3 октября, 2024 - 08:49
ГъащIэ гъуэгуанэ купщIафIэ и щIыбагъ къыдэлъщ КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр, республикэм и ЩIыхь тхылъыр зыхуагъэфэща Джыназ Руслан Пщыбий и къуэм. Пщэрылъ къыщащI дэтхэнэ зы лэжьыгъэри нэгъэсауэ зэригъэзэщIэным хущIэкъуу IэнатIэ зэхуэмыдэхэм пэрытащ ар. Мы зэманым Джыназыр щолажьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ колледжым, ар къэзыух ныбжьыщIэхэр лэжьыгъэкIэ къызыгъэпэщын IуэхумкIэ еджапIэм и унафэщIым и къуэдзэу.
Джыназ Руслан 1951 гъэм Шэджэм районым хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Къуажэ курыт школым и класси 9-р къиуха нэужь, 1967 гъэм ар щIэтIысхьащ Налшык дэт медицинэ училищэм фельдшерхэр щагъэхьэзыр и къудамэм.
«Школым сыщIэсу дохутыр IэщIагъэм сыхуеджэну мурад сщIауэ щытащ, - игу къегъэкIыж Руслан медицинэм и гъуэгуанэм зэрытехьауэ щытар. - АбыкIэ щапхъэ схуэхъуащ си адэ къуэшыр, ар район сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэу щытащ, иужькIэ Налшык къалэ и «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и IэщIагъэлI пашэу лэжьащ. IэнатIэм щиIа зэфIэкIхэм папщIэ абы къыхуагъэфэщащ дамыгъэ лъапIэ зэмылIэужьыгъуэхэр, РСФСР-м щIыхь зиIэ и дохутыр цIэ лъапIэри къыфIащат. НэгъуэщI зы щхьэусыгъуи иIэщ а IэщIагъэр къыщIыхэсхам. Си анэ дэлъхур гипертоние узыфэм егъэлеяуэ къыхигъэзыхьырт. ЩIэх-щIэхыурэ абы щхьэуз бзаджэр зэриIэр щыслъагъукIэ, сегупсысырт мыбы и Iэзэгъуэр зыхэлъ хущхъуэ щIыщымыIэр сыт жысIэу? Апхуэдэ щIыкIэкIэ а цIыхуитIыр щхьэусыгъуэ хуэхъуащ си гъащIэр зыхуэзгъэпса IэщIагъэр къыхэсхыным: зым ещхь сыхъуныр си хъуэпсапIэт, адрейм и узыр щхьэщыкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу сыхуэхъуну сыхуейт...»
1971 гъэм еджапIэр къиухри, Джыназыр Совет Армэм къулыкъу щищIэну ираджащ икIи Волгоград къалэм щыIэ танкыдзэм илъэситIкIэ къалэныр щрихьэкIащ. ЩIыналъэм къигъэзэжа нэужь, Налшык щыIэ «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» фельдшеру уващ, гу узыфэхэмкIэ IэщIагъэлIхэм я гупым хэту. 1974 гъэм Руслан КъБКъУ-м и медицинэ факультетым щIэтIысхьащ. Ар жыджэру хэтащ университетым и жылагъуэ гъащIэм. Студентхэм къызэрагъэпэщу щыта лэжьакIуэ гупхэм я унафэщIу ар щыIащ Урыху къуажэм дэта консерв заводым, Бахъсэн районым и «ПсыкIэху» совхозым, Прохладнэ щIыналъэм щыIэ «Прималкинский» совхозым. Щытхъу яIэу, зэфIэкI хъарзынэхэр къагъэлъагъуэу зэрылэжьам и щыхьэтт республикэм къыщызэрагъэпэща студент гупхэм я деж абыхэм бжьыпэр зэраубыдар. КърахьэлIа лэжьыгъэм ипкъ иткIэ гупым хэт зыбжанэ къэрал дамыгъэхэмкIэ ягъэпэжащ, Джыназми къратауэ щытащ «За трудовую доблесть» медалыр. А Iуэхум хъарзынэу зэрехъулIар къалъытэри, 1978 гъэм ВЛКСМ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и студент ухуакIуэ гупым я щIыналъэ штабым и дохутыр нэхъыщхьэу ягъэуващ. А къулыкъури и еджэнри илъэсищкIэ зэгъусэу зэдихьащ.
1980 гъэм еджапIэ нэхъыщхьэр къиухри, ординатурэр Руслан кардиологие унэтIыныгъэмкIэ щIыналъэм и Кардиодиспансерым щрихьэкIащ. АбыкIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Саратов дэт медицинэ инстиутым кардиологиемкIэ и щIэныгъэ-методикэ центрым. Республикэм къигъэзэжри, автотранспорт поликлиникэм гу узыфэхэм еIэзэ дохутыру лэжьэн щыщIидзащ. ИлъэсищкIэ абы щыIауэ, адэкIи и щIэныгъэм хигъэхъуэн мурадыр иIэти, аспирантурэм щIэтIысхьэжащ. Сеченовым и цIэр зезыхьэ Езанэ къэрал медицинэ университетым и щIэныгъэ лэжьыгъэр 1989 гъэм ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIащ.
