19 сентября, 2022 - 11:15
ЩIэныгъэлI щэджащэхэм, хамэ къэрал къэхутакIуэ цIэрыIуэхэм я лэжьыгъэ куэдым зэрыщаубзыхуащи, адыгэ лъэпкъыр нэхъыжь дыдэхэм, хабзэ дахэ, нэмыс лъагэ, хьэл-щэн екIу, лIыхъужьыгъэ ин зыхэлъ, зи адэ щIыналъэр фIыуэ зылъагъу, абы папщIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъ гъуэзэджэщ.
Пасэ зэманым адыгэхэм яхэлъу щыта хабзэхэм пщIэ лей хуащIу, зэрахуэфащэу ахэр ягъэзащIэу, хабзэщIэкъухэм унафэ яхуэхъуу, фIэкIыпIэ зимыIэу къалъытэу щытащ.
Адыгэ хабзэм быдэу пыщIат лIыгъэр, цIыхугъэр, нэмысыр, нэгъуэщI хьэл-щэныфIхэри. Ижь-ижьыж зэманым псэуа адыгэхэм лIы нэсу ялъытэу, пщIэ зыхуащIу щытар и щхьэ Iуэху дахэу дэзыгъэкIыр, и унагъуэр зэпэщу зыгъэпсэур аратэкъым, атIэ хэкум, лъахэм, къуажэм, хьэблэм, благъэм, ныбжьэгъухэм я сэбэп зылэжьырт, лей къызытехьэм къыщхьэщыжырт, зи Iуэху хуэмыкIуэм дэIэпыкъурт, хутыкъуам щIэгъэкъуэн хуэхъурт.
Адыгэ лъэпкъ уардэм ижь-ижьыж лъандэрэ хабзэ дахэм къыдэкIуэу пщIэшхуэ хуащIырт лIыхъужьыгъэ ин, цIыхугъэ лъагэ, нэмысышхуэ, Iэдэбагъ, пэжагъ зыхэлъ цIыхум. Мы Iуэхугъуэхэм, нэгъуэщI хуэIухуэщIэ зыбжанэми щыхьэт техъуэ адыгэ псалъэжь куэдыкIей щыIэщ. Абыхэм ящыщщ хэкум, щIыналъэм (Хэкум емыкIу къылъысмэ, псэемыблэжу къыщыж. Хамэ Хэку сыщытхъэ нэхърэ си Хэкужь сыщылIэ. Хэкужьыхьэ лъэщщ. Хэку зимыIэм псори щIыIэ къыщохъу. Хэти езым и Хэкур фIыуэ елъагъуж. Хэкум игъэгушхуэр хахуэ мэхъу), лIыгъэм, цIыхугъэм (ЛIыгъэм хуэлъащэм батэр егъэш. ЛIыгъэм Iэщэр хуэжыIэщIэщ. ЛIым и лIыгъэр зауэм къыщацIыху. ЛIыхъужь и джатэ бзэщхъуркъым. ЛIыгъэ зиIэм Iэщэр ейщ. ЦIыхугъэр пщэи къэпщэхуи хъуркъым. ЦIыхугъэ зиIэм напэ иIэщ), къуэшыгъэм, ныбжьэгъугъэм, гъунэгъугъэм (Къуэш егъу нэхърэ – ныбжьэгъуфI. Къуэш лей щыIэкъым. Ныбжьэгъуншэр зеиншэ пэлъытэщ. Ныбжьэгъугъэр щагъэунэхур махуаещ. Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ. Гъунэгъурэ унэгъурэ), хабзэм, нэмысым (Адыгэ хабзэр адэ щIэиныжьщ. Хабзэр фIымэ, бзыпхъэфIи трах. Нэмыс здэщымыIэм насып щыIэкъым. Нэхъыжь нэмыс, нэхъыщIэ насып. Нэмысыншэр насыпыншэщ. Нэмысым насып къыдокIуэ), зауэм, мамырыгъэм, лъахэм (Джатэ и щIагъ нанэ щыIэкъым. Зауэ езыгъажьэ и щхьэ лажьэ хохуэж. Зауэм и кIэр хьэдагъэщ. Хамэ ущие тхьэмахуэщ, хабзэ хьэху махуищщ.Хэку бгынэнрэ фыз бгынэнрэ зэхуэдэщ. Хьэрэ пэт и къуажэр ибгынэркъым. Iэщэ зыгъэдалъэм илъ япэ мажэ. Ди унэжь пхъэжь мафIэ. Дунейр къэкIухьи, уи унэ ихьэж. Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь) теухуахэр.
