23 июля, 2024 - 09:43

Ибсен Генрик и цIэр къыщипIуэкIэ, япэу уигу къэкIыж пьесэщ иджыблагъэ «Принт-Центр» тедзапIэм адыгэбзэкIэ къыщыдэкIа «Къупщхьэгуащэ унэр». Дызэрыт илъэсым тхыгъэ цIэрыIуэр тхакIуэм и къалэмыпэм къызэрыщIэкIрэ илъэси 145-рэ ирокъу. Пьесэр адыгэбзэм къригъэзэгъащ тхакIуэ, журналист Чэрим Марианнэ.
Чеховым и еплъыкIэм тепщIыхьмэ, пьесэфIым укъеджэмэ зэфIэкIащ, и мыхьэнэр тхылъми къипхыфынущ. Ауэ театрым и узэщIыкIэ къарум абы къыхилъхьэр зыхуэдизыр псалъэми къыхуэIуэтэнукъым. Артист Iэзэм хузэфIокI тхылъым ит хьэрф гъущэм псэ къыхигъэхьэну, тхакIуэмрэ тхылъеджэмрэ я зэхуакум дэт блыныр дихыу, и щхьэм щIигъэгупсысыжыну.
«Къупщхьэгуащэ унэм» и зэхэлъыкIэр Ибсен игу къэзыгъэкIар езым и лъэпкъэгъу, норвег тхакIуэ Килер Лаурэщ, лъабжьэ хуэхъуари абы и унагъуэм къыщыхъуа Iуэхущ. И щхьэгъусэм тхьэмбыл уз къеуэлIа нэужь, абы зыкъримыгъащIэу, Лаурэ ахъшэ щIыхуэ къищтэщ, Италием ишэри, щIыпIэ хуабэм узыр щыкIэригъэхуащ. Норвегием здэкIуэжым, зэщхьэгъусэхэр Мюнхен щыпсэу Ибсенхэ я деж еблэгъати, Лаурэ и щэхур тхакIуэм и щхьэгъусэ Сюзаннэ хуиIуэтат. Ауэрэ хэхъуэкIэ ахъшэ зыпшын цIыхубзым ар кIуэ пэтми къызэрытехьэлъэм нэмыщI, Iэ зыщIидза дэфтэр нэпцI утыку къохьэри, иджы узынша хъужа лIым и фызыр ирегъэкIыж, сабийхэри къытрех. ЛIыр щIегъуэжу унагъуэр зэрыгъуэтыжын и пэ, Лаурэ и псэм хьэзабышхуэ ишэчащ, зи акъыл зыфIэкIуэдахэр щагъэхъуж сымаджэщым нэгъунэ щIэлъын хуей хъууэ.
«ЦIыхубзым и щхьэгъусэм имыщIэу ахъшэ щIыхуэ къищтэ хъуну?» «ФIыуэ плъагъур къебгъэлыну къыпхуэзымыдэ къэрал хабзэ щIыщыIэн хуейр сыт?» Апхуэдэ упщIэхэр ткIийуэ щагъэув «Къупщхьэгуащэ унэм». Драмэм и пэм езым нэхърэ нэхъ насыпыфIэ дунейм темыту къызыщыхъуж Норэ, ар екIуэкIыху и гупсысэкIэми, гъащIэр зэрызыхищIэми зехъуэж, балигъ мэхъу. И щхьэгъусэ къалэнхэр нэгъэсыпауэ зэригъэзащIэм шэч къызэрытримыхьэрт ар насыпыфIэ зыщIыр. Ауэ къэмыланджэ блыну къыкъуэту зыхуигъэфащэ и лIым и сурэт дыдэр гъэунэхупIэ дакъикъэм къызэрыщIигъэщу, Норэ и унагъуэ насыпыр дыдж къыIурохъухь, уеблэмэ и сабийхэми яхуемыплъэкIыжыххэ мэхъу. Пьесэм и кIыхьагъкIэ Ибсен Iэзащэу щызэблегъэкI и анэр зэрихьэжын, и дэлъху цIыкIуитIыр къигъэтэджын папщIэ, фIыуэ имылъагъу цIыхум дэкIуа, жэуаплыныгъэм и IумпIэр зэи къэзымыгъэлалэ Кристинэрэ, лэжьыгъэм къыпэрымыкI пэтми, гъащIэм и теплъэм щхьэдэмыплъыхыф, и купщIэм нэмыплъысыф Хелмэр Торвэлдрэ. «Сыт гъащIэм щынэхъапэр? ФIыуэ плъагъум папщIэ уигу тебгъахуэр езым уи нэкIум къридзэжмэ, сыт а лъагъуныгъэм и мыхьэнэр?» – къоупщI хуэдэщ Ибсен.
