7 марта, 2023 - 15:34

«Нэращ цIыху Iэпкълъэпкъым и пкъынэ нэхъ къабзэ дыдэр. ЦIыхум и дахагъэмрэ гуакIуагъэмрэ къызытещыр аращ. «Нэм япэ псэр ихуэ», - жеIэ адыгэ псалъэжьми, нэхэм ямылъагъужу кIыфIыгъэм къыхэнэныр дэтхэнэм и дежкIи зэрышынагъуэр щIигъэбыдэу. Апхуэдэ гузэвэгъуэм ар къебгъэлу дэIэпыкъуэгъу ухуэхъуфыныр насыпышхуэщ. И Iэпэр яIыгъыу сымаджэщым къаша, операцэ ящIу зи нэхэр къэплъэжа цIыхум и гуфIэгъуэр плъагъуныр куэд и уасэщ», - жеIэ КъБАССР-м щIыхь зиIэ и дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, офтальмолог АфIэунэ Анатолэ.
1952 гъэм жылэм дэт курыт еджапIэр къиухри, ар щIэтIысхьащ Осетие Ищхъэрэм и къалащхьэм (Орджоникидзе) дэт медицинэ институтым. I958 гъэм ар ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. Институт нэужьым и къуажэм къигъэзэжри, узыншагъэр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэу абы дэтам и унафэщIу лэжьэн щIидзащ. Хирургием хуеджа щIалэр щIэхъуэпсырт нэ дохутыр хъуну икIи илъэс зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу а унэтIыныгъэмкIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Ленинград дэт, Павлов И. П. и цIэр зезыхьэ япэ медицинэ институтым нэ узыфэхэмкIэ и кафедрэм и клиникэ ординатурэм. Ар ехъулIэныгъэкIэ къиухри, и лъахэм къигъэзэжащ икIи I964 гъэм Республикэ клиникэ сымаджэщым нэм щеIэзэ и къудамэм лэжьэн щыщIидзащ. Зэрылажьэм хуэдэурэ АфIэунэм Ставрополь къалэм аспирантурэр къыщиухащ, и диссертацэр абы щыпхигъэкIри, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат хъуащ. Япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ IэщIагъэлI нэсу зыкъэзыгъэлъэгъуа АфIэунэр I969 гъэм къудамэм и унафэщIу ягъэуващ икIи 2006 гъэ пщIондэ щIыхь пылъу а къалэныр игъэзэщIащ.
АфIэунэр нэм щеIэзэ къудамэм и унафэщIу щыщытам, абы мыхьэнэшухэ зиIэ къалэн куэд зэфIигъэкIащ. Апхуэдэу ар университетми медколледжми япыщIат, студентхэм лэжьыгъэм и пIалъэм Анатолэ и деж зыщыхагъэгъуазэрт, район сымаджэщхэм нэм щеIэзэ я къудамэхэм я лэжьыгъэр зыхуэдэр зригъащIэрт, сыт и лъэныкъуэкIи абыхэм чэнджэщэгъуи дэIэпыкъуэгъуи яхуэхъурт. Тхьэмахуэм зэ поликлиникэм сымаджэхэм щахуэзэу илъэс 37-кIэ дагъуэншэу лэжьащ.
АфIэунэр къызэгъэпэщакIуэ гъуэзэджэу зэрыщытыр наIуэ къищIырт зи унафэщI къудамэр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу къызэгъэпэщыным и гуащIэшхуэ зэрыхилъхьар. Абы илэжь дэтхэнэ зы Iуэхугъуэри зыхуэунэтIар сымаджэхэри и лэжьакIуэхэри нэхъ зэригъэтыншынырт икIи абы и лъэныкъуэкIэ хузэфIэкI къигъэнакъым. Анатолэ сытым дежи хущIэкъурт унэтIыныгъэм щIэуэ къыхыхьэ псоми зэрызыщигъэгъуэзэным, ахэр лэжьыгъэм къыщигъэсэбэпу IэнатIэр зэрызэтриухуэным. Апхуэдэу I985 гъэм Республикэ клиникэ сымаджэщым, Кавказ Ищхъэрэм щыяпэу, нэм нэджыдж IэрыщI хагъэувэу операцэхэр ящIын щрагъэжьащ.
Жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ лэжьыгъэ зэрыпэрытым, унафэщI къалэн гугъури и пщэм зэрыдэлъым къыдэкIуэу АфIэунэ Анатолэ нэ узыфэхэм теухуа щIэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэу 26-рэ къыдигъэкIащ, абы игъэхьэзыращ Урысейм и къалэ куэдми къищынэмыщIауэ, хамэ къэралхэми щылажьэ офтальмологыу 40-м щIигъу.
Анатолэ нэ дохутырхэм я Союзпсо, Урысейпсо зэIущIэшхуэхэм мызэ-мытIэу хэтащ, ар «ЩIэныгъэ» зэгухьэныгъэм и лектору, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм и нэ дохутыр нэхъыщхьэу илъэс куэдкIэ лэжьащ. Мы псори щыхьэт тохъуэ Анатолэ щIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ зэрыбгъэдэлъым, лэжьакIуэ емызэшу зэрыщытым. Абы и цIэр фIыкIэ щыIуащ ди республикэм и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыпIэхэми.
Офтальмолог цIэрыIуэ Фёдоров Святослав мызэ-мытIэу ди республикэм щыIащ, дохутырхэр лэжьэкIэщIэм хигъэгъуазэу лекцэхэм къахуеджэу, операцэхэр иригъэкIуэкIкIэрэ мастер-классхэр иту. Апхуэдэхэм и деж абы зригъэлъагъуэрт Республикэ клиникэ сымаджэщым нэм щеIэзэ и къудамэм щекIуэкI лэжьыгъэр икIи сытым дежи жиIэрт ар зэрефIакIуэр, дохутырхэм я ехъулIэныгъэхэм щыгуфIыкIырт, къыхигъэщырт зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI унафэщIым, АфIэунэ Анатолэ, и нэIэ щIэт гупым адэкIи зэфIэкI лъагэхэр зэраIэнур.
«Мыхьэнэшхуэ иIэщ нэм игъуэта ныкъусаныгъэр и чэзум къэпхутэным, дэтхэнэ узыфэми хуэдэу, хэтIасэмэ, сэбэп ухуэхъужыфынукъыми, - жеIэ АфIэунэм. – Набгъэ хъуам Iэмал имыIэу илъэс къэс и нэхэм я щытыкIэр къригъэпщытэн хуейщ. Сабийхэр школым щIэтIысхьэн ипэ и нэхэм егъэплъыпхъэщ. Псалъэм папщIэ, глаукомэр, узыфэ бдзаджэщ, узыр зэхыумыщIэу, хуэм-хуэмурэ уи нэхэм зэрилъагъум кIэречри, нэф уохъу. Аращи, цIыхум и ныбжьыр илъэс 40-м фIэкIамэ, нэхъ мыхъуми илъэситIым зэ нэ дохутырым и деж кIуэн хуейщ, мис а узыфэр и къежьапIэм къэхута хъун папщIэ. Нэхэм къалэнышхуэ ягъэзащIэ. Абыхэм я узыншагъэм куэдкIэ елъытащ дунейм и дахагъыр, жыпIэнурамэ, гъащIэм и IэфIагъыр нэсу зэрызыхэпщIэнур».
ПщIэ, Iулыдж зиIэ цIыхущ АфIэунэ Анатолэ. Апхуэдэ лъытэныгъэр абы къыхуихьащ гъащIэм цIыхугъэр щигъэнэхъапэу, зыпэрыхьэ Iуэхум Iэзагъэ къыщигъэлъагъуэу, и зэфIэкIыр жылагъуэм хуигъэлажьэу къызэрекIуэкIам.
АфIэунэм унагъуэ хъарзынэ иухуащ, псэукIэ дахэ иIэщ. И щхьэгъусэ Нало Зоерэ (и ахърэт нэху Тхьэм ищI) езымрэ бынищ зэдапIащ. Я хъыджэбз нэхъыжь Мадинэрэ я щIалэ Маратрэ я адэм и IэщIагъэр къыхахыжауэ, абы и лъэужьым ирокIуэ – нэ дохутыру мэлажьэ. Марат, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидатщ, и адэм и пIэ иувауэ, 2006 гъэ лъандэрэ нэм щеIэзэ къудамэм и унафэщIщ. Япхъу етIуанэ Маринэ экономист IэщIагъэр къыхихащ. АфIэунэхэ я щIэблэм я нэхъыжьхэм я щапхъэр я гъуазэу езыхэм я лъагъуэр гъащIэм щыхашыж.