11 марта, 2025 - 09:02

Налшык къалэ дэт, Тхьэзэплъыж ТIулэ и цIэр зезыхьэ, Дзэ узыфэхэм щеIэзэ республикэ поликлиникэм иIэ мыхьэнэр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ. Абы сыт щыгъуи цIыхушхуэ щызэблокI – хэти и дзэ узыр Iуригъэчыну, хэти иригъэдыжыну, хэти Iуригъэлъхьэну. Налшык и закъуэкъым – Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэм, къуажэхэм къикIыурэ Iэджэ къокIуэ, дохутыр Iэзэхэр, цIыху Iэпэ щабэхэр абы зэрыщыIэм и хъыбар зэхахауэ. Поликлиникэм нобэ и Iуэху зытетым, абы цIыхухэм щагъуэт Iуэхутхьэбзэхэм тедгъэпсэлъыхьыну зыхуэдгъэзащ а IуэхущIапIэм и дохутыр нэхъыщхьэ, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Щоджэн Iэсият.
- Iэсият, уи деж сыкъыщыкIуэм, мы хъыджэбзым дохутыр IэщIагъэр къыхезыгъэхар и адэрауэ къыщIэкIынщ жысIэри сигу къэкIащ. Уи адэ Ахьмэд Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министру зэрыщытам дыщыгъуазэщ.
- Хьэуэ, си адэракъым мы IэщIагъэм сыхуэзышар. Си адэ-анэм «уи псэм фIэфI дыдэр къыхэх» къызжаIа мыхъумэ, сыхагъэзыхьакъым. Си адэ шыпхъу нэхъыжь ХьэIишэтщ зи фIыгъэр. Ар дохутыру лажьэрт. Хуабжьу фIыуэ илъагъурт зыпэрыт IэнатIэр. Школым дыщыщIэс зэманхэм а IэщIагъэм ар апхуэдизкIэ дахэу къытхутепсэлъыхьырти, сригъэхъуапсэри, нэгъуэщI гуэрым сыхуеджэну сигу къэкIыххакъым. Ди Iыхьлы хъыджэбз цIыкIуу къалъхуу хъуам щхьэкIэ «дохутыру езгъэджэнущ» жиIэрт. Арати, школыр къызэзнэкIа нэужь, ди университетым си тхылъхэр щIэслъхьащ икIи, си насып къикIри, сыщIэхуащ. Ар къэзухри, мы поликлиникэм сабийхэм щеIэзэ и къудамэм лэжьэн щыщIэздзащ. Сызэрылажьэм хуэдэурэ ординатурэми интернатурэми сыщеджащ, иужькIэ очнэу къэзухыжащ аспирантурэри.
- Къуажэ школыра, хьэмэрэ мы къалэра ущеджар? Апхуэдэу сыныщIоупщIым иIэщ щхьэусыгъуэ. Налшык къыщыхъуахэр, щеджахэр я анэдэлъхубзэм апхуэдэу хуэшэрыуэкъым. КъыщопсалъэкIэ урысыбзэр хъушэу къафIыхохуэ. Уэ уи адыгэбзэр къулейщ.
- Налшыкщ сыщеджар. Ауэ ди къуажэм, Къармэхьэблэ, дыщысабийм дыкIуэжырейт. Школым дыкъаутIыпща нэужь, абы дашэжырти, ди адэшхуэ-анэшхуэм дабгъэдэст. Абыхэм сыт хуэдэу бзэ дахэ яIурылът. Уеблэмэ нобэр къыздэсым сщымыгъупщэжауэ сощIэж къыщыддэуэршэркIэ си анэшхуэм къыхигъахуэу щыта псалъэжьхэм ящыщ зыбжанэ. Си анэми и фIыщIэшхуэ хэлъщ ди бзэр IэщIыб зэрыдмыщIым. Абы адыгэ тхылъ къищтэрти къытхуеджэрт. Псалъэм щхьэкIэ, IутIыж Борис и тхыгъэ къигъэтIылъырти, и бзэм и дахагъэм и гугъу къытхуищIырт. МыдэкIэ школ сыздыщIэсам лъэпкъыбзэр щыдэзыгъэджахэми я фIыщIэр згъэкIуэдыну сыхуейкъым. Адыгэбзэр IэщIыб тщIы хъурэ – абы щыгъуэ ди лъэпкъри щыIэжынукъым.
- Iэсят, нобэ уздэщыIэ дохутыр IуэхущIапIэм, дзэ узыфэхэм щеIэзэу республикэм ит поликлиникэ нэхъ ин дыдэм, и Iэтащхьэ къалэныр къыщыпхуагъэфащэм тIэкIу угузэвакъэ, шэч къытепхьакъэ «ярэби, схузехьэну пIэрэ, сыпэлъэщыну?» жыпIэу?
