4 октября, 2022 - 11:15
Къэзыухъуреихь дунейм и щэхухэм задигъэшрэ, ухыгъэм и хабзэхэм яфIэлIыкIыу къежьат цIыху цIыкIур. Зэгът ар: псэущхьэмэ – ещакIуэрт, мэз тыгъэмэ – къищыпырт, гъавэхэкIмэ – пщIантIэпс шыгъукIэ вагъэм ехъуажэрти, щIыгулъ къэуат хьэлэлыр и гуэн ирилъхьэжт.
«Нэм илъагъу щхьэм и уасэщ» жи. Дэнэрэ дауэрэ къыщимыгъэдурысами, цIыхур есащ зэгуэр зыфIэлIыкIам, ипэщIыкIэ хуэгушхуэм, адэкIэ етIакIуэ-ещакIуэ хуэдэурэ тегушхуэпэн.
Псыр, хьэуар, дыгъэ Iэнлъэр, щIыгулъыр – щIыуэпс жыхуэтIэжыр – зи шыпэщхъын къилъэтауэ зыкъэзылъытам и шылъэ здынихусынум езы дыдэри щыгъуазэу къыщIэкIынкъым. ЗэплъэкIыжи и хьэлкъым цIыху тIасхъэм. Сыту пIэрэ ар къызыхэкIыр? Нэрылъагъу Iуплъэгъуей гуэрхэр къыIэщIэлъэгъуэжынкIэ мэхъашэрэ? Къыхихын зэримыIэжым ирихужьауэ хьэмкIэлъэхъуу ихурэ?
МызыгъуэгукIэ, пэжщ, и унэжь хуэдэ, хьэрш гъунапкъэхэм йохьэ; пэжщ, имыгъэпIэтIауэу атомыр егъэжыIэщIэри, нетринэм зрепщыт.
Къэхъугъэ зэшхуэзэесыр езым и псэукIэ мэсхьэбкIэ зэлъыIузыхыжым Iей гуэр зэрихьэу къызыфIэщIар хэт?! НэхъыфI дыдэхэрщ абы и гуращэр, арщхьэкIэ «гуращэфI – жыхьэнмэ дакъэщ» жаIэртэкъэ... Апхуэдэ нэхъыфI дыдэхэм къарикIуа щIыуэпс хьэнкъунхэрщ иджыпсту зи гугъу тщIыр.
... ФщIэуэ пIэрэ щIыналъэ щхьэхуэу псэуж Австралием езы континентым и хамэу зы псэущхьэ гъуэща зыгуэрым иришэну зэрыхуимытыр? Я нэ чы техуауэ плъырхэщ щIэныгъэлIи, щIыуэпс къэхутакIуи: зы хьеуан ирагъэпэмэнукъым хамэу! Блэ зэуар аркъэным щощтэ зыхужаIэу, абыхэм ящыгъупщакъым (ерагъмыгъуейуэ иджыри ягъэзэкIуэж) псэуакIуэ Iущ гуэрым и хьэрычэт лъэужьейр. Губгъуэ тхьэкIумэкIыхьыр игъэбагъуэкIэрэ и хэкуэгъухэр лыхэкIкIэ игъэтхъэжын и гугъат абы. МацIэм хуэдэу шхэ тхьэкIумэкIыхьхэр, ардыдэм ехьэехуэу багъуэурэ, щIыналъэ Iэслъэсыр яуфэбгъуащ.
Илъэс зыбжанэм къриубыдэу тхьэкIумэкIыхь гуартэхэм удзыпцIи, къэкIыгъи, мэз лъахи щызэтраухъуанщIэм, абыхэм ещхь дыдэу шхэн тIэкIур зимыжагъуэ адрей псэущхьэ цIыкIухэр Iусыншэ псэхэлIэ хъуащ. АбыкIи къызэтенакъым. КъэкIыгъэншэу яуджэфа щIыгулъыр Iисрафу теукъуеикIыжри, цIыхур къыданат шхынымрэ шхалъэмрэ я зэхуаку.
ХэкIыпIэ щыIэтэкъыми, «миксомэ» вирусымкIэ яцIалэри ягъэкIуэдыпащ тхьэкIумэкIыхь лIэужьыр.
