9 января, 2024 - 11:15

Къэсащ гъэжьыр щрагъэжьэж, гъэщIэр къыщрагъэблагъэ зэман зэблэкIыгъуэр, балигъми сабийми зэхуэдэу фIыуэ ялъагъу, илъэсым и махуэшхуэ нэхъыщхьэр. Абдежым цIыхухэм я мурадхэмрэ гугъэхэмрэ щIапщытыкIыжри, къэкIуэнум хъуэпсапIэ дахэхэр хузэращауэ илъэсыщIэм пожьэ. Сытым дежи телъыджэкIэ дызыщыгугъ ИлъэсыщIэм дунеижьыр дахагъэрэ гуапагъэкIэ зэщIигъэушэну, фIыр и бэрэ насыпым и лъагъуэхэш тхуэхъуну, къызэрытхэтыну зэманыр щIэращIэрэ щIэщыгъуэу къытхузэпищэну дыхукъуоплъри, и къакIуэр махуэ Тхьэм тхуищI!
ИЛЪЭСЫР ЦIЫХУХЭМ ЯХУЭФIЫНУ УЩЫГУГЪ ХЪУНУЩ
КъухьэпIэ махуэгъэпсымкIэ дэтхэнэ зы илъэсми, езым и тепщэ иIэжщ. Дызытехьэ гъэр Благъуэ Удзыфэм и нэIэм щIэту екIуэкIыну къалъытэ. IуэрыIуатэм къыхэкIа псэущхьэм Iущагъышхуэ бгъэдэлъщ, апхуэдэуи цIыхум гуфIэгъуэ куэдкIэ зэрыхуэупсэн зэчий телъыджи иIэщ. Ауэ ари къэблэжьын хуейщ, илъэсым и тхьэмадэм хуэфащэ пщIэ ебгъэгъуэтмэ, зэрыжаIэу, и кIапэм утемыувэмэ, и IэплIэм ущигъэфIэнущ.
Зэ еплъыгъуэкIэ къызэрыпщыхъум хуэдэу, Благъуэр шынагъуэу, пхъашэу, ткIийуэ щыткъым. КъызэралъытэмкIэ, лъэхъэнэ нэхъыфIхэр абы и нэIэм щIэтущ зэрекIуэкIыр. Аращи, дызытехьэ илъэсми, фIыщ къытпигъаплъэр: зэхъуэкIыныгъэ гурыхьхэр, зэIущIэ гуапэхэр, тыншу зэфIэкI Iуэху гъэщIэгъуэнхэр. Апхуэдэущ 2024 гъэр Iэмал имыIэу зэрекIуэкIынур! НэгъуэщIуи ар фи нэгу къыщIэвмыгъэхьэ! Мыбдежым благъуэм иIэ плъыфэми - удзыфэм - мыхьэнэшхуэ егъэзащIэ. КъухьэпIэ щэнхабзэмкIэ а плъыфэр шыIэныгъэм, зэпIэзэрытыгъэм, щэныфIагъэм, IэкIуэлъакIуагъэм, лантIагъэм и нэщэнэщ. КъыщынэмыщIауэ, удзыфэ плъыфэр цIыхубэм я дамыгъэу къалъытэ. Абы къикIращи, Благъуэр къызэрыгуэкI цIыхухэм яхуэфIынущ, яхуэгуэпэнущ.
ГЪЭМ И НЭЩЭНЭХЭР
Дэтхэнэ зы илъэсми узэрыпежьэну, къызэрибгъэхьэну и нэщэнэхэр иIэжщ. Ахэр Iуэхум къыхэлъытэн хуейщ гъэм и тепщэр къыпхуэгуапэу илъэсыр епхьэкIын папщIэ. 2024 гъэм и дамыгъэ нэхъыщхьэр Жыгщ. Абы цIыху гъащIэм щиубыд мыхьэнэр къэплъытэмэ, купщIэшхуэ зиIэщ. Жыгыр дэкIейуэ и щхьэкIэр щIэращIэ зэрыхъум хуэдэу, щхьэж и зэфIэкI елъытакIэ зыдужьынымкIэ Iэмал хъарзынэхэмкIэ илъэсыр къытхуэупсэнущ. Абы папщIэ акъыл хэлъу ди лъэбакъуэхэр зэпэтлъытыпхъэщ. Апхуэдэу зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым хуэфащэ гулъытэ зымыгъуэт жыгыр зэрыгъужыр, абы ипкъ иткIи, ди Iуэхур къызэрыдэхъулIэнур абы дызэрелIалIэм хуэдэущ.
Мыхьэнэ етыпхъэщ ехъулIэныгъэхэр къезышалIэу, насып къызыдэкIуэу къалъытэ хьэпшып цIыкIуфэкIухэми. Iэмал имыIэу жыг теплъэ зиIэ е абы и сурэтыр къызытещ гуэр унэм щIэтыпхъэщ. Псалъэм папщIэ, фIыуэ плъагъухэм я сурэтхэр зыфIэдза жыг IэрыщI мыин дыдэу бгъэув хъунущ. КъищынэмыщIауэ, благъуэ сурэт зытет хьэпшыпхэри зэвгъэпэщыну зыщывмыгъэгъупщэ.
Илъэсыр къызэребгъэблэгъам хуэдэу епхьэкIыну къалъытэ. Гъэм и тхьэмадэр дызыхьэххэм гулъытэ нэхъыбэ хуэфщIмэ, абы и арэзыныгъэр къэвлэжьынущ.
