24 сентября, 2024 - 09:29
«А бзылъхугъэ цIыкIур хьэлкIэ къуршыпсым ещхьщ: е бгыри къырри пхриудынщи, псыхъуэ дахэ хъунщ е псыхъурей куууэ зиубгъунщ. Ар псы игъущыкIыжхэм ящыщкъым», – щетх Нало Заур Лыкъуэжь Нелли и усэхэр иту япэу (2001 гъэм) къыдэкIа «КъапщIийхэр» тхылъым и пэублэм. ИкIи гугъущ Налом иужькIэ а бзылъхугъэм хуэгъэза нэгъуэщI псалъэ дахэ къэбгъуэтыну.
Урысей Федерацэм и тхакIуэхэм я союзым хэт Лыкъуэжь Нелли Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэм (Ислъэмей) къыщалъхуащ. Къуажэм дэт курыт еджапIэр къиуха нэужь, ар щеджащ Налшык дэт техникэ училищэм, Витебск (Белоруссие) щыIэ индустриально-педагогикэ техникумым. Адыгэ литературэм, усыгъэм хэлъхьэныгъэ хуищIыну къызэригъэщIар къызыгурыIуэж Нелли 1985 гъэм щIэтIысхьащ КъБКъУ-м тхыдэмрэ филологиемрэ щадж факультетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм икIи аспирантурэм кIуэну къыхуагъэлъагъуэу хъарзынэу къиухащ. Университетым щыщIэсам Лыкъуэжьым зригъэгъуэтащ бзэщIэныгъэм епха нэгъуэщI IэщIагъи – ар щеджащ цIыхубэ IэщIагъэхэмкIэ факультетым хэту къызэIуаха журналистикэ къудамэм. А лъэхъэнэ дыдэм щегъэжьауи Нелли ядэлэжьэн щIидзащ ди республикэм и мызакъуэу, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ я редакцэхэм, радиомрэ телевиденэмрэ.
1998 гъэ лъандэрэ УФ-м и Журналистхэм я союзым хэт Лыкъуэжь Нелли и Iэдакъэ къыщIэкIащ психологие, культурологие лъабжьэ зиIэ щIэныгъэ тхыгъэу 300-м щIигъу, ар цIэрыIуэ зэрыхъуауэ щыта эссе зыбжанэ (адыгэ литературэм а жанрыр нэхъапэ къыщызыгъэлъэгъуахэм Нелли ящыщщ) ихуащ хьэрыпыбзэкIэ Сирием къыщыдэкI литературно-художественнэ альманахым.
Лыкъуэжь Нелли и япэ тхылъыр, «Щхъыщхъ макъ» зыфIищар, 1997 гъэм дунейм къытехьащ, абы и ужь къиуващ «КъапщIийхэр» усэ тхылъыр. Нелли и усэ Iэрамэ ихуащ 2002 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа «Шыхулъагъуэ» сборникым. Апхуэдэу Лыкъуэжьым и усэхэр итщ «Къэбэрдей усыгъэм и антологием» (2008). Нелли и усэхэм ящыщ зыбжанэм макъамэ хуатхащ, иджы ди республикэм и эстрадэ утыкум а уэрэдхэр щагъэзащIэ.
Жанр зэмылIэужьыгъуэ куэдым зезыпщыт тхакIуэм сабийхэм яхуэтхэнри фIы дыдэу къохъулIэ. 2007 гъэм къыдэкIащ абы итха «Жьымрэ жьуджалэмрэ» псысэр урысыбзэрэ адыгэбзэкIэ. Къыхэгъэщыпхъэщ а псысэм къытрищIыкIа пьесэмкIэ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ папщIэ спектакль ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и утыкум зэрыщагъэувар. Литературэмрэ театр утыкумрэ Лыкъуэжьым и творчествэм зэрыщызэпхам щыхьэт техъуэ IэдакъэщIэкIхэм щыщщ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ гупыр къызэрыунэхурэ илъэс 70 зэрырикъур щагъэлъапIэм (2003 гъэм), «Хьэтхэм я дыгъэ къафэ» зыфIаща теплъэгъуэм папщIэ итха моноспектаклыр. Мыбдеж къыщыхэгъэщыпхъэщ зи IэдакъэщIэкIхэмкIэ япэ художественнэ телевизионнэ фильмхэр ди республикэм щытраха тхакIуэ бзылъхугъэу Лыкъуэжьыр зэрыщытыр. «Шырэ», «Хьэтыр» фильмхэр ди республикэм и мызакъуэу, щагъэлъэгъуащ Къэрэшей-Шэрджэсми, Адыгейми, Абхъазми, Нью-Джерси къалэми (США).
