18 февраля, 2025 - 09:15
Одиссей зекIуэ къыздикIыжым, дыкъыщоджэ Гомер и поэмэ цIэрыIуэм, хыуаем хиубыдэри иныжь нэ закъуэхэр щыпсэу хытIыгум есылIэн хуей хъуащ. Я нэгу хытIыгум щыщIэкIар мыпхуэдэу къиIуэтэжащ Одиссей.
... ХытIыгум десылIауэ, мэл Iуей, кIий-гуо макъ зэхэтхащ. Хыуаер увыIэху, хым дытехьэж хъунутэкъыми, кхъуафэр хыжьэм дэтхуэри, хытIыгум дытехьащ, лIы пщыкIутI гъусэ сщIыри. БгъуэнщIагъ дрихьэлIэри дыщIыхьащ. БгъуэнщIагъым чей, матэ щIэзщи, шху ярытщ, кхъуей ярылъщ. «Шхурэ кхъуейрэ къэдвгъащти, девгъэжьэж», - жаIащ си гъусэхэм, итIани бгъуэнщIагъым щыпсэум дыпэплъэн мурад тщIащ. БгъуэнщIагъым щыпсэур пщыхьэщхьэм къэсыжащ, мэл хъушэ къихужри. Иныжь нэ закъуэт бгъуэнщIагъым къыщIыхьэжар. КъыщIыхьэжри, щIэкIыпIэм абрэмывэ Iуигъэлъэдэжащ. МэкIэ дыкъищIащ иныжь нэ закъуэм, Iэбэрабэурэ си гъусэхэм ящыщ лIитI иубыдащ, лIитIыр ишхри зигъэукIуриижащ. Пщэдджыжьми лIитI ишхащ, и мэл хъушэр бгъуэнщIагъым щIихури, абрэмывэр къыIуигъэлъэдэжащ. Пщыхьэщхьэм къигъэзэжащ иныжь нэ закъуэм, мафIэ ищIри, си гъусэхэм ящыщ лIитI игъэжьащ, лIитIыр ишхри, мафIэм ибгъукIэ гъуэлъащ. «Зыгуэр зэрыдмыхъэмэ, мыбы псори дыIэщIэкIуэдэнущ», - жытIащ. БгъуэнщIагъым зы бжэгъу гъумыщIэф къыщIэдгъуатэри дупэпцIащ, мафIэм пэрыдгъэлъадэри, и папцIапIэр дэп жьэражьэ хъуа нэужь, бжэгъур зэпэдубыдри, иныжьым и нэ закъуэр итщIащ. Иныжьыр къыщылъэтащи, мэгъуахъуэ, зелIэж, дэ дурэшплIэрэшым зыдэдгъэпщкIуащи, зыкъыIэрыдгъэхьэркъым. Нэху щыху зилIэжащ иныжьым, пщэдджыжьым мэл хъушэр щIигъэкIын хуейти, абрэмывэр Iуихри, езыр IутIысхьэжащ: мэлыр къиIэбэрэбыхьурэ бгъуэнщIагъым щIегъэкI. И нэр итщIати, Iэбэрабэурэ дызыIэримыгъэхьэмэ, иныжьым дыкъилъагъунутэкъым. Хъушэм тIы пащэ хэтт. ТIым я ныбэгум зыщIэдгъэзагъэри, бгъуэнщIагъым дыкъыщIэкIащ. БгъуэнщIагъым дыкъыщIэкIауэ дыкъыщищIэм, иныжьыр къыткIэлъыбгащ: «Тхьэгурымагъуэм къызжиIар пэж хъуащ: цIыху цIыкIущ узытекIуэдэжынур, нэгъуэщI къыппэлъэщын щыIэкъым къызжиIати, си нэгу щIэкIащ — гъуэгу мыгъуэм фижьэ!»
