26 июля, 2022 - 15:40
Адыгэхэм я пасэрей Iэщэхэм ящыщт сэшхуэр, афэ джанэр, гъущI тажыр, фэмрэ гъущIымрэ къыхэщIыкIа мэIур. ИужькIэ абыхэм къаIэрыхьащ «закъуэрыуэ, иужькIэ сэшхуэр къызыкIэлъащтэ щтауч фочыр». Адыгэм и Iэщэ-фащэр зыцIыху бийм зытригъапсэ хабзэр абы и лъакъуэхэрт, сыту жыпIэмэ, ахэрат нэхъ щIэмыхъумауэ къанэр. Осетинхэм хъыбар гъэщIэгъуэн гуэр яхъумэ адыгэхэмрэ осетинхэмрэ «Арки Раг» жыхуаIэ щIыпIэм зэрыщызэзэуам теухуауэ. А зауэзэрылIым хэтыху, хъыбарым къызэриIуэтэжымкIэ, осетинхэр блэмыукIыу адыгэхэм фочышэкIэ еуэхэрт, ауэ зыри яхуещIэртэкъым. Арати, осетин гуэрым «иIэ, я лъакъуэхэм девгъауэ» жиIэри къыхилъхьащ. Абы иужькIэщ адыгэхэм хэщIыныгъэ ягъуэтын щыщIадзар. ИтIанэми, осетинхэм текIуэн щIадза къудейуэ, уэшхышхуэ къешхщ, я гыныр псыф ищIри, текIуэныгъэр адыгэхэм яхьауэ щытащ.
Щхьэрыгъ хъурыфэ пыIэ бэлацэм щегъэжьауэ лъейхэмкIэ иухыжу, зэманым декIуу зызыужьа адыгэм и Iэщэ-фащэр XIX лIэщIыгъуэм нэгъэсыпауэ шу зауэм хузэпэщ хъуат. Адыгэм и фочыр упщIэм къыхэщIыкIа дохъутейм илъу и плIэм идзат, напIэ дэхьеигъуэм кърипхъуэту. Фочым и къур апхуэдизкIэ зыхуей хуэзауэ щIати, шуууэ узэрыжэм хуэдэурэ уузэду, бгъауэу, уи плIэм ебдзэкIыжыну тыншт, сэшхуэр къипхын хуэдэу.
Сэшхуэр бийм и псэр хуIузых, адыгэм нэхъыфI дыдэу илъагъу Iэщэрщ. Ар пхъэм е лъахъстэным къыхэщIыкIа сампIэм илъ, убыдыпIэ зиIэ сэ кIыхьщ. АдыгэбзэкIэ зэреджэр «сэшхуэщ», нэгъуэщIу жыпIэмэ, «сэ ин». Адыгэм и сэшхуэр жьакIэупсым ещхьу жанщ, ар зэрызахъумэж Iэщэкъым, бийм зэреуэщ. Сэшхуэр зытехуэм я нэхъыбэр абы къелыркъым. Адыгэ сэшхуэ лIэужьыгъуэхэм я нэхъыфIщ «гъурдэ», «дыгъужь» жыхуаIэхэр. «Гъурдэ» жыхуаIэхэм хьэрыпыбзэкIэ тхыгъэ тет хабзэщ, «дыгъужь» жыхуаIэм псэущхьэ щIэпхъуа тращIыхь. А лIэужьыгъуитIым щыщ сэшхуэхэр, шэч хэмылъу, фIы дыдэщ. Езы бгырысхэм Златоуст къалэм щащIа Iэщэхэр нэхъыфIу ялъагъурт.
АдыгэлI узэдам иджыри зы фочэщI е тIу иIыгъ хабзэт, зыпщIэхимыхыр и къамэрт. Кавказым щащIа къамэ нэхъыфI дыдэхэр зи IэдакъэщIэкIыр Базалай жыхуаIэращ. IэкIуэлъакIуэм IэщIэлъ кавказ Iэщэр – Iэщэ шынагъуэщ. Абы ищIа уIэгъэр щымыкIыжыр нэхъыбэщ.
Фочышэхэр пхъэм къыхэщIыкIа гынылъэхэм ярылъу «хьэзыр» жыхуаIэ фэ бгъэгущталъэхэм ирагъэсырт.
