11 октября, 2022 - 13:59
Къазбэч тхьэмахуэм нэсауэ нэщхъейуэ пщIантIэм дэст. Пэщащэ мыхъумэ, Iуэху бэлыхьи кърихуэкIыртэкъым. Е Iэпслъэпсхэм кIэлъыплъырт, е хадэм ипэщэщыхьырт. И щхьэгъусэми, и къуэми зэрепсэлъэшхуи щыIэтэкъым. ХьэщIэщым нэхуи къыщекIырт.
Зы пщэдджыжь гуэрым, къызэрытэджу, абы мэлищ фIигъэжащ.
Иужьым кумбышхуэ къитIщ, мафIэ ирищIыхьыжщ, шыпсыранэ цIынэ IэплIакIуэ ирилъхьэри, мэлыбгъуэхэр игъэгъуу хуежьащ.
- СыбдэIэпыкъун? – жери Мазэгъуэ къыбгъэдыхьати, жэуап къудеи иритакъым. Езым и закъуэ мыпIащIэурэ мэлылыр шыпсыранэ IугъуэкIэ игъэгъуащ. Ахэр бгыкъум пилъэжри, тахътэбаным етIысэхащ. И щхьэр и IитIымкIэ иубыдыжри гупсысащ. Мазэ ипэкIэ екIуэкIа псалъэмакъыр иджыри зэ игу къигъэкIыжащ.
- Мы лъэпкъышхуэм дэ дапэлъэщынукъым. ДызэтраукIэнущ. Зыри псэууэ дыкъагъэнэнукъым. Е Тыркум дыIэпхъуэн, е зыкъедгъэукIын. Сэ си щхьэкIэ си адэм и уэсятыр згъэзэщIэнущ, - жиIэри, Къазбэч хасэм къахилъхьащ.
- Сыт хуэдэ уэсяту пIэрэ Пщымырзэ къыпхуигъэнар? Дэри зэхэтх мыхъуну пIэрэ? – къеупщIащ абы Бэчмырзэ, хьэщIэщым щIэсхэр нэкIэ щIипщытыкIыурэ.
- «Адыгэхэр гува-щIэхами Тыркум дагъэIэпхъуэнущ. Аращ ди натIэм илъыр. Арыншауэ ахэр ди ужь икIынукъым. Ди лъапсэм псы ирагъэжыхьыж нэхърэ нэхъыфIщ дыIэпхъуэмэ», - аращ си адэм и иужьрей псалъэхэр. Си къуэшихым я псэр щхьэузыхь хуащIащ къэбэрдеищIым. Си къуэш нэхъыщIэр илъэс пщыкIуплIт зэрыхъур, укIыкIейуэ щаукIам щыгъуэ. Ди унагъуэм сэ зыращ хъулъхугъэу къинар. Къысхуэвгъэгъу, ауэ абы и уэсятыр згъэзэщIэнущ. Аращи, Тыркум сыIэпхъуэну си мурадщ. Гъусэ къысхуэхъунур хуитщ. Къазбэч и псалъэр зэриухыу, хьэщIэщым щIэсхэр зэщIэщымащ.
Иужьым Бэчмырзэ къэпсалъэри:
- КъыдгурыIуащ, Къазбэч, уи мурадыр, къыдгурыIуа. Щхьэж и унэ бжэн лъакъуэ, жыхуиIэра ди Iуэхур здынэсар? Щхьэж и унафэр езым ищIыжу дыкъызэхэнауэ ара адыгэр? Дызэкъуэтмэ – дылъэщкъэ?! Къуажэ къэс джакIуэ хэдгъэхьэнщи, дызэщIэшэсэнщ. Дапэувынщ, - жиIащ.
- Ди жылэ цIыхухъу дапщэ къыдэпшыну дэсыжми ущыгъуазэ, Бэчмырзэ? ШууипщI нэхъыбэ щыбгъуэтынукъым. Адрей жылэхэми нэхъыбэ дэсыну си фIэщ хъуркъым... Сэ сыIэпхъуэнущ. Ди адэм и пащхьэ ситу ста псалъэм сепцIыжыфынукъым, фигу къызэвмыгъабгъэ. Фи пщыхьэщхьэ фIы ухъу! – ар жиIэри, Къазбэч къахэкIыжащ.
Иджы абы гъуэгум зыхуигъэхьэзырырт. Пщыхьэщхьэм и гъунэгъу Бэч деж екIуэкIри жриIащ:
- Си Iэщыр гъунэгъухэм зэхуэвгуэш. Псэуалъэхэри фызэрыхуейуэ къэвгъэсэбэп. Ди ужьыр зэрыжылэу махуэ фхухъу!
- Си мыIуэху зесхуэну сыхуейкъым, ауэ тIэкIу уемыпIэщIэкIыу пIэрэ, Къазбэч? – къеупщIащ абы Бэч.
Къазбэч а упщIэм иритыжын жэуап имыгъуэту, я дежкIэ екIуэкIыжащ.
