4 января, 2025 - 08:54
ХьэIупэ ДжэбрэIил
* * *
ЩIымахуэкущ. Ихъуреягъыр
ДыгъэпскIэ гъэнщIащ!
Къуаргъхэм нобэ я нэрыгъым
Хъыбар гуэр пыщIа?
ХьэщIэпежьэу уэредадэ
ЗэдаIэт нэхъей,
Зырадзыхри щотIыс хадэм,
Ягъахъэу дунейр.
Е пщэдей къесыну уэсым
И мэр къащIихьа?..
Е сэ схуэдэу пшыхь дыгъэпсыр
Я псэм нэхъ дыхьа?
Жьым зэрихьэ тхьэмпэ гъуауэ,
Жьанэм фIолъэтэж, -
Нэху фыкъекIым, зэщIэтхъуамэ,
Дауи, фи IутIыжщ.
Фыджэгу, къуаргъэ, уэс темылъми,
ПIалъэ гуэр къэсынщ…
Щыдыгъэпси щыIумыли
Псэм дегупсысынщ.
Ацкъан Руслан
* * *
Уэс къемысами хъунут зэкIэ,
Аращ щIымахуэ хуегъэзэкIыу.
Иджыри хуэхьэзыркъым щIылъэр
Игъэхъа псор уэс щIагъым щIилъхьэу
Хыхьэным пщIыхьым гъатхэ хъухукIэ.
Зигъэлъэгъуэнут игу пэщыхукIэ.
АрщхьэкIэ уэсыр хэт зэупщIыр,
Ар къос гуфIэжу, къосыр пщIыпщIу.
Зытреубгъуэ илъагъу псоми,
И кIэрэхъуэкIэм ехъуэпсэжу.
Зытреубгъуэри – щIогъуэжыр,
А псор щIищIар къыгурыIуэжкъым.
КъызэщIоткIуэжыр ар щIэх дыдэу,
УэтIпсытI зи жагъуэр игъэшхыдэу.
Дыхьэжми уэсыр хьэрэкъуакIэ,
ЩIым гукъыдэжыр IэпыхуакIэщ.
Сыт уэсыр, псыуэ щIым хохьэжыр.
Сэ къысщыщIар къспкърохьэжыр.
Зэ закъуэ уэс къызэрытесэу
Сщыгъупщэжат сэ щIым и теплъэр…