30 мая, 2023 - 11:15

«Нарт эпосым и ныбжьыр пхуэгъэбелджылынукъым, апхуэдизкIэ жыжьэ къыщожьэри. Пасэрей дунейм и даущ къахьэсащ ди зэманым нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ, абыхэм лъабжьэрэ купщIэрэ яхуэхъуар ди лъэпкъым и тхыдэрщ. Нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ нэхъ ягъэлъапIэ IуэрыIуатэ лIэужьыгъуэ яIэкъым адыгэхэм.
Хъыбаррэ пшыналъэу зэхэухуэнауэ къэсащ нарт эпосыр ди лъэхъэнэм. Хъыбарыр яIуатэ къудеймэ, нарт пшыналъэм макъамэ щIэлъщ. Макъамэр щIыгъумэщ, нарт пшыналъэр щыз щыхъур», - жиIащ КIуащ БетIал.
Хэт сымэ нарт лIыхъужьхэр?
Сосрыкъуэ – нарт лIыхъужь нэхъыщхьэщ, лIы фIыцIэ гъущIынэкIэ йоджэ, «зи мэIуху дыщафэ, афэр зи джанэ куэщI, дыгъэр зи пыIэ щыгу» хужаIэ; лъапэкIэрыхъ-жэмыхъуэрылъху дзыр теIукIащ; Созыр и къуэ – аращ Сосрыкъуэ и цIэм хэкIыпIэ хуэхъуар.
Бэдынокъуэ – нарт Бэдын и къуэщ, чынтыр зи ныкъуэкъуэгъукIэ йоджэ, «и шабзащхьэ мэзышхуэ хуэдэщ, и дамэ ижьым дыгъэр къыщопс, и дамэ сэмэгум уэсыр къыщос».
Ашэмэз – нарт Ашэ и къуэщ, «ныбэм илъ щIыкIэ и адэм илъ зыщIэжар» Ашэ и къуэ Ашэмэз щIалэрщ.
Батрэз – нарт Хъымыщрэ испы гуащэмрэ я къуэщ, нартхэм зэрыжаIэщи, «гуузищэу зэкIуэцIылъщ».
Насрэн ЖьакIэ – абы щхьэкIэ нартхэм жаIэ: «Ди нарт тхьэмадэр Насрэн ЖьакIэщ, Насрэн ЖьакIэ ди дыщэ жьакIэщ, и жьакIэр уэсщи, бынжэгум нос, шым ар нэшэсмэ, шы сокум хэлъщ».
Тотрэш – нарт Албэч и къуэщ, «дзэгъэшынэ шу закъуэкIэ» йоджэ, нартхэ я бжыщхьэ дыкъуакъуэщ, мыкъутэр и бжыкIщ.
Лъэпщ – нартхэ я гъукIэщ, Сосрыкъуэ зыпсыхьар Лъэпщщ, нартхэ гъубжэ яхуищIащ, щIым гъунэ зэримыIэр къихутащ.
Сэтэней Гуащэ – нарт гуащэщ, Сосрыкъуэ зыпIар Сэтэнейщ; «сэ нарт шу сыпащI», - жеIэ езы Сэтэней.
Абыхэм нэмыщI хъыбар куэд къадогъуэгурыкIуэ Уэзырмэдж, Уэзырмэс, Къанж и къуэ Щэуей, ШукIасэ, Жэмыхъуэжь, Лъэбыцэжьей, ЩэуапцIэ, Дзэгъащтэ сымэ. Нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ ущрохьэлIэ нэгъуэщI Iэджэми я цIэ. Абыхэм ящыщщ: Шужьей, Дэбэч, Хъудымыжь, Арыкъшуужь, Джылахъстэн, Пагуэ, Гуэргуэныжь, Пэныкъуэ, Имыс, Ехъутэныджыжь, Пщымарыкъуэ, Псэтын гуащэ, Iэдииху, Дыгулыпхъу, Ахумыдэ, ЩхьэцфIыцIэ, Вэкъуэнанэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
Кавказым ис лъэпкъ зыбжанэм, псалъэм папщIэ, адыгэхэм, абхъазхэм, осетинхэм, нэгъуэщIхэми, ижь-ижьыж лъандэрэ къадогъуэгурыкIуэ нарт пшыналъэхэмрэ хъыбархэмрэ. ЩIэныгъэм къызэрихутамкIэ, нарт эпосыр дунейпсо культурэм и фIыпIэм хохьэ: ар щыхьэт тохъуэ кавказ лъэпкъхэм я нэгу тхыдэшхуэ зэрыщIэкIам, абыхэм я ныбжьыр пасэрей дунейм къызэрыщежьэм.
Нарт эпосыр кавказ лъэпкъ зыбжанэм къызэдагъэщIащ, дэтхэнэ лъэпкъым дежи теплъэ щхьэхуэрэ лъабжьэ куурэ щиIэщ.
Нарт пшыналъэхэр, хъыбархэр художественнэ къаруушхуэкIэ узэдащ, лIэщIыгъуэ кIыхьхэм къапхырыкI гъуэгуанэм ишэщIащ абыхэм я къарур, кIуэ пэтми заукъэбзу, макъамэщIэхэмкIэ заузэду къэгъуэгурыкIуащ «дунейр щымыджэмыпцIэ лъандэрэ».
