18 марта, 2025 - 09:31
Адыгэбзэ… Адэжь щIэину лIэщIыгъуэ миным къыхэкIа, илъэс бжыгъэншэр зи ныбжь, адыгэлъым хэпщауэ къэзыхь, адыгэ лъэпкъым и гупсэ, адыгэгур зыгъэпIейтейуэ и гурылъ-гурыщIэхэр макъ жьгъыру дахащэхэмкIэ къэзытIэщI, дэтхэнэ зы адыгэми гукъыдэж къезыт, и пщэдейм гурыфIыгъуэ хэзылъхьэ, мывэ къурш псынэу бзэрабзэ, налкъут мывэу зэтепщIыкI си адыгэбзэ! Уэ упсэуху псэущ лъэпкъыр, уэ ущымыIэжмэ - лъэпкъыр кIуэдыжауэ аращ. Ди адыгэбзэр псэунущ ар налкъутналмэсым пэтщIу зетхьэмэ, тхъумэмэ, гъащIэм хуэфэщэн увыпIэ щедгъэгъуэтмэ бзэм и IэфIагъыр, лъэщагъыр зыхэтщIэу дыщытмэ, пщIэ хуэтщIу дыкъэхъумэ, дыкъэтэджмэ.
Адыгэхэм ди дежкIэ бзэм мыхьэнэуэ иIапхъэр къегъэлъагъуэ бзэр къыщыунэхуам абы «анэдэлъхубзэ» зэрыфIащам. Анэм нэхърэ нэхъ лъапIэ щыщымыIэкIэ, бзэр анэдэлъхуу Тхьэм къыщыдитакIэ, лъэпкъым и дэтхэнэ цIыхуми абы пщIэшхуэ хуэтщIу, лъагъуныгъэ мыкIуэщI худиIэу дыщытын хуейщ.
Ди адыгэбзэр, анэдэлъхубзэр лъэпкъыбзэ нэхъыжьхэм хабжэ. Апхуэдэ хъугъуэфIыгъуэри хъумауэ ди деж къахьэсащ ди узэщIакIуэхэмрэ еджагъэшхуэхэмрэ, нэхъыжьхэм. ИкIи, абыхэм тхуахъума бзэр дгъэкIуэдыныр, ар IэщIыб тщIыныр емыкIушхуэ зыпылъщ.
Дауэ Iумпэм пщIын хуей укъэзылъхуа анэм и бзэр? Ди бзэм дыхуэмысакъмэ, ар зэдмыпэсыжмэ, сытым дрищIысыж? Адыгэбзэм и пщэдейр дэращ зэлъытар. Дэ адыгэхэм тщыгъупщэ хъунукъым: лIэщIыгъуэ бжыгъэ къэтхьащ тхэкIэ-еджэкIэ Iэмал димыIэу, «кIыфIыгъэм» дыхэту. Къыдэзауэхэми хъуащ, ди щIыгу ттрахами кърагъэкIуащ, ауэ ди адыгэбзэр хэти хуэгъэкIуэдакъым, тIурахыни ялъэкIакъым. Псынэр пкудэжмэ нэгъуэщI щIыпIэм къызэрыщыщиудыжым, жыг ираупщIыкIам и лъабжьэр къызэрыдэжыжым хуэдэу ди адыгэбзэри зауэ-мафIэм къелащ, лъэхъэнэ бзаджэхэри къызэринэкIащ.
«Зи бзэр фIыуэ зымылъагъум и Хэкум гулъытэ нэс хуиIэнукъым. Зи бзэр зыфIэмыIуэху цIыхур мыгъасэщ. Абы и бзэр къыщIыфIэмыIуэхур и лъэпкъым и блэкIари, нобэри, къэкIуэнури зыуи къридзэркъыми аращ», - жиIэгъащ Паустовскэм. Гупсысэшхуэ зыщIэлъ мы псалъэхэр тщымыгъупщэу дыщытын хуейщ дэтхэнэ адыгэри. ИтIанэщ ди къэкIуэнур хъуэпсэгъуэ зыщIын щIэблэ узыншэ, зи щхьэм, зи бзэм пщIэ хуэзыщIыж цIыху дыщыхъунур.
