16 августа, 2022 - 08:00

ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгур кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ. Апхуэдэу щытми, цIыху лъэпкъыр куэду зэщхьэщокI я сурэткIэ, я бзэкIэ, я дуней тетыкIэкIэ, щIыпIэу зыщыпсэухэмкIэ. Нобэрей щIэныгъэм цIыхухэр я сурэткIэ, я нэпкъпэпкъкIэ егуэшыр негроид, монголоид, европоид расэхэмкIэ.
XIX лIыщIыгъуэм псэуа нэмыцэ философ цIэрыIуэ Гегель и тхылъ «Псэм и философие» жыхуиIэм зэрыщитхымкIэ, адыгэхэр европоидхэм я ипщэ къудамэм хыхьэу илъытэт. Абы европоидхэм къахигъэщхьэхукIырт Кавказ расэр, икIи Кавказ расэм хигъэхьэрт адыгэхэр, грузинхэр. Кавказ расэрауэ Гегель илъытэт дуней хъурей тхыдэжьыр къэзыгъэхъур, зыгъэкIуатэр.
Ди лъэпкъыр езыр сыт щыгъуи зэрызэджэжу щытар – адыгэщ, бзэуэ яIурылъар адыгэбзэщ; гъащIэ щIыкIэу, гъэпсыкIэу, дуней тетыкIэу, цIыху зэхущытыкIэу яIар адыгагъэщ, адыгэ хабзэщ. Ауэ адыгэхэм къакIуа илъэс мин бжыгъэ хъу гъащIэ гъуэгум нэгъуэщI лъэпкъхэм къыфIащауэ, къреджэу щытауэ тхыдэм цIэ куэд хэтщ.
Адыгэ-абхъаз-абазэ лъэпкъхэм я къекIуэкIыкIар зыдж еджагъэшхуэ куэдым зэралъытэмкIэ, абыхэм я къежьапIэу убж хъунущ илъэс минитхукIэ узэIэбэкIыжмэ щыIа хьэт (хат) къэралыгъуэжьыр. А къэралыгъуэм хыхьэу щытащ хы фIыцIэ Iуфэхэр хиубыдэу Анатолиер (иджы Тыркур), къухьэпIэ Кавказыр (Иджырей Грузиер), Абхъазыр, Краснодар крайр, Адыгейр. Хьэт къэралыгъуэр къэзыгъэхъуа хьэтит лъэпкъым хыхьэ лIакъуэхэу абешла, кашк жыхуиIэхэрауэ ялъытэр адыгэ-абхаз-абазэхэм я бзэхэр зэрызэтехуэращ.
Кашк цIэм къытекIыжауэ ябж зэман жыжьэхэм адыгэхэм зэреджэу щыта кешак, кашаг, касог цIэхэр.
Ди лъэхъэнэм ипэкIэ 8-нэ, 7-нэ лIыщIыгъуэхэм къыщыщIедзэ кашк, абешла жыхуиIэ хьэтит лIакъуэхэм къатехъукIыжа Мэуэт къэралыгъуэм. Мэуэт къэралыгъуэр адыгэ лIакъуэ куэду зэхэтт. Абыхэм ящыщт синдхэр, ахейхэр, керкетхэр, зиххэр.
Адыгэхэр сыт щыгъуи езыхэм я хэку исыжащ икIи абыхэм нэгъуэщI лъэпкъ адыгэ щIыналъэм исауэ тхыдэм ущрихьэлIэркъым. Адыгэ щIыналъэр ябжу щытащ ищхъэрэмкIэ Тэн псым къыщыщIэдзауэ, Кавказ мылылъэ бгыжьхэм ипщэкIэ еуалIэу. КъуэкIыпIэмкIэ адыгэ щIыгур нэсырт Сунжэ псыр Тэрч щыхэлъэдэжым.
Абы лъандэрэ блэкIа илъэсищэ бжыгъэхэм адыгэхэм я щIыгукIи я бжыгъэкIи хэщIурэ кIуащ. А лIэщIыгъуэ хьэлъэхэм адыгэхэр зауэ зэпымычым хэтащ. Адыгэ щIыналъэ дахэм, псомкIи бейм, Iузэв хым, хы ФIыцIэм лъэкIыныгъэшхуэу къаритым Iэджэ къехъуапсэрт икIи апхуэдиз зи телъыджагъ Хэкум къезэуэн мурадкIэ къэрал куэдым я дзэ IэщэкIэ зэщIэузэдахэр къизэрыгуэрт. Илъэсищэ бжыгъэкIэ абыхэм япэщIэтурэ, я щхьэ, я Хэку яхъумэжыным къарууэ яIэр трагъэкIуадэурэ, я псэм емыблэжурэ къэгъуэгурыкIуащ адыгэхэр. Мис аращ ди лъэпкъым къалэшхуэхэр, чэщанэхэр куэду ищIын щIыхущIэмыхьар.
