18 октября, 2022 - 11:15
Ди унагъуэм хэкум къигъэзэжыну хуит зэращIам ди адэ-анэр хуабжьу щыгуфIыкIащ. Дэ, сабийхэм, фIы дыдэу къыдгурыIуэртэкъым «хэку» псалъэм къикIыр – псори Къэзахъстаным дыкъыщалъхуат, арат ди лъахэу къытщыхъури. Ауэ, ди адэ-анэм къызэрыджаIэмкIэ, Кавказым хуэдэ жэнэт щIыналъэ дуней псом теттэкъым.
СощIэж, мафIэгум дыкъитIысхьэжын и пэ къихуэу, пкъом фIэлъ радиомкIэ адыгэ къафэ къызэрыIуар. ЗалымыгъэкIэ мыбы къагъэIэпхъуауэ щыта псори зэуэ къызэхуэсащ, си анэ шыпхъу Марие ди гъунэгъу адыгэ щIалэм къыдишауэ къофэ. А къафэр игъащIэкIэ си гум къинащ. Мис абы щыгъуэ зыхэсщIащ «хэку» псалъэм къикIыр. Къафэ нэужьым уэрэд къэIуащ. Абы и макъамэр сигу изубыдэну иужь ситщ, ауэ псалъэхэр къызгурыIуэркъым, адыгэбзэр зыхэсщIыкI щIэздза къудейщи. ЦIыхубзым и пIэкIэ уэрэдыр жызыIэр цIыхухъущ, ар теухуащ хъыджэбзым Рэмэзан хуищIа лъагъуныгъэм, ауэ абы и пIэкIэ Хьэсанэ зэрыратым.
Арауэ къыщIэкIынщ, илъэс куэд дэкIа нэужь, япэ дыдэу згъэзэщIа уэрэдхэм «Рэмэзан» къыщIыхэхуар. Сэ абы куэдрэ седэIуащ зытхауэ щыта Къэжэр Индрис игъэзэщIауэ, икIи ар дунейм адыгэ тетыхукIэ мыкIуэдыжыну къысщохъу. «Рэмэзан» уэрэдыр Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Адыгейми, Иорданиеми, Сириеми, США-ми щыжаIэ.
Ди унагъуэм бынхэм сэ сранэхъыжьт. Арагъэнщ, ди анэм и нэгу щIэкIа гугъуехьхэр сэ нэхъ къысхуиIуэтэжу щIыщытар. Си анэм и Iыхьлыхэр сэ сцIыхуртэкъым, ахэр пасэу дунейм ехыжат…
«Си адэ-анэр «лъэпкъым и бий» цIэр къыфIащауэ, я хъыджэбз цIыкIуиплIыр я гъусэу хамэщIым, щIыпIэ пхыдзам къыщихутам щыгъуэ, ящIэнур ящIэртэкъым, - игу къигъэкIыжырт ди анэм. – Насып диIэти, ди адэм щIэныгъэ иIэт, ар къалъытэри пощтым и унафэщIу, иужькIэ бригадиру ягъэуват. Пщэдджыжь нэмэзым ар губгъуэм дэкIырт, иужькIэ пощтым къигъэзэжырт. ЩIыпIэм и щытыкIэ гугъур, къулейсызыгъэр, нэмыплъ къратыр хуэмышэчу, ди анэр сымаджэ хъури пIэм къыхэнащ. Ди адэр гугъу зригъэхьу лажьэрт, абы и узыншагъэри кIуэ пэтми нэхъыкIэ хъурт. Хэкужьым Нало ХьэкIашэрэ Пагуэрэ псори щаIат: жэми, мэли, джэдкъази, бжьэ матэхэри. Ахэр трахри мы щIыпIэ бдзаджэм къагъэIэпхъуат.
