3 сентября, 2024 - 09:02
Ди республикэм и юриспруденцием и тхыдэм хэмыгъуэщэжын лъэужь къыхинащ, а IэнатIэм и гуащIэшхуэ ирихьэлIащ ДзыхьмыщI Батыр Хьэжбий и къуэм (7.05.1912 - 9.10.1960 гъгъ.). Жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ къалэным ар зэрехъулIам тетхыхьыжащ Мамхэгъ Астемыр.
Дзэ къулыкъум къыпэрыкIыжа нэужь, 1947 гъэм щегъэжьауэ ДзыхьмыщI Батыр лэжьащ КъБАССР-м и МВД-м и къудамэм и унафэщIу. АдэкIэ, Москва дэт, Союзпсо юридическэ институтыр къиухри, 1952 гъэм ар ягъэуващ КъБАССР-м юстицэмкIэ и министру икIи а къулыкъум пэрытащ 1956 гъэ пщIондэ – республикэм юстицэмкIэ и министерствэр зэхуащIыжыху. А илъэсым щегъэжьауэ ар лэжьащ республикэм и МВД-м и министрым и къуэдзэу, 1958 гъэм и накъыгъэ мазэм къыщыщIэдзауэ псэухукIэ ар щытащ КъБАССР-м и прокурору.
«ЩIыналъэм и хабзэхъумэ IэнатIэхэм жэуаплыныгъэ зыпылъ, зэрыжаIэу, къулыкъу ткIийхэр щезыхьэкI Батыр цIыху щабэу, зэпIэзэрыту къызэтенэжат. И щэныфIагъым, акъылыфIагъым къыдэкIуэуи, гуащIэшхуэ хэлът абы. ЗэфIэкI зиIэт, лэжьакIуэ емызэшыжт, хабзэм и щхьэщыжакIуэ нэст. Сыт хуэдэ лэжьыгъэ пэрымытами, пщэрылъ къыщащI къалэнымкIэ парт жэуаплыныгъэр зэрихьыр зыхищIэу нэгъэсауэ зэфIихырт...», - къыщыхощ томитI хъу, «След на земле» тхылъыр зэхэзыгъэува Къардэн Iэбубэ а къыдэкIыгъуэм и япэ Iыхьэм ДзыхьмыщI Батыр теухуауэ иригъэува очеркым.
И дуней тетыкIэкIэ, и Iуэху зехьэкIэкIэ ДзыхьмыщI Батыр къилэжьат цIыхум я пщIэри, я лъагъуныгъэри. Пщэрылъ къыщащI сыт хуэдэ лэжьыгъэри нэгъэсауэ зэрызэфIихым папщIэ ар 1952 гъэм щегъэжьауэ мызэ-мытIэу КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым хагъэхьащ, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм зэхуэсыгъуитIкIэ и депутату щытащ.
Зи IэщIагъэм фIы дыдэу хэзыщIыкI IэщIагъэлI нэс, цIыху щэныфIэ икIи щыпкъэ, ныбжьэгъухэми къэзыцIыхухэми фIыуэ ялъагъу ДзыхьмыщI Батыр 1960 гъэм жэпуэгъуэм и 9-м зэуэзэпсэу дунейм ехыжащ. Ар гъунэгъуу зыцIыхуа дэтхэнэми ягу къызэринар гулъытэ зиIэ, пэжагъыр зыгъэнэхъапэ, гущIэгъу зыхэлъ цIыхуущ. Ар зигу къэзыгъэкIыж дэтхэнэми я псалъэхэм нэщхъейуэ дыщIагъужырт: «Ар ящыщт гъащIэ кIыхь зимыIэхэм».
«Ди адэр къыхиха Iуэхум хуэпэжу, псэ хьэлэлкIэ зэрыпэрытарщ жылагъуэм я пщIэр къыхуэзыхьар, абы ирихьэкIа къулыкъу зыхуэмыдэхэри и щыхьэтщ ар Iэзагъышхуэ зыхэлъ IэщIагъэлIу зэрыщытами. ЗыцIыхуу щыта псоми жаIэрт ар зи псалъэм тебгъуэтыж цIыхуу зэрыщытар, апхуэдэуи зи гугъу ищI Iуэхум хьэкъыпIэкIэ щыгъуазэу щытмэ, абыи къыпхутешынутэкъым. Ар сытым дежи республикэм и жылагъуэ гъащIэм и кууупIэм хэтащ. Ди адэр цIыху зэIухат, сытым дежи бгъэдыхьэпIэ къыхуэбгъуэтыфынут, хьэлэлт. Абы и лэжьапIэ пэшым, лъэIуи зэгурыIуэ кIыхьи хэмыту, хэти тыншу щIыхьэфырт. ИIыгъа къулыкъу лъагэми къызыфIигъэщIыжатэкъым ар. Я къулыкъукIэ цIыху зэхэгъэжи ищIыртэкъым, дэтхэнэ зыри езым зыхуигъадэут зэрепсэлъылIэр, - игу къегъэкIыж Батыр и къуэ нэхъыжь Мухьэмэд. - ЛIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуащ си адэр къызэрытщхьэщымытыжрэ. Ауэ ар си нэгум щIэтщ и щIалэгъуэ дахэу, зэпIэзэрыту, гуапэу, нэжэгужэу, зихуэдэ щымыIэ абы и гуфIэкIэ удэзыхьэхыр и нэкIум къищу. Быным адэ-анэр зыгуэркIэ игъэкъуэншэну къытехуэркъым жаIэ. Ауэ сэ шэч къытесхьэркъым абыхэм я хеящIэ нэхъ ткIий дыдэр я бынхэрауэ зэрыщытым. Куэдым къахуихуэркъым а «къэпщытэныгъэм» пхрыкIыфын. Абы и лъэныкъуэкIэ ди адэр и бынхэмкIэ, сэркIэ, си шыпхъухэу Лизэрэ ЗитэкIэ, си къуэш РусланкIэ (ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди адэм хуэдэу игъуэ нэмысу, и ныбжьыр илъэс 46-м иту ар дунейм ехыжащ), ди гъащIэ псокIэ гъуэгугъэлъагъуэ вагъуэу, гъуазэу, щапхъэу къытхуэнащ».
