10 января, 2023 - 13:59
Нартыр зекIуэ ежьэрэ лIыгъэ зэрихьамэ, хасэм ираджэри къохъуэхъу, лIыхъужьыбжьэ кърат. ЛIыхъужьыбжьэ къратакъэ – нартыр хъуэхъуэн хуейщ: и лIыгъэм хуэфащэ псалъэ жеIэ. Ар я хабзащ нартхэм. Нартхэм я лъэхъэнэ лъандэрэ адыгэхэм къадэгъуэгурыкIуащ хъуэхъур – пасэрей цIыхум и гущIэм япэ дыдэ къиIукIа пшыналъэхэм ящыщщ ар.
Адыгэ хъуэхъухэр ди деж къэсащ лIэщIыгъуэ кIыхьхэм я Iущыгъэрэ я акъылкIэ гъэнщIауэ. ЩIэныгъэм зэригъэбелджыламкIэ, хъуэхъухэр япэ къызыдежьар пасэрей мажусий тхьэхэрщ, абыхэм яхъумащ Тхьэгъэлэдж, Амыщ, Созрэщ, Псатхьэ, Щыблэ, Мэзытхьэ сымэ я цIэрэ я пщIэрэ. ВакIуэ дэкIауэ гъунэ щралъэкIэ, цIыхур ноби мэхъуахъуэ: «Я дэ ди тхьэ! Тхьэгъэлэдж! Телъыджэр зи Iэужь, едгъэжьа Iуэхур гъэбагъуэ!» – жари. Пасэрей цIыхум дежкIи тхьэр плъапIэт икIи гугъапIэт, цIыхур зыщыгугъыр, зыфIэлIыкIыр арат.
Пасэрей дунейм къыщежьами, и къуэпсыр мыгъужауэ ди деж къэсащ хъуэхъур – абы нэхъ псэ быдэ щыгъуэтыгъуейщ адыгэ IуэрыIуатэм. ЦIыхур щIэхъуахъуэр фIыгъуэщ, хъуэхъукIэ щIэблэр ягъэIущ, захуагъэм, цIыхугъэм, лIыгъэм хураджэ, яузэщI, ягъэгушхуэ. ЩIэблэм йохъуэхъу: «Я гъуэгур бзэпсу, я псыр чэнжу, дыщэплъыр я пащIэу, мазэщIэр я натIэу» – жари. Щауэр щрашэжкIэ, тхьэмадэм хъуэхъубжьэ къретри къыжреIэ: «Бажэ уещэм, щыхь къэбукIыу, хъыкIэ уещэм, дыщэ къихъуэу». Нысэ къэзышам и гуапэщ ар щынэ хуэдэ Iущабэу, джэд хуэдэ быныфIэу, хьэфI хуэдэ Iумахуэу, шыфI хуэдэ цIэрыIуэу унагъуэм исмэ; я пхъур къэрэкъэтинэ, бэрэтинагъуэ, данагъуэ Iупэ хъумэ, и нитIыр вагъуэрэ мазэ къурашэр и набдзэу, и псалъэр IэфIрэ и Iуэхур ефIакIуэу, и нэмысыр инрэ и акъылыр изу къэтэджмэ, адэ-анэм я щIасэщ.
Псалъэм я нэхъ IэфIкIэ цIыхур йохъуэхъу унагъуэм, дунейм къытехьа сабийм, гъавэм, унэщIэм, Iэщым – адыгэ хъуэхъум гъуни нэзи имыIэ пэлъытэщ, апхуэдизкIэ къулейщ, зэмылIэужьыгъуэщи. Унагъуэм йохъуэхъу мыпхуэдэ псалъэкIэ: «Гуэлым хуэдэр я гъэшу, шэрхъым хуэдэр я кхъуейуэ, мыувыIэжыр я щхьэлу, я лIыжьым дзажэ дакъэр и Iусу, я сэр лыжьым къыIуигуэу, я хугум пшатхъуэ трихьэжауэ, я хьэ мынацIэу, я чыцI мыкIуэду, уардэ унагъуэу, выжьхэр щаукIыу, я фор гуибгъуу, я шыгъур гуипщIу, шэ зыпхымыкIыр я афэу, домбеифэр я бгъэну, зы губгъэни ямыIэу гъэ минкIэ гъэпсэу!» ВакIуэ дэкIарэ гъунэ иралъэмэ, вакIуэ тхьэмадэр мэхъуахъуэ: «Вабдзэ махуэ тетлъхьауэ, жыр махуэ дыхуэзауэ, щIым и махуэм къигъэзэну, къигъазэр щIыгулъу лъэлъэну, хум и фIыпIэкIэ къызэрылъэлъыну», – жери. Нарт хасэм я тхьэмадэр нарт щауэм ехъуэхъу пэлъытэщ нобэрей ди нэхъыжьхэм нобэрей ди щIэблэм мыпхуэдэ псалъэ щыжраIэкIэ: «Ди щIалэхэр гъущIыпсэу, псэ быдэу, зыубыдым елъэщэкIыу, зытесыр пщIэгъуалащхъуэу, данэ щIопщыр ягъаджэу, зэджэ-зэпсэр я гупсэу, псыблэм хуэдэу заупцIу, пцIащхъуэ лъатэм къыдэжэу, я жэрагъыр алъпыжьу ди ныбжьыщIэхэр кърехъу!»
Ди деж къэса адыгэ хъуэхъухэм къыбжаIэ дяпэ итахэм цIыху жьакIуэ – бзэ шэрыуэрэ акъыл бзыгъэрэ зиIа усакIуэ куэд зэрахэтар. Ахэращ хъуэхъужьхэм я нэхъыбэр зи Iэужьыр. Зи бзэр жан тхьэмадэм и гущIэм къиIукIа хъуэхъум и купщIэр уахътыншэ мэхъу, зыгуэрхэр щIагъужми е псалъэ гуэрхэр зэрахъуэкIми, нартхэм я лъэхъэнэм къежьауэ ди лъэпкъым къыдогъуэгурыкIуэ ахэр нобэр къыздэсым.