Аркъымэ, Австралием нэс ди хьэдэ хьэм ихьат, цIэрыIуэншэу щымыт Китайм дыблэплъу... БлэкIа лIэщIыгъуэм и 50 гъэхэм абы зыхуигъэувыжатэкъэ хьэцэпэцэр зэхэзышхыхь хьэпIацIэр иукIыну. ЩIэныгъэхэм я министру зэрыщытым нэмыщI, Чжоу Цзянь икIи биолог Iэзэт. Арати, «китай лIакъуэм и бий кIэуфIыцIхэм» (дзыгъуэ, аргъуей, гъудэ-бадзэ, н.къ.) Чжоу яхитхащ... бзу гъуабжэ цIыкIур – зы илъэсым хуэзэу, цIыху мелуан 35-м (ари къабжат!) ярикъуну хьэцэпэцэ Iыхьэр зыгъэкIуасэр. Куэд хуейт бзу гъуабжэ цIыкIу щтапIэ ибгъэхьэжыным! Дакъикъэ 15 нэхъыбэ хьэуам дамэкIэ зыщиIыгъыфынукъым абы. Пэгуныжь, пхъэцIыч, кIэфий жаIэми, IэуэлъауэшхуэкIэ бзуукIэтеуэ иращIэкIри, бзуущхьэ мелардитIым гъуабжэу дунейр ирагъэбгынащ. Пэжу зи чэзу гъавэ, къехьэлIэжыгъуэр нэхъ бэвт, блэкIа гъэхэм елъытауэ, арщхьэкIэ фыщIэмыупщIэ адэкIэ хьэцэпэцэм пэрыуэншэу къеуэса хьэпIацIэ цIынэм яшхар зыхуэдизым... Гъаблэшхуэ кърикIуат абы: 1961 гъэм ирихьэлIэу цIыху мелуан 30 ихьащ а гъаблэгъейм.
Бзу гъуабжэр зи куэд Совет Союзымрэ Канадэмрэ я щэхуакIуэу дыхьэжщ Китайри, игъэбэгъуэжащ бзу сэбэп цIыкIур.
ХьэпIацIэ дунейм къытехьэркъым къалэныншэу; жыг гъужыркъым щхьэусыгъуэншэу. Зэхэухуэнащ дунеипсэр телъыджэу. Мопхуэдэу щIыуэпсым хэIэзэщIыхьахэм я щапхъэхэр мащIэкъым. Яхэтщ абыхэм нэхъ шынагъуэIуэхэри. Къапщтэмэ, хы Щэхум щыIэ Гуам хытIыгу цIыкIунитIэм иджыпсту илъа гузавэгъуэм пIуригъэхужынщ уи тхьэкIумэкIыхьи, уи бзуи. ХьэмцIыракIэфI хуэдиз фIэкIа мыхъу (къалэшхуэхэм нэхърэ тхукIэ нэхъ цIыкIущ щIыналъэр) хытIыгур, хьэлэчыр и махуэу зэтрешхыхь блэ гъуабжэм. (бойгэ). Тропик хуабэхэрт а блэ лIэужьыгъуэм и псэупIэр. Я кхъухьхэм къеуэса дзыгъуэшхуэр ириIуагъэщтын хьисэпкIэ, американ сэлэтхэм бойгэр ирашат а хытIыгу цIыкIум. ЦIыхум дежкIэ шынагъуэтэкъым ар: дзыгъуэ, щIыIуб хуэдэхэрщ и шхыныгъуэр. Сыт-тIэ къэхъужатэр? Зэпамылъыта гуэрхэр къащIыхьэжауэ аркъудейщ: апхуэдизу зэпэзэв щIыпIэмрэ, блэ гъуабжэм и бэгъуэкIэ хуитымрэ...
Блэ гъуабжэ мелуанитI исщ иджыпсту Гуамым. Абы къикIыр: километр зэбгъузэнатIэ къэс, блэ мини 5 щызопщыпщэ. ЦIыхуу а щIыналъэм щыпсэум и бжыгъэр щыкIэ нэхъ мащIэщ, а мащIэри егъэлеяуэ гугъу йохь: сабийхэмкIэ шынагъуэщ бойгэр. Нэхъеижращи, щIыпIэм дзыгъуэу исыр къаIэщIэшхыхьщ, псэущхьэ нэхъ цIыкIухэмрэ къуалэбзухэмрэ трашхыхьыжри, унагъуэ псэущхьэхэмкIэ къекIэфыщакIуэу къаублащ абыхэм. Нэхъапэм а щIыналъэм щыIа къуалэ лIэужьыгъуэхэр 12 хъурт. КъэкIыгъэ жылэхэр зэбграх къудейтэкъым абыхэм... Къадэхари щIыгъэпшэр сэбэпт. Хэт е сыт мэзхэр иджы зыщыгугъынур? Зэгуэр тропикхэм я налмэсу щыта Гуам дахэ цIыкIур зы илъэс тIощIырыпщI дэкIмэ, къум укъуеижам хуэкIуэнущ.
Я Iэр зэтедзауэ щыскъым блэ гъуабжэм ишхахэр. 2013 гъэм щIыуэпс къэхутакIуэу щыIэр хьэм хурагъэхьри, блэр зыцIэлэжыну уз ирагъэфыкIыурэ ягъэлIа дзыгъуэхэр кхъухьлъатэхэмкIэ трапхъэу хуежьащ Гуамым. Абыи къихьышхуэ щыIэкъым: блэр бэгъуэIуащ, щхъухьри... гуащIащэкъым.
