24 июня, 2024 - 15:34
«Ныжэбэ жэщым творчествэм и хьэзабым сиукIауэ зысхуэгъэхъеижыркъым!.. - жи усакIуэ гуэрым. – Хъуну зы сатыри схуэтхакъым...» Уи фэр изых, узыукI творчествэм и хьэзаб зэрыщымыIэр имыщIэу, гъэщIэгъуэнщ абы усэ зэритх щIыкIэр?! Апхуэдэ хьэзаб къыщыунэхур, къыщыптехуэр – творчествэр щыщымыIэм и дежщ, птхыр Iэпэм къыщыщIэпфыкIырщ. Творчествэми зрахулIэркъым, езым урехулIэ; къыздикIари къыздихуари къыпхуэмыщIэрэ бгъэщIэгъуэжу (усакIуэшхуэм: «Ай да Пушкин, ай да молодец!..» жыхуиIа щытыкIэр къыпхуэкIуэу), гумрэ псэмрэ щызэтрихьа уи гурыщIэр, псынэпс къабзэу къишкIурыкIрэ псалъэхэм (гупсысэхэм) улъэщIэмыхьэу, къыбокIутыкI… Творчествэм и хьэзаб щыIэр нэгъуэщIщ, абы нэхърэ нэхъ хьэзаб IэфIи гъуэтыгъуейщ, сыту жыпIэмэ къэбгъэщIа-къохъулIа фIыгъуэ-фор, бжьэм хуэдэу гугъу уехьу, дэни къыхыбохри…
* * *
Поэзие нэсыр – убыдыпIэншэу инщ, лъагэщ, куущ, уи щхьэм къимытIасэ Iэджэр абы хэлъхьэжи, ар зищIысыр игъащIэкIи къыпхуэмыщIэну апхуэдэщ. ИкIи а поэзием – дзыгъуэ гъуанэ дихьа къэмынэу – хищIыкI и гугъэу къутыргъэну дэпсэлъей-къепсэлъэхым шэс сихьэфынущ зыгуэр зэрилажьэмкIэ.
* * *
ПыIэгъуэ щумыгъуэтыж мы дуней зэрыхьзэрий-пыIэзыфIэхьым цIыхугъэ зиIэр, гущIэгъу зыхэлъыр къэзыгъэувыIэ, зыгъэгулэз, зыгъэгупсысэ Iуэху сыIууати, си гур къыхэузыкIащ… ИкIи абы сигу къигъэкIыжащ, си фIэщи ищIащ иджыри дунейм сызэрытетыр, иджыри сызэрыпсэур, гу щIыIэ-псэ щIыIэ сызэрымыхъуар.
* * *
Псалъэмрэ музыкэмрэ щызэпыхьэ нэзырщ поэзием и хэщIапIэр. А нэзыр къэпхутэфмэ – уусакIуэщ.
* * *
Сыт хуэдэ художественнэ произведенэми цIыхуфIым – и гур, и псэр фIым къыхуигъэушрэ иузэщIу – къыхихынур дахагъэщ, фIагъыу хэлъырщ, цIыху Iейм гу зылъитэнур а произведенэм и щыщIэныгъэхэрщ; аращ-тIэ, цIыхур я дуней тетыкIэкIэ бжьэрэ блэуэ зэхэбдзмэ, зым а удз гъэгъа дыдэм къыхихынур фощ, адрейм – щхъухьщ.
* * *
Талантыр – Тхьэм и натIэ къритхауэ – цIыхум къыдалъхуу жаIэ, ауэ ар пцIыщ. ЗыкъызыфIэщIыжахэм абыкIэ я щхьэр къагъэпцIэж-трагъэужу аращ. Творчествэр цIыхум и лъым хэтщ – апхуэдэу къегъэщI. Ауэ, абы зиужьын папщIэ, ар езыгъэжьэн къарурэ акъылрэ уиIэн хуейуэ аркъудейщ; талантыр къыщыкъуэкIыр иужьыжкIэщ, ар къыщыкъуэкIынури уи щIэныгъэ-зэхэщIыкIым, уи ерыщыгъэм, нэгъуэщI куэдми елъытащ.
* * *
Творчествэм ехьэлIауэ: Уи гущIэр къэптIэщIкIэ – дыщэ кIанэ къыпхущIэхынукъым, япэщIыкIэ щIэныгъэ-фIыгъуэр мыщIэ цIыкIу зырызурэ уи псэм щыхыумысамэ.