КIыфI зэхэту Къазбэч къэтэджри, жьэгу яжьэм пэрыхъумауэ щыта дэпхэр къыщIигъэщыжри, мафIэр зэщIигъэстыжащ. Шыуанышхуэр лъахъшым фIидзэщ, псы ирикIэри, лыр из ищIащ. ВыгуитIыр зэщIищIэри, хьэпшыпхэр ирилъхьащ. Хадэм ихьэщ, щIы Iэбжьыб къищтэщ, ар хъуржын цIыкIум ирикIутэри, и гуфIакIэм дилъхьащ. АпщIондэху лыри къыпыхуу ващ. Я хьэмаскIэ Парий еджэри зыбгъэдишащ:
- КъакIуэ, Парий, къыщIыхьэ, - жери пщэфIапIэм щIишэну иужь ихьа щхьэкIэ, хьэм зригъэнауэ и пIэ хуикIыртэкъым. Къазбэч и нэпсыр къызэпижыхьауэ хьэ цIыкIур IэплIэкIэ къищтэщ, пщэфIапIэм щIихьэри, ар иIыгъыу жьэгум дэтIысхьащ. Шыуаным
вауэ хэлъ лым и мэр къыщыщIихьэм, хьэ цIыкIум зиущэхури, телъыджэу щIалэм и куэщIым щыумэзэхащ. Къазбэч абы Iэ дилъэурэ игу къэкIыжащ Парий хьэпшыр цIыкIуу къэзыхьауэ щыта и къуэш нэхъыщIэ Пщымахуэ. ЗауэлI хъыжьэм лъэмыкIыу и цIыхухъу нэпс гуащIэр къыщыфIыщIэжым, хьэмаскIэм щыукIытэурэ, и нэпсыр хигъэпщкIуащ абы и цы пхъашэм.
- Парий, ди пщIантIэр зыхъумэну уэращ иджы лъапсэм къинэр. УдэмыкI икIи уныткIэлъымыкIуэ. Мы лы гъэвар уи хьэ Iусщ, - жиIэри, зы къупщхьэ къыхихри бгъэдихьащ. Ауэ лIым игу щыщIэр зыхищIа хуэдэ, хьэр ауи лым хуеплъэкIакъым.
ЛIым жиIэр къыгурыIуэ хуэдэ, хьэр умэзэхауэ абы и IэплIэм ист. Къазбэч и нэпсым хьэм и цы пхъашэр псыф зэрищIым гу лъитэжыртэкъым. Мазэгъуи и нэпсыр къежэбзэхыу и щхьэгъусэм и щIыб къыдэтт.
- КъыбгурыIуэрэ, Парий, бжесIэхэр, - жиIэурэ Къазбэч и псалъэм адэкIэ пищэрт: – Мы лъапсэм Iэмал имыIэу дэ тщыщ къинэн хуейщ... Ди лъэпкъым щыщ гуэрым Iэмал имыIэу гува-щIэхами мы лъапсэм къигъэзэжынущ. Мис абы хуэхъумэ. Мы жьэгум удэмыкI. Ди лъапсэр нэщI умыщI, сынолъэIу. – Ар жиIэри, хьэмаскIэр жьэгум и гъунэгъуу игъэтIысащ. Хьэми и нэпсыр къежэхырт.
Абы хуемыплъэкIыфу, Къазбэчи Мазэгъуи къыщIэкIащ. ПщIантIэм дэт выгум ис и къуэ цIыкIум Мазэгъуэ бгъурытIысхьащ. Шабзэ зыфIища и уанэш гъэфIэныр Къазбэч бом къыщIишри, гумащIэ къэхъуауэ, шым и пщэм зришэкIащ. Апхуэдэу щытащ тэлайкIэ. УафэхъуэпскIыу гупсысэхэр и щхьэм щызэблэжащ: щIалэ танэ зэрыхъурэ ар япэ дыдэ къыщыдзыхауэ щытар и анэр щыщIилъхьэжа махуэрат. И лIы нэпсыр зэрышыугъэр щызыхищIар и къуэш нэхъыщIэ Пщымахуэ игъуэ нэмысу щаукIа махуэрат. А псори блэкIат, нобэкIэ абы и хэкур ибгынэрт...
Жьэгум дэс Парий гущIыхьэу къыхэбэныкIащ, псыпэ жагъуэр хэзыш унагъуэм «Гъуэгу махуэ!» яжриIэжу...
Уэрамым здрикIуэм къуажэдэсхэр къыдэкIыурэ абыхэм щыму къакIэлъыплъырт. Адыгэхэм ящыщу зыри Тыркум Iэпхъуа щIыкIэтэкъым. Абы я Iуэхур нэмысыну къащыхъурт. Ауэ Къазбэч и адэ Пщымырзэ нэхъ жыжьэ кIуэцIрыплъауэ къыщIэкIащ.
Махуэ зыбжанэкIэ гъуэгу тетауэ, ахэр хы Iуфэм нэсащ. КхъухьитI-щы къыIухьауэ Iутт. Къазбэч гугъу дыдэ демыхьу кхъухьыпщым гурыIуащ. Шыри кхъухьым иригъэтIысхьэну зэрыхуейр къыщищIэм, абы зригъэнат, ауэ дыжьын къамэр уасэу щыхуигъэлъагъуэм, арэзы хъуащ.
Кхъухьыр щежьэм, Къазбэч и нэр тенауэ хэкужьымкIэ къеплъэкIырт. Абы игукIи и псэкIи и фIэщ хъурт и щIэблэм, зэман гуэр дэкIами, лъапсэжьым къызэрагъэзэжынур.