- УмыгузэвапIэр иIэ! Апхуэдэ цIыхуи щыIэу къыщIэкIынкъым, жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ Iуэху, лэжьакIуэ куэд зыIут IэнатIэ къыщыхуагъэлъагъуэкIэ тIэкIу мыгузавэу. Ауэ сэ мы къалэныр си пщэ къыдэхуэн ипэ зы гуп щхьэхуэм сранэхъыжьу сылэжьащ. Уи IэщIагъэр фIыуэ плъагъумэ, хэпщIыкIмэ, дзыхь къуагъэзар бгъэпэжыну ухущIэкъумэ, пхузехьэну си гугъэщ. Сыту жыпIэмэ мыбы сызэрыIутрэ цIыху губзыгъэ куэдым садэлэжьащ. Я чэнджэщ зэхэсхащ, абыхэм я деж куэдым сыщыхэгъуэзащ, ноби къыщызощIэ. КъимыдэкIэ, махуэ къэс Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэ гуэр къожьэ, абыхэм ущыгъуазэу, зэманым удекIуу ущытын хуейщи, абыи дытеплъэкъукIыркъым. Ди унафэщI нэхъыщхьэр - республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрыр - езыри езэш имыIэу мэлажьэ, дэри дигъэбэлэрыгъыркъым. КIэщIу жыпIэмэ, дыкъызэрыщIэмыхуэным, ди деж къекIуалIэ цIыхур арэзы зэрытщIыным иужь дит зэпытщ.
- Фи деж цIыхушхуэ щолажьэ, зэрысщIэмкIэ.
- Пэжщ, псори зэхэту цIыху 300-м нос – дохутырхэри ди лэжьыгъэр зыхуей хуэзэн папщIэ нэгъуэщI IэнатIэ зэхуэмыдэхэм бгъэдэтхэри къэплъытэмэ. Фэри зэрыфщIэщи, ди Къэбэрдей-Балъкъэрым дзэ узыфэхэм щеIэзэ уней IэнатIэ куэд щыIэщ, абыхэм щIэх-щIэхыури къахохъуэ. Ауэ абы щхьэкIэ ди поликлиникэм къакIуэр нэхъ мащIэ хъуркъым. ЯщIэ зи IэщIагъэм хуэIэижь дохутырыфIхэр мыбы зэрыщылажьэр. Ди деж абыхэм сыт хуэдэ Iуэхутхьэбзэри щагъуэт: дзэр щадыж, хуей хъумэ щыIуач, щыIуалъхьэ. Дэтхэнэ лэжьыгъэри тэмэму зэрызэфIэдгъэкIыным дыхущIокъу. Пэжщ, псори арэзы щытхуэмыщIи къытхуохуэ, ауэ апхуэдэ Iуэхухэр нэхъ мащIэ зэрытщIыным иужь дитщ. Балигъхэм я мызакъуэу, сабийхэми доIэзэ, уеблэмэ захуэу къэмыкI я дзэ цIыкIухэр доузэхуж. Я дзэхэм зэрыкIэлъыплъын хуей щIыкIэм теухуауэ чэнджэщ щхьэпэхэри ядот. Къатищу зэтет ди поликлиникэм къыщIыхьэхэм ялъагъу - кIэлындорхэр, дохутыр пэшхэр къабзэлъабзэщ, ауэ зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэшхуэ дыхуэныкъуэщи, абыкIэ чэзур къыщытлъысынум дыпоплъэ.
- Илъэс куэд щIауэ лажьэу, я цIэр фIыкIэ Iуауэ дохутыр зыкъом фызэриIэр дощIэ. IэщIагъэлI щIалэгъуалэкIэ фи Iуэху дауэ щыт?
- Ди куэдщ щIалэгъуали. Си щхьэкIэ ди университетым IэщIагъэлI хъарзынэ къыщIигъэкIыу собж. Ахэр зыкIи къакIэрыхуу си гугъэкъым нэхъапэхэм нэгъуэщI къалэхэм щылажьэу щытауэ къэзыгъэзэжу ди поликлиникэм къэувахэм. Ещанэ курсыр къауха нэужь къатшэурэ дгъэлажьэу щытащ япэ зэманхэм, иджы апхуэдэ щыIэжкъым, университетыр къамыухауэ дгъэув хъуркъым. Дауи, псори занщIэу тегушхуэркъым дзэ узыфэхэм еIэзэну. Абы къыхэкIыу ядогъэлъагъу я лэжьыгъэр дауэ ирашэжьэн хуейми. Ахэр дэ мыбдеж щыдогъэсэж. ИтIанэ нэгъуэщI щIыпIэхэм догъакIуэ я щIэныгъэм, я Iэзагъэм нэхъри зиужьын папщIэ.
Епсэлъар Саут СулътIанщ.