Джыназ Руслан и лэжьыгъэ гъуэгуанэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд Эфиопием зэрыщыIа мазэ бжыгъэм, 1991 гъэм и щIышылэ мазэм щегъэжьауэ мэлыжьыхь пщIондэ. Америкэм, Совет Союзым, Эфиопием зэгъусэу ирагъэкIуэкI проектым ипкъ иткIэ, иужьрейм я къэралым и къуажэхэм щыпсэухэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр хуащIэн хуейт.
Абы къикIыжа нэужь, Джыназым лэжьэн щыщIидзащ КъБКъУ-м и медицинэ къудамэм. ИлъэсищкIэ абы щыIауэ а зэманым республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и министру щыта Бер Мухьэдин и жэрдэмкIэ Узыфэ зэрыцIалэхэм щеIэзэ къалэ сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэу ягъэуващ икIи илъэс 21-кIэ пщIэрэ щIыхьрэ иIэу а къулыкъум пэрытащ. ИужькIэ а IэнатIэм и дохутыр нэхъыщхьэм поликлиникэ лэжьыгъэхэмкIэ и къуэдзэу илъэси 8-кIэ лэжьащ.
ГъащIэм щапхъэ щыхуэхъуа, зи дэIэпыкъуныгъэ игъуэта цIыхухэри гуапэу игу къегъэкIыж Руслан. Апхуэдэу къыхегъэщ дохутыр IэщIагъэм хэзэгъэнымкIэ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министру щыта Бер Мухьэдин дэIэпыкъуэгъушхуэ къызэрыхуэхъуар, егъэджэныгъэ, щIэныгъэ Iуэхухэм зэрехъулIар университетым и ректору щыта Лъостэн Владимиррэ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Елгъэр Анатолэрэ куэдкIэ я фIыщIэу къелъытэ.
Зыхэт гупым я деж и пщIэр щылъагэу, ныбжьэгъухэми лэжьэгъуэхэми псалъэ гуапэхэр хужаIэу апхуэдэщ Джыназ Руслан.
«Джыназ Русланрэ сэрэ дыщеджэ илъэсхэм, студент лэжьакIуэхэм я гупым дыщызэрыцIыхуауэ щытащ, - жеIэ КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Ахуэмгъуэт Мухьэмэд. - Ар гупым и унафэщIт, дэтхэнэми пщIэ хуищIырт, и жыIэм едаIуэрт. Абы сэрэ занщIэу ныбжьэгъу дызэхуэхъуащ икIи иужькIэ зэхущытыкIэфIхэр диIэу дыкъызэдекIуэкIащ, махуэшхуэхэр зэгъусэу зэдэдгъэлъапIэу. Республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм я дохутыр нэхъыщхьэхэм ар куэдрэ чэнджэщэгъу яхуэхъурт, сыт хуэдэ Iуэхуми унафэ нэгъэса зэрытрищIыхьыфым къыхэкIыу пщIэшхуэ къыхуащIырт. IэнатIэм епха Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр къызэгъэпэщыныр абы фIы дыдэу къехъулIэрт, уеблэмэ дохутыр нэхъыщхьэхэм я тхьэмадэкIэ къыщеджи куэдрэ къэхъурт. . ДызэрызэрыцIыхурэ илъэс бжыгъэ куэд дэкIыжами, ноби зэкъуэшыгъэ быдэ дяку дэлъщ».
«Джыназ Руслан республикэм Iулыдж лъагэ щызиIэ цIыхущ, абы ныбжьэгъу и куэдщ, зэгурыIуэ унагъуэ дахэ и щIыбагъ къыдэтщ. Дохутыр IэщIагъэм къыхуигъэщIащ зыхужаIэхэм хуэдэщ ар, апхуэдизкIэ псэ хьэлэлу зыпэрыт лэжьыгъэр ирихьэкIыу къогъуэгурыкIуэри. Узыншагъэ быдэ иIэу иджыри илъэс куэдкIэ и унагъуэ дахэм яхэсыну дохъуэхъу», - жаIэ Руслан и ныбжьэгъухэу экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Къалэ Замиррэ газоэлектросварщик IэщIагъэлI пажэ Къалэ Iэлисэхьрэ.
Жьыщхьэ махуэщ Джыназ Руслан. Унагъуэ жьэгу дахэм и тхьэмадэщ, ныбжьэгъуфIхэр иIэщ, фIыуэ илъагъу лэжьыгъэм пэрыту къокIуэкI, и пщIэр жылагъуэм щылъагэщ. И быниплIым, абыхэм я щIэблэу 9 яIэщи, дэтхэнэми и зэфIэкIым иригушхуэу, гукъыдэж къриту апхуэдэщ.