ЩIэныгъэм шэч къытрихьэркъым адыгэ нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ нарт эпосым и вариант нэхъ ин дыдэхэм зэращыщым. Адыгэхэм я деж къыщызэтенащ нарт эпосым и нэхъ пасэрей дыдэ макъамэхэр; адыгэхэм я деж ущрохьэлIэ адрей лъэпкъхэм яфIэкIуэдыжа пшыналъэ, хъыбар гъэщIэгъуэнхэм.
Нарт хъыбар, пшыналъэ къэс, зэрыхабзэщи, сюжет белджылы гуэрым тещIыхьащ. Зы нартым хъыбар е пшыналъэ зыбжанэ къыдогъуэгурыкIуэ. Адыгэ эпосым зэрыщыхабзэщи, нартыр дунейм къыщытехьам къыщыщIэдзауэ ди пащхьэм ит зэпытщ: щыгъуазэ дохъу абы и сабиигъуэм, и япэ зекIуэм, и лIыгъэм, и кIуэдыжыкIэм.
Нартыр сыт щыгъуи хахуэщ, щхьэмыгъазэщ, леймыгъэгъущ, псэемыблэжщ. «Чынтыр зи ныкъуэкъуэгъу» Бэдынокъуэ нарт хэкум и хъумакIуэщ; «лIы фIыцIэ гъущIынэм» - Сосрыкъуэ - нартхэ мафIэ къахуехь; «гуузищэу зэкIуэцIылъ» Батрэз Гъуд къалэ екъутэ; Ашэмэз щIалэм тIуащIэр зи быдапIэ Лъэбыцэжьей хегъащIэри и адэм илъ ещIэж. Апхуэдэ гуэркIэ мыцIэрыIуэ яхэткъым нартхэм. ЛIыгъэмрэ захуагъэмрэ папщIэ бэнэныгъэм хошасэ нартхэр, я нэхъыбэри хокIуадэ абы.
Илъэси 150-м щIигъуащ адыгэ нарт эпосыр хэIущIыIу зэрыхъурэ. Абы и цIэ япэ дыдэ изыIуар Хъан-Джэрийрэ Нэгумэ Шорэрэщ. 1842 гъэм дунейм къытехьащ Хъан-Джэрий и зы тхыгъэ - «Адыгэхэм я диныр, хьэл-щэнхэр, хабзэхэр, я псэукIэр». А тхыгъэмкIэ Хъан-Джэрий щыхьэт техъуащ адыгэхэм нарткIэ зэджэ пасэрей лIыхъужьхэм я хъыбархэр къазэрыдэгъуэгурыкIуэм, абыхэм ящыщ зыбжанэм я цIэ ириIуащ. Нарт лIыхъужь нэхъыщхьэхэм я цIэ иреIуэ Нэгумэ Шори. Адыгэхэм нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ къазэрыдэгъуэгурыкIуэм щыхьэт техъуа фIэкI, Нэгумэ Шори Хъан-Джэрии ятхыжа зы хъыбари зы пшыналъи ди деж къэсакъым.
Адыгэ нарт эпосым щыщ пшыналъэ дунейм къыщытехьар 1864 гъэрщ. А гъэм Тифлис къыщыдэкIащ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и тхылъ цIэрыIуэр – «Сосрыкъуэрэ иныжьымрэ, Сосрыкъуэрэ Тотрэшрэ я пшыналъэхэр». ХьэтIохъущокъуэ Къазий итхыжауэ нэхъ иужьыIуэкIэ дунейм къытехьащ Ашэмэз и пшыналъэри Бэдынокъуэ и пшыналъэри.
ХьэтIохъущокъуэ Къазий иужькIэ адыгэ нарт эпосым хуэфэщэн гулъытэ игъуэтыжакъым – ди лIэщIыгъуэм и япэ плIанэр блэкIыху. Нарт пшыналъэхэр, хъыбархэр зэхуэхьэсыным, къыдэгъэкIыным гулъытэ щигъуэтар ди зэманырщ: нарт эпосыр зыбжанэрэ къыдэкIащ иужьрей илъэс щэ ныкъуэм – адыгэбзэкIи нэгъуэщIыбзэхэмкIи; псом япэу зи цIэ къиIуапхъэр, дауи, Мейкъуапэ къыщыдэкIа тхылъиблырщ, ХьэдэгъэлI Аскэр игъэхьэзырауэ.
Нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ лIэщIыгъуэ кIыхь Iэджэм къыпхахащ адыгэхэм, дэтхэнэ лIэщIыгъуэми и нэпкъыжьэрэ и лъэужьрэ ихъумащ нарт эпосым. Абы уригъуазэмэ, унэплъысынущ пасэрей адыгэ щэнхабзэм и лъабжьэм; нарт эпосыр щыхьэт тохъуэ ар зи IэдакъэщIэкI лъэпкъым зи къуэпсыр жыжьэ дыдэ къыщежьэ щэнхабзэ хьэлэмэт зэригъэпэщауэ, пасэрей дунейм цIэрыIуэ щыхъуауэ къызэрыгъуэгурыкIуам.