Къэбэрдей литературэм щыяпэ лъэбакъуэ куэд ичащ Лыкъуэжь Нелли. Апхуэдэщ абы балетым хуэтхэным зэрызрипщытар. 2007 гъэм тхакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа «Псэ зэрышх», «Жьыбгъэм и сурэтхэр» эссехэмкIэ итха либреттэхэр адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ дунейм къытехьащ. Лыкъуэжьым и произведенэхэм симфоническэ макъамэ хуатхащ композиторхэу Гъуэт Аслъэнрэ Коржавин Валерэрэ.
2008 гъэм къыдэкIащ Лыкъуэжь Нелли и автор проектыр – «Ди КIунэ» тхылъ-журналыр, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артисткэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ пажэ ЖьэкIэмыхъу КIунэ и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуауэ. Апхуэдэу УФ-м, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, Абхъазым и цIыхубэ артист, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтым и лауреат Мысостышхуэ Пщызэбий теухуауи Нелли тхылъ къыдигъэк1ащ.
2009 гъэм дунейм къытехьащ Лыкъуэжьым и къалэмыпэм къыщIэкIа «Жылапхъэ» тхылъыр, 2011 гъэм абы итхащ «Хьэхэбасэ» пьесэр, 2021 гъэм – «МыщIэвагъуэ» пьесэр.
Лыкъуэжьым и творчествэр къазэрыщыхъум тетхыхьащ ди республикэм щыцIэрыIуэ тхакIуэ, критик, щIэныгъэрылажьэ, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэ куэд. Апхуэдэщ Нало Заур, Тхьэгъэзит Зубер, IутIыж Борис, ЩоджэнцIыкIу Нинэ, ЩауэцIыкIу Людмилэ, Хьэвжокъуэ Людмилэ, Жылэ Анатолэ, Абазэ Албэч сымэ, нэгъуэщIхэри.
ФокIадэм и 15-м зи илъэс бжыгъэ дахэр зыгъэлъэпIа Лыкъуэжь Нелли дохъуэхъу узыншагъэ, гуфIэгъуэ, дэрэжэгъуэ иIэу, и зэфIэкIым хэмыщIу, и гуащIэр хэхъуэу, и творческэ ехъулIэныгъэм къыпищэу, и гур здэплъэм и Iэр лъэIэсу иджыри илъэс куэдкIэ къытхэтыну.
***
Лыкъуэжь Нелли
Анэ
Анэу ущытыныр зылъэбгъэкIыу,
Бын гупсысэр пщIыри уи пIэщхьагъ.
Куэдрэ гуфIэ нэпсхэр схущIэбгъэкIыу,
КъыщIэбдзат сыщыппIу уи гущIагъ.
ПIалъэр къэсри, къызэптащ цIыху гъащIэу
Зи IэфIыгъэр псэкIэ зыхэсщIар.
Жэщ мыжей птеслъхьам ухимыгъащIэу,
Уэрщ сызыхуей псор къысхуэзыщIар.
ЩIэбгъэхъае гущэр уигу мызагъэм,
Пеуэ хуэдэ, уи бгъэм къыщIэIукIт.
ПщIыхь хэджалэу уи нэ жей хуэлIахэм,
Ятелъ хьэлъэм зыри хэзмыщIыкIт.
КIуащ илъэсхэр, блэкIри сабиигъуэр,
БалигъыпIэм сэри сиуващ.
Уэри къыплъысауэ мыгуэш жьыгъэр,
Иджы уи къэкIуэнур сэлъытащ.
Зимыхъуэжу пхъум и гумащIагъыр,
Дэнэ сымыкIуами къыплъысынщ.
Дигухэм гъуэгу зэхуаIэм и щыпкъагъыр
ГъащIэм и уэрэду сыусынщ.
Уэ схуэпсэу, си анэ, схуэпсэу закъуэ,
А лъапIагъэм сыхуэмей нэгъуэщI.
Уэ узиIэм хъункъым сыщыплъакъуэ,
Зы гугъуехь къэхъункъым щызмыгуэщI!
* * *
ГъащIэ мину зэIуща
ЩIы хъурей, си дуней,
Дауэ сыкъыпхэгъуэща,
КъэсIуэтэну сыт ухуей?
ГъащIэ мащIэу къызэптам
Уэ ухуей, сэ сыхуей?
ФIыщIэ жыгыу псэ хэпсам
КъыпыкIэну сыт ухуей?
ГъащIэр IэфIу жызымыIа
Къэмыхъуа, щымыIа,
Уэ уи дыджым емыIуба
Къыумыгъэна, къыумыгъэщIа.
КъыдохьэлIэ псоми уэ
Хущхъуэ, щхъухь,
Зи кIэр зи пэм пыухуэна,
Усыт Таурыхъ?..