28 ноября, 2024 - 08:09
ЦIыхугъэкIэ, лIыгъэрэ хахуагъэкIэ псыхьа, щIыхьышхуэрэ пщIэрэ зыхуэфащэ гъуэгуанэ къикIуащ тхакIуэ Къашыргъэ ХьэпащIэ. Мы мазэм ар къызэралъхурэ илъэси 110-рэ ирокъу Ар тхакIуэ къудейуэ къэнэжыртэкъым, егъэджакIуэ-ущиякIуэ бэлыхьт, журналист Iэзэт, цIыху къабзэт. Къашыргъэм гъащIэм и нэгу щыщIэкIа, гурэ псэкIэ игъэва Iуэхухэр иужькIэ лъабжьэ яхуэхъуащ абы и тхыгъэ куэдым. ТхакIуэм и творческэ гъуэгуанэм тетхыхьащ тхакIуэ Гъэунэ Борис.
«Къашыргъэ Хьэпащ1э и IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэу «Насыпым и хэкIыпIэ», «Лъапсэ быдэ», «ПшэкIухь», «ГъащIэр матэщIэдзакъым» романхэр, «ГъащIэ лъэужь» повестыр, «Зы жэщ», «Баз», «Жьыщхьэ мaxyэxэp» рассказхэр ящыщщ къэбэрдей литературэм хэлъхьэныгъэ ин хуэхъуахэм. ПэжыгъэкIэ гъэнщIащ, гуимыхужщ «Насыпым и хэкIыпIэ» и япэ романыр. Абы хэт дэтхэнэми иIэжщ езым и хьэл-щэн, и псэлъафэ, и зыщIыкIэ. И бзэкIи, цIыхухэр зыхуэдэр къэгъэлъэгъуэнкIи, романым и композиционнэ ухуэкIэкIи – сыт и лъэныкъуэкIи бгъэдыхьэ – Къашыргъэ ХьэпащIэ а и IэдакъэщIэкIыр нэщIысащ, цIыхум и гъащIэр, и IуэхущIафэр, и психологиер куууэ, пэжу къыщыгъэлъэгъуащ.
ЦIыху къызэрыгуэкIыр, зи гуащIэ къудейм щыгугъыжыр ехьэжьауэ псэуфыркъым. Апхуэдэхэм ящыщ зым лъэхъэнэ бзаджэм и псэм къытрилъхьа гузэвэгъуэр, псэукIэ мыгъуэр Къашыргъэм щызыхыдегъащIэ «Баз» рассказым. Тетыгъуэр зей цIыхухэм, хуэмыщIауэ псэухэр зи дыхьэшхэнхэм Аслъэмырзэ тхьэмыщкIэм мыщэ абрагъуэр базкIэ мэзым къыщIрагъэлъэф, икIи гуузу и гъащIэр мо хьэкIэкхъуэкIэ абрагъуэм ирегъэух. Ар я зэштегъэупIэщ мылъку хьэрэмым зи щэр къигъавэу цIыхугъэми, хабзэми, напэми хуэхейхэм. Мыбдежым тхакIуэм Iэзэу щыдегъэлъагъу абыхэм къащхьэщыкIыу Аслъэмырзэ тхьэмыщкIэм и псэр зэрыдахэр, лIыгъэшхуэ зэрыхэлъыр.
УрысыбзэкIи адыгэбзэкIи къыдэкIауэ щыта роман хьэлэмэтым – «Насыпым и хэкIыпIэм» – къыкIэлъыкIуэу Къашыргъэ ХьэпащIэ тхакIуэ Iэзэ къудей мыхъуу, и акъылыр зэрыкуум, и зэхэщIыкIыр зэрыиным, и псалъэр зэрышэрыуэм и щыхьэт наIуэу нэгъуэщI тхыгъэшхуэхэри дунейм къытохьэ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, «ПшэкIухь», «Лъапсэ быдэ», «ГъащIэр матэщIэдзакъым» романхэр, «ГъащIэ лъэужь» повестыр, рассказ пщIы бжыгъэхэр, очеркхэр, публицистическэ тхыгъэ инхэр. Абыхэм наIуэ къащIат Къашыргъэм и акъылымрэ и гуащIэмрэ зэкъуэувауэ дунейм и къэхъукъащIэхэр абрагъуэу, уи псэр дахьэхыу къигъэлъэгъуэфу, щIэджыкIакIуэхэм я псэр зыгъэхуэбэн, я гур зыгъэинын, дэрэжэгъуэшхуэ езытын тхакIуэу зэрыщытыр», – итхыгъащ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм.
ТхакIуэшхуэм иужь дыдэу итхыжар «ГъащIэр матэщIэдзакъым» романырщ. Абы щызэхуэхьэсащ Къашыргъэм и гукъэкIыж гъэщIэгъуэнхэр. Романым къызэщIеубыдэ авторыр щыцIыкIуам къыщыщIэдзауэ и ныбжьыр илъэс блыщIым фIэкIыху къикIуа гъащIэ гъуэгуанэ гугъур, ауэ пхужымыIэным хуэдизу гъэщIэгъуэныр. Мы тхыгъэм художественнэ Iэзагъэшхуэ хэлъу къыщыгъэлъэгъуэжащ ар зыдэлэжьа, зыхуэза цIыхухэм я образхэр. Абы укъеджа нэужь, къыбощIэ Къашыргъэ ХьэпащIэ Iурылъа бзэ дахэр, бзэ къулейр, абы цIыхугъэшхуэрэ хьилмышхуэрэ къезытар, гъэсэныгъэ дахэ езыгъэгъуэтар, и щIэныгъэм нэхъри хигъэхъуэнымкIэ чэнджэщ тэмэмкIэ къыхуэупсар хэт сымэми. Ахэр – и анэшхуэ Къашыргъэ Дахэнагъуэрэ къэбэрдей литературэм и классик ЩоджэнцIыкIу Алийрэщ. ТхакIуэшхуэр щапIари, гъэсэныгъэ дахэ абы щигъуэтари адыгэ нэмысрэ хабзэрэ щызэрахьэ унагъуэщ. А псор ижь-ижьыж лъандэрэ Къашыргъэхэ къазэрыдэгъуэгурыкIуэр романым и Iыхьэ псоми къыхощ.