... Апхуэдэу «бэгъуауэ» къалъытахэм ящыщт ди къэралым щыIэ Саратов щIыналъэм щыхъуакIуэ бажэ цыплъхэр. ЗэрыхъуэкIуэщакIуэм ищIыIуж, хьэщхьэрыIуэ уз зэрахьэу гурыщхъуэ хуащIри, зэтраукIащ бажэ лIэужьыр. ЗэраукIри дауэт? Марди щысхьырабгъуи зимыIэ лъапсэрыхыр къыхуагъэкIуэу! НтIэ, апхуэдэ текIуэныгъэм гу щахуэну хунэсатэкъым ар зыщIахэр, гужьеигъуэу дзыгъуэшхуэр къащыкIэщIэзэрыхьам.
Жьэжьейм итIысхьэ уз Iейр къызыхэкI щIыIэ техьэгъуэр (ГЛПС) зэбгырызыхыр дзыгъуэшхуэрщ. Зи гугъу тщIы узыфэр зыкIи къыпикIуэтыркъым а псоми зэдыдищэху COVID-м...
... Саратов щIэныгъэлIхэм нэхъыфI къахуэгупсысакъым: ГЛПС-р цинкым и фосфидхэмкIэ ягъэудэрэщхъуэну иужь щихьэм, дауи, «зыщагъэгъупщащ» лъы зыщIэт къэгъэщIыгъэм дежкIэ ар зэрышынагъуэр. И щхьэ течауэ жыпIэмэ, а фосфид лъэпкъыгъуэр 2006 лъандэрэ УФ-м хьэрэм щащIарэ пэт, гын лIэужьыгъуэ зыбжанэм хэгъэшыпсыхьауэ ди къэралым иджыри щызокIуэ!
НтIэ, зэгурыIуэу щхъухь цIапIэмкIэ яцIэла хьэцэпэцэ жылэр мэзылъэхэмрэ хадэщIапIэхэмрэ щракъухьат. Зэрамыгугъауэ къахущIэкIащ кIэухыр... Дзыгъуэхэм хуапхъа гын Iусыр къуалэбзухэмрэ псэущхьэ цIыкIухэмрэ яхузэрымыгъэгъуэту зэщIащыпэри, къэхъун хуейр къэхъуащ: цыжьбанэ къудей (абыхэми дзыгъуэ фIыуэ яшхырт) къинакъым Саратов Iэхэлъахэм!
Саратовхэри зыгуэр хъунт, мыдэ «Уи щхьэ си щхьэ нэхърэ, си щхьэ гуэр» жыхуаIэу, иужь къидна ди КъБР-м и Iуэху сыт хуэдэ? И пэжыпIэм фыхуейуэ щытмэ, ар ипэ щIидмыгъэщам и щхьэусыгъуэр щэн-нэмысым зыкIи пыщIакъым.
НэгъуэщI щIыналъэхэм е къэралхэм я дагъуэхэр зэтещыпыкIауэ «зыщIэ» дэ... дыдей дыдэхэр кууэ щыщIэтIащ ди гуэн лъапэ. IункIыбзэ къэб фIыцIэжьи Iугъэмбыжащ. Аркъымэ, дэрат-тIэ зимыIэр щIыуэпс къэхутакIуэхэр; дэрат къызыхэмыкIар зоолог е ботаникхэр?! Псори «пумэшэлыхьу» диIэтэкIэ, ауэ бжыгъэмрэ белджылыгъэмрэ Iуэхур нэсмэ, абыхэми я дзэр щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ (?) мэш. Армыхъуатэмэ тщIэнут (икIи тIуэтэнут, ди щIыналъэр жумэрэныгъуэм зэпэгъуаниблу щIызэхивыхьыр, хьэмэрэ гъэ къэскIэ багъуэ блэм кIуэ пэтми къалэм нэхъ зыкъыщIрикур. ДыбзыщIынутэкъым, дауи, щIышылэр дзыкърэ пэт, зэгъэжыпIэ имыхьэж бадзэ удзыфэжьхэр къезыхуэкIыр. ФэдгъэщIэнут, Iэмал имыIэу, тхьэгъу зэмыфэгъу цIыкIухэр къарылындыкIрэ, еуэ-ерагъэшхыу Налшык и уэрам пажэхэм (адрейхэри нэхъ пщIэгъуалэкъым) нэчыхьытх щизыхыурэ бэгъуа хьэ хьэулейхэм зазэрыщытхъумэнур. Дывдэгуэшэнут тфIэгъэщIэгъуэну КъБР-м уэрамыщхьэ жыгыу щыкIым (псом хуэмыдэжу шыкIуртIымым) къайфыкI узым и IэзэгъуэхэмкIэ. АрщхьэкIэ – неIэмал!
ЩIыуэпс щIэныгъэхэм жэщ махуэ зимыIэу хуэлIыщIэхэмрэ а щIыуэпс бэшэчыр езыр зыхуэлIыщIэж унафэхэмрэ я бжыхь иридагъэпхынт тхуэдэ плъэIуакIуэ-дэIуакIуэм и ажэ?! Ауэ щыхъукIэ, ди бжэныхъуи ди бжэныхъуэ, дыIэхъуэ хуэдэурэ дэтхэнэр шхынми, сыт хуэдэр шхалъэми щхьэж зэригъэзэхуэнщ.