... Иныжь хъыбархэм куэдрэ ущрохьэлIэ адыгэ IуэрыIуатэми: нарт эпосми, таурыхъхэми, хъыбархэми, шыпсэхэми. Нарт эпосым къызэрыхэщымкIэ, иныжьхэм цIыху теплъэ яIэщ, щыпсэур бгъуэнщIагъхэрщ е чэщанэхэрщ, мэз кIыфIыр хэщIапIэ ящIауи урохьэлIэ. Нартхэм куэдрэ къалъохьэ иныжьхэр, нартхэмрэ иныжьхэмрэ зэбийщ, зэзауэ хъумэ, текIуэр нартхэрщ; щхьибл яфIэтми, псибл яIутми, банэ сэреиблкIэ къэщIыхьа быдапIэм дэсми, нартым иныжьыр хегъащIэ - IэмалкIэ, бзаджагъэкIэ, хъуагъэщагъэкIэ. Хъуагъэщагъэ хуекIуа нэужьщ Сосрыкъуэ иныжьым мафIэ къыщыфIихьыфар. Абы къикIыр зыщ: иныжьыр бий бзаджэщ, фIырыфIкIэ упэлъэщынукъым…
ЗэралъытэмкIэ, иныжь хъыбархэр япэ дыдэ щызэфIэувар Кавказымрэ абы къедза щIыналъэхэмрэщ. Гомер итхыжа хъыбарми и лъапсэр арауэ хуагъэфащэ щIэныгъэлIхэм: ар пасэрей алыдж усакIуэм Троя къикIыжа зекIуэлIхэм я деж щызэхихауэ къалъытэ.
* * *
ЦIыхухъу бгырыпхыр мывопцIэкIэ ягъэщIэращIэ хабзэщ: дыжьыным къыхащIыкIри, тхыпхъэщIыпхъэ тедзауэ, бгырыпхым апхуэдэ зыбжанэ пащIэ - дыжьын бгырыпхыр ирагъэдэхэн щхьэкIэ. НэгъуэщI мыхьэнэ иIэжкъым мывопцIэм нобэ - бгырыпхыр егъэдахэ, егъэщIэращIэ, цейм (адыгэ цIыхухъу фащэм) йокIу. Нэхъыбэрэ къызыхащIыкIыр дыжьынырами, езы псалъэм («мывопцIэ»-м), зэрынэрылъагъущи, и лъабжьэр «мывэ»-рщ. Абы жыжьэ дыдэ къыщежьэ щхьэусыгъуэ иIэщ, ар епхащ мывопцIэм пасэрейхэм я деж щигъэзащIэу щыта къалэным.
Илъэс мин зыбжанэ зи ныбжь яхэтщ археологхэм щIы щIагъым къыщIахыж мывопцIэхэм: ахэр щIым къадыщIокIыж хьэдэ къупщхьэхэм – пасэрей зауэлIхэм, дзэпщхэм дыщIалъхьэу щыта Iэщэхэм (шабзэшэхэм, джатэхэм, нэгъуэщIхэм) ящIыгъуу. Дунейм ехыжа зауэлIым (е дзэпщым) щхьэ дыщIалъхьэн хуей хъурэт мывопцIэр? Шэч хэлъкъым: щIыдыщIалъхьэр бгырыпхыр зэригъэдахэратэкъым. Пасэрейхэм дунейм ехыжа зауэлIым (дзэпщым) дыщIалъхьэ хабзэр абы и Iэщэращ – и шабзэрщ, и джатэрщ. МывопцIэри Iэщэ лIэужьыгъуэ гуэру зэрыщытар гурыIуэгъуэщ. Ар гурыIуэгъуэ мэхъу, пасэрей зауэлIым и Iэщэ-фащэм щыгъуазэ зыщыхуэпщIкIэ. Нарт хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, тхыдэри щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, пасэрей зауэлIым и Iэщэр куэд хъуркъым – шабзэ, джатэ, бжы. Абыхэм нэмыщI, нарт зауэлIым (зекIуэлIым) и бгым ищIауэ щытащ нобэ мывопцIэкIэ дызэджэ бжы кIэщI. НэгъуэщI лъэпкъхэр абы дротиккIэ йоджэ. МывопцIэм и кIыхьагъыр IэфракIэ хуэдизт зэрыхъур. Пасэрей зауэлIыр зэуакIуэ щежьэкIэ, шабзэм, джатэм, бжым нэмыщI, здищтэ и хабзэт мывопцIэ зыбжанэ, и бгым ирищIэрти: бжыкIэ пыджэмэ, джатэкIэ къриупщIэхмэ, шабзэшэкIэ уэмэ, мывопцIэр идзурэ зауэрт.