«Лъэпкъ куэдым я деж ущрохьэлIэ «батыр» псалъэм, пелуан мыхьэнэр иIэу. ДзыхьмыщI Батыр и теплъэкIэ а псалъэм и мыхьэнэм зыкIи хуэкIуэртэкъым, уеблэмэ IэмащIэлъэмащIэт, нэмысыфIэт, укIытэхт, ауэ гъэщIэгъуэну укъыдихьэхыу, езым и «дзыхьмыщI хьэл» гуэр хэлъыжу цIыху гуакIуэт», - и ныбжьэгъум и щытыкIэм теухуауэ итхат Шортэн Аскэрбий.
Апхуэдэ псалъэ гуапэ куэд хужаIащ ДзыхьмыщIым. Къыдэлэжьахэми, и ныбжьэгъухэми, благъэ-Iыхьлыхэми хужаIэн я мащIэтэкъым. Апхуэдэ гукъэкIыж зыбжанэм фыщыдгъэгъуэзэнщ.
Бабаев СулътIан, КъБАССР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министру щыта: «Лъэпкъ интеллигенцэкIэ зэджэ жылагъуэм и лIыкIуэт ДзыхьмыщI Батыр. Сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэт ар. УщыуэнкIэ умышынэу жыпIэ хъунущ акъылыфIагъымрэ щэныфIагъымрэ абы къыдалъхуауэ зэрыщытар, ар куууэ хэтт абы и лъым. Дэ зэныбжьэгъугъэ быдэ дяку дэлъащ. Иужьрей илъэсхэми унагъуэкIэ дызэкIэлъыкIуэу щытащ».
Мэлбахъуэ Тимборэ, КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и япэ секретару щыта: «Сэ фIыуэ сцIыхурт Батыр, егъэлеяуэ щэныфIагърэ пэжагъэшхуэрэ зыхэлъ цIыхут, абы хуэдэхэр нэхъыбэу диIащэрэт».
ХьэщIэлI Мухьэмэд, КъБАССР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министру щыта: «Гушхуэ зыкIуэцIылъ цIыху дахэт ар. Сэ ар фIыуэ гъунэгъуу зэрысцIыхуам къыхэкIыу, шэч къытезмыхьэу схужыIэнущ захуагъэмрэ пэжыгъэмрэ сытым и дежи и телъхьэу зэрыщытар, хабзэр хъумэн IэнатIэм псэ къабзэкIэ зэрыхуэлэжьар. ХеящIэ ткIийуэ абы гъащIэм щиIащ и напэр, икIи абы къызэрезэгъым хуэдэу, щIэукIытэжын имылэжьу псэуащ».
Къуэкъуей Владимир, ДзыхьмыщI Батыр и шыпхъум и къуэ: «Ди адэр Хэку зауэшхуэм щыхэкIуэдам, Батыр къытщхьэщымытамэ, сэ сызэрыхъунур, си фэм дэкIынур зыхуэдэр хэт ищIэнт. МылъкукIэ сытым дежи зыкъысщIигъэкъуащ, абы и лъэныкъуэкIэ псом хуэмыдэу сыщеджа илъэсхэр къысщигъэпсынщIащ. Гурэ псэкIэ сыт хуэдэ Iуэхури къызэрыздиIыгъар, гъащIэм ущиякIуэшхуэу зэрыщызиIар зыхуэзгъэдэн щыIэкъым. ГъащIэм и гъэунэхуныгъэ нэхъ хьэлъэ дыдэу къыстрилъхьахэм ящыщт игъуэ нэмысу си анэ дэлъхур зэрытхэкIыжар».
ДзыхьмыщI Батыррэ и щхьэгъусэ ФатIимэтрэ (Мэкъуауэхэ япхъущ), зэгъусэу къызэдэгъуэгурыкIуэну къахуиухар мащIэми, унагъуэ дахэу икIи насыпыфIэу зэдэпсэуащ. ФатIимэт и щхьэгъусэм иужькIэ иджыри илъэс 47-кIэ псэужащ, абы и фэеплъ нэхур ихъумэу, я быниплIыр адэм хуэфащэу къэгъэхъунымкIэ хузэфIэкIыр ищIэу. Абыхэм я къуэпсым къыпащэ я къуэрылъху-пхъурылъхуу 9-м, абыхэм я быныжхэу 15-м. Ахэр мэпсэу я адэшхуэ ДзыхьмыщI Батыр и дуней тетыкIар, и IуэхущIафэ дахэхэр гъащIэм гъуазэ щахуэхъуу. КъищынэмыщIауэ, ДзыхьмыщIхэ я лъэпкъри Хьэтуей жылэм щыпсэухэри ирогушхуэ я благъэм, къуажэгъу щыпкъэм и зэфIэкIамрэ и ехъулIэныгъэхэмрэ икIи абы хуэфащэу зэрыщытыным хущIокъухэр.