21 января, 2025 - 09:15

УсакIуэ Къагъырмэс Борис къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу
Къагъырмэс Борис Хьид и къуэр Лэскэн районым хыхьэ Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм 1935 гъэм щIышылэм и 6-м къыщалъхуащ. 1953 гъэм къуажэ курыт еджапIэр къиухри, зы илъэскIэ абы щылэжьащ пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэу. 1954 гъэм Къэбэрдей къэрал пединститутым (иджы КъБКъУ-м) и филологие факультетым щIэтIысхьащ, 1959 гъэм ехъулIэныгъэкIэ ар къиухри, урысыбзэмрэ урыс литературэмкIэ иригъэджэну къуажэ школым игъэзэжащ.
1960-1961 гъэхэм Москва дэт Комсомол школ нэхъыщхьэм щеджащ Борис, 1961-1965 гъэхэм «Советская молодёжь» газетым и къудамэм и унафэщIу щытащ. ИужькIэ ар щылэжьащ радиом, «Ленин гъуэгу» газетым и редакцэм. 1986 гъэм къыщыщIэдзауэ, пенсэм тIысыжыху, «Iуащхьэмахуэ» журналым прозэмкIэ и къудамэм и унафэщIу щытащ. Къагъырмэсыр 1963 гъэм щегъэжьауэ Урысейм и Журналистхэм я союзым, 1972 гъэ лъандэрэ Урысейм и ТхакIуэхэм я союзым хэтащ.
Къагъырмэс Борис и япэ усэхэр печатым къытехуэу щIидзащ 1950 гъэхэм. Абы и япэ усэ тхылъыр, «ФIэхъус апщий!» зыфIищар, 1962 гъэм къыдэкIащ. Абы къыкIэлъыкIуащ и усыгъэхэмрэ и прозэмрэ щызэхуэхьэса тхылъ 25-рэ – «ГъащIэ лъэужьхэр», «ЛIэщIыгъуэ уардэ», «УафэхъуэпскI къудамэ», «Махуэм и макъ», «МахуэщIэ», «Гуапагъэ», «Шэджагъуэ», «Вагъуэбзэ», «Щыхьэт», «Гупыж», «Лэскэн пшыналъэ», урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ Москва къыщыдэкIа «Ветка молнии», «След солнца», Налшык дэт «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа «Быстрина», «Узлы», «Гостите у меня» сборникхэр, сабийхэм папщIэ итха усэхэр зэрыт «Дождевой телефон» тхылъыр, нэгъуэщIхэри. Зэрынэрылъагъущи, усыгъэм къыдэкIуэу, Борис литературэм и адрей жанрхэми хуэIэкIуэлъакIуэт. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ зы сатыр, сатыритI фIэкIа мыхъу жыIэгъуэхэр, рассказхэр, басня кIэщIхэр, пародиехэр.
Лъэпкъ поэзием зи лъагъуэ щыпхызышыжа, ерыщу, и зэфIэкIым шэч къытримыхьэжу а лъагъуэм ирикIуа усакIуэщ Къагъырмэсыр. Ди зэманым и нагъыщэ нэхъыщхьэхэм, цIыхухэм я гурыгъу-гурыщIэхэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъ тхакIуэм гу зылъитахэр IупщIу къэзыIуатэ сатыр куэд ди пащхьэ кърилъхьащ. Ар зэрыусакIуэ нэгъэсар и гуащIэ псомкIи белджылы ищIащ. Зэманым и жьы къабзэ зыщIихуа, лъэхъэнэм и дамыгъэ зытелъ, езы усакIуэм и гурыщIэ нэхукIэ, и гупсысэ узыншэкIэ узэщIа усыгъэхэр ди литературэм и зы IыхьэфIщ.
Борис и литературно-критикэ тхыгъэхэм къыхощ ар лъэпкъ литературэм и зыужьыкIэм щIэгупсысу, абы егъэщIылIа зи чэзу Iуэхушхуэхэр IэкIуэлъакIуэу зэпкърихыу, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я литературэм фIыуэ щыгъуазэу, абы дерс тэмэмхэр къыхихыфу зэрыщытар.
Къагъырмэсыр икIи зэдзэкIакIуэ IэкIуэлъакIуэт. Абы адыгэбзэм къригъэзэгъащ усакIуэ цIэрыIуэхэу Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Шевченкэ Тарас, Петраркэ Франческэ, Мечиев Кязим, Хетагуров Коста, нэгъуэщIхэми я IэдакъэщIэкIхэр. Езым и гуащIэми апхуэдэ гулъытэ игъуэтащ, и усэхэр латыш, болгар, эстон, украинэ, осетин, белорус бзэхэмкIэ, нэгъуэщIхэмкIи зэрадзэкIащ.
