28 марта, 2023 - 11:15

Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа усакIуэ щэджащэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, Нало Заур, КIыщокъуэ Алим, Бемырзэ Мухьэдин, Нэхущ Мухьэмэд… - лъэпкъым вагъуэ мыужьыхыжу диIэ тхакIуэ-усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр нэгъуэщIыбзэкIэ зэдзэкIауэ деджэкIэ, адыгэбзэм хуэдэу ди псэм нэсынукъым. Ар хьэкъщ. Ар апхуэдэу щIыщытым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр зыщ: хамэбзэр здынэсыр ди акъылращ, анэбзэр здынэсыр дигуращ.
Лъэпкъым и бзэр Iурылъыжу къэгъуэгурыкIуэн папщIэ, ар щIэблэм ящIэу къызэрыбгъэтэджыным гулъытэшхуэ хуэщIын хуейщ. Бзэм и къабзагъым укIэлъыплъын, ар сабийхэм ядэпIыгъын хуейщ. Сыту жыпIэмэ, бзэ зэхэпхъам сабийхэр бзэмыIуу къигъэнэнущ. АдыгэбзэкIэ упсалъэрэ - къабзэу псалъэ, урысыбзэ къыхыумыгъахуэ. УрысыбзэкIэ упсалъэми - апхуэдэ къабзэщ. Ар сыт щыгъуи дгъэзэщIэн хуей къалэну солъытэ.
Егъэджэныгъэм пыщIа дерсхэм и мызакъуэу, лъэпкъым Iурылъ бзэ дахэм, щIэблэр зэрагъасэ бзэ гуакIуэм, тхыдэ хъыбархэр къызэраIуэтэж бзэ хэплъыхьам хуэныкъуэщ ди сабийхэр. Ахэр егъэсэн хуейщ лъэпкъ уэрэдыжьхэр щашэщIкIэ, гум хыхьэ псалъэхэр къыщIагъалъэрэ я гущIэм лъэIэсу, лъэпкъ хъуэхъу щIэращIэхэр къыщапсэлъкIэ, жьабзэ дахэр жьгъырууэ зыхащIэу, лIыхъужь уэрэдхэр щаукъуэдийкIэ, ныбжьрей ежьукIэ пэджэжрэ адыгэбзэр джэрпэджэжу зэIэпахыу, зэрылъэпкъыу щIэдэIуу, зэрылъахэу зэлъащIысу.
Лъэпкъым и купщIэщ адыгэбзэр. Ар ди адэжьхэм лIэщIыгъуэхэм къыпхрахащ, яхъумэфащ. Адыгэбзэмк1э егъэджак1уэхэм дерсхэр щедгъэк1уэк1к1э цIыкIухэм яжыдоIэ ди нэхъыжьхэм бзэр зэрахъумар, зэрамыгъэкIуэдар, зауэ мафIэ лыгъейм къызэрыпхрахыфар. ИкIи ягурыдогъаIуэ бзэм и зехьакIуэу адэхэм я ужь езыхэр зэриувэнур. Бзэм и къуэпсхэр къызыхэкIыр цIыхубэращ, бзэр къэзыгъэщIыр лъэпкъращ. Абы къыхэкIыуи бзэм и зехьакIуэу дэтхэнэ цIыхури лъэпкъым хэтын хуейщ. Бзэм зиужьын, хъума хъун, ефIэкIуэн папщIэ зэрыадыгэ лъэпкъыу я зэфIэкIи, я къаруи, я мылъкуи щымысхьу зызэщIагъэкъуэн хуейщ.
Ди лэжьыгъэр къапщтэмэ, дерс къэскIэ цIыкIухэм гукIи псэкIи захыдогъащIэ - «Адыгэу зыплъытэжмэ, пIурырелъ адыгэбзэр. ЕгъэфIакIуэ, зегъэужь анэбзэм!». Адыгэбзэр лъэпкъым и псэщ, и бзэщ. Абы уещI хэкупсэ, укъегъэхъу лъэпкъыпсэу.
«Дыщэр хыфIэдзи уи бзэр къэщтэж», - жиIащ пасэрейм. Лъэпкъыр зыIэтыр и бзэщ. Бзэр лъэпкъ дамыгъэщ, щIэблэм и дамэщ. Ар анэшэм щIыгъуу къыппкърохьэри, уи бзэр кIэрэхъуэху уи гъусэщ, уи гупсысэр сэтей къэзыщIщ, гъащIэ Iэпэгъуу уи гъуэгугъэлъагъуэщ. Бзэр пIурыхуамэ, уи дунейр бгъунлъауэ, уеблэмэ быухауэ аращ.
Адэбзэр IэфIщ, анэбзэр гуакIуэщ. Абы и IэфIагъыр сабийхэм захедгъэщIэн папщIэ, адыгэбзэ къабзэкIэ дерсхэр зэредгъэкIуэкIыным дыхущIокъу. НэгъуэщIуи хъунукъым. Ди бзэм и дахагъым еджакIуэхэм гу лъедгъэтэн мурадкIэ, Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къыдогъэсэбэп. Апхуэдэу, анэдэлъхубзэр нэгъуэщI лъэпкъыбзэхэм идопх, щIыдогъэдэIу жьабзэ дахэм, пшынэбзэм ещхь усэбзэкIэ догъэбзэрабзэ. Проект лэжьыгъэ зэхуэмыдэхэр адыгэбзэкIэ ядогъэгъэзащIэ. Бзэр кIуэ пэтми нэхъ едгъэфIэкIуэн мурадкIэ, къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр идогъэкIуэкI, лъэпкъ тхыдэм ирыдогъаплъэ, щыгъуазэ дощI, тестхэр къадогъэщI, зэпеуэ зэхуэмыдэхэм хыдошэ.
Мы дунейм фIыгъэу тетыр уи быным хэплъхьами, анэбзэр IэщIэхуамэ, ахэр зыри иIысыжкъым. Сыту жыпIэмэ, нобэ хэти дунейм дызэрытетыр зи фIыгъэр ди лъэпкъращ. Ар дэтхэнэми тхуэгъэзауэ ттелъ Хэку щIыхуэщ. Ауэ ар быпшынын папщIэ узыхуейр мылъкушхуэкъым, зэфIэкIышхуэкъым - атIэ уи быным анэбзэр Iурыплъхьэн закъуэращ.