29 октября, 2024 - 08:52
Къэрмокъуэ Мухьэмэд къыщалъхуащ Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэм. Налшык къалэ дэта пединститутыр 1951 гъэм къиуха нэужь, Мухьэмэд лэжьакIуэ къащтащ «Къэбэрдей пэж» газетым, 1952-1954 гъэхэм Зеикъуэ дэт курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэу щыIащ. 1954 гъэм щегъэжьауэ Къэрмокъуэр республикэ радиокомитетым и редактор нэхъыжьу, унафэщIым и къуэдзэу лэжьащ, 1965 гъэм щыщIэдзауэ илъэс пщыкIузкIэ ар и унафэщIащ «Ленин гъуэгу» газетым культурэмкIэ и къудамэм. Абы иужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и редактор нэхъыщхьэ IэнатIэр къыхуагъэфащэри, пенсэм кIуэху лэжьащ. Къэрмокъуэ Мухьэмэд и цIэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ радиожурналистикэм и адыгэбзэ къудамэр къызэрыунэхуар, абы игъуэта зыужьыныгъэр.
ЩIалэ дыдэу журналист IэнатIэ гугъум пэрыува, иужьыIуэкIэ художественнэ прозэ тхынми зи къару щемыблэжа тхакIуэ емызэшыжт Къэрмокъуэр. Мухьэмэд и къалэмыпэм къыщIэкIащ зи гъащIэм, зи лэжьыгъэм, зи творчествэм фIы дыдэу щыгъуазэ тхакIуэхэм, еджагъэшхуэхэм, дохутырхэм, художникхэм, композиторхэм, артистхэм, лъэпкъыр зэрыгушхуэ IэщIагъэлIхэм, цIыху гъуэзэджэхэм ятеухуа очеркхэр. Ахэр щызэхуэхьэса тхылъи къыдигъэкIыжащ.
Мухьэмэд и рассказхэр зэрыт япэ тхылъыр дунейм къыщытехьар 1964 гъэращ, абы къыкIэлъыкIуащ сборникхэр, повестхэр, пьесэхэр, романхэр. ЦIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэну, зэIэпахыу щIаджыкIахэм ящыщщ «Щихухэр иджыри мэкI», «Къоджэм уигъэжейркъым», «Азэмэт» романхэр, «ЦIыхухъу нэпс», «НапIэдэхьеигъуэ» повестхэр, новеллэхэр, рассказхэр, нэгъуэщI тхыгъэхэри. Псори зэхэту Къэрмокъуэ Мухьэмэд и къалэмыпэм къыщIэкIащ тхылъ 30-м щIигъу.
ТхакIуэр цIэрыIуэ зыщIар, щIэджыкIакIуэ нэхъыбэм фIыуэ езыгъэлъэгъуар «Щихухэр иджыри мэкI» тхылъищу зэхэт романырщ. Абы щыщ япэ тхылъыр 1979 гъэм дунейм къытехьащи, адыгэбзэкIэ тхауэ нэхъыбэ дыдэрэ щIаджыкI тхылъхэм ар нобэр къыздэсым ящыщщ.
Къэрмокъуэ Мухьэмэд и пьеситIым къытращIыкIа спектаклхэр щагъэуващ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и утыкум. «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» и рассказым къытращIыкIат серищ хъу телефильм.
Гулъытэншэу къэнакъым Мухьэмэд и IуэхущIафэ дахэхэр. Иджыри студенту, 1951 гъэм (иужькIэ иджыри тIэу), абы къратащ ди республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъыр. Апхуэдэуи къыхуагъэфэщащ Ленин В. И. къызэралъхурэ илъэсищэ щрикъум ирихьэлIэу къыдагъэкIа «И лэжьыгъэфIым папщIэ» медалыр, «1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ илъэс 50 зэрырикъум и щIыхькIэ» медалыр, Къэрмокъуэ Мухьэмэд КъБАССР-м, УФ-м культурэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэщ. «КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэр 2000 гъэм къыфIащащ.