«Къупщхьэгуащэ унэр» щатха 1879 гъэр цIыхубзхэр нэхъыбэу унэм щыщIэс, лэжьэнуи еджэнуи хуитыныгъэшхуэ щамыIа лъэхъэнэщ. ИтIани, бзылъхугъэхэм я щхьэ кърагъэIэтын, абыхэм зыужьыныгъэ иратын гукъыдэж зиIэхэм я гум къишхыдыкIауэ жаIэ щхьэкIэ, цIыхубзыр зыхуимыт щыщымыIэж нобэрей дунейми Ибсен и пьесэм и уасэр щехуэхакъым, и мыхьэнэри аркъудейм деж щиухыу жыпIэныр захуагъэкъым. ГурыIуэгъуэщ цIыхубз къалэным сабий пIынымрэ лIыр арэзы щIынымрэ деж къызэрыщыщIидзэр. Ауэ гъащIэр аркъудейм деж щиухыркъым, и мыхьэнэри лъхуэн-пIэнымкIэ къэтхъыхьакъым. И щхьэгъусэр узым къыIэщIихын, и псэм еджэу телъ и адэм игу химыгъэщIын щхьэкIэ, къэрал хабзэм зы IэщIэдз нэпцIкIэ ебэкъуа Норэ зэуэ къыгуроIуэ апхуэдизу зыщIигъэлIэжа псэукIэм и сурэт щIэращIэр зэрыкунэфыр. Зэштегъэунымрэ зыкъихынымрэ тебгъэкIуэдэн ахъшэ къызэрыблэжьыф къудейм гъащIэр щыз ищIрэ? Аркъудейра цIыхур цIыхукIэ щIызэджэжыр? Норэ иджыри къэс насыпу къилъыта, «ахъшэ куэд Iей къыщыпхэхъуэ» гъащIэр гува-щIэхами езыми къызэрелъэпэуэжынур наIуэ къыщохъури, зыкъещIэж. «Уэ мы унэм ущымынасыпыфIар пэжуи?!» - жиIэу къыщIэгубжьэ и лIым жэуап гущIэгъуншэ щIритри аращ: «СынасыпыфIакъым! Нэжэгужэу сыщытагъэнщ. Уэ сыт щыгъуи укъысхуэгуапэт, укъысхуэбзэIэфIт. Ди унэр сабий пэшышхуэ хуэдэт зэрыщыту. Сэ сыуикъупщхьэгуащэт, си дыщым сыщыпсэуху си адэм ипхъу-къупщхьэгуащэу сызэрыщытам хуэдэ дыдэу. Сабийхэр сэ езым си гуащэ цIыкIуу арат. СфIэфIт укъызэрыздэджэгур, абыхэм сэ сазэрыдэджэгур зэрафIэфым хуэдэу. Арат ди унагъуэ хъужыр, Торвэлд».
Зэманым и къэухьым зэрыщхьэпрыкIам хуэдэкъабзэу, «Къупщхьэгуащэ унэр» зэпхьэлIэфынур Норвегием щыщ унагъуэхэм я закъуэкъым. Пэжымрэ пцIымрэ, пщэрылъымрэ щхьэзыфIэфIагъымрэ, хабзэмрэ гущIэгъумрэ щызэпэщIегъэувэ Ибсен мы тхыгъэм. Щыхьэт узыхуищIа гъащIэ пычыгъуэм ухелъасэри, хужь-фIыцIэ гупсысэкIэм емызэгъ Iуэху еплъыкIэр къегъэубэлэц. Аракъэ-тIэ театрым и къалэныр? Батэ щыдгъэшу къытфIэщI ди гъащIэ жэрыжэм гулъэф иридзу, дызригъэгупсысыжыныр, «мы сэ лIыгъэу къысфIэщIымкIэ лей зезмыхьэу пIэрэ» жытIэу, дызригъэупщIыжыныр аракъэ?! «Къупщхьэгуащэ унэр» иджы адыгэбзэкIэ зэрыщыIэр узыщыгуфIыкIыпхъэ хъыбару къыщIэтлъытэри аращ. Дыщогугъ адыгэ театрым е кином пьесэ цIэрыIуэм и адыгэбзэр здынэсыр дгъэунэхуну Iэмал къыдитыну.
Къудей Iэминэ.