29 ноября, 2022 - 13:59

ЩIым къэкIыгъэу щыбагъуэм и процент пщIейр бжьэ лъэужьыфIэхэм я сэбэпщ. Уегупсысмэ, «пщIейр»… ар куэдыщэ мэхъу: «псорищ»! Гъэгъаищхьэу мелуанитIым щIигъур зы бжьаIуэ зэрыбыным зэбгрех, егъэбатэ.
2004 гъэ лъандэрэ кIэрыхушхуэ игъуэтащ бжьэхэм я бжыгъэм. Зыми егъэцIыхужын хуэмей Эйнштейн Альберт зэгуэр итхауэ щытат: «Бжьэ жылакIэм и лъэужь иплъа дунейр илъэсиплI нэхъыбэ щыIэжынукъым…» Апхуэдэ гуэр щызэхихым деж адыгэм жиIэращи: «Банэ Iураулъэфт ар зи жьэ къекIуам!» Мыбдежым къытхуэнэжращи: япэрауэ, Эйнштейн хуэдэхэм я Iупэр адыгэ банэкIэ Iууда хъунтэкъым; етIуанэрауэ, абы елъыта-емылъытами, мес США-м и штат зыбжанэм е, абыхэм къадэкIуэу, европей къэрал гуэрхэм щынэрылъагъущ бжьэм и бжыгъэр кIуэ пэтми зэрыхэщIыр.
ГъэщIэгъуэнщ щIыналъэ зэпэIэщIэхэм щыпсэу а лэжьакIуэ цIыкIухэм бзэхыным ипэ къихуэу къызыкъуах щэныр зэрызэщхьыркъабзэр. КIэлъыплъакIуэхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, зэуэзэпсэу зехъуэж бжьэ лэжьакIуэхэм я хьетхуитым: фо къыхэхыпIэр здэщыIэм теухуауэ я Iыхьлыхэм кърагъащIэ макъ-нэщэнэхэм пэмыджэжу, пэмылъатэу мэхъухэри, зэрыхьзэрийуэ бжьэ матэм ихъуреягъыр къалъэтыхь. Апхуэдэурэ щхьэзэ хъуа бжьэхэр икIэм-икIэжым щхьэж и гъуэгу и занщIэу зэбгролъэтри, зэи къагъэзэжыркъым. Аращи бжьэ зэрыбыныр мэбзэхыпэри бжьэпщымрэ хупс нэмыхъусхэмрэ матэм къыдонэ. Бжьэ Iэрамэшхуэ апхуэдэу здикIуэдыкIа щIыпIэхэр е щIыпIэм щыIэ матэхэр дяпэкIэ зэи тIысыпIэ ящIынукъым нэгъуэщIхэм. ЦIыхум нэхърэ нэхъ Iущкъэ-тIэ бжьэхэр? ЗыхащIэ, дауи ирехъуи, лъапсэ егъур!
КIэлъыплъакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, 1981 гъэ лъандэрэ ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа а Америкэ дыдэм тIэунейуэ щыхэщIащ бжьэхэм я бжыгъэр. 1965 гъэм бжьэ зэрыбын мини 183-рэ иIамэ, 2018 гъэм къыхуэнар мин 83-рэщ. Шотландиер-щэ? Абы и щхьэ бжыгъэр процент 15-кIэ нэхъ мащIэ щыхъуащ. Уэльсым ейр - процент 23-кIэ хэщIащ. КъывгурыIуагъэнщ Урысейр иужь дыдэ къыщIиднам и щхьэусыгъуэр. Пашэщ Урысеишхуэр: 2018 гъэм бжьэхэм я хэщIыныгъэр процент 40-м фIихуащ. ЗыкIи нэхъ пщIэгъуалэкъым Ирландие цIыкIунитIэм и Iуэхухэри: нетIэ дыкъыздыщыбжа 1961 гъэ лъандэрэ тIукIэ нэхъ мащIэ щыхъуащ бжьэхэр.
Европэм, Азием, Латин Америкэм илъэсым хуэзэу бжьаIуэхэм я процент 20-р щобзэх. Бжьэм и кIуэдым кърикIуэр фор зэрыхэщIым и закъуэкъым. Сэкъат егъуэт бжьэм ибгына щIыпIэм и экологиеми.
