4 февраля, 2025 - 09:38
МафIэдз Сэрэбий щIэныгъэлI фIэрафIэт икIи тхакIуэшхуэт. Абы къыщIэнащ этнографием пщIэ лъагэ щызыгъуэта къэхутэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэхэр. «Очерки трудового воспитания адыгов», «Межпоколенная трансмиссия традиционной культуры адыгов», «Адыгэ хабзэ» тхылъхэр, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэу МафIэдзым и Iэдакъэ къыщIэкIащ лъэпкъ тхылъеджэм куэд щIауэ фIыуэ илъэгъуа повестхэр («ЩIакIуэ фIыцIэ», «Щхьэц нэпцI», «КъафIэхъу», «Шыдыгъу», «Нэчыхь», «ЛIыгъэ», «Мыхъур», н.), романхэр («Гъыбзэ хуэфащэт», «Мыщэ лъэбжьанэ»).
МафIэдз Сэрэбий Хьэжмэстафэ и къуэр Аруан районым хыхьэ Джэрмэншык къуажэм 1935 гъэм январым и 23-м къыщалъхуащ. 1949 гъэм къуажэ еджапIэм классиблыр къыщеухри, Сэрэбий щIотIысхьэ Налшык дэт педучилищэм. Абы иужькIэ я къуажэм пэщIэдзэ классхэм щрегъаджэ. АрщхьэкIэ щIэныгъэм зи нэ къыхуикI щIалэм, зы илъэс нэхъ дэмыкIыу, Налшык егъэзэжри, и еджэным пединститутым щыпещэ.
Пединститутым (1957 гъэм къыщыщIэдзауэ университетщ) щыщIэса илъэсхэм Сэрэбий дехьэх адыгэхэм я блэкIар, я хабзэр, я щыIэкIэ-псэукIэр джыным. А зэманым а Iуэхугъуэхэм ехьэлIауэ къэхутауэ, тхыжауэ щыIэр мащIэ дыдэт. ИкIи Сэрэбий зэхуихьэсыжу, итхыжу щIедзэ ди адэжьхэм къащIэна фIыгъуэ-налкъутхэр. Псом хуэмыдэу а Iуэхум нэхъ хэкъузауэ йолэжь 1969 гъэм къыщыщIэдзауэ - Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым ува нэужь. Миклухо-Маклай и цIэр зэрихьэу Москва дэт институтым МафIэдзым и кандидат диссертацэр 1974 гъэм щыпхегъэкI. А лэжьыгъэр зытеухуар адыгэхэм сабийр гъащIэм, псэукIэм зэрыхуагъасэ-зэрыхуаущий щIыкIэрт. ИужькIи а темэр нэхъ бгъуфIэу икIи нэхъ куууэ едж МафIэдзым, и къэхутэныгъэ лэжьыгъэ зыбжани дунейм къытохьэ. 1989 гъэм, къыкIэлъыкIуэ диссертацэр пхегъэкIри, Сэрэбий къыфIащ тхыдэ щIэныгъэхэмк1э доктор цIэр.
МафIэдз Сэрэбий емызэшыжу адыгэ лъэпкъым хуэлэжьащ. ЩIэныгъэм, культурэм хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ абы тIэунейрэ къыхуагъэфэщащ КъБР-м и Къэрал саугъэтыр. Адыгэхэм пасэ лъагъукIэр, лIэщIыгъуэкIэрэ къадэгъуэгурыкIуа Iуэху зехьэкIэр, – а псори къыщызэщIэкъуэжа кодексыр, Адыгэ хабзэкIэ зэджэжыр – ар икъукIэ темэ абрагъуэт. ЩIэи гъуни зимыIэж жыхуаIэм хуэдэт. Сыт хуэдэ къэхъукъащIэми екIурабгъурэ бгъэдыхьэкIэрэ къызэрыхуагъуэтыным хущIэкъурт ди япэ итахэр. ГъащIэм къыщыхъуртэкъым абыхэм акъылкIэ къамыпщытэ, хьилмыкIэ зэпамышэч: сабийр къыщалъхуа дыдэм къыщыщIэдзауэ ар зыхуамыгъасэ-зыхуамыущий щыIэтэкъым, мамыр гъащIэ е зауэ хуэIухуэщIэ ирехъуи… А псоми зыми гу лъимытэу къэнауэ пхужыIэнкъым. АрщхьэкIэ гупсэхуу зэпэплъыхьауэ, я системэр къахутауэ зы Iуэхугъуи щыIэтэкъым. МафIэдз Сэрэбий а къалэн мытыншыр езым и пщэ делъхьэж. Ар зэщIа хъуным къэмылэнджэжуи яужь итщ.
«Анэдэлъхубзэри лъэпкъ хабзэри сабийм хуэдэщ, - жеIэ МафIэдзым. – ЗэлIэлIэн хуейщ. Сабийм ещхьым и закъуэкъым. Ар сабийм, щIэблэм къыдохъур, абы и гъусэщ, щыжейм дэжейуэ, щыджэгум дэджэгуу. Апхуэдэурэ гущапIэм къитэджыкIыу, балигъ гъащIэм къыхыхьа, а балигъхэм я псэукIэр, зэхэтыкIэр зыхэзыщIа, зыхэзылъхьа бзэмрэ хабзэмрэщ лъэпкъыр зыгъэлъэпкъыр, хьэл-щэн дахэ, нэмыс, узыщыгугъ хъун культурэ нэсу къыщIидзыр. Абы зиужьу, зиузэщIу, зиуткIэпщIурэ нэхъри йофIакIуэ, нэхъ къулей, нэхъ екIу, нэхъ ещхь мэхъу. Арыншамэ, сыт хуэдэ ежьужьри къыхэпшахъуэмэ, ар дэри къытфIэмыIуэхумэ, ди бзэмрэ ди хабзэмрэ я цIэр къытхуэнэу, я щхьэр тфIэкIуэдыныр бетэмалщ».