Зы лъэпкъ псо зэгурызыгъаIуэ бзэщ ди адыгэбзэр, ар яIурылъащ зи напэм япэ псэр изыгъэща цIыху щэджащэ куэдым. Урыс литературэр иропагэ Пушкин Александр усэбзэкIэ итха и «Евгений Онегин» романым, усыгъэмрэ псэмрэ я лъагъуэр хэзыша Лермонтов Михаил… Дауэрэ умыщIэнрэ Горький Максим, Толстой Николай сымэ я IэдакъэщIэкI щэджащэхэр зэратха бзэр? Ари щхьэпэщ, псэм фIэфIщ. Ауэ псом япэр уэ къыбдалъхуа, сэ къыздалъхуа бзэращ. Абы зыри иридэуэфынукъым. Я нэхъ лъагапIэ дыдэм тетщ си лъэпкъ мащIэм и классик ЩоджэнцIыкIу Алий и «Къамботрэ Лацэрэ» романыр, Уэхъутэ Абдулыхь и «Iэсят и мывэ» повестыр…
Ди лъэпкъыр дызэрыгушхуэ тхакIуэщ Брат Хьэбас, Кхъуэхъу Цуцэ, Хьэкъун Исуф, Ахъмэт Мухьэдин, нэгъуэщIхэри. Сынасыпыншэу зыслъытэжынут, абыхэм я тхыгъэ телъыджэхэм седжэн папщIэ нэгъуэщI бзэ къэзгъэсэбэпын хуей хъуамэ. Гум нэсыр гум къыбгъэдэкIыращ икIи зэи зэщхь хъунукъым анэм и бзэмкIэ псэм къедэхащIэу ятхамрэ хамэбзэм ирагъэзэгъамрэ зэрызыхэпщIэр.
Дахэщ ди бзэр, пшынэбзэ шэщIауэ мэбзэрабзэ. А зэщIэпщIыпщIэр уи гум IэпапIэ зэмыфэгъуу, нурыбзэу къытонэ, уи псэр ехьэху. А дахагъэр тфIэмыкIуэду пщэдейрей махуэм нэтхьэсыфын, къыкIэлъыкIуэ лIэщIыгъуэхэм гъащIэ щиIэу адыгэбзэр щыIун папщIэ, нэхъыщхьэу къэслъытэр адыгэбзэм иригупсысэ, иритхэ, иреджэ, жьабзэ дахэ Iурылъу ирипсалъэ щIэблэу дыщытынращ.
Бзэ лъэрызехьэ куэд тетщ дунейм, къэралышхуэхэм я бзэ хъуауэ, цIыху куэд ирипсалъэу. Адыгэгу зыкIуэцIылъым, адыгэпсэ зыIутым и бзэр абыхэм нэхърэ зыкIи нэхъ фIэцIыкIунукъым. Къэбэрдей усакIуэ Щоджэн Аслъэнджэрий итхащ бзэм теухуауэ сатыр гъуэзэджэхэр:
Зи бзэр зымыдэу зы лъэпкъ щымыIэ,
Зи бзэр зыхъумэр мис ар лъэпкъ къабзэщ,
Бзэм пщIэ хуэщIыныр лъэпкъхэм я хабзэщ…
Адыгэбзэм ди дежкIэ мыхьэнэуэ иIэр зыхуэдизым, ар зи уасэм ехьэлIауэ куэд хужаIащ ди япэ ита нэхъыжьыфIхэм, тхакIуэ цIэрыIуэхэм. «Дуней нэхум япэ псалъэр къызэрыщысщIар си анэдэлъхубзэращ», - итхащ МэшбащIэ Исхьэкъ. ЖысIэну сыхуейщ бзэми IуэрыIуатэми увыпIэ ин зэрыщаубыдыр, мыхьэнэшхуэ зэриIэр ди адыгэ псалъэжь дахэхэм. ЩыIэкъым бзэ цIыкIу е бзэ ин. Си адыгэбзэр а нэхъ бзэ ин дыдэхэм, дахэхэм, нэхъ куухэм, нэхъ шэрыуэ-Iэрыхуэ дыдэхэм ящыщщ. ДиIэкъым дэ хуитыныгъэ ар дымыхъумэну. Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж лъэпкъым и бзэр сыт щыгъуи игъэпсэунущ, игъэдэхэнущ, игъэкъэбзэнущ. Бемырзэ Мухьэдин и усэм щыжеIэ:
«Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ,
Адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ».
