15 октября, 2024 - 09:00
Дыщэр дыщэпс хуэныкъуэкъым, жи. А псалъэхэр епхьэлIэ хъунущ пшынауэ цIэрыIуэу щыта Къашыргъэ КIурацэ. Абы и дуней тетыкIам, и творчествэм тхыгъэшхуэ триухуауэ щытащ КIурашын БетIал. А тхыгъэм щыщ Iыхьэ фи пащхьэм идолъхьэ.
Япэм адыгэ хъыджэбз цIыкIухэм, я гуащэ хьэпшыпхэм къадэкIуэу, ириджэгуну, тригъэуну хэт пшынэ цIыкIу зимыIар? Куэдым яIащ. Ауэ а псори пшынауэ хъуакъым. Къашыргъэ КIураци щысабийм къыхуащэхуат IэпипщI зытет пшынэ цIыкIу. Ар гукъэкI зыщIу къэзыщэхуари хъыджэбз цIыкIур гъуэгу дахэ тезыгъэувари и адэ Тамбий Исмэхьилт. Исмэхьил фIэфIт, и шыпхъу Хъаний хуэдэу, ипхъу КIураци пшынауэ Iэзэ хъуну. Адэм фIэфIыр пхъум натIэ хуэхъуащ. Илъэсибгъум пшынэуэкIэ зэзыгъэщIэну къыщIэзыдза КIурацэ и ныбжьыр илъэс 15 щрикъуам Къуэшыркъуей (Кэнжэ къуажэм) и мызакъуэу, щIыпIэ куэдым къыщацIыху пшынауэ Iэзэ хъуат.
КIурацэ къызыхэкIа Тамбий лъэпкъми зыхыхьа Къашыргъэ лъэпкъми гъэсэныгъэфI щигъуэтащ. Ещхьыркъабзэу, и нэм и нэхуу, и псэм и хъуахуэу, фIы дыдэу илъагъу пшынэуэным игури и псэри етауэ и гъащIэ псокIэ ирилэжьэнуи Iэмал игъуэтащ. Къашыргъэ КIурацэ дэлэжьахэм ящыщ зыщ КъБАССР-м искусствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мыд Хьэжмусэ. Абы игу къигъэкIыжу гуапэу жиIэжырт КIурацэ теухуауэ:
- Къашыргъэ КIурацэ цIыхугъэу бгъэдэлъамрэ IуэхуфIу илэжьамрэ кIэщIу я гугъу пщIыну тыншкъым. Абы и псэукIам, и лэжьэкIам фIыгъэу хэлъам и инагъым сыт хуэдизрэ утемыпсэлъыхьами, пхуэIуэтэщIынукъым. «Адыгэ цIыхубз Iэдэбщ, щэныфIэщ, цIыхугъэ ин зыбгъэдэлъщ» хужаIэу псэуащ. Дэнэ щIыпIэ КIурацэ ущыхуэмызами, абы сыт щыгъуи дэплъагъур фIы защIэт. Пшынэ еуэнымкIэ абы Iэзагъэ ин зэрыбгъэдэлъар цIыхубэм я пащхьэм пасэу наIуэ щыхъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и самодеятельнэ искусствэм и япэ лъэпкъ областной олимпиадэр 1931 гъэм и ноябрым Налшык къалэ щыщекIуэкIам щыгъуи, абы иужькIэ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я самодеятельнэ искусствэм и япэ краевой олимпиадэу 1931 гъэм и декабрым Ростов щекIуэкIами Къашыргъэ КIурацэ пшынэ еуэнымкIэ нэхъ Iэзэ дыдэу къыщалъытэри, Кавказ Ищхъэрэм и япэ лъэпкъ краевой олимпиадэм и Щытхъу тхылъыр къратыгъащ. Олимпиадэ зыхэтахэм текIуэныгъэ инхэр къызэрыщихьауэ щытар абы къыхуэщхьэпащ пшынэ еуэныр гъащIэ IэщIагъэ зэрыхуэхъуамкIэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр ансамблыр къыщызэрагъэпэща дыдэм дыщIидзэри, КIурацэ абы щылэжьащ илъэс щэщIым щIигъукIэ. Ансамблым дэщIыгъуу ар здэщымыIа, абы и пшынэ макъыр щымыIуа щIыпIэ щIагъуэ ди къэралышхуэм щыбгъуэтынукъым.