Махуэр егъэлеяуэ хуабащэт. Дэ хъарбызыпкъэр дыпщIэу хьэсэм дыхэтт, выгукIэ къыдбгъэдыхьэу ди гъунэгъу лIым ди адэр жыг лъабжьэм щIэлъу илъэгъуауэ къыщыджиIам. Абы выгум дригъэтIысхьэри а щIыпIэм дишащ. Си шыпхъухэу Мариерэ Лулэрэ си гъусэу жыхуаIам дынэсащ. Ди адэр зызэфIиIуэнтIауэ щылът, фагъуэ дыдэт, зэрыбауэр зыхэпщIэ къудейт. Унэм тшэжу гъуэгу дыздытетым, ар Iуэщхъурт, псы щIэлъэIурт. Махуэ зыбжанэ хъуауэ унагъуэм ерыскъы гуэри щIэлътэкъым. Къэзахъ хьэлIамэ пIащIэрэ псырэ дгъуэтмэ, ар ди гуфIэгъуэшхуэт. Ди адэр мэжэщIалIагъэм къриудауэ арат. Унэм дынэсыжа нэужь, ди гъунэгъур къыддэIэпыкъуурэ, ди адэр унэм щIэтхьэжри, езыр разъездым дохутыр щхьэкIэ кIуащ: «Алтын-бей махъшэ иукIащи, лы тIэкIу къывитынкIэ хъунщ, фелъэIу», - жиIэри. УкIытэныр къэдгъанэри, Мариерэ сэрэ Алтын-бей деж дыкIуащ. Ди Iуэху зытетыр абы къыщищIэм, фIэгуэныхь дыхъури, лы пщIэншэу къыдитащ, ди адэр узыншэ хъужыну Алыхьым елъэIури. Алтын-бей фIыщIэ хуэтщIри, жэрыгъэкIэ унэм дыкъэкIуэжащ. Дохутырыр иджыри къэсатэкъым. Сымаджэу пIэм хэлъ, дэIэпыкъуэгъуншэ ди анэм и нэпсхэр къежэхыу ди адэм еплъырт. Сэ абыхэм гъуэрыгъуэу сеплъащ: «Папэ, еплъыт, лы къыпхуэсхьащ, иджыпсту ар пхуэзгъэвэнщ». Абы и нэр зы тэлайкIэ къызэтрихри, къызэлъэIуащ: «Жангуащэ, лым сегъэIусэт», - жиIэри.
Ди адэ тхьэмыщкIэр дунейм ехыжащ, дохутырыр къэмысу, хуэзгъэхьэзыра ерыскъыри Iумыхуэу. Сэ ар зэи сщыгъупщэнукъым. Ди адэр, и щIакхъуэ Iыхьэр сабийхэм тхуихъумэурэ, езыр мэжэщIалIагъэм ихьат.
Ар лIа нэужь дэр-дэру дгъэпскIыжащ. Ди гъунэгъу къэзахъхэм ягу къытщIэгъурт, ауэ къыддэIэпыкъуну шынэхэрт, зыгуэр къытхуащIэми, нэгъуэщIхэм кърагъащIэртэкъым. Сыт тщIэнт, «лъэпкъым и бий» псалъэр дэ быдэу къыткIэрыпщIат. Ди адэм, диIэр арати, джэбыну щащыхур къетшэкIащ. ЕтIуанэ махуэм фыз, сабий къарууншэ зыбжанэм, Хьэжберд лIыжьыр ди гъусэу, хьэдэр щIэтлъхьащ. Мащэр куууэ къытхуэтIатэкъыми, кхъащхьэр хьэ хьэулейхэм къамытIэщIын щхьэкIэ, гъуэрыгъуэурэ япэ жэщхэм тхъумащ. Куэд дэмыкIыу ди анэри дунейм ехыжащ».
Ди анэм и гукъэкIыжхэр сыт щыгъуи нэпскIэ иухырт. Сэ ар зэрытезгъэуным, и гуауэр зэрыдэзгуэшыным иужь ситт, ауэ а уIэгъэхэр кIыжыгъуейт. Гугъуехь мащIэ игъэвакъым абы и адэ-анэр дунейм ехыжа нэужьи. Ар хамэщIым къинащ и шыпхъуищым я гъусэу. Ахэр щыпсэу щIыпIэм зыгуэр щыкIуэдамэ, псори зытралъхьэр я Хэку ирагъэIэпхъукIахэрт, комендатурэм яшэрти къеупщIхэрт, лажьэ ямыIэу ягъэулъийрт. ЩIакхъуэ Iыхьэ къэблэжьын щхьэкIэ лэжьыгъэ хьэлъэм зупщытын, уи щхьэр бгъэлъэхъшэн хуей хъурт: нэхъ хуэкъулей къэзахъхэм я щыгъынхэр яжьыщIырт, хъарбыз, хъэуан хьэсэхэр хуапщIэрт, псы хущIагъэлъадэрт.
Зэманыр кIуэрт, ди анэр балигъыпIэ иуват. Абы и кIэн къикIат, сымаджэщым и шхапIэм лэжьакIуэу къыщащтам щыгъуэ. Иджы и шыпхъухэр зыхуей нэхъ хуигъэзэфырт. Ауэрэ Марии къыдэкIуэтеящ, дэIэпыкъуэгъуи хуэхъуу хуежьащ. Ди анэм щIалэхэр къылъыхъуу щIадзащ, ауэ и шыпхъухэр губгъуэм къринэфынутэкъым, ахэр щIыгъуу хэтыт и унагъуэ зэрыхьэнур?! Хуабжьу зэман гугъуу щытащ а лъэхъэнэр ди анэм дежкIэ.
