуэ мыкIуэщIт.
Хэти ещIэ усэм нэхърэ прозэр гукIэ зэбгъэщIэну зэрынэхъ гугъур. ИтIани, напэкIуэцIитIщы хъу тхылъ адыгэ гъащIэм, адыгэ псэукIэм, адыгэ тхыдэм ятеухуа Iыхьэхэр КIурашыным гукIэ ищIэрт - Пришвиным, Лебединскэм е нэгъуэщI хамэ къэрал тхакIуэ, дунеяплъэ къежьэу Къэбэрдейм къэкIуа, ди псэукIэм зыщызыгъэгъуазэу тетхыхьыжа журналистхэм я IэдакъэщIэкI куэд емызэшу къыбжиIэжыфынут.
Ефэ-ешхэ Iэнэми БетIал адыгагъэм, адыгэ тхыдэм, адыгэ Iуэхум щытепсэлъыхь къудейтэкъым, атIэ ахэрат нэхъапэр, нэхъыщхьэр, Iэнэм и кIэм нэсыхункIэ псалъэмакъ мыухыжу щыIэр. Абдеж щысхэм зэхамыха, ямыщIэ гуэр яригъэщIамэ, захригъэхамэ, езыр насыпыфIэу зилъытэжу Iэнэр зэхуищIыжырт.
КIурашыным мылъкум я нэхъ лъапIэу ибжыр тхылърати, укъыщалъхуа махуэу е нэгъуэщI гуфIэгъуэ щхьэусыгъуэ гуэр уиIэу БетIал укъищIарэ а и тхылъ къомым хэплъэу, и гум къыщIитхъми зыкъуимыгъащIэу, зы тхылъ къыхихрэ къуитамэ, ар къыпхуэарэзы дыдэу арат.
КIурашын БетIал адыгэ хабзэр, адыгэ нэмысыр фIы дыдэу ищIэ къудейтэкъым, атIэ ахэр зымыщIэр, зыфIэмыгъэщIэгъуэныр ныбжьэгъу ищIын дэнэ къэна, ауэ кIуэгъужэгъу къудей хуэхъункIэ Iэмал иIэтэкъым.
БетIал жьэнахуэт, ехьэкI лъэпкъ хэмылъу къыбдигъуэр къыбжиIэфынут. ФIы къыбдилъэгъуами, псалъэ гуапэхэм щымысхьу къыптрикIутэнут. Абы и унэр цIыху кIуапIэти, тхакIуэхэр, сурэтыщIхэр, уэрэджыIакIуэхэр, артистхэр, литературэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэр куэдрэ щызэхуэсырт.
БетIал зэи къулыкъущIэкъуу щытакъым. Къулыкъуу щыIэм я нэхъ лъапIэу ибжыр литературэмрэ щэнхабзэмрэ лъэужь дахэ къыхинэнырт. Аращ псэухункIэ зыхуэлэжьари зыхуэпсэуари.
«ХьэщIэщ», «Лъыхъуэм – къегъуэт», «IуэрыIуатэ – дыщэ пхъуантэ» – мыкIуэдыжынщ БетIал фэеплъу къытхуигъэнар. КIурашыным и нэтынхэм, и телеспектаклхэм жьантIэр щаIыгът ПащIэ Бэчмырзэ, ЩоджэнцIыкIу Алий, КIуащ БетIал, КIыщокъуэ Алим, литературэм зезыгъэужьа нэгъуэщI ди тхакIуэхэм.
БетIал «уей-уей» жригъэIэу лъэпкъ литературэмрэ щэнхабзэмрэ хуэлэжьащ. ЗылI хузэфIэкIыни абы хищIыхьащ. Абы и тхыгъэхэр, и тхылъхэр къэнащ. Ахэр фIым ухуэзыущийщ, уи лъэпкъыр фIыуэ уэзыгъэлъагъущ.