10 января, 2023 - 11:55
Iущагъэм и Iущагъэжыр
Зы лIыжь гуэрым къуищ иIэт, жи, щыри зэгурымыIуэу. ЛIыжьым ар егъэлеяуэ игу къеуэрт. И лIэгъуэр къыщысым, щIалищыр къриджэри, бжэ къуагъым къуэлъ жыхапхъэр яритащ:
- Мыр схузэпыфщIыкIыт, си щIалэхэ, - жиIэри.
- Нэхъыжьыр жыхапхъэм еIэри хузэпыщ-IыкIакъым. Курытми жыхапхъэр къищтэри еIащ, арщхьэкIэ абыи хузэпыщIыкIакъым. НэхъыщIэри пэлъэщакъым жыхапхъэм. Щыри зэдеIэри, неIэмал, зыри яхуещIакъым. Жыхапхъэр лIыжьым къаIихри, зэпкърихщ аби, къамыл зырызурэ зэпищIыкIри яхуидзыжащ:
- ЗэхэфщIыкIа, - жиIэри.
- Зэкъуэшищым къагурымыIуами, къызыхамыгъэщу:
- Сыт абы зэхэпщIыкIыну хэлъыр? - жаIэри зэплъыжащ.
- А си делэ гуп, - жиIащ лIыжьым, - абы хэлъщ Iущагъэм и Iущагъэжыр: жыхапхъэ къузам ещхьу фызэрыIыгъмэ, зыри къыфпэлъэщынукъым; фызэрымыIыгъмэ, фызэкIэщIачынщи, зырызыххэу фаукIынщ.
Зэшищыр адэм къажриIам хигъэгупсысыхьащ, абдеж щегъэжьауи я зэхуакум псалъэмакъ къыдэхъуэжакъым, жаIэ.
Насыпым банэ трепIэж
Зы фызабэ дахэ дыдэ щыIэт, жаIэ, нагъуэрэ тхъэгъуэу, бын хъарзынитIи иIэу. Ар зыхуэмытхьэусыхэ щыIэтэкъым, зэмытхьэусыхылIэри къэгъуэтыгъуейт:
- Насыпыншэу сыкъалъхуат, Тхьэм насып къызитакъым, - жиIэурэ. - Насыпгуэшым къыуимытамэ, дуней фIыгъуэм ухэна мыгъуэщ!
ГуащIэри гущIэгъури зиIэр а зы Тхьэрати, игу къыщIогъу фызабэми, йоуэри, зы Насыпышхуэ къегъакIуэ, и пащIэшхуитIыр гъэкIэрэхъуауэ. Насыпыр къос аби, фызабэм и гупэбжэм къытоуIуэ:
- СыкъэкIуащ, - жи, - ныIух!
- Уэ ухэт, - жи зэхэзещхъуэн хъуа фызабэм. - ИгъащIэм услъэгъуакъым, усцIыхуркъым.
- Сэ сы-Насыпщ, - жи лIы бжьыфIэшхуэм. - Тхьэм гущIэгъу къыпхуищIри сыкъыпхуигъэкIуащ.
- Сыту фIыщэт, на-а! - къэгуфIащ фызабэр.
Насыпыр щIишэным и пIэкIэ, езыр къыщIэбэкъукIщ, и Iэщхьэ пхъашитIыр кIэпхын щIагъым щIилъхьэри, адэкIэ еупщIащ:
- Дэнэ щыIэ-тIэ е уи шыр, е уи гур, е уи гуэныр? Хьэмэрэ унэншэ-жьэгуншэу укъысхуэкIуа?
- Ей, фыз нагъуэ фыз гъулэ, накIуэ, си унэри унэлъащIэри уэзгъэлъагъункъэ! - жиIэри, и Iэпэр иубыдщ аби, и унэ ишащ. Унэм зыри щIэттэкъым, зы гъуэлъыпIэрэ зы хьэкурэ фIэкIа.
- Мы унэ нэщIыжьра насып жыхуэпIэр? - икIуэтыжащ фызабэр, илъагъур щхьэкIуэ щыхъуарэ игу иримыхьу.
