30 июля, 2024 - 09:44
Ди тхыдэм уриплъэжмэ, зэман-зэманкIэрэ абы къыхэкIащ зи цIэр фIыкIэ жыжьэ нэIуса цIыху куэд. Абыхэм яхэтащ зауэлI хахуэхэмрэ дзэпщ IэкIуэлъакIуэхэмрэ, политик Iэзэхэмрэ хэкулI щыпкъэхэмрэ, лъэпкъыр фIым хуэзэным щIэбэн узэщIакIуэхэмрэ лъэпкъыбзэм и IэфIыр щIым и гулъым хуэдэу къэзыгъазэ усакIуэхэмрэ. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ КIыщокъуэ Пщымахуэ и къуэ Алими – усакIуэ икIи прозаик щэджащэр.
КIыщокъуэр 1914 гъэм бадзэуэгъуэм и 22-м Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ. 1926 гъэм Алим Бахъсэн дэт школ-интернатым щеджэну ягъакIуэ. Абы щыгъуэ Iустаз къыщыхуохъур Къэбэрдей псор зэрыгушхуэ усакIуэ телъыджэ ЩоджэнцIыкIу Алийрэ абы и ныбжьэгъуфI ЛIыгъур Ибрэхьимрэ. 1931 гъэм щегъэжьауэ Алим щоджэ Владикавказ дэт пединститутым, щIэныгъэ нэхъыщхьэ игъуэтауэ 1935 гъэм къокIуэжри, адыгэбзэрэ урысыбзэрэ иригъаджэу Налшык щолажьэ. ИужькIэ ар Москва макIуэ, аспирантурэм щеджэну. АрщхьэкIэ илъэс нэхъ дэмыкIыу къигъэзэжын хуей мэхъу. Езым зэритхыжымкIэ: «Унэм зым нэхърэ зыр нэхъ цIыкIуу шыпхъуитхур щIэст. Ахэр егъэджэн хуейт. Си анэм и закъуэ абы пэлъэщынт? Езы унэ дызыщIэсри щIыбышэ хъуат, къэуэпэнкIэ уигъэшынэу… Къуэш нэхъыжьми дзэм къулыкъу щищIэрт. Арати, унагъуэ Iуэхум сыпэрыувэн хуей хъуащ».
1938 гъэм КIыщокъуэ Алим Налшык дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым унафэщIу ягъэув. Мазэ бжыгъэ нэужьым абы къыIуашри дзэм ягъакIуэ.
1941 гъэм КIыщокъуэм и япэ усэ тхылъыр къыдокI, ауэ, Хэку зауэшхуэр къохъейри, а тхылъым щыгуфIыкIын хунэмысауэ Алим фронтым Iуохьэ.
Япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ текIуэныгъэр къэтхьыху КIыщокъуэр псэемыблэжу зэуапIэм Iутащ. Ар щытащ ротэм и командиру, итIанэ 115-нэ шу дивизэм хагъэхьэ. Нэхъ иужькIэ, СССР-м и ТхакIуэхэм я союзым зэрыхэтыр къалъытэри, ар «Сын Отечества» газетым къулыкъу щищIэну ягъакIуэ. Хэку зауэшхуэм Алим къикIыжащ майору, зэрихьа лIыгъэм къыпэкIуа орден, медаль зыбжанэ и бгъэм хэлъу.
