10 сентября, 2024 - 10:42
Нартхэм унафэ щащIыр хасэрщ. Нарт пшыналъэхэмрэ хъыбархэмрэ я нэхъыбапIэм къызэрыхэщымкIэ, нарт хасэр щызэхыхьэр Алыджхэ я унэрщ. Алыджхэ я унэр нартхэм я кIуапIэщ, санэхуафэ щащI, лIыгъэкIэ цIэрыIуэ хъуа нартым лIыхъужьыбжьэ щрат, жьы хъуар зрашэри Алыджхэ я унэрщ.
Гу лъытэн хуейщ адыгэхэр пасэрей грекхэм алыджкIэ еджэу зэрыщытам. Адыгэ щIыналъэм, псалъэм папщIэ, хы Iуфэм, пасэрей грекхэм къалэ зыбжанэ къращIыхьауэ щытащ, а къалэхэм я къутахуэр нобэ къэсащ. Нэгумэ Шорэ итхыжащ: «Ди лъахэм члисэжь куэд къинащ, ахэр алыджхэм зэраIэужьым шэч хэлъкъым. Апхуэдэ члиситI ущрохьэлIэ Псыжьыщхьэ. Псыжьрэ Тебэрдырэ чырбыш унитI дэтщ; зым шонэкIэ йоджэ, адрейм – хасэ мывэкIэ. «Шонэр» къызытекIар «шу унэ» псалъэхэрщ – «шухэм я унэ» жыхуиIэщ. Абдеж ноби ущрохьэлIэ мывэ шхалъэрэ шы фIэдзапIэрэ. Хасэ мывэм шы лъакъуапIэрэ хьэ лъакъуапIэрэ телъщ. ЗэрыжаIэмкIэ, хасэ мывэр гъуанэщ; къуаншэмрэ захуэмрэ зэхагъэкIын щхьэкIэ, а мывэ гъуанэм ирагъэпщ: къуаншэр, псыгъуэ дыдэми, мывэ гъуанэм ипщыфынукъым; захуэр, гугъу дехьми, мывэ гъуанэм йокI». Нэгумэ Шорэ гу зэрылъитащи, Алыджхэ я унэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ, члисэм (тхьэм и унэм) пасэрей адыгэхэм я деж пщIэ лей зэрыщиIар нэрылъагъущ: къуаншэмрэ захуэмрэ абы щызэхагъэкIыу – тхьэм и пащхьэ зыщаумысыжу щытащ.
Нарт хасэм ущрохьэлIэ нарт цIэрыIуэхэм: Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ, Ашэмэз, Батэрэз, Лъэпщ, Тхьэгъэлэдж, нэгъуэщIхэми; хасэм я тхьэмадэр Нэсрэн ЖьакIэщ. Хасэм унафэ щащI къудейкъым нартхэм: хасэр щызэхыхьэ махуэм нарт щауэхэр шурылъэс мэджэгу, лIыгъэ-шыгъэкIэ зэпоуэ.
«Унэм зыщыгъаси, хасэм кIуэ» – апхуэдэ псалъэжь къызэранэкIащ дяпэ итахэм: хасэм емыкIу къыщыпхь хъунутэкъым, цIыхум узэригъэсар, хабзэрэ нэмысрэ зэрыпхэлъыр къыбдалъагъун хуейт, жылэм я пащхьэ уихьамэ.
* * *
Нарт е пасэрей лIыхъужь тIощIрэ зым я цIэ къыщреIуэ Нэгумэ Шорэ «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм». Сосрыкъуэ и гугъу щищIкIэ, Шорэ етх: «Зэм жаIэ ар мывэм къыкIуэцIахауэ, лъхугъэм илIыкIа и анэм и ныбэм кърахауи щыжаIэ щыIэщ».
Нэгумэм гу лъитащ Цезаррэ Сосрыкъуэрэ я цIэхэри я хъыбархэри зэрызэхэзэрыхьам. «Юлий Цезарь и хъыбар къэсагъэнщ ди деж, – дыкъыщоджэ «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм». – Ар иужьым Сосрыкъуэ и хъыбархэм хэзэрыхьыжащ».
Юлий Цезарь и хъыбархэм я закъуэкъым пасэрей адыгэхэм я деж къэсар: тхыдэр щыхьэт тохъуэ Рим къикIа дзэшхуэ Кавказ Ищхъэрэм къихьауэ зэрыщытам. Пасэрей адыгэхэм къызэранэкIа псалъэжьри щыхьэт тохъуэ абы: «Адыгэм Созар ягъэшщ». Апхуэдэу мы псалъэжьым къыбжеIэ Созар (рим дзэпщым) зэрыпэувын къару пасэрей адыгэхэм зэрабгъэдэлъар.
* * *
Нэгумэ Шорэ зэритхымкIэ, санэхуафэ щащI махуэм нартхэр е пасэрей лIыхъужьхэр я тхьэмадэм деж щызэхуэсырт, вы джэмыдэ яукIырт («вы ехъуар ди нышщ» – дыщрохьэлIэ нарт хъыбархэм), тхьэмадэм и унэм шэху уэздыгъих щыпагъанэрти, тхьэ елъэIурт: «Нобэ нартхэ ди санэхуафэщ», – жаIэурэ. Нартхэм санэхуафэ щащIыр Нартсанэ дежт (аращ «нарзан» псалъэр къызытехъукIыжар – «нарт санэ»). КIахэ адыгэхэм я бзэм «санэ» псалъэм «жызум» мыхьэнэ щиIэщ, жызумым къыщIаху фадэ пIащIэми санэкIэ йоджэ («санэху», «санэплъ»). Пасэрейхэм санэр тхьэхэм я фадэу къалъытэу щытащ, тхьэ щелъэIукIэ санэбжьэ яIэтурэ хъуахъуэ хабзэт. Нартхэм я лъэхъэнэ лъандэрэ
адыгэхэм къадэгъуэгурыкIуащ а хабзэр – санэхуафэр. Пасэрей алыджхэми яхэлъащ апхуэдэ хабзэ: тхьэ щелъэIу махуэм пасэрей алыджхэм, Олимп Iуащхьэм деж щызэхуэсурэ, санэхуафэ ящIу щытащ, санэм (фадэм) и тхьэм хъуэхъубжьэ хуаIэту.
Нэгумэ Шорэ и зэманым адыгэхэм санэхуафэ щащIу щыта нарт псынащхьэм – санэ лъахэм (иджы КисловодсккIэ зэджэм) и хъыбар япэ дыдэ зыгъэIуар Псыхуабэ и Iэхэлъахэм щыса адыгэ къуажэм япщ ХьэтIохъущыкъуэ Исмелщ: нарт псынащхьэм (псы хущхъуэм) и хъыбар абы 1810 гъэм хуиIуэтэгъащ нэмыцэ щIэныгъэлI доктор Гааз, абы лъандэрэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуащ нартхэ я псы хущхъуэр – иджы нарзанкIэ зэджэр.