Ди адэм теухуауэ. Си анэшхуэ Хъанрэ си адэшхуэ Жэмырзэрэ хуабжьу фIыуэ зэрылъагъуу щытат. Аддэ, 1901 гъэм, нанэ и унагъуэр, ар лъэпкъкIэ Къалмыкъхэ ящыщт, Тыркум Iэпхъуэжыну загъэхьэзырырт. Иужь дыдэ жэщым а тIум я пIэщхьагъыр зы ящIащ. ХьэгъуэлIыгъуэр дахри, Хъан яхэмыту, Къалмыкъхэ хэкум икIащ. Ауэ кIыхьтэкъым а тIум я насыпыр. Ашэбокъуэ Жэмырзэ ныбжькIэ щIалэу дунейм ехыжащ. Абы щыгъуэ си адэ Хъалид илъэси 3 хъууэ арат. Тыншу щытакъым абы и гъащIэри. Нанэ, иужькIэ тIэунейрэ лIы дэкIуэжа щхьэкIэ, и насып къикIакъым. БлэкIа лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм коллективизацэр и гуащIэгъуэу щекIуэкIым, ди адэр и фIэфIынэгъэкIэ колхозым хыхьащ. Iэщу 35-рэ, шыгу зэщIэщIа, нартыху зэрагъэлъалъэ машинэ хилъхьэри. Ар МТС-м и трактор бригадэм и бригадиру щытащ, жэщ-махуэ имыщIэу губгъуэм итащ.
Ди адэм иIэт фIыуэ илъэгъуа хъыджэбз, ауэ ар и анэм къригъэшэн идакъым. Ауэрэ Хэку зауэшхуэр къэхъеящ. Илъэс 40-м щIигъуа ди адэмрэ абы и къуэш нэхъыщIэ Хьэтурэ фронтым Iухьащ. Абыхэм зауэм щызэпача гъуэгуанэм утепсэлъыхьыжыну кIыхьщи, а псом и гугъу тщIынкъым. 1942 гъэм Елъхъуэт деж щекIуэкIа зауэ гуащIэм уIэгъэ щыхъуауэ щытащ ди адэр. Абы и Iэ лъэныкъуэр пахыну дохутырхэр хэтат, ауэ яхуимыдэу шэр къыхригъэхыжыгъащ. Илъэс дэкIа нэужь, ди адэр зыхэта батальоныр Каменноподольскэ къалэм и деж нэмыцэхэм къыщаухъуреихьри, гъэр ящIащ. Батальоным и командирыр иужькIэ зыми илъагъужакъым. Гъэр ящIахэм щыщу псэууэ къэнар цIыхуиплIщ. Ахэр концлагерым кърашри, нэмыцэ генерал гуэрым и лIыщIэу ягъэуващ. Зауэр иухауэ гъэрхэр щызэрахъуэж зэманым плIыми мурад быдэ ящIащ сыт къэмыхъуами я хэку ягъэзэжыну. Ауэ псори Магадан къыщыщIидзащ.
Лагерым къихута нэужь ди адэм батальоным и къекIуэкIыкIа псори пэжу къиIуэтэжащ икIи щIэлъэIуащ гъэру щытахэм я Iуэхум тэмэму хэплъэну. Зэман дэкIри, ахэр хуит къащIыжащ. КъыщыкIуэжым, ди адэм и хьэпшыпыр къищтэри, игъуса и лъахэгъур щIэпхъуэжащ. Ар къыщыхъуар Къэзахъстан Ипщэ областым щыщ Шаульдер станцырт, ди анэр щылэжьа сымаджэщыр здэщыIэрт.
Абы щыгъуэ ди адэ-анэр зэрыцIыхуащ икIи нэ лейкIэ зэплъ хъуахэщ. Гухэлъ зэхуащIа нэужь, ди адэм щхьэгъусэ хуэхъун цIыхубзым тхьэ хуиIуащ и шыпхъухэр и быным хуэдэу зэрилъагъунумкIэ. Ди анэри хэгупсысыхьащ, дауэ щытми, къылъыхъур илъэс 15-20-кIэ нэхъыжьт, щIалафэ тетми. И шыпхъухэр интернатым е сабий унэм иратыну къызэрыпимыубыдми, и гур фIы ищIырт. Апхуэдэу унагъуэщIэ щIыпIэ жыжьэм къыщагъэхъуащ. Ауэ ахэр Къэзахъстаным къиIэпхъукIыжыну, адрей ягъэIэпхъуахэми хуэдэу, хуиттэкъым. Сытми, зы зэман хуит дыкъэхъужащ, ди Хэкуи къэдгъэзэжащ, ди адэ-анэм быниплI зэдагъуэтауэ: сэ, Людмилэ, зэтIолъхуэныкъуэу къалъхуа хъыджэбз цIыкIурэ щIалэ цIыкIурэ (хъыджэбз цIыкIур пасэу лIэжащ, Руслан псэууэ къэнащ). Апхуэдэщ ди къекIуэкIыкIар.