ЩIэныгъэлIхэр зыхуэкIуаращи, иджыпсту хуэдэу Iуэхум зиубгъумэ, 2035 гъэм ирихьэлIэу дунейм зы бжьэ цIыкIу щызелъэтэжынукъым. Къивгъэзэгъакъэ Эйнштейн зи гугъу ищIа илъэсиплIыр а мэсхьэбым? Игъуэ дыдэт къидгъэзэгъэнуи. Дуней псор апхуэдизкIэ иджыпсту егъэгупсысэ а Iуэхуми, къэрал нэхъ лъэрызехьэхэм я щIэныгъэлI пэрытхэр зэгухьауэ хэкIыпIэ къалъыхъуэ. Абыхэм ядолажьэ дунейпсо мэкъумэш зэгухьэныгъэхэри. Сыт къэхъуар? Мы дунейр бжьэхэм щIабгынэм и щхьэусыгъуэр сыт? Гува-щIэхами бжьэхэм къахыхьа кIэрыхур хуэкIуэнущ цIыху цIыкIум и ерыскъыншагъэм. Бжьэр кIуэдмэ, абы дэкIуэдынущ: хадэхэкI, пхъэщхьэмыщхьэ (нэгъуэщI ерыскъыпхъэхэр - кофе, цитрус лIэужьыгъуэхэр). Зэуэзэпсэу дэуеинущ шхыныгъуэ щхьэхуэхэм я уасэр (апхуэдэ щапхъэхэр щыкуэдщ бжьэ кIэрыхур здагъэунэхуа щIыпIэхэм). Ерыскъыншагъэм кърикIуэнур… мэжэщIалIагъэщ.
ЩIэныгъэлI щхьэхуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, бжьэхэр VAPPOA destzuctops хьэпIацIэм къигъэхъей уз зэрыцIалэм ехь. А хьэпIацIэр езыр XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Индием къыщахутат. Ар ягъэкIуэдын папщIэ къагупсыса гын лIэужьыгъуэр зыхаутха бжьаIуэхэм нэхъ иужьыIуэкIэ зэхуахьэса фор а гыным къызэрыкIэрыху щыIэтэкъым. ЦIыхум IухуэнкIэ Iэмал иIэкъым апхуэдэ «щхъухь IэфIыр». Езы бжьэхэм я нэхъыбэри а траутха гыным щихьыжыр мащIэкъым. Ар сыт щхьэкIэ? Бжьэхэм я щыпэлъагъу-тIэ хьэпIацIэ егъурэ гыныгъуэ гуащIэрэ? Апхуэдэ упщIэ зэзытыжыр Индиемрэ Германиемрэ я щIэныгъэлI пэрытхэрщ. Абыхэм шэч къытрахьэркъым: бжьэхэм къахыхьа мыгъуагъэр зи пэщхъын къикIар жып телефонхэрщ! Бжьэхэр егъэудэращхъуэри щхьэзэ ещI абыхэм къапкърыкI магнит жьыхъарзым. А Iуэхум гъэунэхуныгъэхэри щрагъэкIуэкIащ ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа къэралитIым я университетхэм. НтIэ, къахутаращи, мазищым и кIуэцIкIэ телефоныр зэпымыууэ здыщагъэлэжьа щIыпIэхэм япэрауэ, бжьэм лIэужь жылапхъэу игъэтIылъам щэнейрэ кIэреч; етIуанэрауэ, бжьэ лэжьакIуэхэм я процент 80-р бжьаIуэм и Iэхэлъахэм зэи къихьэжыркъым!
Телефоныр апхуэдэу уэру щамыгъэлэжьа щIыпIэхэм щыIэ бжьаIуэхэм апхуэдэ далъэгъуакъым. Бжьэхэм зэуэзэпсэу ябгынапэ «мобил лъагапIэ щагъэува щIыпIэхэр.
НэгъуэщI щхьэусыгъуэхэри щыIэщ бжьэхэм лъапсэрыкIуэдыр къахэзылъхьэу. Къапщтэмэ, дунейр кIуэ пэтми нэхъ хуабэ зэрыхъур бжьэхэм хуабжьу къатохьэлъэ. Бжьэ матэ къызэщIэплъам дэсхэм я щIымахуэ жейр ныкъуэ мэхъури, гуащIэмащIэу гъэ тохьэ.
Куэд елъытащ бжьэхэм фор щызэхуахьэс губгъуэхэм трасэ гъавэми. ГМО лъэпкъыгъуэхэм я мэ зыщыуа гуэр бжьаIуэм къихьамэ, кIуэдащ бжьэри фори.
КIэщIу жыпIэмэ, бжьэм и кIэрыхур наIуэщ. Апхуэдэ дыдэуи IупщIщ: иджыпстурей щытыкIэм Iэмал гуэркIэрэ зрамыгъэхъуэжмэ, адэкIэ цIыху цIыкIур зыщыгугъынышхуэ къыхуэнэнукъым.
Псом ищIыIужращи, иджыпсту хуабжьу къагъэсэбэп «Вангэ и жыIэгъуэхэр» ищхьэкIэ зи гугъу тщIа Эйнштейн итха дыдэм щыхьэт тохъуэ: бжьэм и кIуэдыр - цIыхуми и кIуэдыжыгъуэщ…
ПщIыхь нэпцIу Тхьэм къыщIигъэкIи, пщIащэ пыщэщыжыгъуэм здиухь.