13 августа, 2024 - 13:59
Къэбэрдейм я пщышхуэ Идар Темрыкъуэ пхъуищ иIащ: Алътыншаш, Мэлхъурыб, Гуащэнэ. Щыми лъэпкъым и тхыдэм увыпIэ щхьэхуэ щаубыдащ.
Алътыншаш Темрыкъуэ ипхъу нэхъыжьщ. Ар Астрэхъан дэса нэгъуеипщым и къуэ Бекбулат и щхьэгъусащ. Астрэхъан нэгъуейхэм я хэкумрэ Къэбэрдеймрэ зэгъунэгъуащ, я гъунапкъэ зэпыхьэу. Темрыкъуэ ипхъу нэхъыжьыр нэгъуей пщышхуэм и къуэм щIритам щхьэусыгъуэ иIэт: нэгъуейхэр дзей къищIын щхьэкIэщ.
Астрэхъан Урысей къэралыгъуэм хагъэхьа нэужь (1556 гъэм), Бекбулатрэ Алътыншашрэ Ока псым и Iуфэм Iус Къасым хъаныгъуэр къратащ: Темрыкъуэ и малъхъэр, Бекбулат, абы тепщэ (хъан) щыхъуащ. Бекбулат лIа нэужь, абы и къуэ Саин-Булат Мэзкуу яшэри, урыс пащтыхь тахътэр дзыхь къыхуащIащ. Темрыкъуэ и пхъурылъхур (чыристан диным ихьа нэужь, Симеон Бекбулатович зыфIащар) урыс пащтыхь тахътэм тесащ илъэситIкIэ – 1574-1576 гъэхэм.
Индылрэ Уралрэ я зэхуаку дэсащ НэгъуеишхуэкIэ зэджэ хъаныгъуэр, Iэпхъуэшапхъуэу. Нэгъуеишхуэм я хъан Измаил и къуэ Тинахъмэт и щхьэгъусащ Темрыкъуэ ипхъу курытыр – Мэлхъурыб. Измаил лIа нэужь, Нэгъуеишхуэм я тепщэ хъуащ абы и къуэ Тинахъмэт - Темрыкъуэ и малъхъэр.
Урысеймрэ Нэгъуеишхуэмрэ нэхъри благъэ зэхуэхъуащ иужькIэ – Тинахъмэт и щхьэгъусэр, Мэлхъуруб, урыс пащтыхь гуащэ Марие и шыпхъут: я адэм и жыIэм фIэкIакъым тIури - Урысейр, Къэбэрдейр, Нэгъуеишхуэр нэхъри зэрыубыдын щхьэкIэ, яхузэфIэкI къагъэнакъым.
Урысей пащтыхь Иван и япэ щхьэгъусэ Анастасие лIа нэужь, абы дэкIуауэ щытащ Идар Темрыкъуэ ипхъу нэхъыщIэ Гуащэнэ. Чыристан диныр къищта нэужь, Гуащэнэ Марие къыфIащащ. 1561 гъэм щыщIэдзауэ Темрыкъуэ и пхъур Урысейм я пащтыхь гуащэ хъуащ, а цIэр зэрихьащ дунейм тетыху. Зы бынщ Марие иIар (Василий зыфIаща щIалэ цIыкIур), ари сабийуэ 1563 гъэм дунейм ехыжащ. Пащтыхь гуащэ Черкасская Марие Мэзкуу Кремлым (Спасскэ куэбжэм пэмыжыжьэу) дэта Вознесенскэ цIыхубз къулъшырыфым щыщIалъхьащ.
Темрыкъуэ и пхъур урыс пащтыхьым зэрыритам Къэбэрдейми Урысейми я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ, абы нэхъри благъэ зэхуищIащ 1557 гъэм зэгухьауэ щыта къэралитIыр.
Урыс пащтыхьым Марие тыгъэ къыхуищIауэ щыта дыщэ фалъэр Кремлым дэт оружейнэ палатэм щахъумэ. Абы мыпхуэдэ псалъэ тетщ: «1561 гъэм и гъэмахуэм тхьэм и нэфI зыщыхуауэ Урысей псом я пащтыхь, пщышхуэ Иоанн Васильевич пащтыхь гуащэ Марие хуригъэщIащ мы фалъэр».
Килограммищ хъу дыщэ фалъэр Иван Марие щритар абыхэм я хьэгъуэлIыгъуэр щекIуэкIа махуэрщ, ар урыс дыщэкI IэщIагъэм и хъугъуэфIыгъуэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм хабжэ.
Урыс тхыдэм нэмыщI, Темрыкъуэ ипхъу Марие и цIэр къыхэнащ урыс IуэрыIуатэми: абы щыгъунэжщ къэбэрдей пщыпхъу, урысей пащтыхь гуащэ Идар Гуащэнэ (Марие) теухуа уэрэдхэр, хъыбархэр.