НобэкIэ адыгэхэр щопсэу Урысейм хыхьэ Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхьэрэ - Алание республикэхэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм. Ахэр езыхэр псори адыгэкIэ зоджэж, ауэ тхылъхэм щратхэкIэ адыгей, къэбэрдей, шэрджэс жиIэу иратхэ, а цIэ дыдэхэмкIи нэгъуэщI лъэпкъхэр къыдоджэ.
Урыс пащтыхьым 18 - 19-нэ лIэщIыгъуэхэм иригъэкIуэкIа лъэпкъгъэкIуэд-зэрыпхъуакIуэ политикэм и зэранкIэ илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьыр щиухым, абы адыгэу къелам и процент 90-р Хэкужьым ирахури, Тыркум яхуауэ щытащ. А лъыгъажэшхуэ зауэм адыгэуи нэгъуэщI бгырыс лъэпкъхэуи хэкIуэдар зыхуэдизыр иджыри зыми къибжыфакъым.
НобэкIэ хамэ къэралхэм адыгэу щопсэу мелуан зыбжанэм щIигъу. Адыгэм и нэхъыбэр зэрысыр Тырку къэралырщ, щыIэхэщ Сирием, Египетым, Иорданым, КъуэкIыпIэ гъунэгъум и адрей къэралхэми, Балканым, КъухьэпIэ Европэм, Америкэм.
Япэми хуэдэу, ноби адыгэхэр лIакъуэ зыбжанэу зэхэтщ, хэкужьырыс адыгэхэм яхохьэр лъакъуэхэу: шапсыгъхэр – зыщыпсэур хы ФIыцIэ Iуфэрщ, бжьэдыгъухэр, абазэхэхэр, кIэмыргуейхэр – Адыгэ Республикэм исхэщ. Беслъэнейхэр, къэбэрдейхэр – Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм. Къэбэрдейхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм исщ. Адыгэ чыристанхэр Осетие Ищхъэрэм и Мэздэгу районым исхэщ, Ставрополь, Краснодар крайхэми яхэпхъауэ къуажэ бжыгъэ яхэсщ.
Адыгэхэр дунейпсо цIыхубэ цивилизацэм хэлъхьэныгъэ гъэнэхуа хуэзыщIа, ар зыгъэкIуэта лъэпкъхэм ящыщщ. Египет, Сирие, Иордан къэралхэр зэфIэувэн щхьэкIэ а щIыналъэхэр псэупIэ зыхуэхъуа адыгэхэм я лIыгъэ, я акъыл, я гуащIэшхуэ халъхьэурэ къогъуэгурыкIуэ, ноби щагъэтакъым. Тырку къэралри зэфIэувэным, щэнхабзэм, литературэм заужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ ди лъэпкъым. Адыгэхэмрэ урысхэмрэ я зэпыщIэныгъэр Киевскэ Русым къыщожьэ. Урысей къэралыгъуэр зэфIэувэн папщIэ нэгъэсауэ къулыкъушхуэ щагъэзэщIащ, я гъащIэ куэди халъхьащ адыгэпщхэм, абыхэм къатехъукIыжу лIэщIыгъуэхэм урысхэм зыхэзыгуэшэжа я бынхэм уеблэмэ адыгэпщ Темрыкъуэ, Къэбэрдейм я пщы нэхъыжьт, ипхъу Гуащэней Иван IV и щхьэгъусащ.
Адыгэхэм я хабзэхэр, адыгагъэр, я фащэр, Iэщэхэр, Нарт эпосыр, я щIыгу лэжьэкIэр, адыгэшхэр, Iэщ зехуэкIэр, нэгъуэщI куэд лъэпкъ гъунэгъухэм яфIэфIу ящтащ икIи ахэр адыгэхэм зэраIэрыкIыр ящыгъупщэркъым. Зэрыкавказу зэлъащIысащ адыгэ фащэр, ди къафэхэр, къызэрыфэ макъамэхэр. Тхыдэм зыщIыпIи къыхэщыркъым адыгэхэр, сыт хуэдэу лъэщу щымытами, нэгъуэщI къэрал е нэмыщI лъэпкъ теуэу, зауэ иращIэкIыу къазэуауэ. Ауэ езы адыгэхэм я тхыдэ кIыхьым сыт щыгъуи къахудэхуащ я Хэкур яхъумэжын, кIэи бжыхьи зимыIэж биймрэ абыхэм къращIылIэ зауаехэмрэ япэщIэтын.
Адыгэхэм гъащIэ гъуэгуу къакIуам сыт хуэдэ гузэвэгъуэрэ, гужьеигъуэрэ хэмытами, сыт хуэдэ хьэзаб ятемылъами, дэнэ къэралыгъуэ къыщымыхутами, лъэпкъ зэхуэмыдэ дапщэм яхуэмызами, яхузэфIокIыр я бзэр, адыгагъэр, зыми емыщхь адыгэ хабзэ гъуэзэджэр яхъумэжын.