Ди лъэпкъ музыкальнэ культурэм, ди лъэпкъ къафэхэм фIыгъэу яхэлъыр наIуэу зыгъэлъэгъуахэм я пашэщ КIурацэ. Пшынауэ IэщIагъэм дэщIыгъуу, КIурацэ солисткэу къафэуи щытащ. Адыгэ цIыхубзым нэмысрэ щэныфIагъыу, Iэдэбыгъэу хэлъыр абы IупщIу щигъэлъагъуэрт гъащIэми сценэми. КIурацэ и къэфэкIэр адрей цIыхубз къэфакIуэхэм я дежкIи щапхъэт. Къашыргъэ КIурацэ фIыгъэу бгъэдэлъахэм ящыщу мыри жысIэну сыхуейт: абы и гъусэу ансамблым щылэжьа цIыхубзхэм я дежкIэ ар шыпхъу нэхъыжьт, нэхъыщIэхэм я дежкIэ анэ пэлъытэт. Псоми гулъытэшхуэ яхуищIу, чэнджэщэгъу яхуэхъуу, езыр зыщыгъуазэхэр зымыщIэхэм яригъащIэу ядэIэпыкъу зэпытт. ДыщэкI ФатIимэт хъыджэбз щIалэ дыдэу ансамблым щыхыхьам щыгъуэ КIурацэ абы гулъытэшхуэ хуищIащ, зэрыхузэфIэкIкIэ пшынэуэкIэ абы иригъэщIэну хущIэкъуащ икIи иригъэщIащ, - щытхъур хуэухыркъым Мыдым. – 1947 гъэм июлым и 6-м Таджикистаным и щыхьэр Душанбе ди ансамблым концерт щитынут. А махуэр егъэлеяуэ хуабэт. Пщыхьэщхьэми хуабэр зыкIи нэхъ кIащхъэ хъуакъым. Хуабэвэхыр къемызэгъыу КIурацэ и гум къыхигъэзыхь хъуащ. Дохутыр къраджам къызэрилъытамкIэ, ар сымаджэщым псынщIэу нэгъэсын хуейт. Ауэ ар КIурацэ идакъым. Дохутырым хущхъуэ къритахэр зрихьэлIащ, псы щIыIэкIэ зитхьэщIыжри, концертым щыщIадзэну пIалъэм ирихьэлIэу зигъэхьэзыращ. А пщыхьэщхьэм езым игъэзэщIэну и пщэ къыдэхуэ къалэнхэм щыщу зыри къимыгъанэу концертыр и кIэм нэсыхункIэ иригъэкIуэкIащ. Апхуэдэу къарууэ иIэр ирихьэлIэу игури и псэри етауэ ар и лэжьыгъэм бгъэдэтащ, концертым еплъыну зэхуэса цIыхухэм дэрэжэгъуэ яхилъхьащ.
Мыд Хьэжмусэ и гукъэкIыжхэм ФатIимэт къыпищащ:
- Къашыргъэ КIурацэ сэ япэ дыдэу щыслъэгъуар зэи сщыгъупщэнкъым. Илъэс 13-м ситу си адэ ДыщэкI Залымхъан КIурацэхэ я унэм сишащ, укъезгъэлъагъунщ, сеупщIынщ пшынауэ къыпхэкIынрэ къыпхэмыкIынрэ жиIэри. Си адэр абы я деж кIуэуэ, зэныбжьэгъухэу, унагъуэм фIыуэ къалъагъуу щытт. «Сыту хъыджэбзышхуэ хъуа уи пхъур», - жиIэурэ, КIурацэ унэм дыщIишащ. Си адэр занщIэу еупщIащ: «Хъуну пIэрэ мыр пшынауэ?» - жиIэри. КIурацэ и Iуэхур къигъанэри пшынэр къищтащ, зы макъамэ кIэщI цIыкIу сригъэдэIуащ. ПсынщIэ дыдэу къэспхъуатэри, занщIэу пшынэм къизгъэкIыжащ. Арати, а махуэм щыщIэдзауэ «къакIуэ» къызжиIащ. Ар 1954 гъэрт. Сэ зэи сщыгъупщэнкъым КIурацэ гу хуабагъэкIэ къыспежьэу, и зэман игъэкIуэду гугъу зыкъызэрыздригъэхьар. А гъэ дыдэм Къашыргъэ КIурацэ зыхэт ансамблым сыхагъэхьащ. Сэ лэжьапIэми унэми абы зэманышхуэ къыщыстригъэкIуадэрт, сытым щыгъуи гуфIэжу. Зэи гу лъыстакъым сыкъехьэлъэкIыу. Сытым щыгъуи нэжэгужэу, гуфIэжу си нэгум щIэтщ. КIурацэ цIыху гу хьэлэлт, цIыху гуапэт.
КIурацэ пшынауэфI къудейтэкъым, сценэм зэрихьэ и фащэ дахэр езым идыжырт. Ансамблым хэт хъыджэбз къэфакIуэхэм я фащэхэр яхуидырт. Абы нэмыщIауэ, IэфI дыдэу пщафIэрт. Мы дунейм цIыхубз тету си фIэщ хъуртэкъым абы здихьыфымрэ ищIэфымрэ хуэдиз хузэфIэкIыну. Артисткэ цIэрыIуэу, пшынауэ Iэзэу зэрыщытым нэмыщIкIэ, цIыхугъэшхуэ бгъэдэлът. ЖысIэ пэтми схуэухынукъым КIурацэ и хьэлэлагъыр, цIыхуфIагъыр. Сэ КIурацэ илъэситI къудейщ сызэрыдэлэжьар. И узыншагъэм къимыгъэгугъэж щыхъум, зигъэпсэхуну тIысыжащ 1957 гъэм. КIурацэ ещхьыркъабзэу цIыхуфI дыдэт абы и щхьэгъусэ Хьэнащхъуэ. Сэ а унагъуэр си унагъуэ етIуанэу, сахэсыхьауэ сахэст, тIури фIыуэ слъагъуу. Хьэнащхъуэ дунейм ехыжа нэужь, КIурацэ щIэх пшынэ къищтакъым.