Адыгэм и бгым ищIауэ кърихьэкIырт щалъэ – Iэщэм щахуэ дагъэр зракIэ гъущI щталъэ зэбгъузэнатIэ; фочыр зэрызэпкърах Iэдэ; лъахъстэным къыхэщIыкIа хъуржын. Абыхэм зауэлIым Iэмал къратырт шым къемыхыу и Iэщэр зэригъэпэщыжыну. Шым къепсыхыу бийм фочышэ тезыгъэпсэну хьэзыр адыгэм и дохъутейм кIэрыщIауэ пхъэ быдэ лантIэм къыхэщIыкIа зэпэбаш къыздрихьэкIырт.
Iэщэ куэд кIэрыщIат адыгэм: къамэ, фокIэщIитI, сэшхуэрэ фочрэ. Ауэ зы Iэщэр адрейм зэран хуэхъуртэкъым. Зыгуэр къыкIэрылэлу е Iэуэлъауэу щыттэкъым, щхьэж здэщылъыпхъэм деж зэрыщылъым жэщтеуэ кIуэми гу къылъамытэну Iэмал къритырт.
Апхуэдэт къэзылъагъухэр IэкIуэлъакIуагърэ IэзагъкIэ зытхьэкъу адыгэхэм я зыузэдыкIэ къызэрымыкIуэр. «ГъэщIэгъуэнщ апхуэдиз Iэщэ зыкIэрыщIа зауэлIыр, - итхыжырт Данилевский-тхыдэджым, - жану, жыджэру къызэрынэр, и Iэпкълъэпкъыр тыншу зэрызэрихьэр. Ауэ адыгэ IэкIуэлъакIуагъыр зэрыплъагъуу, уи фIэщ мэхъу а лъэпкъ пелуаныр мащIэуи къызэрыхэмыщтыкIыр».
Адыгэхэм я дзэ нэхъыщхьэр шуудзэрт. Абыхэм я шууей Iэзагъыр пасэрей зэманым зэфIэувагъэнщ. Тхыдэджхэм зэратхыжымкIэ, иужькIэ адыгэ лъэпкъыр къызытехъукIыжа синдхэр яшхэмкIэ цIэрыIуэу щытащ. Ауэ шы Iуэхум къэбэрдей адыгэхэм я деж нэхъ лъагэ дыдэу зыщыщиужьар хуэгъэфэщауэ X лIэщIыгъуэрщ. Хъэзэрхэр къатегуплIа нэужь, а зэманым адыгэхэм я Iыхьэшхуэм я лъапсэжьу щыта Iузэв-хы фIыцIэ Iуфэр ябгынэри, къуэкIыпIэмкIэ кIуэтэн хуей хъуахэт. Апхуэдэут ахэр къызэрыщыхутар Кавказ Ищхъэрэ тафэщIым и къухьэпIэ лъэныкъуэм. Лъэпкъ куэд зэрымыса Кавказ Ищхъэрэ тафэщI хуитым адыгэхэм Iэмал къаритащ бийм зэрыпэщIэувэфын шуудзэ лъэщ зэрагъэпэщыну.
ЗауэлI IэщIагъэм хэзыщIыкIхэм зэтехуэу жаIэ къэбэрдей шуудзэм ефIэкI щымыIауэ. Къэбэрдейхэм ирахьэкI зауэлI гъащIэм шым мыхьэнэшхуэ щиубыду щытащ. Адыгэшыр уанэш къабзэт, шум щемыдаIуэ къыхуимыхуэу. ЗэпIэзэрыту, хьэфIым хуэдэу, зейм хуэпэжу, зауэ IэнатIэм зыхидзэ бэлыхь псоми хузэпэщт ар. Адыгэшыр псыми мафIэми щыщтэркъым. Езы адыгэлIри зэрылъэкIкIэ и ныбжьэгъу пэжым йолIалIэ. Адыгэхэм яшхэм нал щIалъхьэртэкъым, шыгъэцIывкIэ кIуэцIыуэртэкъым, зи кIапэм фэм къыхэщIыкIа бзэгу цIыкIу зыфIэлъ щIопщ псыгъуэкIэ фIэкIаи еуэртэкъым, зыри хуамыгъэузу, и теуэкIэм щIигъэIэн къудейуэ. Адыгэхэм зэрыжаIэмкIэ, шым щIопщI хьэлъэкIэ е шыгъэцIывкIэ узэрегуауэм иригъэш фIэкIа, щхьэпагъ закъуи къишэркъым.