Дызэрыщыгъуазэщи, пасэ зэманым щегъэжьауэ адыгэхэм пщIэ хуащIу, ягъэлъапIэу щытащ гъунэгъумрэ ныбжьэгъумрэ. Ноби адыгэхэм а хьэлыфIыр яхэлъщ икIи зэпэщу ягъэзащIэ, яхъумэ. Абы и лъэныкъуэкIэ купщIафIэщ
«Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ», «Гъунэгъур унэгъущ» жыхуиIэ псалъэжьхэр.
Куэдрэ дрохьэлIэ цIыху щхьэхуэхэм «Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ» псалъэжьыр жаIэу, ауэ абы къикIыр, и лъапсэр тэмэму къагурымыIуэу икIи къыбжамыIэфыну. Ар, дауи, бэянщ. Сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, мы псалъэжьым къикIыр мыращ: дэтхэнэ зы цIыхури – зихуэпэн хуей щыхъум – псом япэ дыдэ зэпхъуэр гъуэншэджыр аращ. Абы хуэдэу, япэ дыдэ зэджэри, цIыхум япэ къигъуэтри гъунэгъурщ. Мис аращ пасэрей адыгэм гъуэншэджымрэ гъунэгъумрэ щIызэригъэпщар, щIызэригъэщхьар.
Апхуэдэ дыдэу «Гъунэгъур унэгъущ» жаIэрти, унэгъуу къалъытэрт. Гъунэгъуу ябжыр гъунэгъум къигъунэгъужыр арат. Псалъэжьыр зэрыпэжым щыхьэт тохъуэ гъунэгъум Iэщ (мэл е бжэн) яукIыу ялъэгъуамэ, адрейхэм пIастэ ящIу зэрыщытар. Пэж дыдэу пIастэр «гъунэгъу Iыхьэм» дашхырт. Хабзэ дахэу къекIуэкIырт яукIа Iэщым щыщ гъунэгъуитI-щым хуахьыныр.
Гъунэгъум хуэдэ дыдэу ныбжьэгъури ягъэлъапIэу икIи ягъэпэжу щытащ. Ныбжьэгъум пщIэшхуэ хуащIу зэрыщытам щыхьэт техъуэ адыгэ псалъэжь куэд лъэпкъым къыдогъуэгурыкIуэ. Абыхэм ящыщщ «Ныбжьэгъуншэр зеиншэ пэлъытэщ», «Къуэш егъу нэхърэ ныбжьэгъуфI» жыхуиIэхэр. Апхуэдэ псалъэжь шэрыуэхэр куэд мэхъу.
Мэкъумэшым елэжьыным, пхъэщхьэмыщхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызыпыкIэ жыгхэр гъэкIыным, Iэщ гъэхъуным, хадэхэкI къэгъэкIыным къыдэкIуэу, куэдым бжьэ ягъэхъуу щытащ. А псоми сэджытрэ бытыррэ хатыкIырт. Бжьэ матэхэм фор къыщIаша нэужь, я благъэхэм, Iыхьлыхэм, я ныбжьэгъухэм яхуэупсэрт, я гъунэгъу зытIущым, зыщыплIым фом щыщ «гъунэгъу Iыхьэ» хуащIт. Ар, дауи, хьэл-щэныфIщ, цIыхугъэ лъагэщ.
Ижь-ижьыж зэман лъандэрэ адыгэхэм къадэгъуэгурыкIуэ хабзэ нэхъыщхьэхэм, нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ нэхъыжьхэмрэ цIыхубзхэмрэ пщIэшхуэ зэрыхуащIыр, сабийм гулъытэ щхьэхуэ зэрыхуаIэр. Нэхъыжьым и псалъэр тIу ящIыркъым, абы жиIам падзыжIакъым, атIэ ар гъэзэщIэн хуейуэ аращ. Нэхъыжьым жьантIэр и тIысыпIэщ. Нэхъыжьым и псалъэр зэпаудыркъым, и гъуэгу зэпаупщIыркъым, Iэ сэмэгукIэ зыри хуашийркъым, нэхъыжьыр щыту зыри тIысыркъым, нэхъыжьыр зыбгъэдэс ефэ-ешхэ Iэнэм щIалэгъуалэ ягъэтIысыркъым, атIэ ахэр нэхъыжьхэм ящхьэщытщ е Iэнэ щхьэхуэм ягъэтIыс. Нэхъыжь цIыхухъу Iэнэм зэи цIыхубз ягъэтIысу щытакъым, ауэ абы къикIыркъым адыгэхэм цIыхубзым пщIэ хуамыщIу е абыхэм яхуэфащэ гулъытэ ирамыгъэгъуэту щытауэ. Хьэуэ, пщIэи гулъыти хуащIырт. ЦIыхубзхэр хьэгъуэлIыгъуэ Iэнэм щIамыгъэтIысым щхьэусыгъуэ пыухыкIа иIэт: ар цIыхухъу къэжэнам къемызэгъ гуэрхэр жиIэнкIэ е ищIэнкIэ зэрыхъунурт. Мис а хабзэншагъэм цIыхубзхэр щахъумэу арат. Адыгэ хьэл-щэныр тэмэму къызыгурыIуэм дежкIэ абы къемызэгъыу е емыкIуу зыри хэлъкъым.
