24 июня, 2024 - 13:59
Зи гъащIэр медицинэм хуэзыгъэпса цIыхущ ПащIэ Марьянэ Темударий и пхъур. ЦIыхухэм я узыншагъэр хъумэнми щIэблэр егъэджэнми и гуащIэ хилъхьащ а бзылъхугъэм. Зыпэрыхьэ сыт хуэдэ лэжьыгъэри хьэлэлу игъэзащIэу, къыхиха IэщIагъэм гурэ псэкIэ хуэпэжу къэгъуэгурыкIуащ ар.
Осетие Ищхъэрэ – Алание республикэм и къалащхьэ Владикавказ дэт медицинэ институтыр къиуха нэужь ПащIэр терапевту уващ Шэджэм район сымаджэщым, иужькIэ невропатологыу илъэс 20-м щIигъукIэ а IуэхущIапIэм щылэжьащ. А зэманым къриубыдэу ар сэбэп яхуэхъуащ цIыху куэдым, и нэIэм щIэтахэм гукIи псэкIи яхуэгумащIэу, я узыншагъэр зэрефIэкIуэжым щыгуфIыкIыу, и гулъытэ щимыгъащIэу къекIуэкIащ. И деж къакIуэ дэтхэнэ зы сымаджэми гупсэхуу и Iуэху зыIутым зыщигъэгъуазэрти, адэкIэ и узыншагъэр тэмэму зэтеувэжыным и Iэзэгъуэ псори ирихьэлIэрт. ШыIэныгъэ хэлъу, гуапэу яхущытт ар сымаджэхэм. ЦIыху псори я хьэлкIэ зэхуэдэкъым. Къапщтэмэ, узым игъэгуауэщхьэуэр нэхъ тэмакъкIэщIщ, къэгубжьыгъуафIэ мэхъу, ауэ Марьянэ дэтхэнэри арэзы ищIыфу и IэнатIэр ирихьэкIащ. Апхуэдэу ар лэжьыгъэкIэ япыщIауэ щытащ республикэм и дзэ комиссариатми, армэм дашыну щIалэгъуалэм я узыншагъэм и щытыкIэр къэзыпщытэхэм яхэтащ.
ПащIэр сытым дежи хущIэкъурт игъэзащIэ Iуэхур нэгъэсауэ зэрызэфIихыным, абы къыхэкIыуи Iэзагъэм зэрыхигъэхъуэным иужь итт. И IэнатIэм теухуауэ щIэ гуэр къызэрищIэным, абыкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэр зэрыригъэфIэкIуэным, нэхъ куу зэрищIыным хуэпабгъэрт Марьянэ. ЗэрыжаIэу, ерыщу зи мурадым хуэкIуэ цIыхум зыхуэплъэр зрегъэхъулIэф. Апхуэдэу ПащIэм ехъулIэныгъэкIэ аспирантурэр къиухыжри, 1990 гъэм медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат хъуащ. АдэкIэ куэд дэмыкIыу абы егъэджэныгъэ Iуэхум зритащ икIи а унэтIыныгъэми хъарзынэу хэзэгъащ. Илъэс куэдкIэ ар щылэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым: япэщIыкIэ цIыху узыншэмрэ сымаджэмрэ я физиологиемкIэ, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэрызаужьым я зэкIэлъыкIуэкIэмкIэ кафедрэм и ассистенту, доценту, иужькIэ цIыхубэ хозяйствэм и тхыдэмкIэ кафедрэм и доценту щытащ. Абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ студентхэми егъэджакIуэхэми къахуэщхьэпэн методикэ, зэрырагъаджэ тхылъхэр. ЩIэблэм щIэныгъэ тэмэм егъэгъуэтыным, къыхаха IэщIагъэм и мыхьэнэр нэсу абыхэм зыхегъэщIэным ар гукIи псэкIи хущIэкъуащ. ПащIэ Марьянэ иригъэджахэм ящыщ куэдым нобэ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм я зэфIэкIхэр къыщагъэлъагъуэ. Шэч хэмылъуи, ящыгъупщакъым я IэщIагъэм и щэху зэмылIэужьыгъуэхэм хэзыгъэгъуэза я егъэджакIуэр, ящIэж абы и дерс гъэщIэгъуэнхэр, чэнджэщ, ущие щхьэпэхэр.
Сыт хуэдэ Iуэхум и къызэгъэпэщынри зэфIэхынри дагъуэншэу къехъулIэрт Марьянэ. Къалэн къыщащIыр нэгъэсауэ, зыщIегъэх хэмыту зэрыщIапхъэм щIапIыкIат бзылъхугъэри, цIыхур къызэрыщыгугъыр имыгъэзэщIэныр игу къигъэкIыххэртэкъым. Ар жыджэру хэтащ комсомол, парт зэгухьэныгъэхэм, дауи, абыхэми ПащIэм и хьэлыр япсыхьагъэнт. ЦIыхугъэшхуэ хэлъу, акъылрэ Iущагъышхуэрэ бгъэдэлъу, захуагъэм и телъхьэу, жумарту зэрыщытым папщIэ ар къэзыухъуреихьхэм фIыуэ къалъагъуу, зыхэт гупым и дежи и пщIэр щылъагэу къекIуэкIащ.
«Лэжьыгъэм цIыхур егъэлъапIэ», жаIэ. ЩхьэлъапIэгъуи игъуэтыжащ Марьянэ. Абы къыхуагъэфэщащ IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм я фIыщIэ, щытхъу тхылъхэр. Ауэ езы Марьянэ дежкIэ нэхъыщхьэр и сэбэпынагъ зэкIа цIыхухэм къабгъэдэкIа псалъэ гуапэхэмрэ хъуэхъу дахэхэмрэщ.