- Сыт щIэнэщIыр, мы си IэжьитIыр щIэлъкъэ? - идакъым Насыпым.
- Ара сэ насыпу къыслъысар? Iулъэфи банэ тепIэ!
Фызабэм Насып лIы бжьыфIэшхуэр пригъэхауэ къыщыкIуэжым, Тхьэм уафэ щхьэгъубжэр зэIуигъэжри къегуоуащ, жи:
- Ей, фызурэ фыз нэ хъэрахъэ,
Фызурэ фыз нэхъурей,
Жылагъуэ гыбзэ,
Насыпым и бзэр зымыщIэ,
Насыпым я нэхъ иныр ныпхуезгъэхат,
Уэ къыпхуэмыцIыхуамэ, сыт мыгъуэхэр си лажьэ? ЖиIэри.
Фызабэр щIэпхъуэри игъэзэжа щхьэкIэ, Насыпри, Насыпым и унэри игъуэтыжакъым, жаIэ.
Апхуэдэу щхьэ хъуа?
Зы анэ гуэрым и къуэ цIыкIур игъафIэурэ щхьэхыни жейнэди хъуат, жи, къыщамылъэфмэ, шэджагъуэ пщIондэ жейуэ. Зы пщэдджыжь гуэрым анэр и къуэм щхьэщыувэри еущиеу щIидзащ:
- Насыпыр къыщыкIуэр пщэдджыжьращ, си щIалэ, - жи. - Ужейурэ насыпым зыхыумыгъэн. Дыгъуасэ пщэдджыжь уи ныбжьэгъу цIыкIум витIыр псафэ иху пэтрэ, ахъшэ дэзу бохъшэшхуэ къигъуэтащ, жи. Ар жьыуэ къэмытэджамэ, а насыпыр нэгъуэщI гуэрым Iэрыхьэнут.
- Нэхъ жьыуэ къэтэджра насыпыр къызыпэщIэхуэр? - щIэупщIащ щIалэ цIыкIур.
- Аращ, тIу, аращ.
- АтIэ, а насыпыр зыпэщIэхуам нэхърэ зыфIэкIуэдар нэхъ жьырытэджыжтэкъэ, апхуэдэу щхьэ хъуа?
Анэм игъуэтакъым абы пидзыжын. Щхьэхынэм и хьэхури и щIыхуэщ, жаIэ, и гум кърилъхьэхукIэ упэлъэщынукъым.
Мылъкум я нэхъ лъапIэр акъылырщ
Еуэри, уэ пхуэдэ зы щIалэфI (хъыджэбзыфI) гуэр щыIэ хъунти, Тхьэм и нэфI къыщыхуэри, къеупщIащ, жи:
- ФIыгъуитI ухэзгъэдэнущи, губзыгъэу хэдэ: мылъку нэхъыфI хьэмэрэ акъыл нэхъыфI? Узыхуейр къыхэхи, уэстынщ, - жиIэри.
ЩIалэр зэчэнджэщын иIэтэкъыми, и Iэхъуэ башыр, хьэмкIутIей баш плъыжьышхуэр, хитIэщ, и пыIэжьыр фIидзэри, ечэнджэщащ, еусащ, еупщIыжащ. Зы тIэкIу дэкIри, щIалэм Тхьэм жэуап иритащ:
- ГуащIэри гущIэгъури зейр уэращ, - жиIащ. – Мылъкур уэсэпсым хуэдэщ, кIуэд зимыIэр акъылращи, акъылкIэ сынолъэIу укъызэтэну.
- А уи башым уи пыIэр фIэбдзэу ущенджэщам наIуэт узэрымыделэр, - жиIащ Тхьэм. - Ауэ мылъкур лей хъу щхьэкIэ, акъылыр лей хъуркъым, - жиIэри акъылкIэ къетащ.
Тхьэм къуитыфынтэкъэ акъыл? ЩIалэфIыр Iущ хъури, унащ, мылъкушхуи зэригъэпэщащ. Ауэ, Тхьэм жиIар ищIэжырти, къыдэхуэми, лей хъуми щысхьакъым, жылэм яхуиугуэшащ.