25 августа, 2024 - 09:27
Узыпэрыт IэнатIэр уи псэм къыдыхьэмэ, абы къалэн къыпщищI лэжьыгъэр къыптемыхьэлъэу икIи уехъулIэу епхьэкIынущ. Илъэс 30 ипэкIэ дохутыр IэщIагъэр къыхихауэ щытащ Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм щыщ Къумыкъу Анфисэ. Абы лъандэрэ щыщIегъуэжа зы махуи къыхуимыхуауэ зыхэт гупми зэIэзэхэми я деж и пщIэр щылъагэу жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ Iуэхур ирехьэкI.
1984 гъэм курыт школыр къиухри, ар щIэтIысхьауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ къудамэм. Абы щызригъэгъуэта щIэныгъэ нэхъыщхьэр щыщIригъэубыдэж илъэс лэжьыгъэр, интернатурэр, Къумыкъум щрихьэкIауэ щытащ Бахъсэн район сымаджэщым.
- А илъэсыр есхьэкIащ зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI, сымаджэщым и кардиологие къудамэм и унафэщIу лажьэ Бырхьэм Анатолэ и нэIэм щIэту, - жеIэ Анфисэ. - Бырхьэмыр зыхэт гупым я дежкIэ сыткIи щапхъэт: и лэжьыгъэ зехьэкIэкIи, и цIыхугъэкIи. Зи унафэщI къудамэм щекIуэкIыр ищIэрт, лэжьыгъэр сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщ зэрищIыным хущIэкъурт. Дэтхэнэми IуэхукIи чэнджэщкIи дэIэпыкъуэгъу яхуэхъурт. Дохутыр IэщIагъэр къыхэзыха щIалэгъуалэ куэди гъуэгу захуэ тригъэуващ абы. Сэри куэдым сыхуигъэсащ Анатолэ, IэщIагъэм и «щэхухэр» япэу къысхузэIузыхар аращ.
- Анфисэ, лэжьыгъэм хэпча япэ лъэбакъуэхэр нобэ сыт хуэдэу уи нэгу къыщIыхьэжрэ?
- Интернатурэ нэужьым Зеикъуэ дэт сымаджэщым лэжьэн щыщIэздзащ. Абы и дохутыр нэхъыщхьэр Бгъэжьнокъуэ Светланэт. А бзылъхугъэм зи унафэщI IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр нэгъэсауэ зэтриухуауэ екIуэкIырт, сымаджэщым и цIэр республикэ псом фIыкIэ щыIуат. Щылажьэ гупрати, Iэзагъышхуэ зыхэлъ IэщIагъэлIхэт, дэтхэнэми и къалэныр жэуаплыныгъэ пылъу зэфIихыу. Гуапэу къыспыкъуэкIахэщ, псом хуэмыдэу сахуэарэзыщ нэхъыжьхэм. Илъэс щэщI хъуауэ а гуп зэкъуэтым сазэрыдэлажьэм сропагэ икIи си щхьэр лъагэу сегъэлъагъуж.
Япэу участковэ терапевту лэжьэн езгъэжьащ, иужькIэ неврологием сыхуеджэжри, а унэтIыныгъэмкIэ IэнатIэм сыпэрытащ. Илъэсищ ипэкIэ сымаджэщым паллиативнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ къудамэ къыщызэIуахащ. Мы зэманым абы и унафэщI къалэныр изохьэкI.
- Къудамэм и лэжьыгъэр нэхъ зытегъэпсыхьар сыт?
- Дэ ди нэIэм щIэтыр яхуэмыгъэхъужын узыфэхэр зыпкърыт сымаджэхэрщ. Паллиативнэ дэIэпыкъуныгъэм зегъэужьыныр узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ. Къапщтэмэ, дызыхуэныкъуэ IэмэпсымэхэмкIэ дыкъызэгъэпэщащ, сымаджэхэм я унэм дызэрыкIуэн машинэ диIэщ. Махуэм къриубыдэу цIыху зыбжанэм я деж докIуэ, я узыр зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми ящхьэщытхын папщIэ тхузэфIэкIыр яхудощIэ. КъищынэмыщIауэ, ди нэIэм щIэт сымаджэхэм махуэ къэскIэ я щытыкIэр зыхуэдэм телефонкIэ зыщыдогъэгъуазэ. Нэхъыбэу дызыкIэлъыплъ сымаджэхэр лышх, инсульт, тхым епха узыфэхэр зиIэрщ, яхэтщ зи щIылъэныкъуэр къызыдэмыбзыжхэр, зи лъакъуэр къыщIэмыувэжхэр.
- Анфисэ, медицинэр къыхэзых щIалэгъуалэм сыт хуэдэ псалъэхэмкIэ захуэбгъэзэнт?
- Дохутыр IэщIагъэр гугъущ, гуащIэшхуэрэ къаруушхуэрэ зытекIуадэ лэжьыгъэщ. А IэщIагъэм ущрилэжьэфынур ар гукIи псэкIи къыхэпхауэ щытмэщ, абы щыгъуэщ сымаджэм и узыр зэрыщхьэщыпхам къуит гупсэхугъуэр щызыхэпщIэфынур. Лэжьыгъэ узыпэрытым гупсэхугъуэ къуимытмэ, ар уи IэщIагъэкъым, уи псэм бэлыхь зэрытеплъхьэжым къищынэмыщIауэ, узэпэрыт Iуэхуми сэбэпынагъ лъэпкъ ущиIэнукъым. Уемызэшу щIэ гуэр къызэрыпщIэным ухущIэкъун хуейщ, иджырей технологиехэр щыпэрыт зэманым медицинэм зыужьыныгъэшхуэхэр щокIуэкI, IэнатIэм ехъулIэныгъэ ущиIэн папщIэ, щIэныгъэм, Iэзагъэм зэпыу имыIэу хэбгъэхъуапхъэщ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэжращи, цIыху гуапэу, щабэу ущытыфын хуейщ, узым тэмакъкIэщI ищIа сымаджэр япэу зыхуэныкъуэр гугъэ къезытыж дохутырым къыбгъэдэкI псалъэ дахэхэрщ. ЗэрыжаIэу, сымаджэм и узыр псалъэ къудейкIэ щхьэщыпхыфу щытын хуейщ. Мис а псоми ухуэхьэзырмэ, укъимыкIуэту дохутыр IэщIагъэр зэбгъэгъуэт хъунущ. Сэ шэч къытесхьэркъым нобэрей ди щIалэгъуалэм зи цIэр фIыкIэ зэхэтхын IэщIагъэлI нэсхэр къазэрыхэкIынум.