Пэж дыдэу, ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къыддекIуэкI фIыгъуэ-налкъутхэр кIуэрэ пэт зыкIэрыдгъэхуу дгъэкIуэд зэрымыхъунур, апхуэдэ къытлъыкъуэкI нэужь, лъэпкъыу дыкъызэрымынэжынур хьэкъыу зыпхыкIа цIыхут «Адыгэ хабзэр» зи IэдакъэщIэкIыр. Адыгэ хабзэ жыпIэмэ, абы Iуэхугъуэ куэдыщэ къызэщIеубыдэ. МафIэдзым и тхылъыр нэхъ зытриухуар абыхэм ящыщу нэхъ щхьэпэу къилъытэхэрщ. ИкIэм-икIэжым, мыпхуэдэу жысIэнщ: мы дунейм цивилизацэ зэрыщыIэрэ адыгэ хабзэм хуэдэу конституцэ тэмэм нэгъуэщIыпIэ къыщагупсысауи нэгъуэщI зы лъэпкъ гуэрым къыдек1уэк1ауи къыщIэкIынукъым. Апхуэдэ гупсысэм ухуокIуэ МафIэдз Сэрэбий и тхылъым ущыщIэджыкIкIэ.
1968 гъэм дунейм къытохьэ МафIэдз Сэрэбий и япэ повестыр – «ЩIалэгъуэм и зы гъуэгу» зыфIищар. Пэмыплъэххауэ, абы зэхех тезыгъэгушхуэ щытхъу псалъэ. Ауэ Сэрэбий имыгъэжейуэ, махуэкIи хъарпшэру и нэгум къыщIыхьэу ар къэзымыутIыпщыр адыгэ лъэпкъым и блэкIа хьэлъэрт. Арат МафIэдз-тхакIуэм темэ нэхъыщхьэ хуэхъуну къыхуиухар. ИкIи 1974 гъэм къыдокI «ЩIакIуэ фIыцIэ» повестыр – Кърымымрэ Тыркумрэ къикI зэрыпхъуакIуэхэр къэбэрдеищIым къиужьгъэрэ лей щалэжьу, мамыру псэу цIыхухэр гузэвэгъуэ хадзэу щыщыта лъэхъэнэм и зы пычыгъуэ хьэлъэм теухуар. «ЩIакIуэ фIыцIэ» повестым къигъэлъэгъуэжыр зэманкIэ зытехуэр XVI лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэрщ. Адыгэр зэи тыншу псэуакъым. ПсэукIэ ямыщIэуи щыттэкъым – ямыгъэпсэууэ арат. Абы и зы щыхьэтщ МафIэдз Сэрэбий и повестым щытлъагъури. «ЩIакIуэ фIыцIэм» и мыхьэнэр абдежи къыщыувыIэжыркъым. Ар наIуэ къыпщащI а повестым къыкIэлъыкIуа романитIым («Гъыбзэ хуэфащэт», «Мыщэ лъэбжьанэ»).
МафIэдз Сэрэбий и романхэм пэжу къагъэлъэгъуэж XVIII лIэщIыгъуэм и кIэухымрэ XIX лIэщIыгъуэм и япэ плIанэмрэ адыгэ лъэпкъхэм я псэукIэу, я зэхэтыкIэу, я дуней тетыкIэу, я хьэл-щэну щытар, ди адэжьхэр къатепсыха бэлыхьхэм къазэрыхущIэкIар. МафIэдзым и романхэм къалэну щызыхуигъэувыжат адыгэхэм удэзыхьэх цIыхугъэу, дахагъэу яхэлъар, щыхуейм деж лIыгъэрэ хахуагъэрэ къызыкъуахыфу, зэрылъагъукIэ-зэрыIыгъыкIи ящIэу, хабзэ екIу яIэу къызэрыгъуэгурыкIуэр гъэхуауэ къытхуиIуэтэжыну. Абы къыдэкIуэу тхакIуэм ибзыщIыркъым адыгэхэм къадекIуэкI хьэл-щэн гурымыхьхэри, абыхэм лъэпкъым къыхуахь насыпыншагъэри. Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа цIыху телъыджэхэм я образ гуимыхужу зыкъым икIи тIукъым романхэм узыщрихьэлIэр. Апхуэдэщ Жанхъуэт Кушыкъу, ХьэщIэмахуэ, джэгуакIуэ Бэгъэуш, Джырандыкъуэ, Билъостэн сымэ, нэгъуэщIхэри.
БлэкIам теухуауэ тхылъ щIатхыр нобэ псэу цIыхум ар зыгуэркIэ сэбэп хуэхъун щхьэкIэщ. Псори зэлъытыжар тхылъыр зи IэдакъэщIэкIыр зыхуэдэрщ. Ар цIыху Iущмэ, жыжьэ плъэфмэ, и гупсысэм куэд къызэщIиубыдэмэ, абы и Iэужьыр пщэдеи псэунущ. Сэрэбий апхуэдэ цIыхут, щIэныгъэлI нэст, къэхутакIуэ емызэшыжт, тхакIуэшхуэт. Абы и зы сатырри, и зы псалъэри захуагъэм къыпкърыкIащ, пэжыгъэкIэ псыхьащ, цIыхугъэм къегъэнэху.
Къэжэр Хьэмид.