Адыгэ уанэр уанэ псынщIэщ. Абы шым и тхыр трихыртэкъым, тхьэмахуэ бжыгъэкIэ телъ хъуми. Теуэ кIуэным пIалъэ иIэу щIадзэрт адыгэхэм яшхэр зыхуей хуагъэзэн: мэкъу иратын щагъэтырт, тепIэн трапхъуэрти кърахуэкIырт, махуэм зыбжанэрэ ягъэпскIырт. Апхуэдэу ягъэхьэзыра шыхэм махуэм верст 60-100 зэпачыфырт.
Бийм къиухъуреихь хъумэ, адыгэм и шыр иукIыжырти, и фочыр зэпэбашым телъу, абы и къуагъым къуэгъуалъхьэрт, зы шэ къыхуэмынэжыху бийм еуэфын хуэдэу. Иужьреишэр иутIыпща нэужь, и фочри, и сэшхуэри икъутэрти, къамэр IэщIэлъу ажалым хуэкIуэрт. Абы фIыуэ ищIэрт къамэр IэщIэлъыху псэууэ зэраIэрымыхьэнур, арат абы и гулъытэр зытримыгъэкIыр. Бийм псэууэ уIэрыхьэным нэхърэ нэхъ напэтех щымыIэу къалъытэрти, апхуэдэ зэи къагъэхъуртэкъым.
Адыгэхэм езыхэм я зэуэкIэ Iэмалхэр кърахьэжьащ. Псом хуэмыдэу абыхэм гу зыщахуа зэуэкIэр уафэхъуэпскIым хуэдэу шуудзэкIэ яхэлъадэурэ сэшхуэкIэ зэрахэлъэщыхьырт. Ауэ гуп-гупурэ теуэ кIуэни я хьэлт. ЩIопщыр яIыгъыу бийхэм яхэлъадэрти, нэсыным лъэбакъуэ тIощI хуэдиз иIэжу фочхэр дохъутейм кърапхъуэтырти ягъауэрт. ИтIанэ ар я плIэмкIэ зэрадзэкIыжырти, сэшхуэкIэ яхэлъэщыхьырт. Е шым зэрытесым хуэдэу къикIуэтыж хуэдэу защIырти, жэрыжэм тету фочыр яузэдыжырт. ЗауэзэрылIым хэт адыгэм и IэбэкIэр псынщIэщ икIи IэкIуэлъакIуэщ.
Лъэсу адыгэхэр щызауэр бгыхэмрэ мэзхэмрэт. ЩIыпIэм къуит фейдэр егъэлеяуэ Iэзэу къагъэсэбэпыфырт адыгэхэм, жыгым е мывэ къуагъым къыщыкъуэукIым деж ахэр блэукIыртэкъым, зэбгъэрыкIуахэм тIэкIу зралъэфыхьамэ, щIым къыхэжам ещхьу, я пащхьэм къихутэрти, дунейкъутэжыр къыхуагъакIуэрт. Бийр щикIуэтым деж, щысхь ямыIэу кIэлъеIэрти, зэтраукIэрт. Адыгэхэр зэрызауэ хабзэр губгъуэ зэуэкIэут. ЗэрымыщIэкIэ гуп цIыкIу-цIыкIуурэ зэратеуэм абыхэм ехъулIэныгъэ нэхъыбэ къаритырт, зэуэ гупышхуэу щебгъэрыкIуэм нэхърэ. Яшхэр яутIыпщынти, зыщIыпIэ деж махуэ псом зыщагъэпсэхунт. Жэщым шэсынти, бийм щыщ къыхамынэу зэтраукIэнт. Арат адыгэхэм я зэуэкIэ хьэлыр. Абыхэм я жэщтеуэхэр нэхъыбэм лъыгъажэм хуэкIуэрт, зытеуа зауэлI гупым зыри къащыхэмынэжыр нэхъыбэт. Я лIыгъэмкIэ псори къахьэхуат адыгэхэм, псом хуэмыдэу абыхэм я удын куэд зыгъэва тыркухэр.
Адыгэхэр губгъуэм фIэкIа щымызэуэфу щытауэ къэплъытэныр щыуагъэщ. Абыхэм дзэ зэгъэпэщыкIи ящIэрт, уеблэмэ хыдзэ зэрагъэпэщынуи иужь итахэщ. Дзэ зэгъэпэщам пэувын хуей щыхъухэм деж, абыхэм я къуажэхэр быдапIэ хуэдэу яузэдырт, ихъуреягъыр блын задэкIэ къахухьырти, абы и гупэм цIыху зэфIэт зэрыхуэн щIытI къагъэувыжырт. «КъалэкIэ» зэджэ апхуэдэ быдапIэхэм я фIыгъэкIэ адыгэхэм бийхэм зыщахъумэрт.