Благъуэр псэущхьэ уардэщ, зыхэтым къахэщыну, гулъытэ зыхуригъэщIыну фIэфIщ. Махуэшхуэр унэми, ресторанми, хьэщIапIэ ущыIэуи къибгъэхьэ хъунущ. Нэхъыщхьэр абы зэрызыхуэбгъэхьэзырырщ. ЗыхуэпэкIэмкIэ къыщIэддзэнщи, фэилъхьэгъуэхэр я плъыфэкIэ дыщафэмэ е плъыжьмэ нэхъыфIщ, а тIури зэвмыгъэкIумэ – удзыфэм фыкъытеувыIэ, къызыхэщIыкIа щэкIкIэ – алътесым, къэдабэм, данэм, шылэм тевгъащIэ. Унэр гирляндэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ вгъэщIэращIэ, нэхъ цIугъэнэу, лыду щытыхукIэ нэхъыфIщ. Благъуэм щхъуантIагъэр фIэфIщи, удз гъэгъа дахэхэмкIи фымыбэлэрыгъыу, фи унэм къыщевгъэувэкI.
ИлъэсыщIэ Iэнэми куэд елъытащ. Абы и тепхъуэр хужьу е плъыжьу къыхэфх, Iэмал имыIэу шэху уэздыгъэхэр тевгъэувэ, зэрагъэдахэ нэгъуэщI хьэпшып цIыкIухэмкIи фегугъу. Ар екIуу гъэщIэрэщIауэ, узыIэпишэу щытыпхъэщ. Iэнэр ерыскъы зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ бейуэ щытын хуейщ, шхыныгъуэ 12 нэхърэ нэхъ мащIи тевмыгъэувэ. Благъуэм хэплъыхьышхуэ ищIыркъым, шхынхэр IэфIмэ, къэуат щIэлъмэ, абыкIэ арэзы пхуэщIынущ. ИлъэсыщIэ Iэнэм хэт и хьэнтхъупс жызыIэнхэри щыIэнщ, ауэ гъэм и тепщэм къегъэув абыкIэ къыщIэдзапхъэу. АдэкIэ Iэнэм Iэмал имыIэу телъын хуейщ прунжым къыхэщIыкIа шхыныгъуэ. Шей удзыфэр-щэ? Ар Благъуэм зыхилъхьэ щыIэкъым, апхуэдэ шейм фемыфауэ Iэнэм фыкъыпэрыкIыжыну фигу къэвмыгъэкIыххэ. Зыщывмыгъэгъупщэ дыщафэ пхъэщхьэмыщхьэхэри: мандариным, тIамым, хъурмэм Iэнэкур хуит яхуэфщI.
ИлъэсыщIэр саугъэтыншэ хъурэ?! Ахэр къызэрыгуэкIыу щытын хуейкъым, фызыхуэупсэм гъэщIэгъуэн щыхъун, игу дыхьэн хуэдэу къыхэфх.
ТЕЛЪЫДЖЭХЭМ Я ДУНЕЙ
СыткIэ дыщыгугъ хъуну къэблагъэ илъэсым? Благъуэм фIым ухуэзыгъаплъэ хьэлхэр иIэщ, абы ипкъ иткIи, гъэщIэм къытхудэкIуэнущ ехъулIэныгъэ, ефIэкIуэныгъэ, зыужьыныгъэ. Зигурэ зи щхьэрэ зэтелъ, мурад пыухыкIахэр зиIэ цIыхухэм я Iуэхур Iэмал имыIэу дэкIынущ. ФIэщхъуныгъэ зыхэмылъхэм, сытми шэч къытезыхьэхэм замыхъуэжмэ, я пIэм иуджыхьу илъэсыр ирахьэкIынущ. Благъуэ Удзыфэм Iуэхугъуэ гуапэ икIи щIэщыгъуэ куэд къытпегъаплъэ: дунейм къытехьэ сабийхэм я бжыгъэм хэхъуэнущ, зэман кIыхькIэ зэщыхьауэ щыта цIыхухэр зэкIужынущ, экономикэ зыужьыныгъэшхуэхэр щыIэнущ, куэдым зыщIэхъуэпса къулыкъухэр къаIэрыхьэнущ.
КъуэкIыпIэ махуэгъэпсым хэт адрей псэущхьэхэм еплъытмэ, Благъуэ Удзыфэр псом нэхърэ нэхъ мамырщIэкъущ. Ар хущIэкъунущ илъэсыщIэм тыншу дызэрыхигъэзэгъэным, дызэгъэгузэвэну щытыкIэ шынагъуэхэм дызэрыщихъумэным.
Илъэс 12-м чэзууэ я тепщэ псэущхьэхэм ящыщу Благъуэм и закъуэщ IуэрыIуатэм къыхэкIар. Аращи, абы бгъэдэлъщ телъыджэ къызэригъэхъуфын зэфIэкI. Дытемыгушхуэфу пIалъэ кIыхькIэ зэдгъэтIылъэкIауэ щыта Iуэхухэр 2024 гъэм утыку къипхьэну игъуэ дыдэщ. Фи гъащIэр нэхъыфI фщ1ыну Iэмал хъарзынэхэр къыфхукъуэкIынущи, зыIэщIэвмыгъэкI. Зыщывмыгъэгъупщэ: Благъуэр къару мыкIуэщIым, тегушхуэныгъэм, фIэщхъуныгъэм, ехъулIэныгъэм я дамыгъэщ!