6 февраля, 2024 - 15:32
Къэзанокъуэ Жэбагъы Iуэху пIащIэгъуэкIэ зыщIыпIэ кIуэуэ, и шэджагъуэ нэмэзыр блэкI хъури, хьэщIэщ гуэрым щIыхьащ, и къамышыр укъуэдияуэ фIидзэри. И шыр шэщым щIашэну щыхуежьэм, пщIантIэдэтхэм яхуидакъым:
- Сэ сопIащIэ, нэмэз сщIымэ сежьэжынщ, - жиIэри.
Жэбагъы андез ищтэу, нэмэзри ищIу, нэмэз щыгъи игъажэу нэмэзлыкъым тесыху, гъэлъэхъу хуаукIщ, зэIахщ, ягъавэри, Iэнэм бахъэр къыщхьэщихыу унэгуащэм къыщIихьэри, хьэщIэм и пащхьэ къригъэуващ. Къэзанокъуэр фIыуэ шхэщ аби, Iэнэм тIэкIу къыбгъэдэкIуэтыжри:
- Iэлъхьэмдулилэхь! – жиIащ.
Унэгуащэм Iэнэр щIихыжри щIэкIыжащ. ХьэщIэр хьэщIапIэм къинащ.
ЕтIуанэ махуэм Жэбагъы хуаукIар гуэгушщ, ещанэ махуэм - джэдщ; еплIанэ махуэм къыхущIахьар къалмыкъ шейщ. Жэбагъы шейр ирифщ, Iэнэм къыпэщIэкIуэтыжри:
- Iэлъхьэмдулилэхь! – жиIащ.
Бысым гуащэм, аргуэру цIутI жимыIэу, Iэнэр щIихыжри щIэкIыжащ. ХьэщIэр аргуэру хьэщIапIэм къинащ.
Етхуанэ махуэм Iэнэр бысым гуащэм къимыхьу, я гъунэгъу хъыджэбз цIыкIум къригъэхьащ, къалмыкъ шей къарэрэ дыгъуасэрей чыржынрэ телъу. Жэбагъым къыхуахьар ишхри, Iэнэм тIэкIу къыпэщIэкIуэтыжри:
- Iэлъхьэмдулилэхь! – жиIащ.
- Уи хьэлэлщ, дадэ! – жиIэри, хъыджэбз цIыкIум Iэнэр къыщищтэжым, Къэзанокъуэри къэтэджыжащ.
- Алыхьым насыпыфIэ уищI, хъыджэбз дахэ цIыкIу! – жиIэри. – А зы псалъэрат сэ тхьэмахуэ хъуауэ мыбы сыщIисри, уэ хуит сыпщIыжащ.
Жэбагъы и Iуэхур зэфIигъэкIауэ къыщыкIуэжым, а хьэщIэщым а фIэкIа щIыхьэжакъым, и нэмэзыр блэкI пэтми.