Адыгэ хабзэр зэрыщытар арат: унагъуэр зыхуейр, зыхуэныкъуэр цIыхухъум кърихьэлIэн хуейт, абы къигъэхьэрычэтар цIыхубзым зригъэзэхуэну и къалэнт. Дызэрыщыгъуазэщи, унагъуэ Iуэхур нэхъыбэу зи пщэм къыдэхуэр бзылъхугъэр арат. Абы и къалэныр инт икIи унэгуащэм елъытат а унагъуэм иIэну щытыкIэр: абы илъыну хабзэри, цIыхугъэри, нэмысри, берычэтри, къинэмыщI Iуэхугъуэхэри. Ноби аращ зэрыщытыр.
Адыгэ цIыхубзхэр апхуэдизкIэ нэмысыфIэти, я щхьэгъусэхэм еупщIыртэкъым: «Дэнэ ущыIа?» е «Дэнэ укIуэрэ?» – жаIэу.
Адыгэ хабзэмкIэ къезэгъыртэкъым быным зэхахыу лIымрэ фызымрэ зэхъурджэуэну, зэшхыдэну, псалъэ мыхъумыщIэхэр зэжраIэну. Ар емыкIуу икIи мыхъумыщIагъэ ину къалъытэрт.
Пасэ зэманым адыгэхэм мыпхуэдэ хабзи яхэлъащ: нысэ къашэмэ, ар къызыхаша лъэпкъым я цIыхухъухэм, псом хуэмыдэу и тхьэмадэмрэ и пщыкъуэхэмрэ я цIэр жиIэну хуиттэкъым, абыхэм езым цIэ яфIищын хуейт. Абы къытехъукIауэ арагъэнущ «ПщыкъуэцIэу ебзыщI» жыхуаIэр. Апхуэдэ дыдэу, цIыхубзу лъэпкъым щыщым я цIэр жиIэ хъунутэкъым. Абыхэм псоми цIэ зырызыххэ яфIищын хуейт, езы нысащIэр абыхэм иреджэну.
Апхуэдэу нысащIэм и лIым и цIэр жиIэ хъунутэкъым. Щхьэгъусэм и гугъу ищIын хуей хъумэ, «ди цIыхухъур», «езыр», «дотэ» жиIэрт. Языныкъуэм цIэ лейкIэ еджэрт.
ЦIыхубзыфIым и лIыр тыншыгъуэм, гуфIэгъуэм, гурыфIыгъуэм щигъащIэртэкъым. Абы псори щIэхъуэпсырт икIи щIэлъэIурт. Арат «уи пIэщхьагъыр щабэ Тхьэм ищI», «ПIэщхьагъыфI Тхьэм къуит» щIыжаIэр. Арат «ЛIыфIыр фыз Iейм добжьыгуэри, лIы Iейр фызыфIым добжьыфIэ», - щIыжаIэр. Мыр икъукIэ адыгэ псалъэжь пэжщ, шэрыуэщ.
Адыгэхэм хьэщIэ яфIэфIт икIи ар ягъэлъапIэу ягъэхьэщIэрт. Унэр зейр дэмысу хьэщIэ къыхуэкIуамэ, гъунэгъур къекIуэкIырти, хьэщIэр къызыхуэтыншэу хуигъэхьэщIэрт, ар зэрыхуэфащэу иригъэжьэжырт.