АдэкIи щIоупщIэ:
«Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу?
Къэвгъуэтыт тхыдэм зэ щищIыж ди гугъу,
Ди гъащIэр тхьауэ дэ къэзэуатыншэу!»
Апхуэдиз зи лъапIагъ мы дунеишхуэм цIэрыIуэ щыхъуа адыгагъэр лъэпкъым ар ихъуэжурэ къигъэщIакъым, атIэ махуэ къэс, сыхьэт къэс, дакъикъэ къэс елэжьурэ, зихъумэжурэ, игъэдахэурэ игъэпсащ. Апхуэдиз бэлыхьрэ хьэзабрэ тхыдэм щызышэча, илъэсищэ зауэмрэ истамбылакIуэ гуIэгъуэмрэ къела си лъэпкъри ди бзэри хэмыкIуэдэжын щхьэкIэ хэти тхузэфIэкIыр тщIэн хуейщ. Ди бзэр сэбэп къытхуохъу адыгэ лIакъуэм зэхуихьэса щIэныгъэр, лъэпкъ щэнхабзэр джынымкIэ. Ди еджапIэм сыщыщIыхьа япэ илъэсым къыщыщIэдзауэ сэ куууэ зыхэсщIащ анэдэлъхубзэм и IэфIагъыр, и къарур, и лъэщагъыр. А гурыщIэ IэфIхэр си лъым хэту сыкъэтэджащи, сынасыпыфIэу зызобжыж.
Илъэси 140-рэ ипэкIэ, 1863 гъэм, Нэгумэ Шорэ жиIэгъащ: «Сэ сымылъагъункIи хъунщ а дакъикъэ IэфIыр – си лъахэм щIэныгъэншагъэр IэщIыб щищIыну лъэхъэнэр; сыт хуэдиз гухэхъуэгъуэ зыхэсщIэнт сэ абы щыгъуэ… Ухыгъэмрэ къэхъугъэмрэ зи Iэмырым солъэIу анэдэлъхубзэм хузиIа лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щIэблэ си ужь къихъуэну».
ФIыуэ слъагъу си адыгэбзэм теухуащ мы си усэри:
Адыгэбзэ, си лъэпкъ дыщэм и бзэ!
ЦIыхум и гуращэр наIуэ зыщI.
Гуауэр зыгъэщащэ, жыр зыгъэущыкъуей
ЦIыхум и гупсысэр жан хуэзыщI.
Адыгэбзэ, къаруушхуэ зиIэ,
Зи лъэпкъ и пэжыр зыгъэув.
Мыл Iув щтахэр зыгъэвыж.
Узибзэм и щхьэр ину елъагъуж.
Си адыгэбзэу гуфIэгъуэбзэ!
Хъуэхъубжьэ дахэ зэрыжаIэ.
Сабий къэхъуамэ, и анэбзэ.
Адыгэщ си бзэр жыбогъэIэ.
Iущыгъэр уи IункIыбзэщ, адыгэбзэ.
Гуапагъэр уи Iэпэгъуурэ уопсэу,
«Анэ» псалъэ дахэр ирижаIэ
Хэкум ухуэусэурэ уопсэу.
Адыгэбзэу инжыджыпсу къабзэ!
Зи бзэр толъкъун лъэщу къэукъубей.
Дыщэ жыгыу зи жылэр купщIафIэ,
Ди лъэпкъ тхыдэр ену зыгъэбей.
Лий Майе.