МывопцIэр пасэрейхэм куэдрэ зэрахьащ, я бгым ищIауэ, ядзурэ иризауэу. Иужьым, сэшхуэрэ фочрэ къежьэу мыхьэнэ щIагъуэ имыIэж щыхъум, ар зауэлIхэм IэщIыб ящIыжащ, итIани я бгым ирахакъым – абы щыхьэт тохъуэ адыгэ цIыхухъу бгырыпхым ноби пыщIа дыжьын мывопцIэр, ауэ нобэ зыми ищIэжыркъым ар пасэрей Iэщэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытар, абы иджы и къалэныр, ищхьэкIэ зэрыщыжытIащи, дыжьын бгырыпхыр игъэдэхэнырщ.
Дыжьын бгырыпхым пыщIа дыжьын мывопцIэм хэбгъэзэрыхь хъунукъым сэ, джыдэ, къамэ зэрылъ мывэупцIэр – абы и къалэныр нэгъуэщIщ.
* * *
ХьэщIэм кIэлъызэрахьэ хабзэм ткIийуэ тетащ адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ. ХьэщIагъэ хабзэр имыкъутэн, и лъэпкъыр имыгъэукIытэн щхьэкIэ, езым и псэр хилъхьэн къызэфIэнэнутэкъым адыгэр, апхуэдэу щыхъури мащIэтэкъым.
Хъанджэрий хъыбарыжь гуэр итхыжыгъащ, Антэнокъуэрэ КъамболэтрэкIэ зэджэ пщы зэшитIым теухуауэ. Я адэр лIа нэужь, зэшитIыр зэщыIеижащ, пщыгъуэр зэпаубыдри. ЗэрыукIыным щынэсым, шынэхъыжьым, Антэнокъуэ, Бжьэдыгъум кIуэри, хьэщIэ захуищIащ. Я хьэщIэм къыщыжын хуейти, бжьэдыгъухэр Антэнокъуэм къыкъуэуващ. Антэнокъуэм бжьэдыгъу шухэр гъусэ ищIри, Жанейм игъэзэжащ, пщыгъуэр шынэхъыщIэм къытрихыжыну. Антэнокъуэм гъусэ къыхуэхъуа бжьэдыгъу шухэмрэ Къамболэтым и унафэм къыщIэна жанейхэмрэ зыбжанэрэ зэзэуащ - зэрытегъэкIуакъым. Я цIыху хэкIуадэурэ зауэр къащытехьэлъэм, бжьэдыгъухэм хасэ зэхуашэсри унафэ ящIащ: «Ди хьэщIэм дыхуэзауэурэ, ди цIыхухэр къыдогъэукI, тхрекIыжи, лъэпкъитIыр дызэкIужынщ», - жари. Антэнокъуэр хьэщIэщым щIэсти, лIыжь жьакIуэ гуэр хагъэзыхьри ягъэкIуащ я хьэщIэм деж. ХьэщIэщым ихьэри гузэвэгъуэм хэт лIым мыр жриIащ лIыжьым: «Бжьэдыгъухэм сыкъагъэкIуащ лъы ткIуэпс къащIэмынэжыху къызэрыбдэзэуэнур бжызагъэIэну». «Бжьэдыгъухэм тхьэразэ къыфхухъу, сыкъэвгъэщIэхъуакъыми, щысщыгъупщэн къэхъункъым», - жиIащ зигу къихьэжа пщым.
ЛIыжьымрэ пщымрэ хьэщIэщым къикIри хасэм къахыхьащ. Пщым фIыщIэ яхуищIащ хасэм. Бжьэдыгъухэм зыри къагурыIуакхым. «Сыт къыдэпщIэр?» - жаIэри лIыжьым щыхьащ. «Насыпыншэхэ, - къегиящ лIыжьыр и лъэпкъэгъухэм, - фыадыгэкъэ фэ, адыгэм фыкъилъхуакъэ? АфIэкIа утхуэхъумэжынукъым, тхэкIыж жысIэу хьэщIэм дауэт сызэрещынур? Фыкъызэуи, сывукI, сэ хабзэкъутэ сыфхуэхъункъым». ЛIыжь Iущым и псалъэм зэщIигъэгупсысыжащ бжьэдыгъухэр, я хьэщIэм дэшэсыжри абы Жанейм пщыгъуэр щиубыдыжыху епсыхакъым.
Къартул Хьисэ.