Пасэ зэманым адыгэхэр мэкъумэш къэкIыгъэхэм щыщу нэхъ зэлэжьу щытар мэшыр, нартыхур, гуэдзыр, зэнтхъыр (овесыр) къэгъэкIынырт. Мис а гъавэхэкIхэм щыщ ирашажьэрти, шыгъукIэ къахъуэжырт е я гъавэм щыщ ящэрти, абы къыщIаха ахъшэмкIэ шыгъу къащэхурт. Ауэ адыгэ IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжщи, шыгъур зыIэрыгъэхьэным гугъуехь ин пылъу щытащ: шыгъушэ кIуэн папщIэ, гупышхуэ зэрыгъэхъурт, гъуэгуанэ кIыхьыр зыхузэфIэкIын вы лъэрызехьэрэ лIы бэшэчрэ хуейт. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абыкIи зэфIэкIыртэкъым: Iэщэ яIыгъыу, зэрызэуэным хуэхьэзыру, шу гуп ягъусэн хуейт. Мис апхуэдэ гугъуехьрэ бэлыхьрэ пыщIауэ щытащ пасэрей адыгэхэм шыгъу къагъэхьэрычэтыным. Абы гугъуехь пылъар адыгэ хъыбарыжьхэмрэ таурыхъхэмрэ къаIуэтэж. Пасэрей адыгэхэр нэхъ зэлэжьу, зэрыпсэууэ щытар мэкъумэшт, Iэщт. Псом хуэмыдэу кIапэ зыпыт адыгэ мэл ягъэхъурт, шыбз гуартэхэр яхъумэрт. Адыгэ мэлымрэ адыгэшымрэ щIэупщIэ яIэт, куэдым хъуапсэщэхуу языныкъуэхэм ягъэхъуну къащэхурт. Дызэрыщыгъуазэщи, адыгэшымрэ адыгэ фащэмрэ дуней псом щыцIэрыIуэт. Адыгэ фащэр урыс пащтыхьми, дзэпщхэми, къэзакъхэми, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэми фащэу къащтауэ щытащ. Ноби адыгэ фащэм утыку, зэIущIэ куэд егъэдахэ.
Пасэрей адыгэхэм шхыныгъуэ нэхъыщхьэу яIар лырэ гъэшхэкIрэт. Нэхъ иужьыIуэкIэ нащи, помидори, пхъыи, къэбысти яшх хъуащ. Ауэрэ кIэртIофри нэгъуэщI шхыныгъуэхэри я Iэнэм къытехутэу хуежьащ. ГъавэхэкIыу нэхъыбэу ящIэр хумрэ хьэмрэт. Гъавэу яшхыр нэхъыбэу къызыхащIыкIыр хут. Абы къыхащIыкIт мэжаджэ, мэрамысэ, пIастэ, хьэлIамэ, хьэлыуэ, тхъурымбей, нэгъуэщIхэри. Хур IэкIэ яужьгът, гухъукIэ ягут, ар ялъэсырти, ягъэгъущыжт, IэрыщхьэлкIэ яхьэжырти, зыхуей шхыныгъуэр къыхащIыкIырт. А псори унэгуащэхэм я къалэнт.
Лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ ди хабзэ гъуэзэджэхэр, хабзэ Iущхэр ди щIэблэм псэкIэ зыхащIэу икIи ягъэзащIэу къэгъэхъун хуейщ. Хабзэр фIымэ, абы щапхъи бзыпхъи трах. Ди адыгэ хабзэхэр апхуэдизкIэ фIыщи, абы щапхъи бзыпхъи техыпхъэщ. Ди лъэпкъ Iущыгъэхэр, Iэмал зэриIэкIэ, къытщIэхъуэ щIэблэм яхэпщэн, псэкIэ зыхегъэщIэн хуейщ.
Адыгэхэм хабзэм гулъытэ ин, пщIэшхуэ хуащIу зэрыщытам щыхьэт наIуэ тохъуэ «Хабзэ зыхэлъым и хьэм сыкъишх» адыгэ псалъэжьыр. Мы псалъэжьым куэд къокI, ауэ нэхъыщхьэр – хабзэ зыхэлъым и хьэм сыкъишхмэ, сызыхуей сыхуэзэнщ, абы гулъытэншэу сыкъигъэнэнкъым, адыгэ хабзэ къыскIэлъызэрихьэнщ жыхуиIэщ. Мыр икъукIэ адыгэ псалъэжь шэрыуэщ икIи купщIафIэщ. Мыбы и мызакъуэу, адыгэ хабзэм теухуа нэгъуэщI псалъэжь шэрыуэхэри апхуэдэу купщIафIэхэри мымащIэу щыIэщ. Абыхэм ди щIэблэр щIэпIыкIын хуейщ.