18 апреля, 2023 - 13:59
Дзэлыкъуэкъуажэ щыщ зэкъуэшищ я мэкъупIэ Iыхьэр паупщIыну мэкъуауэ шызакъуэгукIэ ежьат. Куэд дэмыкIыу зэкъуэшхэр якIэщIыхьащ гъуэгурыкIуэ ДжэгуакIуэм. Я къуэш нэхъыщIэр гупхэмкIэ ягъэтIысри, нэхъыжьитIым къахуэзар я кум дагъэтIысхьэщ щIакIуэ щабэм тесуи, адэкIэ ежьэжащ.
Жыжьэ мыкIуауэ ДжэгуакIуэм жиIащ зэрыцIыхуамэ зэрынэхъыфIыр, занщIэуи къуэш нэхъыжьым еупщIащ:
- Уэ хэт уи цIэр? – жиIэри.
ЗэупщIар укIытэри закъомрэ жэуап къитыжакъым. ИтIанэ жиIащ и цIэр зэрымыпщIэгъуалэри, тIэкIу зэрымыгурыхьри.
- Тхьэжьбийщ си цIэр.
ДжэгуакIуэм фIыуэ зэхихат щIалэм и цIэр, арщхьэкIэ и фIэщ хъуртэкъым апхуэдэцIи и цIэджэгъуи щыIэу.
- Хэт къыпфIищами, уригъэхъулIакъым, муслъымэныцIэкъым, дурыскъым а цIэр зепхьэнуи, ар жьыуэ е бийуэ жыпIэнуи.
АдэкIэ ДжэгуакIуэм жиIащ Тхьэр сыт щыгъуи зэрыщIалэри, дыкъигъэщIауэ дызэрибынри. ЖиIащ ар езыр зэрыджэгуакIуэр. Уэрэдрэ усэкIэ, гуапагъэкIэ цIыхухэр зэригъэгуфIэри, и ней зыщыхуахэм зэрыхуэхъущIэри, цIэ дахэ зэрыфIищыфынури, ТхьэщIокъуэ зэрыхуигъэфащэри.
ЦIэ зыфIаща щIалэр зытес тIысыпIэм зыкъытриIэтыкIри, ДжэгуакIуэм фIыщIэшхуэ хуищIащ, зэрыгушхуэн цIэ дахэ къызэрыфIищам щхьэкIэ, быдэу къигъэгугъащ псэухукIэ а цIэм хуэпэжыну, игъэбжьыфIэну.
ГъуэгурыкIуэхэм я гъуэгум пащэрт, ДжэгуакIуэм ТхьэщIокъуэ цIэ зэрыфIищар яфIэгуфIэгъуэшхуэу, дэрэжэгъуэрэ нэгузыужьыгъуэрэ ягъуэтауэ. Гум щIащIа шы дахэри, къэхъуар къыгурыIуам хуэдэу, зэзэмызэ къахуеплъэкIырт.
ДжэгуакIуэр шы дахэм зыкъомрэ еплъа нэужькIэ, вожэр зыIыгъ шыгухум жриIащ:
- Уи шы дахэм щабэрыкIуэу, щIэкIуэрыкIыу дешэ. Нобэ щыщIэдзауэ уэри ГуфIэжокъуэ пфIызощ. Угъурлы ухъу!
ГуфIэжокъуэ зыфIаща курыт щIалэми дэрэжэгъуэ игъуэтауэ ДжэгуакIуэм фIыщIэ хуищIащ.
КIуэрт гъуэгурыкIуэхэр, я гъуэгу хагъэщIу. ДжэгуакIуэр иджы егупсысырт ещанэ щIалэми цIэ дахэ зэрыфIищынум. ДжэгуакIуэм и щхьэм къизэрыхьа гупсысэмкIэ зэкъуэшхэм яхэупщIыхьащ:
- НтIэ, щIалэфIхэ, фэ жыжьэ фыкIуэрэ?
Зэкъуэшхэм къалъытащ кърата упщIэр къемызэгъыщэ хуэдэу, жэуапми хуэсакъыпхъэу.
Гупхэм ис къуэш нэхъыщIэм занщIэу жиIащ:
- Дэ мэкъуауэщ дыздэкIуэр.
Иджы ДжэгуакIуэм къыгурыIуат зэкъуэшхэм я ещанэм и цIэр езым зэрызыфIищыжар.
- Мэкъуауэр – мэкъуауэщ, уэри Мэкъуауэ пфIызощ, - жиIащ ДжэгуакIуэм.
Куэд дэмыкIыу ДжэгуакIуэм зэкъуэшхэм яжриIащ:
- Тыншу, нэгузыужьу сыкъэфшащи, Тхьэм солъэIу фи Iуэху дахэ хъуну. Гур къэвгъэувыIамэ, сикIыжынт. Иужьу вжесIэжынурат. Тхьэм къызигъэхъулIмэ, сэ пщэдей пщыхьэщхьэ фи унэ лъапсэм сынэкIуэнурэ, цIэ зэрыффIэсща цIэфIэщыпщIэр сыпшыныжынущ, къысхуагъэфащэмэ, цIэфIэщ адакъэри сшхынкIэ хъунщ.
КъехъулIащ ДжэгуакIуэм и мурадыр, ар гуапэу бгъэдэсащ цIэ зыфIища зэкъуэшхэм я адэ губзыгъэм.
И чэзур къэсри, зэкъуэшхэм щхьэгъусэ ягъуэтащ. Адэм мурад ищIащ и къуэхэр зэрыпсэуфым еплъын щхьэкIэ, дэтхэнэри зэхигъэкIыу унагъуэ щхьэхуэу игъэтIысыну, апхуэдэуи хъуащ. ЩIапIи къахуиубыдри, ядэIэпыкъуурэ дэтхэнэри зыхуейм хуэдэ унэрэ псэуалъэрэ ящIащ. Зэкъуэшхэр я лъапсэщIэм щыIэпхъуэжым адэм абыхэм унэцIэщIэу яфIищащ ДжэгуакIуэм къигупсысар. ТхьэщIокъуэ цIэр ТхьэщIокъуэхэ унэцIэ яхуэхъуащ, я къуэш курытыр ГуфIэжокъуэхэ хъуащ, ещанэм Мэкъуауэ унэцIэр лъысыжащ.