ТхакIуэ лэжьыгъэм мыхьэнэуэ иIэр, тхакIуэ къалэным и инагъыр, и лъапIэныгъэр фIыуэ къызыгурыIуэ Къэрмокъуэм и творчествэ псомкIи къихутэр езыр зыхалъхуа зэманырщ, зи уэрыпIэм хэт гъащIэрщ, ар дахэнуми, бжьыфIэнуми, гугъусыгъунуми зи IуэхущIафэхэм елъыта цIыхурщ, а цIыхум и псэрщ. Сыт хуэдэ темэ къимыщтэми, сыт хуэдэ жанр Iэпэгъу имыщIми, пэжыр и гъуазэу зэрытхэным иужь итщ, и дэтхэнэ зы тхыгъэмкIи нэхъыбэ къызэрызэщIиубыдэным, гупсысэ куу къызэриIуэтэным пылъщ. Художественнэ Iэмал щIэщыгъуэхэр къигъэсэбэпурэ, абы Iэзэу къегъэлъэгъуэф и лъэхъэнэгъу цIыху зэмыщхьхэм я псэукIэр, я дуней тетыкIэр, я хьэл-щэнхэр, я зэхущытыкIэхэм Iейуи фIыуи хэлъыр. ГъэпсыкIэ екIуи, къэIуэтэкIэ дахи къызыхуигъуэтыф и IэдакъэщIэкI нэхъ цIыкIухэри нэхъ пIащэхэри Мухьэмэд къытрегъэпщIыкI нэхугъэмрэ кIыфIыгъэмрэ, захуагъэмрэ къуаншагъэмрэ зэпэщIэувауэ щызэпэщIэт гъащIэм бжыгъэншэу къигъэщI конфликтхэм. Ахэр зэпкърихкIэрэ, ар хущIокъу нобэрей махуэм къигъэув упщIэхэм жэуап яритыну, къарууэ иIэмкIэ зи къэкIуэнум щIэбэнын хуей цIыхум и псэр къабзагъэм къыхуегъэуш. ЖиIэни зиIэ, жыIэкIи зыщIэ, зи IэщIагъэм пщIэ хуэзыщIыж тхакIуэм и прозэр а псоми гурыхь ящI.
Бицу Анатолэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ.
ТхакIуэм хужаIахэр
Къэрмокъуэ Мухьэмэд и унафэм сыщIэту, республикэ радиом и адыгэ редакцэм илъэс пщыкIузкIэ сыщылэжьащ. Ар тхьэмадэ ткIийт, ауэ езым и щхьэми апхуэдэут зэрыхущытыр. Сытым дежи чэнджэщ щхьэпэ къыуитырт, и лэжьакIуэхэм я Iуэху еплъыкIэми щIэдэIурт. ЗыщIезыгъэххэр фIыуэ илъагъуртэкъым. Мухьэмэд цIэрыIуэ зыщIар, цIыхум фIыуэ къезыгъэлъэгъуар «Щихухэр иджыри мэкI» повестырщ. Си щхьэкIэ мызэ-мытIэу срихьэлIащ, си нэкIэ слъэгъуащ абы щIэупщIэшхуэ зэриIэр. А тхылъыр къэпщэхун дэнэ къэна, библиотекэм къеIыпхынуми, къыплъымысу куэдрэ упэплъэн хуейт. Къэрмокъуэм хуэдэу зи тхыгъэхэр цIыхубэм япхъуэта нэгъуэщI тхакIуэ диIэу сэ сщIэркъым.
Мыз Ахьмэд, тхакIуэ.
Къэрмокъуэр зэфIэкI зиIэ, акъыл жан зыбгъэдэлъ тхакIуэщ. Адыгэбзэмрэ и лъэпкъымрэ яхуищIыфа пщIэм щхьэкIэ ар гъэлъэпIэн, Iэтын хуейщ. Абы и бзэр зэпкърыпхын щIэбдзэмэ, и псалъэ къэсыхункIэ адыгэмэ къыкIэрех. И тхыгъэхэм къыхэщ лIыхъужьхэм я теплъэр, я образыр дахащэу къиIуатэу, лъэпкъми, щIыналъэми, щэнхабзэми къекIуу апхуэдэщ. Мухьэмэд и IэдакъэщIэкIхэм ящыщу сэ псом нэхърэ сигу нэхъ ирихьыр документ зи лъабжьэ щIэлъ тхыгъэхэращ. Абы къызэщIикъуэжащ иджыри къэс ди литературэм, документалистикэм къыхэмыща пщыхэм, ахэр зыдэса къуажэхэм ятеухуа хъыбархэр, икIи «ХьэтIохъущыкъуей хъыбархэр» жиIэу къыдигъэкIащ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, инджылызыбзэкIи хьэрыпыбзэкIи ахэр зэдзэкIыпхъэщ, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми ящIэн папщIэ.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Урысей Федерацэм культурэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
Къэрмокъуэм и «Щихухэр иджыри мэкI» повестым хуэдэу цIыхухэр дихьэхауэ зэджа си щхьэкIэ срихьэлIакъым. Сэ а тхылъыр къыщысIэрыхьам зэпкърыщэщыным нэсат, и жинтыр, куэдым зэраIыгъам, зэрызэIэпахам и щыхьэту, текIыжыпат. Мухьэмэд и IэдакъэщIэкIхэм Iуэхугъуэ куэдым куууэ урагъэгупсыс, и лIыхъужьхэр гъащIэм къыхэтэджыкIа защIэщ, я шыфэлIыфэкIи я IуэхущIафэкIи уи фIэщ хъууэ. Абы и тхыгъэхэм езыр къызыхэкIа адыгэ лъэпкъым и нэпкъыжьэ ятелъщ. Ар псалъэм пщIэ хуэзыщI, жиIэнур нэгъэсауэ зэпэзышэч тхакIуэ щэджащэщ.
Тэтрокъуэ Астемыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и журналист.