Къашыргъэ ХьэпащIэ мызэ-мытIэу къыхуихуащ къэбэрдей литературэм и классик, усакIуэшхуэ ЩоджэнцIыкIу Алий епсэлъылIэну. Япэ дыдэ ЩоджэнцIыкIу Алий зэрыхуэзауэ щытам теухуауэ тхакIуэм къеIуэтэж мыпхуэдэу: «Арати, жыхафэгум сыкъыщыувыIащ, къысхуэщIэркъым фэ фIыцIэ зытелъ бжэм (ара си гугъэт Алий зыщIэсыр) занщIэу сыщIыхьэнрэ мыбы щызэхэсхэм ящыщ гуэрым сеупщIынрэ. ЩIалищри я лэжьыгъэр зэпагъэуауэ сэ къызоплъ, зыгуэр жысIэным къыпэплъэу. Сэ абыхэм сэлам дыди естакъым, жысIэнур зыхуэдэри къысхуэмыщIэу, зызолъэфыхь.
– Еблагъэ, щIалэфI, – жиIащ нэхъ спэгъунэгъу щIалэм. – Хэт ухуейт?
– Алий сыхуейт, – жысIащ сэ, а къызэпсэлъамкIэ сыкIуатэIуэри. – Мыхъуну пIэрэ абы и деж сыщIыхьэ?
– УкъыщIыхьагъэххэщ, тIыс мыдэ, – жиIэри абы и пащхьэм къит шэнтыр нэхъри зрилъэфэлIащ. – Алийр сэращ.
Сэ сытIысащ. Ар Алийми, нэгъуэщI Алийуэ шэч сощI. Зыбгъэдэсыр стIол тIорысэ гуэрщ, къыдэгъэжищ иIэу, зытесыр шэнт къызэрыгуэкIщ, пэш лъэгуми алэрыбгъу иубгъуакъым. Езы Алийщи, жьыуи жьыкъым, ауэ куэду къуэгъущ, кIэстум гъуабжэ тешхыхьыпар къекъузэкIащи, нэхъри Iэслъэс ещI. Алий, сэ гу зэрылъыстамкIэ, плъэкIэ щхьэхуэ иIэщ, мэуэ занщIэу уи Iуэхури, уи хьэл-щэнри, уи гурылъри зэуэ къихутэу, ауэ къомылъэстауэу, атIэ уригъэблагъэу, узыщигъэгугъыу.
– Сэ сыкъэпцIыхуащ, ауэ иджы уэ зыкъэзбгъэцIыхуамэ хъунт, – жиIащ Алий, зы тэлайкIэ тIури зыр адрейм пэплъэу дысабыра нэужь.
Сэ сыхэтми, сыт сыхуейми жесIащ. Алий и къыдэгъэжхэм къыщилъыхъуэжри, папкэ ин и блэгущIэм щIилъхьащ, сэ гъусэ сызыхуищIри, пэш нэщI гуэрым, къызэрызгубзыгъыжымкIэ, краснэ уголокым, дыщIыхьащ. Езым деж щыIэ си усэхэм къеджащ, здэсхьахэм сэ сыкъригъэджащ. Алий сэ къызгуригъаIуэу щIидзащ усакIуэм и къалэныр, усэхэр купщIафIэу, къеджэр дихьэхыу зэрыщытын хуейр. Абы иужькIэ, сакъыпэурэ, си IэщIагъэм, щIэныгъэр здынэсым щыгъуазэ зищIащ.
– ТIэкIу уеджамэ нэхъыфIт, – жиIащ Алий, сыкъригъэжьэжурэ. – ПхузэфIэкIыххэнумэ, апхуэдэу щIы.
Алий зэрыжиIа дыдэм хуэдэу ищIащ тхакIуэ щIалэм.
«Къашыргъэ ХьэпащIэ пщIэшхуэрэ щIыхь лъагэрэ адыгэ лъэпкъым зыхуищI тхакIуэщ, – итхащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, – ар абы къилэжьащ и таланткIэ, и акъылкIэ, и лэжьыгъэкIэ, и дуней тетыкIам и дахагъкIэ. ХьэпащIэ ящыщщ 30 гъэхэм япэ дыдэу къалэм къэзыщта адыгэ щIалэхэм, ди литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм. ХьэпащIэ тхэн къызэрыщIидзар усакIуэущ. Абы и усэхэр япэ дыдэ дунейм къытехьауэ щытащ 1938 гъэм. Ахэр традзат «ЛъэбакъуэщIэ» альманахым...»
ЦIыху дахэу, цIыху щыпкъэу дунейм тета Къашыргъэ ХьэпащIэ я гумрэ я псэмрэ щагъафIэу, щагъэлъапIэу игъащIэкIэ ирипэгэнущ ар къэзылъхуа адыгэ лъэпкъыр».