Ди лъэпкъ литературэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэм папщIэ Къагъырмэс Борис къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ усакIуэ» цIэ лъапIэр. Ар КъБР-м культурэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, КъБАССР-м и Комсомол саугъэтым и лауреатщ.
КЪАГЪЫРМЭС Борис
СИ КЪЭБЭРДЕЙ
Си бгъэм сигу зэрилъым хуэдэу,
Уилъщ уэ си гум, Къэбэрдей.
Лъыуэ сщIэтыр зезыгъакIуэр
Уэрщ, си лъахэ, си дуней.
Уэ узиIэу щымытамэ,
Куэд си гъащIэм хущыщIэнт.
УсIахамэ – псы гъужауэ,
Гъуэгу бгынауэ сыкъэнэнт.
Сыт ухыгъэу симыIами –
ФIы ирехъу, ирехъу ар Iей,
Насып си бэу сэ слъытэнущ,
УищI сытетмэ, Къэбэрдей.
Уэрщ си къуэпсхэм я къежьапIэр,
Жыгыу уи щIым сыкъыщокI.
Уэ угуфIэм – сэ согъагъэ,
Унэщхъейм – лъэкIын лIым слъокI.
Уи хьэуакIэ сымыбауэм,
СщIэуэ сохъур бауэкIэщI.
НэгъуэщI хэку сэ нэху щызгъэщым,
СызэпщIыхьыр уэрщ, адэщI.
ЩIыпIэу щыIэм сахэгъадэ,
КъэзгъэкIухь мы дищI хъурейр –
Анэ бгъафэу, захуэздзынущ
Сэ уи къуршхэм, Къэбэрдей!
СИ АДЫГЭБЗЭ
IэфIыгъэу, лIыгъэу пхэлъыр, уи гуапагъэр
Куэд щIауэ псэкIэ зыхэсщIау сопсэу.
СлъэкIамэ, ахэр минкIэрэ згъэбагъуэу,
Сыпхуэлэжьэнти, си бзэ, гъащIэ псом.
Уэрщ сытым щыгъуи си гур зыгъэнэхур,
СиIэту уэрщ сизыхьэр лIыгъэ уэгу.
Ди лъэпкъым щыщми, узыфIэмыIуэхум,
Адыгэу сыбжу, симыплъэн и нэгу.
ФIокIуэдыр и пщIэр уи пщIэр зыгъэкIуэдым,
КъыпхужызыIэм: «Бзэ лъэрымыхь цIыкIущ...»
Уэ къыпхуэпэж уи бын гуащIафIэ куэдым
Я тхыгъэхэр ипхьащ дуней утыку.
Сэ уэ къыппэплъэм согупсысыр куэдрэ…
Сыхуейщ уи гъащIэр хъуну нэхъри кIыхь.
Насып иIэжкъым лъэпкъым, и бзэр кIуэдмэ, –
ЗауэлI Iэщэншэу, мэхъу ар лъэрымыхь.
Хуэблэжьыр лъэпкъым нэхъри уэ бгъэбагъуэу,
Ди адыгэбзэ, куэдрэ утхуэпсэу.
IэфIыгъэу, лIыгъэу пхэлъым, уи гуапагъэм
Щыгъуазэ сщIынт, слъэкIамэ, дуней псор.
ГЪАЩIЭ
«Хэт къызжиIэн зищIысыр гъащIэр?» –
Зыгуэр цIыху куэдым еупщIат.
«УщIалэщ зэкIэ, умыпIащIэ», –
Жэуап апхуэдэу къратат.
Псэуащ лIыжь хъухукIэ ар,
ЛIэжыгъуэм абы зы щIалэ еупщIащ:
«Уэ, дадэ, гъищэ къэбгъэщIащ,
Жэуап къытхуетыт дызылъыхъуэм:
ЗищIысыр гъащIэр сыт – къэпщIа?»
ЛIыжь Iущыр мащIэу погуфIыкI,
Жэуап къитын абы лъэмыкI:
«Ар сщIэну куэд сэ къэзгъэщIа?!
Нэхъыжь нэхъыфIти уеупщIам».
УЭРАМЫМ
Ещэж зауэлIым и медалыр –
Куэд щIауэ фадэм дихьэхащ.
Илъагъури ар и гъунэгъу щIалэм,
УкIытэу, щхьэр ирихьэхащ.
Ар бгъэдыхьэнт, жриIэнт мыпхуэдэу:
«Мы пщIэр емыкIущ, нэкIуэж фи дей...»
АрщхьэкIэ щытщ, къыхуэмыгъуэту
Зы псалъи – псалъэу щыIэр лейщ.
«НэкIуэж фи дей...»
Фыз, бын иIэжу щытамэ,
Хъунут жепIэ ар.
«НэкIуэж фи дей...»
ЛъакъуитI иIэжу щытамэ,
Хъунут жепIэ ар...
Йоплъых нэщхъейуэ гъунэгъу щIалэр...
Ещэж зауэлIым и медалыр...