ЗауэлI IэнатIэр къиухыу и унэ къигъэзэжа нэужьи, ар и псэм хэлъ литературэм и гур утIыпщауэ хуэлэжьэну хущIыхьэркъым: республикэр хуэныкъуэт зауэм зэтрикъутахэр къэзыIэтыжын цIыху щыпкъэхэм. А лъэхъэнэм КIыщокъуэр ягъэув Къэбэрдей АССР-м щIэныгъэ IуэхухэмкIэ и наркому (министру). Илъэс зытIущ докIри, ар къулыкъукIэ драгъэкIуэтей – партым и обкомым идеологиемкIэ и секретару хах. Апхуэдэ лэжьыгъэшхуэм зыкъыдэбгъахуэу утхэну, дауи, тынштэкъым. ИтIани абы усэщIэхэр етх, тхылъи къыдегъэкI, зэрыхулъэкIкIэ къэрал-парт къулыкъумрэ творчествэмрэ зэдехь. 1950 гъэм Алим Москва макIуэ аспирантурэм щеджэну икIи а зэманым и Iэзагъымрэ щIэныгъэмрэ емызэшыжу хегъахъуэ, тхыдэм, бзэм, эстетикэм теухуауэ куэд зрегъащIэ, тхэнми нэхъ зретыж.
1953 гъэм КIыщокъуэр ди республикэм къашэжри, Министрхэм я Советым и тхьэмадэ къуэдзэ ящI.
Шэч хэмылъу, зыIута IэнатIэшхуэхэм я фIыгъэкIэ, тхакIуэм гъащIэм нэхъыбэ хищIыкIи хъуащ, ар цIыху куэдми яIущIащ, абы куэди къилъэгъуащ. Ауэ литературэм зыкIи емыхьэлIа лэжьыгъэ хьэлъэм къаруушхуэ тригъэкIуадэрти, ар зэран хуэмыхъуу къанэртэкъым.
Алим тхэну Iэмал нэхъ щигъуэтар 1959 гъэм КъБССР-м и ТхакIуэхэм я союзым и тхьэмадэу хаха нэужьщ. Пэжщ, а зэманым ирихьэлIэу КIыщокъуэм усэ тхылъ зыбжанэ къыдигъэкIат, «Хъуэпсэгъуэ нур» романри и кIэм нигъэблэгъат. Апхуэдэу щытми, парт-къэрал къулыкъухэм къыпэрыкIа иужькIэщ адыгэ усакIуэшхуэм и зэчийм нэхъ зригъэшэщIыну къыщехъулIар.
ПIалъэ докIри, КIыщокъуэр СССР-м, РСФСР-м я ТхакIуэхэм я союзым и секретару хах икIи Москва щыпсэуну Iэпхъуэн хуей мэхъу.
1971 гъэм Алим ягъэув СССР-м и Литературэ фондым и тхьэмадэу. Абы а къулыкъу иныр зэрехьэ къэралышхуэр зэтезыгъэщэхэжа перестройкэм щIидзэху.
И псэр пытыху, зэрыжаIэу, Алим и гур творчествэм етауэ щытащ. Иужь илъэсхэм абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ усэу, прозэу тхыгъэ купщIафIэ тхылъ зыбжанэ. И ныбжьыр илъэс 87-м иту 2001 гъэм щIышылэм и 29-м Алим дунейм ехыжащ.
Езым къигъэна и уэсятым ипкъ иткIэ, ар Москва кърашыжри и къуажэкхъэм, и адэ-анэр, и къуэшыр зыщIэлъым, щыщIалъхьэжащ.
Зауэм лIыгъэу щызэрихьамрэ мамыр лэжьыгъэм къыщигъэлъэгъуа зэфIэкIымрэ папщIэ Алим къэрал дамыгъэ куэд къыхуагъэфэщащ. Абыхэм яхэтщ Вагъуэ Плъыжь орденыр, Хэку зауэшхуэ орденым и I, II нагъыщэхэр, Октябрь Революцэм и орденыр, Ленин орденыр. 1964 гъэм КIыщокъуэм къыфIащащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ цIэ лъапIэр. Ар Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьщ. Апхуэдэу Алим къыхуагъэфэщащ Горький Максим и цIэкIэ щыIэ Къэрал саугъэтымрэ КъБР-м и Къэрал саугъэтымрэ. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым, РСФСР-м, СССР-м я Совет Нэхъыщхьэхэм я цIыхубэ депутату зыбжанэрэ щытащ.
Гъут Iэдэм.